ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ПсыIу теуэ

2019-05-23

  • Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Интернетым сыщрихьэлIауэ щытащ убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм (шэрджэсхэм) я лъахэм къизэрыгуа зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтар къызыхэщыж тхыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ. ПсэзэпылъхьэпIэу лъэхъэнэ телъыджэм екIуэкIа хъугъэ-щIагъэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщратхэкIыжа сатырхэм я нэхъыбапIэр зи къалэмыпэ къыпыкIар ахэр а зэман жыжьэм зи нэгу щIэкIауэ щыта цIыхухэрщ.

  • Япэхэм къызгурыIуэртэкъым: «Адрей адыгэ-абазэ лъэпкъхэм елъытауэ, аптIэхъуэхэр (убыххэр) нэхъ зауэшыуэ щытауэ Урыс-Кавказ зауэр зэхэзыублахэри щыхьэт щIытехъуэр сыт? ЗэрыпхъуакIуэхэр япэу зыIууауэ щытар губгъуэрыс лъэпкъхэракъэ?» — жысIэрти. Иджы, къызэрыщIэкIымкIэ (ар си дежкIэщ), XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа щIыналъэхэми зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIауэ щытащ. Абыхэм къарикIуа хъугъэ-щIагъэхэр къызыхэщыж дэфтэрхэм и чэзум щыгъуазэ зэрызахуэзмыщIыфам къыхэкIкIэ, зэрыжысIащи, убыххэмрэ хы псыIу Iуса шапсыгъхэмрэ пащтыхьыдзэр япэу щатеуар Урыс-Кавказ зауэжьым и кIэухыр зыхуэза 1863 — 64 гъэхэрауэ къысщыхъурт. АрщхьэкIэ, къызэрыхэдгъэщащи, Iуэхур зыIутар нэгъуэщIщ.
  • «1839 илъэсым Шахэпэ щитIысыкIа урысыдзэр» зыфIаща тхыгъэм къызэрыхэщыжымкIэ, а гъэм и мэлыжьыхь — накъыгъэ мазэхэм я зэблэкIыгъуэм хиубыдэ махуэ бжыгъэм и кIуэцIкIэ, убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыр щызэпыхьэ Шахэпэ нэс пащтыхьыдзэр псы щIыIукIэ къесылIэри, абдежым залымыгъэ хэлъу щитIысыкIащ.
  • Къызэризэум къыдэкIуэу, а щIыпIэм зыщигъэбыдэну унафэ зыхуащIа генерал Раевский Николай хузэщIаугъуея дзэм хэтт Кавказ Ищхъэрэм щыIэ Тенгинскэ, Навагинскэ полкхэм къыхаша батальону 8, хы ФIыцIэ (черноморскэ) къэзакъ-ныбэрыпщхэм (пластунхэм) я лъэсырыдзэ полкыу 2, Iэщэ шынагъуэу а зэманым къалъытэу щыта топ 24-р зыгъэIэрыхуэ сапер ротэу 2.
  • Сэ къызэрыслъытэмкIэ, зауэ гущIэгъуншэр иухыным иджыри илъэс 25-рэ хуэдиз иIэжу, Шахэ псыр хым щыхэхуэжым деж зыщызыубгъуа мэзылъэ тафэмрэ абы къегъэщIылIа ныджэ бгъуфIэшхуэмрэ зыщигъэбыдэн папщIэ, урысыдзэм къаруушхуэ ирихьэлIауэ зэрыщытар къызыхэщыж дэфтэрхэр Интернетым иджы тыншу къызэридгъуэтэжыр фIыщ. Сыту жыпIэмэ, ди лъахэм и псэм къещэ зэрыпхъуакIуэхэм адыгэхэр зы махуи зэрамыгъэтыншар, я хуитыныгъэмрэ я хэкумрэ яхъумэжын папщIэ, абыхэм лъы мащIэ зэрамыгъэжар, лIыгъэшхуэ зэрызэрахьар къэзыгъэлъагъуэ IэмалыфIу зи гугъу тщIы тхыгъэхэр къоуври. ИкIи, зэпэщIэувэныгъэ гуащIэрэ гущIэгъуншагъэкIэ гъэнщIа а лъэхъэнэ бзаджэр зыгъэунэхуа цIыхухэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм хэплъэжу, щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ахэр къизыхьэжхэми, фIыщIэ щхьэхуэ яхуэфащэу къыщIэкIынщ.
  • Ауэ жагъуэ тщыхъур сыт жыпIэмэ, абыхэм кIэух псалъэ зэрыратыж щIыкIэрщ. Зи хэкужь и псэм къещэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэувэу, лIыгъэ зезыхьа шэрджэсхэм я пщIэр къаIэтыжыным и пIэкIэ, ахэр а зауэ гущIэгъуншэм хэзыша урыс пащтыхьым и дзэпщ къанлыхэр ягъэзахуэ, ар дэнэ къэна, щытхъупскIэ щIагъанэри, лIыхъужьу къыщIрагъэдз. Нэхъ Iеижыращи, адыгэхэр, убыххэр щыпсэууэ щыта я хэкужьым лIыукI-лъыифхэм я фэеплъхэр щыгъэувэн хуейуэ яукъуэдий, тхыдэм упхызыгъэплъыж дэфтэрхэм кIэлъауцIырхъыж сатыр гуемыIухэмкIэ дэ, адыгэхэм, ди жагъуэ къызэращIыр, абыхэмкIэ ноби къызэрыдэныкъуэкъур зыхамыщIэ хуэдэ.
  • Чэруан зекIуэр зэрызэщIагъэуIуа щIыкIэм дежкIэ къедгъэзэкIыжынщи, 1839 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м Севастополь кхъухь тедзапIэм къыIукIри, Керчь псы дэлъэдапIэм (хыжьэм) дыхьащ Хы ФIыцIэ флотым и 2-нэ эскадрэр. «Императрица Екатерина», «Память Евстафия», «Адрианополь», «Султан Махмуд», «Силистрия» кхъуафэхэмрэ «Штандарт» фрегатымрэ зыхэт хыдзэм я унафэщIыр адмирал Лазарев Михаилт. Махуэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу абыхэм гъусэ яхуэхъуащ «Агатополь», «Тендос», «Бургас», «Браилов» фрегатхэр, «Меркурий» бригыр, «Северная звезда» бахъэрызекIуэ кхъухьыр (пароход), «Легкий» тендерыр, «Ориандэ» яхтэр.
  • Мыбыхэм я цIэхэр тхыгъэм къызэрыщыхьам хуэдэ дыдэу къыщIедбжэкIыжыр, ди лъэпкъэгъухэм я щIыналъэм и зы кIапэ къудейм зыщигъэбыдэн папщIэ, Урысей пащтыхьыгъуэм къарууэ ирихьэлIар зыхуэдизыр къридгъэлъэгъуэжын щхьэкIэщ. Теуэм апхуэдизу ерыщу икIи зэгъэкIуауэ зыхуагъэхьэзырати, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа кхъуафэхэм къищынэмыщIа, зекIуэм хэтыну дзэм хуагъэхьэзырат Темрыкъуэ (Темрюк) тедзапIэм нэхъ пасэу къыщагъэувыIа сатуущI кхъухьхэм хуэдэу 9. Абыхэм щIэгъэхуэбжьауэ иралъхьэрт дзэр щитIысыкIыну щIыпIэм щаухуэну сэнджэлейм (быдапIэм) ирахьэлIэну пкъыгъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, ирагъэзагъэрт лэжьакIуэ папщIэу къагъэсэбэп выхэмрэ шыхэмрэ, Iэщым ирагъэшх мэкъумылэмрэ ахэр зыщIащIэну шыгу-выгухэмрэ, шэрджэсыщIым щитIысыкIыну дзэр мазитIкIэ зрикъун шхыну Симферополь Ерыскъы комиссэм къахузэригъэпэщари абы хэтыжу.
  • Къэнэжар зауэлIхэмрэ ахэр здэIэпхъуэм зыщIэсыну чэтэн унэхэмрэ, зауэм хуэгъэпса топхэмрэ топышэхэмрэ, нэгъуэщI-къинэмыщIхэри кхъуафэхэм игъэзэгъэжынырати, къыздикIари-къыздихуари къахуэмыщIэ хыжькуийм къыкIэлъыкIуэ махуитIым и кIуэцIкIэ дзэм зригъэгъэхъеякъым.
  • ИкIэм-икIэжым, мэлыжьыхьым и 28-м, жьапщаер щыувыIэм, хыдзэр кхъуафэхэм ирагуэшащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету, теуэм хуэгъэпса зекIуэ шынагъуэр, Тамань тедзапIэм къыIукIри, Керчь псы дэжыпIэмкIэ хы ФIыцIэм къытехьащ. Ауэ мыбдежми, езы Тхьэшхуэм зауэшыхэм закъригъэщIэжыну хэта фIэкIа умыщIэну, хыжькуийм аргуэру «зыкъигъэубэлэцыжащ». УвыIэгъуэ имыIэу къепща жьапщэм зэтриIыгъа кхъухьхэр Шахэ Iуфэ щынэсар шэджагъуэ нэужь хъуауэ накъыгъэм и 2 махуэрщ. ПщыхьэщхьэхуэкIуэу дзэр хамэ щIыгу ибутIыпщхьэну дзыхьщIыгъуэджэти, Шахэрэ Субэшрэ (Шупашэ, иджы Матросская щель) хым щыхэхуэжым я зэхуакум дэлъ псы гущIыIум деж, зауэлIхэр зэрыс кхъуафэхэр жэщ псом и кIуэцIкIэ уфафэ-уфэразэу щаIыгъащ. Теуэр зэрекIуэкIынум и хъыбарыр нэхъ пасэу зыIэрыхьа убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ, кхъухьхэр гъунэгъу къазэрыхуэхъур щалъагъум, лъэныкъуэ псомкIи къикIыу, хыдзэр щитIысыкIыну щIыпIэм къекIуэлIэн щIадзащ.
  • — МызыгъуэгукIэ Раевскэм урыс Iэщэр ирихьэрт зауэшы дыдэу къалъытэ убыххэм я щIыгум, — щитхыжащ «ГукъэкIыжхэр» зыфIища и тхыгъэм, «Шахэпэ теуэм» и курыкупсэм хэта декабрист Лорер Николай. — Сыт ищIыскIи нэрылъагъут, езы бгырысхэми зэрыжаIауэ, «Тхьэхущынэ щыгу»-р тыншу икIи пщIэншэу абыхэм къызэрыдамытынур.
  • Шахэпэ и къыщхьэщыжакIуэхэм я нэхъыбэр гъунэгъу къуажэхэрат къыздикIар. Ауэ, а махуэхэм шэрджэсхэм яхэта, политикэ Iуэхухэми хуэIэзэ, инджылыз хьэрычэтыщIэ (коммерсант) Белл Джеймс зэритхыжымкIэ, ПсыфIыпс къуэбэкъу абрагъуэм дэс шапсыгъхэри мы щIыпIэм гупышхуэ хъууэ къызэрыхьат. ИужькIэ ахэр, махуэ бжыгъэкIэ екIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм, «зы къэмынэу» зэрыжаIэу, хэти уIэгъэ щыхъуащ, хэти щыхэкIуэдащ. Белл щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а махуэхэм Шахэ и тIуащIэ бгъуфIэшхуэр «зыгъэзджызджа» зэпэщIэувэныгъэ хьэлъэм ПсыфIыпс дэса шапсыгъхэм ящыщу, лIыгъэкIэ, къызыхэкIа лIакъуэкIэ цIэрыIуэ дыдэу къалъытэу щыта лIакъуэлIэш пашэу 50-м нэблагъэм я щхьэр щыхалъхьащ.
  • Километрищ зи кIыхьагъ хы псыIумрэ абы къыщхьэщыт мэзылъэ джабэ нэкIухэмрэ зысея бгырыс хэкупсэхэм теуэм ипэ къихуэ жэщым щызэщIагъэста мафIэхэм къапих бзийхэр дэнэ лъэныкъуэкIи къыщылъагъуэрт. Нэхущым урысхэр хы ныджэм есылIащ.
  • Десантыр щитIысыкIыну щIыпIэр а зэманым къырылъэ щыгухэмрэ жыгей абрагъуэхэмкIэ зэщIасеят. Абы и гущIыIужкIи, иужьрей илъэсхэм шэрджэсыщIым хы псыIумкIэ къебгъэрыкIуэн щIэзыдза бийм къигъэгузэва бгырысхэм мы щIыпIэр щIытI-къуэтIыхьхэмкIэ къратIэкIат.
  • — Пщэдджыжьыпэм зыкъэзыIэта дыгъэм и япэрей бзийхэм къызэщIагъэнэхуа теплъэгъуэр апхуэдизкIэ телъыджащэти, псори дитхьэкъуами ярейт: псы Iуфэм пэмыжыжьэ тафэм илъэсищэ бжыгъэ зи ныбжьу ит жыгыжьхэм я лъабжьэм IэщэкIэ зэщIэузэда убыххэм ящыщу 500-р лъэгуажьэмыщхьэу щызэхэтт, — щетхыж и «ГукъэкIыжхэм» Лорер Николай. — Убыххэр Тхьэ елъэIурт. Абыхэм я пащхьэ зи щхьэм щэкI хужь къешэкIа ефэндыри итт. ДымыгъэщIэгъуэн тхузэфIэкIакъым, ижь-ижьыж лъандэрэ мажусий динымрэ чыристэн динымрэ зэхэухуэнауэ зезыхьэ шэрджэсхэм я пащхьэ, «Тхьэхущынэ щыгум» деж, муслъымэн диным и лэжьакIуэ зэрыщиувар! Ар и щыхьэтт къащхьэщыхьа шынагъуэр тырку ефэндыхэми къызэрагъэсэбэпам, езы бгырысхэри абы зэрыригъэувэлIам.
  • Лорер Николай итхахэм къыдежьууэ, Шахэ теуэм я нэхъыжь адмирал Лазарев Михаил отставкэм щыIэ и ныбжьэгъу, капитан-лейтенант Верёвкин Александр мыпхуэдэу хуитхыгъауэ щытащ: «Шэрджэс мини 3-м нэблагъэ лъэгуажьэмыщхьэм зрагъэуат. Ахэр Тхьэм елъэIурт бийм зэрапэщIэтын лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къетэну, я адэжьхэр щалъхуа щIыналъэр яхъумэжыфын папщIэ. Тлъэгъуа теплъэгъуэм дапхуэдизу гумащIэ дыкъимыщIами, дыкъыщIежьа Iуэхур дгъэзэщIэн хуейт…»
  •  КЪУМАХУЭ Аслъэн.