ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2021

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ  Казбек  лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ  Дзасэжь Хьэзрэталий

2021-03-23

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталийрэ Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарабутдинрэ. ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэ-щIым и япэ къуэдзэ Мисиров Хъызыр, КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Сыжажэ Алимрэ Джэдгъэф Аслъэнрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм  и  тыгъэ

2021-03-23

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Тэрч район библиотекэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм, къуажэ хасэхэм яIэрыхьащ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр.  Абыхэм яхэтщ щIэнгъуазэ щхьэхуэхэр, щIэныгъэ методикэ, зэреджэ тхылъхэр, КъАХ-м игъэхьэзыр «Черкесика» серием хиубыдэ къыдэкIыгъуэхэр, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я усэхэр, Iуэтэжхэр, повестхэр, романхэр зэрыт сборникхэр, плакат, афишэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэтхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Адыгэ  илъэсыщIэр  къихьащ  — 6230  гъэр

2021-03-23

  • Дунейм щызекIуэ махуэгъэпс псори лIэужьыгъуитIу зэщхьэщокI: мазэм тещIыхьахэмрэ дыгъэм декIуэкIхэмрэ. Археологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, пасэрей адыгэхэм а тIуми яжь къыщIихуащ икIи зэман къэбжыкIэ щхьэхуэ къадекIуэкIыу щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ

Джатокъуэ  Олег  и  лъагапIэхэр

2021-03-23

  • Лъэпкъ щIэныгъэм и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ еджагъэшхуэхэм ящыщщ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор, биологие щIэныгъэхэм я доктор Джатокъуэ Олег Уэлий и къуэр. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, адыгэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ щызыгъэIуф IэщIагъэлIыр УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Зыпэрыт IэнатIэм щызыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Джатокъуэр пщIэ хуащIу хагъэхьащ Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием. Биологиемрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ заужьыным епха щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр зи щIыбагъ къыдэлъ адыгэ щIэныгъэлIым апхуэдэу къыхуагъэфэщащ академик цIэрыIуэ Вавилов Николай и цIэр зезыхьэ дыжьын медалыр, абы щыхьэт техъуэ тхылъри щIыгъужу. ЩIэныгъэ дунейми жылагъуэми пщIэшхуэ щызиIэ цIыху щыпкъэм мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 60 юбилейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

ЗэтIолъхуэныкъуэхэм я  илъэс  70

2021-03-23

  • Къэхъун къуажэм щыщ НэщIэпыджэхэ Анзоррэ Мозэрэ я унагъуэм илъэс 70 ипэкIэ, мэлыжьыхьым и 21-м, зэтIолъхуэныкъуэу зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ — Анзауррэ Риммэрэ — къихъуащ. Ахэр къыдэкIуэтеиху, къыщалъхуа махуэр зэдагъэлъапIэу къекIуэкIащ, дауи. Зэдэлъхузэшыпхъур унагъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэ хъуа нэужь, зырызу ягъэлъапIэу яублащ я махуэр: Анзаур — гъатхэпэм и 21-м, Риммэ — 22-м. Апхуэдэ гурыфIыгъуэр «гъащIэ мащIэу» къахущIэкIащ абыхэм. Анзаур и ныбжьыр илъэс 46-рэ фIэкIа мыхъуу дунейм ехыжащ. А гуауэм иужькIэ, къыщалъхуа махуэр Риммэ зэи игъэлъэпIакъым, апхуэдэ гукъыдэжи иIэжакъым. Мы гъэм илъэс 70 мэхъу Риммэ, Анзаур псэужамэ, ар гуфIэгъуэшхуэу яIэтынут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФIыгъуэ  гъунапкъэншэ

2021-03-23

  • ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа и зэхыхьэм гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу щагъэуващ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Арыншауэ дыпсэуфынутэкъым

2021-03-23

  • ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм Мэзым и махуэр щагъэлъапIэр гъатхэпэм и 21-рщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Черкасскэ  пщыхэр

2021-03-23

  • 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м «Вера» радиом и журналист Володихин Дмитрий «Тхыдэм и сыхьэт» зыфIища радионэтыным къригъэблэгъауэ щытащ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и къэрал гуманитар университетым (РГГУ) и доцент Шокарев Сергей. Ахэр тепсэлъыхьащ Черкасскэхэ пщы лъэпкъымрэ абыхэм Урысей тхыдэм щаубыд увыпIэм и инагъымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Зы щыуагъэм и уасэр

2021-03-23

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Краснодар 3» (Краснодар) — 0:1 (0:1). Налшык. «Спартак» стадион. Гъатхэпэм и 20-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

ТекIуэныгъэм   дыпоплъэ

2021-03-23

  • «Урысей ипподромхэр» IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту лажьэ «Шыхэм я дуней» («Конный мир») телеканалым Налшык шыгъэжапIэм теухуа псалъэмакъ къыщаIэтащ гъатхэпэм и         18-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха