ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2021

КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм  яIуощIэ

2021-03-16

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гъатхэпэм и 13-м яхуэзащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Кхъухьлъатэхэм  я  бжыгъэм хагъахъуэ

2021-03-16

  • «Якутия» авиакомпанием нэхъыбэ ищIащ Налшыкрэ Москварэ яку дэту лажьэ кхъухьлъатэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэкур  зыхъумахэм  я фэеплъыр ягъэлъапIэ

2021-03-16

  • «Фэеплъым и жыг хадэхэр» дунейпсо акцэм зэрыхэтынум зыщыхуагъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху щхьэпэ

Захуагъэмрэ пэжымрэ я телъхьэ

2021-03-16

  • «Захуагъэм тет Урысей» («Справедливая Россия») партым псори зыщIэхъуэпс, ауэ нобэр къыздэсым зрамыгъэхъулIэф Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ. Абы иджыри партитI зыгуигъэхьащ: «Пэжым и телъхьэу» («За правду») партымрэ «Урысей хэкупсэхэмрэ» («Патриоты России») цIэр зезыхьэмрэ. Иджы езым зэреджэми зихъуэжащ: «Захуагъэм тет Урысей — хэкупсэхэр пэжым щIобэн».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Мэршэн  МэчрэIил  Хьэмац  и къуэр

2021-03-16

  • Иджыблагъэ дунейм ехыжащ цIыху гумащIэу, лэжьакIуэшхуэу, зи IэщIагъэми гъащIэми фIыуэ хэзыщIыкIыу щыта Мэршэн МэчрэIил Хьэмац и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэщIагъэлI щIалэхэр зэпоуэ

2021-03-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэ студентхэр хэтащ «IэщIагъэлI щIалэщIэхэр» (Worldskills Russia) Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ зэпеуэу гъатхэпэм и 1-м щIидзам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр республикэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу

2021-03-16

Курортхэм, санаторэхэмрэ профсоюзхэм я зыгъэпсэхупIэ унэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я Урысейпсо зэIущIэм хэтхэр. ИжьымкIэ ещанэр — КIыщокъуэ Хьэтаущ. Москва, мазае, 1961 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

ЛIы иримыкъу

2021-03-16

  • Чэрим Марианнэ
  • Роман. ЕщанэIыхьэ
  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр
  •  2020 гъэм и №№125 — 130-хэм, 2021 гъэм и №№2 — 4, 6, 8, 11,
  • 12, 17, 20, 22, 25-хэм итщ).
  • Ику иту мазэм зэ щэр здахьынум теухуауэ зодауэ си гуащэ-тхьэмадэр. Мамэ: «Дэзэгъынукъым, хьэм едгъэшхынщ», — жи. Папэ: «Дагъэ ткIуэпс зи унэ щIэмылъ цIыху зэрыщыIэм сыт хэпщIыкIрэ, сабийхэм я дзажэналъэхэр къыхэплъу? Гъэвэжи дагъэм дэщIыгъуу зехьэ. Здэпхьын мащIэ?» «ПIахыркъым! Иджыпсту къалэм и кIыхьагъкIэ ирикIуи, зы лы тыкуэн ухуэзэнукъым, щэ щIэлъу», — жеIэ мамэ аргуэру. «Ярэби, сыту я насып лы зымышххэм. Илуи щIы, и щэуи щIы, и фэуи щIы! КъыкIуэцIытхыр хыфIэддзэжын щхьэкIэ апхуэдиз псэущхьэ зэрыдукIым и гуэныхьым дигъэкIуэну дэ унагъуэр? Зэрыщыту щэкIэ умыпщIэфIми, бжэмышх зырызу дагъэм дэщIыбгъуурэ зехьэ», — папэ щышхыдэкIэ си гъын къокIуэ занщIэу. Ар зи цIыхуфIагъым и жагъуэ хъуну гуэр щхьэ дунейм щызекIуэххэрэ жыуегъэIэ. «Щэ гъэвэжа литр, литритI апхуэдэу сощI, ауэ щэ пэгуныр дэнэ здэсхьынур? КъысщыукIытэу сIызыххэм хыфIадзэжу гурыщхъуэ сощI, тхьэ дыдэ, сымыщхьэх икIи сыщымысхь», — жеIэ мами. ЗэрыжиIэр еIусэ зэпытурэ, и гум зэремыуэм шэч къытрихьэнкIэ гузавэм ещхьу, и Iэм, и плIэм, и щыгъыным епэщэщурэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къарэжь Людмилэ: Утыкум куэдрэ уиджэразэкIэ пщIэ уиIэнукъым

2021-03-16

  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Къарэжь Людмилэ и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 75-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Дагъыстэнми  къыщикIуэтакъым

2021-03-16

  • «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 0:0. Мэхъэчкъалэ. «Труд» стадион. Гъатхэпэм и 13-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Псом ищхьэу дызыхуейр сыт?

2021-03-16

  • Нэхъ ипэкIэ щыIа тхылъхэм е зэрырагъаджэу щыта лэжьыгъэхэм я гугъу щыпщIым деж, ахэр мыхъуну щытауэ къащыфIэщI щыIэщ. Ауэ аракъым Iуэхум и пэжыпIэр. Дэтхэнэ зыри зэрыщыгъуазэщи, гъащIэм, цIыхум и щыIэныгъэм, техникэм заужь зэпытщ. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ абыхэм я пашэу мэбакъуэ. Нэхъапэм щыIа псом фIагъыу хэлъар къыхэтхрэ нобэрей псэукIэм, егъэджэкIэм, щIэныгъэм тхухэгъэзагъэмэ, ипэкIэ дыкIуэтэнщ, зыдужьынщ. «Удын зэхэдзэ нэхърэ акъыл зэхэдзэ» щIыжаIар апхуэдэ зыгуэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыху псэ къабзэ

2021-03-16

  • Мы тхыгъэ кIэщIымкIэ фэдгъэцIыхуну Исакъ Заринэ Руслан и пхъур 1995 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м Бахъсэн къыщалъхуащ. Бахъсэн дэт еджапIэ №4-р ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр  къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым щIэтIысхьэри, дохутыр IэщIагъэр абы щызригъэгъуэтащ. ИужькIэ ординатурэм псантхуэм еIэзэным щыхуеджащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щыри токIуэ

2021-03-16

  • Мы махуэхэм Сочэ къалэм щекIуэкIащ АСА 117 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэ. Пшыхьым и зэIущIэ нэхъыщхьэу щытащ ди лъэпкъэгъу Багъ Алийрэ бразил спортсмен цIэрыIуэ Сильверио Элиасрэ я зэпэщIэтыныгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2021-03-16

  • «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Шапсугия» газетхэм я лэжьакIуэхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс, Ставрополь, Мэздэгу Адыгэ Хасэхэм хэтхэр «Вести КЧР» газетым и редактор нэхъыщхьэ Нартокъуэ СулътIан Хьэмзэт и къуэм хуогузавэ абы и къуэш нэхъыщIэ Нартокъуэ Мурат Хьэмзэт и къуэр дунейм зэрехыжамкIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха