ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ  илъэсыщIэр  къихьащ  — 6230  гъэр

2021-03-23

  • Дунейм щызекIуэ махуэгъэпс псори лIэужьыгъуитIу зэщхьэщокI: мазэм тещIыхьахэмрэ дыгъэм декIуэкIхэмрэ. Археологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, пасэрей адыгэхэм а тIуми яжь къыщIихуащ икIи зэман къэбжыкIэ щхьэхуэ къадекIуэкIыу щытащ.

  • Мейкъуапэ и Iэгъуэблагъэм ит, ДыгъэкъуэкIыпIэкIэ зэджэ пасэрей ухуэныгъэм къыщагъуэтыжауэ щытащ мазэ 13 зи кIыхьагъ, мазэм зэрызихъуэжым тещIыхьа махуэгъэпс. Абдежми къыщымынэу, дыгъэм и зекIуэкIэм тещIыхьа, бзий 12 къызыхидз махуэгъэпс ПсынэкъуэкIэ зэджэ ТIуапсэ и Iэгъуэблагъэм къыщыщIахыжат. А тIури лъэхъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэм адыгэхэм я гъащIэм хэтауэ щытагъэнущ, псом хуэмыдэу гъавэ щIэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр ирызрагъэзахуэу.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы илъэс къэбжыкIэр «гъэрэ щIырэ щызэхэкI», «хуабэмрэ дыгъэмрэ щызэзауэ», кIэщIу жыпIэмэ, адыгэбзэм мафIащхьэтыхь е мафIащхьэджэд           цIэмкIэ къыхыхьа къэжэрхэм я «наурызым» зыкIи зэремыпхар.
  • БрантIы Зэчрей и къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, пасэрей абэзэхэ IуэрыIуатэм къыхощ адыгэхэр Кавказым илъэс минибл хъуауэ зэрисыр. Археолог цIэрыIуэ ЛопащIэ Нурбий къызэрилъытэмкIэ, ди лъэхъэнэм (эрэм) ипэкIэ IV лIэщIыгъуэм и кIэр лъэпкъым и къежьапIэу къэплъытэ хъунущ. ЩIэныгъэлIым тегъэщIапIэ щIыпхъэ илъэсу къещтэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 3750 гъэр. Ди эрэм ипэкIэ XXIII лIэщыгъуэм ятха пасэрей халдей тхыгъэжьым а илъэсым хьэтхэр Кавказым къэIэпхъуэжын щIадзауэ къраджыкIащ. Абы щыхьэт хуохъу испы унэхэр щащIа зэманри — хуэгъэфэщауэ ди эрэм ипэкIэ илъэс 4200-р.
  • Пэжыр жыпIэмэ, мы махуэгъэпсым хуэгъэфэщэныгъэу хэлъыр мащIэкъым, ауэ зи гугъу тщIа тхыдэджхэм ди эрэм ипэкIэ илъэс 4209-м щегъэжьауэ дыкъабжэ хъуну къалъытэ. А илъэс бжыгъэр нобэ дызытет, григориан махуэгъэпсыр здынэсам хэплъхьэжмэ, гъатхэпэм и 22-м адыгэ махуэгъэпсымкIэ 6230 гъэр къихьауэ аращ.
  • ХЬЭПЦIЭ  Iэуес.