ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2021

Илъэсым  кърикIуахэр  къапщытэж

2021-03-20

  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэгъэув IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэр гъатхэпэм и 18-м иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ (онлайн мардэм тету).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

2021-03-20

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъэрэ  щIырэ  щызэхэкIым

2021-03-20

  • «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. Ар гъатхэпэм и 20 — 21 махуэхэм щIыхуагъэзам щхьэусыгъуэ иIэщ. Абдежращ дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри я кIыхьагъкIэ зэхуэдэ щыхъур. КъызэралъытэмкIэ, а зэман кIэщIым къриубыдэу щIыуэпсым и щытыкIэм зехъуэж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

ТIэш Светланэ и IэщIагъэр и псэм хэлъщ

2021-03-20

  • Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ иджыблагъэ. АР-м щIыхь зиIэ и журналист, Адыгэ ТВ-м и нэтынхэр езыгъэкIуэкI, зи лэжьыгъэхэмкIэ къэрал куэдым щыцIэрыIуэ ТIэш Светланэ и творческэ зэIущIэм кърихьэлIат абы и ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ, АКъУ-м ФилологиемкIэ и факультетым журналистикэмкIэ иIэ къудамэм щIэс студентхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, Светланэ и творчествэм дихьэххэр, и къуажэгъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Миланэ спортсмен цIэрыIуэр хегъащIэ

2021-03-20

  • Витязевэ жылагъуэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 41-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа спортсмен 450-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

КIэух  зэIущIэхэм  зыхуагъэхьэзыр

2021-03-20

  • Мы махуэхэм ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ баскетболымкIэ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я чемпионатым и пэщIэдзэ Iыхьэм и иужьрей зэIущIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Ди газетым тета «ПшэкIэплъ» псалъэзэблэдзым и жэуапхэр

2021-03-20

  • ЕкIуэкIыу:1. Налкъутналмэс 7. Дамэ 8. Анэш 10.Уашхэ 11. Джэлэс 12. Гущэпс 14. Къалэм 18.ЩIэбзэ 20. Лэрыпс 21. Шабзэкъу 22. Пэгун 23. КIэщт 25. Дыщ 26. Хъушэ 27. Анды 29. Пауэ 31. Нащэ 33. Хупхъэ 35. Нэхущ 36. ПIалъэ 39. Къуэды 40. Щхьэц 41.IупщIэ 43. ПIатIэ 47. Фащэ 49. Джанэ 51. Барт 54. Лэкъум 56. Джыдэ 57. Щхьэгу 58. Адэ 59. Мэл 60. Нанэ 62. Дыщэ 64. ЩIэщыгъуэ 65. Къамышы 66. Щхьэмыгъазэ 71. Сибэч 74. Пщыпхъу 76. Сыхьэт 77. Хущанэ 78. Жьагъэ 79. Гъуазэ 80. ЧыпцIэпщхьэпэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ

2021-03-20

  • 1 КъБР „Мир” канал
  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 22
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Мэстафэ Вячеслав (12+)
  • 7.00 «Нэмысыр и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэс» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Ди псалъэгъухэр». «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Дунейм и щIыпIэ куэдым адыгэбзэмкIэ диктант щатх

2021-03-20

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ илъэситI ипэкIэ ирагъэжьа «Адыгэ диктантым» мы гъэми пащащ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мы Iуэхугъуэр, адрей гъэхэми хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIащ. Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым щыщхьэм анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Бзэр  лъэпкъым  и  купщIэщи,  зи  бзэ  кIуэда  лъэпкъыр дэ  купщIэншэ  пэлъытэщ

2021-03-20

  • Хабзэм, бзэм я хъумакIуэу, лъэпкъымкIэ гууз-лыуз иIэу, лэжьыгъэ зэфIигъэкIыу «хэкупсэ нэс» зыхужыпIэ хъунухэм ящыщщ нобэ фэдгъэцIыхуну щIалэр. Гупсысэ куу, куэдым емыщхь гъащIэ еплъыкIэ иIэщ, и гукъэкIхэр тегушхуауэ наIуэ ещIыф. ЩIалэ пэжщ, жыджэрщ, щхьэх зымыщIэщ, и IэщIагъэм хуэIэижьщ. И зэчийр игъэпэжу,акъылкIэ зэригъэзэхуар псалъэ шэрыуэкIэ къэзыIуатэщ. Гу къабзэкIэ фIым хуэлажьэ щIалэм и гуащIэр псом япэу зрихьэлIэр щIэлэгъуалэр, къыдэкIуэтей щIэблэр зэманым декIуу,хабзэр яIыгъыу гъэсэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхубэ  къафэхэм  я  хъумакIуэ

2021-03-20

  • «Кавказ пшэплъхэр»  ансамблым и тхыдэ дахэр къыщожьэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Мартин ар къыщызэригъэпэща 1988 гъэм. Мы гупыр республикэм и къэфакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

2021-03-20

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Былымыл гъэжьа, кIэртIоф щIэлъу
  • Лы тхьэщIар г 5-7 хъууэ тыкъыр цIыкIуу яупщIатэ, шыуаным иралъхьэри шыгъу тракIутэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэри, мафIэ цIыкIум тету, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъэ 40-кIэ ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Псыр щIэващIэмэ, тхъу халъхьэри, мафIэр ин ящIыж. Ар зэIащIэурэ дакъикъи 10-12-кIэ ягъажьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис