ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Арыншауэ дыпсэуфынутэкъым

2021-03-23

  • ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм Мэзым и махуэр щагъэлъапIэр гъатхэпэм и 21-рщ.

  • Мэзым и мыхьэнэр зыхуэдизыр къэлъытэгъуейщ. Ар зэхьэлIари абы къыдит пхъэм ди гъащIэм щигъэзащIэ къалэным и закъуэкъым. КуэдкIэ нэхъ лъапIэжщ икIи нэхъ къэлъытапхъэщ, мэзхэр ЩIы Хъурейм и «тхьэмбылу» зэрыщытыр. Абыхэм цIыхур фIэкIыпIэ зимыIэу зыхуэныкъуэ кислородыр къалэжь, дыкъэзыухъуреихь дунейм ар хаутIыпщхьэ, предприятэхэм къапиху углеродыр зыщIашэ. Планетэм псыIагъэу тетыр тэмэму зегъэкIуэнымкIэ къалэн нэхъыщхьэ зыгъэзащIэри ахэращ.
  • Дэ дыпсэуфынутэкъым, ахэр димыIатэмэ. ЖыпIэнуи ирикъунщ, зы жыг мыин дыдэм сыхьэт 24-м къриубыдэу цIыхуищыр зэрыбауэ жьыр (кислород) къызэрилэжьыфыр. Апхуэдэуи, фэ, дауи, гу лъыфтащ мэзым уи Iэпкълъэпкъыр нэхъ зэрыщыщIэкIым: мыбдежым хьэуар куэдкIэ щынэхъ къабзэщ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ мэзхэм сабэри зыщIашэ. Псалъэм папщIэ, зы гектарым ит уэздыгъей гуэрэным сабэу тонн 40-м нэблагъэ зыщIаубыдэ.
  • ООН-м ерыскъыпхъэмрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэм къитхэм ятепщIыхьмэ, дунейм мэзхэр псынщIэ дыдэу нэхъ мащIэ щохъу. КъызэрабжамкIэ, илъэс къэс ЩIы Хъурейм мэзу гектар мелуан 13-м нэблагъэ тобзэхыкI, къагъэкIыжыфыр гектар мелуани 6 иримыкъущ. Абы къикIыр аращи, ди планетэм секунд къэс фIокIуэд футбол джэгупIэм къызэщIиубыдэ мэзым хуэдиз.
  • ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, жыгхэм щIыгулъым псыуэ къыхашыр ягъэкъабзэ, иужькIи ар хьэуам хаутIыпщхьэж. Мэзхэращ щIыщIагъыпсхэр нэхъыбэу къыдэзыгъэкIуейри, щIым и гущIыIур зымыгъэпхъэхри. Пасэ зэманхэм къыщыщIэдзауэ гу зэрылъатащи, жыг зыIумытыж псыхэр псынщIэ дыдэу мэгъуж.
  • КъищынэмыщIауэ, мэзым зыщIеф гъатхэ лъэхъэнэм уэсыр щыткIужкIэ куэдыщэу къыдэукъубей псыIагъэри. Арыншамэ псыхэр ямылейуэт къызэриунур. Гъэмахуэр къихьамэ, мэзым псы ежэххэм яретыж езым къебэкIыу зэхуихьэса псыIагъэр — аращ ахэр инэхъыбэм зымыгъэжэщIри.
  • Ди къэралым и щIыналъэм хуозэ дунейм мэзу тетым я процент 22-р. ЗэрагъэбелджыламкIэ, Урысейм гектар мелардрэ мелуани 179-м «жыг гуэрэнхэр» ярытщ. 2007 гъэм къащтауэ щыта Мэз кодексыщIэм ахэр лIэужьыгъуищу игуэшат. Япэ гупым хохьэ ущIэтыну хуабжьу къекIу жыг дахэхэр зыхэтхэр, етIуанэм хеубыдэ пхъэ къызыхаххэр. ХасагъащIэу зыхуэсакъхэр — ещанэщ. Апхуэдэуи, Урысейм и щIыналъэм хуозэ пхъэ къызыхах мэзу дуней псом щыIэм я процент 25-м нэблагъэр. Ар къулеигъэ ин дыдэщ, къэгъэсэбэпын зэрыхуейри егупсысауэщ.
  • Ди республикэм илъэс зыбжанэ хъуауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI мэзым «еIэзэным», къуажэхэмрэ къалэ округхэмрэ жыгыщIэхэр щыгъэтIысыным, щыпсэухэр щхъуантIагъэхэм хуэсакъын зэрыхуейм къыхуеджэным хуэунэтIауэ. Апхуэдэу, зи гугъу тщIы къалэныр зыгъэзащIэхэм, къызэднэкIа илъэсым къриубыдэу, КъБР-м и щIыналъэм щыщу гектари 102-м жыгыщIэхэр щыхасащ. 2021 гъэми а лэжьыгъэм пащэну я мурадщ. Абы папщIэ гектари 149-рэ къагъэсэбэпынущ. ЖыгыщIэ цIыкIухэм я нэхъыбапIэр Лэскэн мэзгъэкI IуэхущIапIэрщ къыщагъэкIыр.  
  • Къытедгъэзэжынщи, мэзым ди гъащIэм щиIыгъ увыпIэр гъунапкъэншэщ. ИкIи зейр ди закъуэкъым: а къэщIыгъэ телъыджэр, дызэрыщыгъуазэщи, я хэщIапIэщ къуалэ, хьэкIэкхъуэкIэ куэдым, уеблэмэ, хьэпщхупщхэми хьэпIацIэхэми. Ахэри ди дунейм щыщщ…
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.