ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдейм и лIыкIуэхэр  1921 гъэм Москва зэрыкIуар

2019-09-07

  • Бгырыс АССР-м къыхэгъэкIауэ Къэбэрдейр автоном область щхьэхуэ щIыным теухуа унафэр Къэбэрдей округым и Советым 1921 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм иригъэкIуэкIа IV съездым къыщащтащ. А жэрдэмыр Москва къадиIыгъыныр, ар пхагъэкIыныр я пщэ дэлъу Москва лIыкIуэ гуп яутIыпщауэ щытащ. КъБР-м и Къэрал архив нэхъыщхьэм и фондхэм хэлъщ Москва абы щыгъуэ кIуахэм яхэтам и гукъэкIыжхэр. Ахэр щатхар 1946 гъэ-рауэ къыщIэкIынщ, автономиер илъэс 25-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

  • ГукъэкIыжхэр зейр Петров Георгий Иван и къуэрщ. Ар 1899 гъэм Петербург къалэм къыщалъхуащ, 1920 гъэм къыщыщIэдзауэ Тэрч областым щылэжьащ, «Коммунист», «Кавказская коммуна» газетхэм я литературэ лэжьакIуэу, редактору. 1921 гъэм и щIышылэм Налшык лэжьакIуэ къэкIуащ — областым къыдэкIын щыщIэзыдза «Красная Кабарда» газетым и япэ редактору щытащ. А газетым къытехуа тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, делегацэр Москва кIуэну ежьащ 1921 гъэм шыщхьэуIум и 8-м. Гупым я пашэр округым и ревкомым (Советхэм я окружной исполкомым и пIэкIэ къызэрагъэпэщам) и унафэщI Къалмыкъ БетIалт, лIыкIуэхэм яхэтт дзэ комиссар Боровицкий И., исполкомым и къудамэхэм я лэжьакIуэхэр.
  • Гупыр щIежьа Iуэхур зэфIэгъэкIыным хэта нэгъуэщI къулыкъущIэхэми, IуэхущIапIэ хэхахэми, абы ехьэлIауэ къэхъуахэми топсэлъыхь тхыгъэр. Абыхэм ящыщщ:
  • Сталин (Джугашвили) Иосиф Виссарион и къуэр — РСФСР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссарыр. 1921 гъэм и накъыгъэм къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIум и пэщIэдзэ пщIондэ Налшык зыгъэпсэхуакIуэ щыIащ ар. Округым и Советхэм я IV съездым зэрызыхуигъэза телеграммэмкIэ абы диIыгъат автономиер къызэгъэпэщыным теухуа жэрдэмыр.
  • Калинин Михаил Иван и къуэр (1875 — 1946 гъгъ.) — Советхэм я Урысейпсо ГъэзэщIакIуэ Комитет Нэхъыщхьэм (ВЦИК) — РСФСР-м и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм — и унафэщIыр.
  • Ленин (Ульянов) Владимир Илья и къуэр (1870 — 1924 гъгъ.) — РСФСР-м и Правительствэм и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым и унафэщIыр.
  • Къэбэрдей автоном областыр къызэгъэпэщыным теухуа унафэр ВЦИК-м къищтащ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м.
  • Къэбэрдей автоном областым и Советхэм я япэ съездыр Налшык щызэхэтащ 1921 гъэм щэкIуэгъуэм и 25 — 30-хэм.
  • Ворошилов Климент Ефрем и къуэр (1881 — 1969 гъгъ.) — Кавказ Ищхъэрэ дзэ округым и унафэщIыр, ВЦИК-м хэтыр.
  • Будённый Семён Михаил и къуэр (1883 — 1973 гъгъ.) — япэ Шу армэм и командирыр.
  • *   *   *
  • Петров Георгий и гукъэкIыжхэр гъэкIэщIауэ тыдодзэ.
  • 1921 гъэм шыщхьэуIум и пэщIэдзэм округым и гъэзэщIакIуэ комитетым IуэхущIапIэ псоми я Iэтащхьэхэм яжриIащ Къэбэрдей автономием и япэ лъэбакъуэхэр щичкIэ зыхуеину псоми Москва унафэ щытращIыхьыным теухуа дэфтэрхэр ягъэхьэзырыну, зыхуеинухэр я лъэIухэм щагъэбелджылыну. Апхуэдэ дыдэу округым  и исполкомым «Красная Кабарда» газетми къыхуигъэуващ и лэжьыгъэм зыщыхуеину псори иубзыхуну.
  • Редакцэр зыхуеину зыщIэлъэIухэр куэд хъуртэкъым: зэрыбкIэ зэрытрадзэ машинкэ, шрифтхэр, тхылъымпIэ. А лъэIум щIыдгъуат газетым и япэ номерхэм ящыщу тIу. Абыхэм я зыр ЦентроРост-м и инструктор къудамэм ягъэхьын хуейт, газетыр зыхуэдэр къапщытэн папщIэ.
  • ЛIыкIуэ гупым папщIэ вагон щхьэхуэ щагъэхьэзырат Налшык станцым, а зэманым «штабым ей» жыхуаIэу щытахэм хуэдэу. Ар ва-гон дахэт, цIыхур тыншу иризекIуэным хуэщIауэ, щабэу.
  • — Мыр ныбжьэгъу Сталиным и вагонщ. Ныбжьэгъу Сталиныр адыгэ лIыкIуэ гупым яхэту Москва мэкIуэж, — гуфIэу жаIэрт вокзалым къыщызэхуэсахэм.
  • Делегацэм и вагоным деж щытт лIыкIуэхэм я комендант ныбжьэгъу Перцевыр, лIыкIуэхэм я секретарь Ломакэ. Иужьрейр лIышхуэт, зэIэщIэлът, макъ гъумт. Абыхэм делегатхэм я дэфтэрхэр къапщытэурэ дэтхэнэми вагоным щыхухаха тIысыпIэр хуагъэлъагъуэрт.
  • ЛIыкIуэхэм яхэтт округым и гъэзэщIакIуэ комитетымрэ абы и къудамэхэмрэ я лэжьакIуэхэр, адыгэхэм я мызакъуэу, урысхэри — я нэхъыбапIэкIэ ахэр IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я IэщIагъэлIт.
  • Гъуэгу здытетым лIыкIуэхэм ягъэхьэзырт щIыналъэм и Iуэху зытетым теухуауэ Правительствэм и пащхьэ ирилъхьэну дэфтэрыр. ЗыщIэлъэIунухэр, епIэщIэкIри, тэмэм дыдэу ягъэхьэзыратэкъыми, иджы абыхэм хэплъэжын хуей хъурт, щIэрыщIэу къратхыкIыжырт.
  • Гъуэгу здытетым, пщэдджыжьым «лъалъэу» хуежьэрт зэрыбкIэ зэрытрадзэ машинкэхэр икIи лэжьыгъэр увыIэртэкъым жэщыр хэкIуэтэху. А махуэхэм лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл къыхэмыхуэу, тэмэму зэрекIуэкIар зи фIыгъэу къэлъытапхъэр лIыкIуэ гупым я секретарым и Iэзагъырт. Абы и макъ гъумыр вагоным зэм и зы кIапэмкIэ, зэм адреймкIэ къыщыIурт, зыгуэрхэм зыщIрагъэхыну Iэмал яримыту, Iуэхур псынщIэу зэрызэфIагъэкIыным кIэлъыплъу.
  • Ар егъэлеяуэ гурыхуэт, тхыдэми иужьрей илъэсхэм къэхъуахэми фIы дыдэу щыгъуазэт.
  • — Мыбдежым, Харитон Леонтий и къуэ, щыжеIэ революцэм и пэ къихуэу Къэбэрдейм мыпхуэдиз еджапIэ итауэ…
  • — Дэнэ апхуэдэу зэрытыр?
  • — «Тэрч махуэгъэпсым».
  • — ПцIы зэфэзэщщ… Ар округым и унафэщIым комиссэ гуэрым фIэлIыкIыу игъэхьэзырауэ аращ. ИужькIэ а бжыгъэр къулыкъущIэхэм отчётым хригъэгъэхьэжащ. ЕджапIэу щыIар…
  • Апхуэдэу жиIэрти, и Iэпэхэр щIигъашэурэ еджапIэхэр кърибжэкIырт, школхэм я унафэщIхэм я цIэхэри, адэцIэри къриIуэу, я лэжьэкIэм зэрыщыгъуазэм и щапхъэ гуэрхэри зэзэмызи щIигъужу.
  • Зы тхьэмахуэкIэ гъуэгу дытетауэ Москва дынэсащ. ЛIыкIуэхэр вагоным къинащ абы щыпсэуну. Ягъэхьэзыра дэфтэрхэр ВЦИК-м и президиумымрэ цIыхубэ комиссариатхэмрэ хуагъэхьащ. А зэманым Москва Коминтерным и зэхуэс щекIуэкIырт. ЛэжьакIуэ псоми хущIыхьэгъуэ ягъуэтыртэкъым. Апхуэдэу щытми, Къэбэрдейм и лIыкIуэхэм къалащхьэм икъукIэ гуапэу къащыIущIат.
  • Делегацэм хэтхэм къаIущIащ Калинин Михаил, Ленинми абыхэм къахуэзэну и мурадат. ЖаIэрт Лениным ахэр Горкэхэм щригъэблэгъэну, ауэ сымаджэ зэрыхъуам къыхэкIыу ар къехъулIауэ щытакъым.
  • Москва лIыкIуэхэм къыщратащ зыщIэлъэIуауэ щыта псори. Уеблэмэ, къэралым и Правительствэм и гъэтIылъыгъэхэм ящыщу Iэмал зыхуагъуэтхэр къыхущIагъуат.
  • Къэбэрдейм тхылъымпIэ вагонкIэ къыхуэупсат, зэрытрадзэ «Аухбург» машинэр, шрифтхэр къратат. Iэмэпсымэхэри шрифтхэри Петербургт къыщеIытхын хуейр, арат дызыщIэлъэIуахэр здэщыIэр. Ахэр къыдатыжыным и пэ къихуэу, «Жизнь национальностей» журналым папщIэ тхыгъэ гуэрхэр дгъэхьэзырын хуейуэ къыджаIащ. А журналым и редактор къалэныр зыгъэзащIэр ныбжьэгъу Сталинырати, ягъэхьэзыра зи чэзу къыдэкIыгъуэм абы къыщыхуигъэнат Къэбэрдейм теухуа тхыгъэ здрагъэувэн щIыпIэ.
  • Тхыгъэр гъэхьэзырыным лIыкIуэ псори хэтащ. Абы хэбгъэхьэ хъуну материалхэр, зи гугъу пщIы хъунур куэдыкIейт, абыхэм 1920 гъэм Урысейм щыпсэухэр зэрыщабжам кърикIуауэ зэкIэ хэIущIыIу ямыщIахэри яхэту. 1920 гъэм теухуа бжыгъэ псори зэпэлъытауэ, тэмэму щымыIэми, гупым хэтхэм яхузэфIэкIащ зэгъэпщэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр ящIыну. Тхыгъэм и гугъу щищIырт Къэбэрдейм и лэжьакIуэбэу Октябрь революцэм щхьэхуит ищIахэр автономие щхьэхуэу псэуным зэрыхуэхьэзырыр, щIыналъэм зэрызиужьын щIыуэпс къулей ды-ди зэриIэр. Къэбэрдей мэкъумэшыщIэхэм нэхъыбэу гуэдз, хьэ, зэнтхъ, нэгъуэщI къэкIыгъэхэр куэду зэращIэри къыщагъэлъэгъуат абы, шы, Iэщ гъэхъунымкIэ гъэмахуэ хъупIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэми и гугъу щащIырт.
  • Тхыгъэр «Жизнь национальностей» журналым 1921 гъэм къыдэкIа и 10-нэ номерым тетащ. Абы псалъащхьэ хуащIат «Къэбэрдей автоном область».
  • Петроград къыщыдатын хуейхэр тхузэрагъэпэщати, делегацэм хэтхэм унафэ ящIащ типографие Iэмэпсымэхэр къеIысхыжыну а къалэм сэ сагъэкIуэну.
  • — Абыхэм нэмыщI, пхузэфIэкIмэ, Къэбэрдейм папщIэ мэкъумэш машинэ вагонри къеIыпхыфамэ арат, — къызэлъэIуат агрономхэр.
  • СыгуфIэу сыкIуэжащ сэ сыкъыщалъхуа къалэм. Иванов Всеволод деж сыкъыщыувыIащ. Всеволод и «Бронепоезд 14-69» пьесэр къыхудагъэкIынути, корректурэм еджэрт, Горький Максим гуапэу къызэрыIущIам къысхутепсэлъыхьыжырт. Ивановым Петроград и советым и унафэщIу а зэманым щыта Федин Константин лъэIукIэ зыхуигъэзащ тхылъхэр къыдитыну. «Красная Кабарда»-м и редакцэм папщIэ Фединым тхылъ куэд къыдитат, Чеховым и тхыгъэ псори щызэхуэхьэсахэри абыхэм яхэлъу.
  • Шрифтхэмрэ адрей Iэмэпсымэхэмрэ дэ псынщIэ дыдэу къыщыдатащ Сойкин Пётр и типографиеу щытам, а зэманым зэрагъэпэщыжым. Абы и лэжьакIуэхэр къыздэIэпыкъуащ а псори тэмэму зэкIуэцIылъхьауэ вокзалым езгъэшэнымкIэ.
  • ИкIэм-икIэжым, тхьэмахуитI-щыкIэ зяужь дита Iуэхухэр зэфIэдгъэкIащ! Гугъуехь куэд пылъу вагонри къыдэсхащ. Нарва и заставэм деж щыIэ гъэтIылъыпIэхэм щылажьэ хьэлъэзехьэхэм къысхуралъхьащ Къэбэрдейм къыхуаутIыпща пхъэIэщэхэр, къитхъхэр, жылэ зэрасэ, зэраIуэ, хьэуазэр зэрызэпаупщI машинэхэр, нэгъуэщI мэкъумэш Iэмэпсымэхэр.
  • Псым къыхиху, щIыфэм зыпхызыдз бжьыхьэ жьы щIыIэр къепщэрт сэ си къалэм сэлам есхыжу, къалащхьэм и Октябрьскэ вокзалым сыкIуэжыну сепIэщIэкIыу сыкъыщежьэжам. Ахъшэу сIыгъам къысхущIэкIыжар Москва сыкъызэрыкIуэжын билетырт. ГъэщIэгъуэну псынщIэу сынэсыжащ. ИкъукIэ сыщыгуфIыкIат Октябрьскэ вокзалым дыщытехьэм ди лIыкIуэхэмрэ абыхэм я вагонымрэ щыслъэгъуам.
  • Иджы а вагоныр мафIэгу псом япэ итт. Вагон тIощIым щIигъум из мылъку зэмылIэужьыгъуэ куэд Къэбэрдейм къыхуаутIыпщат. Машинэ зэмылIэужьыгъуэхэр, оборудованэхэр, Iэмэпсымэхэр, цIыхухэр зыхуей-зыхуэфIхэр, шыгун гъэжахэр, фошыгъу, нэгъуэщI куэди — къэралым и къалащхьэ Москва Къэбэрдейм абы щыгъуэ тыгъэ къыхуищIа псори къебжэкIыгъуейщ. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ яIэт сымаджэщхэм, псэущхьэхэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэм папщIэ оборудованэхэмрэ хущхъуэхэмрэ, IуэхущIапIэхэр зэрылэжьэну станокхэмрэ машинэхэмрэ къызэрыдатам.
  • ФокIадэм и кIэт. Уэшх къепсэпсауэрт. ЛIыкIуэхэм къызэрежьэжынум зыхуагъэхьэзырыжырт. Ахэр тепсэлъыхьырт Къэбэрдейр автоном область щхьэхуэ щIыным теухуа декретыр къэралым и Правительствэм къызэрищтам икIи къызэрыдэIэпыкъуам. Апхуэдэуи щыгуфIыкIырт Москва еджапIэ ягъэкIуа адыгэ щIалэ псори къызэращтам икIи щыпсэуну щIыпIэхэри зэрыхухахам.
  • Москва къикIыж мафIэгур къежьэжащ. ЛIыкIуэхэм я комендант Перцевымрэ и дэIэпыкъуэгъухэмрэ зыщIагъэзэгъащ я хуабапIэм. И дэIэпыкъуэгъухэм щхьэкIэ Перцевым дзэ часть жиIэрт, ахэр цIыху зыщыплI фIэкIа мыхъуми. Абы ахэр егугъуу хуигъасэрт, мафIэгум зыгуэр къытеуэ хъужыкъуэмэ, ящIэн хуейхэм. Гъуэгум ар икъукIэ къыщытхуэщхьэпэжащ. Лиски станицэм дыкъыфIэкIауэ мафIэгур щIэпхъаджащIэхэм къагъэувыIат, ауэ Перцевым и гупым абыхэм пулемётхэмкIэ «шыбжий» иратри, бзаджащIэхэр жэщым хэбзэхэжащ.
  • ЛIыкIуэхэр Налшык къэсыжащ жэпуэгъуэм и кIэухым икIи Ок-тябрь революцэр илъэсиплI зэрырикъур автономие щхьэхуэ зыгъуэта Къэбэрдейм щыпсэухэм ящIыгъуу ягъэлъэпIащ. Куэд дэмыкIыу Къэбэрдей автоном областым и Советхэм я япэ съездыр къызэIуахащ. Абы хэтащ ныбжьэгъухэу Ворошиловымрэ Будённэмрэ.
  • ПЕТРОВ Георгий.