ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щыпсэурт убыххэр Хостэ, Мзымтэ, Сочэ псыхъуэхэм

2020-09-05

  • Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэтар убых щIыналъэрщ — 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы и ужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыбгъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзымтэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр — абхъазхэмрэ шапсыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, убыххэр мин 90 хуэдиз хъууэ щытащ — Кавказ зауэм и ужькIэ мин 70 Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми. Тыркум Iэпхъуэри, куэд яхьыжакъым убыххэм: гъунэгъу зыхуэхъуахэм, адыгэхэм яхэшыпсыхьыжащ — абыкIэ «сэбэп» хъуагъэнущ убыххэм я анэдэлъхубзэм нэмыщI, адыгэбзи ящIэу зэрыщытар. Тыркум нобэ ущрохьэлIэ убых зыдэс жылагъуэ цIыкIу зыбжанэ, ауэ абыхэм щыпсэухэм зэрыубыхыр ящIэж фIэкIа, я анэдэлъхубзэкIэ псалъэр мащIэ дыдэщ.

  • ЛЪЭПКЪ щхьэхуэми убыххэр я хабзэкIи, я щэнхабзэкIи, я псэукIэкIи адыгэхэм къазэрыщхьэщыкI щыIакъым.
  • Кавказ зауэм хэджэразэри, я щхьэр халъхьэху, Iэщэр ягъэтIылъакъым убыххэм. Я тхьэмадэхэм — Бэрзэдж Джырандыкъуэ, Бабыкъу, Дзэпщ, Бэрэкъей Исмэхьил сымэ — зэщIагъэшасэурэ, убыххэм я лъэпкъыр насыпыншагъэм, лъэпкъгъэкIуэдым хуашащ. Шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм Iэщэр ягъэтIылъа нэужьи мафIэм икIэм-икIэжым къыхэкIакъым убыххэр, а мафIэм хисхьэжащ езыхэри …
  • Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэ, 1864 гъэм и гъатхэм, убыххэр къиувыхьауэ щытащ генерал Гейман зи пашэ дзэм. Абы и хъыбар итхыжащ подполковник Эсадзе Семен («Покорение Западного Кавказа и окончание Кавказской войны». Мейкъуапэ, «Меоты» тхылъ тедзапIэ, 1993):
  • «Гупищ зращIыкIри, хы Iуфэм Iутурэ, дзэр гъатхэпэм и 5-м (1864 гъэм) Лазарев фортым нэсащ. Абдеж щыщIадзэн хуейт убыххэм ебгъэрыкIуэн.
  • Убых тхьэмадэхэм щыщу абы щыгъуэ нэхъ пщIэ зиIар Бэрзэджхэ Дэгумыокъуэ, Джырандыкъуэ, Бабыкъу Алим-Джэрий, Хьэпакъ Елбэз, Дзэпщ Бэрэкъей Исмэхьил сымэт. ЦIыху къулейт ахэр, Бэрэкъейм Тыркум благъэ щикуэдт, убыххэр европей къэралхэм щигъэгугъ зэпытт. Аращ европей хьэгъапхъэхэр убыхыщIым къизышар. Джырандыкъуэ-хьэжыр дзэпщ цIэрыIуэт, абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм я дзэхэм пашэ яхуэхъурейуэ щытат.
  • А махуэ дыдэм генерал Гейман убыххэм яхуитхащ: «Фэ фIыуэ фощIэ абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэщэр ягъэтIылъауэ Тыркум зэрыIэпхъуэр; ди IэмыщIэ зыкъизылъхьахэм Лабэрэ Псыжь Iуфэрэ щIы щадот. Фи закъуэщ къэнар, убыххэ. Фхудимурадым фыхуеймэ, мыращ фпэдубыдыр: гъэр фщIа урысхэр икIэщIыпIэкIэ къыдэфтыжынщ. Тыркум Iэпхъуэн зи щIасэхэр, пIалъэ къыхэвмыгъэкIыу, бгым фыкъикIынщи, Шахэ, Уэрданэ, Сочэ псыхэр хым щыхэхуэм деж фыщызэхуэсынщ, абдежым тырку кхъухьхэр къекIуэлIэнущи, фи гъуэгур занщIэщ. Ди IэмыщIэ зыкъизылъхьэхэр Псыжь дгъэIэпхъуэнущ. ЦIыху губзыгъэ къызэрыфхэтыр сощIэ, зывмыгъэунэхъуж, абазэхэхэм къащыщIарщ фэри къыфпэплъэр. Фэращ абазэхэхэр, къызэщIэвгъаплъэурэ, зыгъэунэхъуар. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фыкъэдувыхьынурэ, бгым фыкъитхунущ, фи пщылIхэр къыфтетхынурэ, Iузэв тенджызым и Iуфэм фыIудгуэнущ».
  • Абы игъэшынагъэнущ убыххэр. ЕтIуанэ махуэм убых тхьэмадэхэр къэкIуащ генералым деж, ахэр цIыху пщыкIутI хъурт, Бэрзэдж Елбэз я пашэу; Бабыкъу Хьэжыри ящIыгъут абыхэм. Гейман хъыбар къызэрырагъэщIамкIэ, затын щхьэкIэтэкъым ахэр къыщIежьар, урыс дзэпщым епсэлъэн папщIэт.
  • — СлIо, убыххэ? — япежьащ Гейман абыхэм. — Щхьэ фыкъэкIуа? Дэнэ щыIэ Iэджэ щIауэ фызыпэплъэ европейхэр? Къыфхуашакъэ топрэ топышэрэ? Фи дзейхэм утыкум фыкърана?
  • — Ди щхьэм фIэкI, нэгъуэщIым дыщыгугъ зэрымыхъунур ди фIэщ хъуащ, — жаIащ убых тхьэмадэхэм. — утыкум дыкъранар пэжщ, я щIыб къытхуагъэзэжащ псоми. Ауэ дэ дылъэпкъщ иджыри, ди щхьэ дыхуитщ, дывэпсэлъэн щхьэкIэщ дыкъыщIэкIуар, дызыщIэлъэIур ыжетIэнщ.
  • — Фэра къыдэпсэлъэнур? Убыххэра? Фыкъыдэзауи, дефхужьэж. Фэ фылъэщщ, ар фхузэфIэкIынущ.
  • — ТхузэфIэкIыжынукъым. Ди щхьэр хэтлъхьэху, дывэзэуэфынущ — абы щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым. Удын фэддзыфынущ, ауэ дэри дыхэкIуэдэнущ. А псом дыхэмытын щхьэкIэ, дызэвгъэпсалъи, дызэгурывгъаIуэ. Мазищ пIалъэщ дызыщIэлъэIур: Тыркум дыIэпхъуэнущ псори. Сымаджэ, уIэгъэ диIэщ, нэхъыбэр бгым исщ, хым пэжыжьэщ. Ди мылъкури икъухьащ. ПIалъэ къыдэфти, апщIондэху ди хэкум фынимыхьэ.
  • — Шапсыгъхэм къывжаIауэ фощIэ фэ къыфщIэлъыр, — жиIащ генералым. — Гъуэгу фытехьэнумэ, хущIыхьэгъуэ фиIащ. Фэр щхьэкIэ дышынэркъым дэ, къыдэфщIэфыни щыIэжкъым: абэзэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ нэхърэ нэхъ гугъу дывдехьынукъым. ГущIэгъу фхуэтщIынкIэ, дыфщысхьынкIэ фыкъытщымыгугъ… АфIэкIа сывэпсэлъэн мурад сиIэкъым. Фпэзубыдыр ныфхуэстхакIэщ, си псалъэм фемыувалIэмэ, дзэр несшэжьэнурэ фи хэкум сынихьэнущ.
  • — Ар къыдгуроIуэ дэ. Абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ текIуам дызэрыпэмылъэщынур дощIэ, итIани, гущIэгъу къытхуэфщIынкIэ дыфщогугъ, — жиIащ Елбэз.
  • — Фи щхьэр къэвмыгъэпцIэж абыкIэ! — яхуэгубжьащ генералыр убых тхьэмадэхэм. — Сэ фызоцIыху фэ, фызэщэри сощIэ. Хы Iуфэм фыщызэхуэсынумэ, гъуэгур фоцIыху. ЗымыцIыху къыфхэтмэ, шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ иреупщI. АфIэкIа фхудэсчыхынукъым.
  • Ар жери, генералым лъэныкъуэ зригъэзыжащ. Убых тхьэмадэхэм къагурыIуащ я лъэпкъым и унафэм кIэ зэригъуэтар.
  • Убыххэм я щхьэм кърикIуа мыгъуагъэм теухуащ абхъаз тхакIуэ цIэрыIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр, ар бзэ куэдкIэ зэдзэкIауэ зыбжанэрэ къыщыдэкIащ ди хэкуми хамэ къэралхэми. НэгъуэщI тхыгъэ куэди дунейм къытехьащ, убыххэм къатепсыха насыпыншагъэмрэ леймрэ хэIущIыIу ящIауэ. Абыхэм цIыхур щыгъуазэ хъуащ иужьрей илъэсхэм. Иужьрей илъэсхэращ Тыркум Iэпхъуа убыххэм я щIэблэхэм дзэпщ, лIыщхьэ, дипломат, тхакIуэ цIэрыIуэ куэд къызэрыхэкIам цIыхур щыгъуазэ щыхъуар. Апхуэдэ убых цIэрыIуэ куэдым нэIуасэ уахуещI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и «Щикъухьащ адыгэр дунеижьым» тхылъым (Налшык, 2000 гъэ). Абыхэм ящыщщ маршал, генерал, адмирал хъуауэ тыркудзэм хэтахэр: Быж Ахъмэт, Хъундж Алий, Зэрахъуэ Бэчыр, КIэнкIэ Хъусейн, Дипщэу Шэрджэс, Бэрзэдж Мухьэмэд, Тхьэрхэт Джамил, Дзэпщ Бэрэкъей Мухьэмэд, Щхьэплъы Азиз сымэ, нэгъуэщIхэри; Тыркум и премьер-министр къулыкъур зэрихьащ КIэнкIэ Хъусейн, Меджлисым (Парламентым) хэтащ Хъундж Алий, Беич Хьэкъы, Сынджыр ФуIэд, Тхьэрхэт Джамил, Дзэпщ Бэрэкъей Мухьэмэд, Джебесой Алий (Меджлисым и Iэтащхьэуи щытащ), министр IэнатIэм бгъэдэтащ Зеифэ Черкес Хьэсэн, Джебесой Алий, КIэнкIэ Хъусейн, Беич Хьэкъы, Хъунэжь Ихьсан Сабри (хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру, Меджлисым и Iэтащхьэуи щытащ, Тыркум и президент къулыкъури пIалъэкIэ зэрихьащ), нэгъуэщIхэри. ТхакIуэ, щIэныгъэлI, публицист цIэрыIуэ хъуащ Дигунэ Акиф, Зеифэ Абдулыхь (роман зыхыбл къызэринэкIащ), Щхьэплъы Хъусейн, АмкIэ Хьэсэн, Сынджыр ФуIэд, Тхьэрхэт Ахьмэд (адыгэбзэкIэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ). Ахэр псори убыхщ, 1864 гъэм хэкур зрагъэбгынахэм я щIэблэщ. Убыхщ дуней псом щыцIэрыIуэ бэнакIуэ, Олимп Джэгухэм я чемпионхэу ГъукIэ (Догу) Яшаррэ Ущхъуэ (Къаплъэн) Хьэмидрэ.
  • Уи жагъуэ хъур апхуэдиз цIыху цIэрыIуэ къызыхэкIа убыххэр тхыдэм зэрыхэбзэхэжарщ: и анэдэлъхубзэр куууэ зыщIэж, лъэпкъ IуэрыIуатэм фIыуэ щыгъуазэ убых тхьэмадэт Эсенч (Зеифэ) Тофикъ (1907 — 1992). Ар дунейм ехыжа нэужь, убыхыбзэм хуиту ирипсалъэ цIыху къэнэжакъым, ар щIэныгъэлIхэм ядж фIэкIа.
  • КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.