Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тыгъэ
2021-03-23
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Тэрч район библиотекэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм, къуажэ хасэхэм яIэрыхьащ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм яхэтщ щIэнгъуазэ щхьэхуэхэр, щIэныгъэ методикэ, зэреджэ тхылъхэр, КъАХ-м игъэхьэзыр «Черкесика» серием хиубыдэ къыдэкIыгъуэхэр, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я усэхэр, Iуэтэжхэр, повестхэр, романхэр зэрыт сборникхэр, плакат, афишэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэтхэр.
- Апхуэдэуи Джылахъстэнейм тыгъэ хуащIащ «Нур», «Iуащхьэмахуэ», «Литературная Кабардино-Балкария», «Псынэ» журналхэр, «Адыгэ псалъэ» газетым и къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр. Иужьрейр зы щIэнгъуазэ псо ирокъу жыпIэкIи ущыуэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр илъэс зэхуэмыдэхэм цIыху цIэрыIуэхэм, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм ятеухуауэ къыдэкIахэрщ, апхуэдэуи мазищ къэс республикищым зэгъусэу ягъэхьэзыр номер зэгуэтхэрщ.
- А тыгъэхэр КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Джылахъстэней хасэм хуигъэфэщащ жыджэру зэрылажьэм, лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIыным ягуи я пси етауэ зэрыпэрытым папщIэ. Псори зэхэту абы яIэрыхьащ къыдэкIыгъуэ мини 3-м щIигъу. Саугъэтхэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иритыжащ Джылахъстэней хасэм и тхьэмадэ, Тэрч щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI КIэрэф Мурадин.
- Тхьэхущынэ Ланэ.
- P.S. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Хасэм къыбгъэдэкIыу Джылахъстэнейм хуащIа тыгъэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъум иригъэхьэлIащ. Къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ ХьэфIыцIэр нэхъапэкIи IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм яхуэупсащ.