ФIыгъуэ гъунапкъэншэ
2021-03-23
- ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа и зэхыхьэм гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу щагъэуващ.
- Зызыужь-зызыхъуэжу мы дунейм тет псоми я дежкIэ псыр псэхэлъхьэжу зэрыщытым тщыщ дэтхэнэри дызэрыцIыкIурэ дыщыгъуазэщ. ТкIуаткIуэ телъыджэм и «хьэл-щэн» гъэщIэгъуэныщэхэм щIэныгъэлIхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри куэд щIауэ топсэлъыхь. ИтIани, дэ языныкъуэхэм деж дегупсысыххэркъым псым ди гъащIэм щиIыгъ увыпIэр зыхуэдизым, а къэщIыгъэ телъыджэм хуэфащэ гулъытэ щыхуэдмыщIри нэхъыбэщ.
- ЩIы Хъурейм псыр щыбащэрэ дызэрыхущыщIи щымыIэу зэ еплъыгъуэкIэ къытщыхъуми, абы щыщу дызэфэ хъунур щIыналъэ куэдым щымащIэщ, цIыху меларди 2,5-м щIигъум зэрызагъэкъабзэр дагъуэншэкъым. Ауэ щыхъукIи, ди планетэм гъащIэр щызэтезыIыгъэ а ткIуаткIуэ гъуэзэджэр ирикъуу къызыIэрыхьэхэри дегупсысыпхъэт ар зэгъэзэхуауэ къэдгъэсэбэпын зэрыхуейм.
- Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм иужьрей лъэхъэнэм хуабжьу щытопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейм дыщысхьын, дыхуэсакъын зэрыхуейм.
- Уи гум фIы ибгъэлъыху нэхъыфIщ
- Иджырей щIэныгъэм къызэрихутамкIэ, псым и зэхэлъыкIэр куэду елъытащ абы къыпэгъунэгъу цIыхум зыхищIэ гурыгъу-гурыщIэхэмрэ гупсысэкIэу зэрихьэхэмрэ. Псым «зэхих» хъыбарыр компьютерым ещхьу «игу» иреубыдэ.
- «Псыр псэхэлъхьэжщ», «Псыр псэм и зы ныкъуэщ» псалъэжьхэр зэрызэпэджэжри нэрылъагъущ. Нобэрей щIэныгъэр зыщыгъуазэр а жыIэгъуэхэмкIэ нэхъ пасэу къэIуэта мыхъуауэ пIэрэ?
- Псым «псэ зэрыхэтыр» зэхэзыгъэкIа япэ къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIауэ къалъытэр Японием щыщ щIэныгъэлI, доктор Мосару Эмотощ. Ауэ къыжыIэпхъэщ псым и зэхэлъыкIэр зэрызыхуэдгъазэм, дызэрыбгъэдыхьэм зэрелъытар щызэхэдгъэкIыфын къэхутэныгъэ цIыкIухэр тщыщ дэтхэнэми зэрытхуегъэкIуэкIынур. АбыкIэ щыхьэтщ Волгоград къалэдэс Гребень Маринэ.
- — Си щхьэкIэ згъэунэхуащ псым зэрызыхуэбгъазэ псалъэхэмрэ абдеж дыдэм щызыхэпщIэ гурыгъу-гурыщIэхэмрэ псым зэрызыдищIыр, — жеIэр абы. — Сыт сэ сщIар? ЯпэщIыкIэ IэгубжьэкIэ псы къызэрыгуэкI къыщIэзгъалъэри сефащ, IэфIагъ, гуакIуагъ и лъэныкъуэкIэ иужькIэ зэрызихъуэжыр зэхэзгъэкIын мурадыр сиIэу. ИтIанэ, адрей псыр аргуэру IэгуфитIым изубыдэри, гуапагъэрэ гумащIагъэу къысхуэгъэIурыщIэхэмкIэ дахагъэ жесIэрэ сеубзэрабзэу, сехъуэхъуу щIэздзащ. Арыххэти, си фIэщ хъужами ярейуэ, псым ехьэлIауэ си гум IэфIагъ мыухыжым зыкъыщиIэтащ. ИтIанэ, апхуэдизу «сызыхуэупса» псым сыхуэсакъыпэурэ сеIубащ. Телъыджащэщ, ауэ етIуанэу зыIузгъэхуар и гурыхьагъ-гуакIуагъкIэ япэрейм хуабжьу къыщхьэщыкIырт.
- ЦIыхум и гурыщIэр, и гупсысэр псым зэрызыхищIэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ профессор Коротков Константин и лабораторэми. Псы зэрыт хьэкъущыкъур къэзыувыхьа гупыр, лъагъуныгъэм, гу щабагъэм, къабзагъэм ехьэлIа гупсысэхэр, зэрахузэфIэкIкIэ, я щхьэм щаIыгъыну хущIэкъуащ. Фалъэм ит псыр яхъуэжри, гупсысэхэр шынагъэм, лъагъумыхъуныгъэм, зэныкъуэкъум хущIэкъухэм траухуащ. ТкIуаткIуэ лIэужьыгъуитIри зэщIагъэщтхьащ, я молекулэхэм я зэхэлъыкIэр къащIэн щхьэкIэ. «ФIыщIэ пхузощI», «къысхуэгъэгъу» псалъэхэр зыжраIа псым и молекулэхэр тхыпхъэщIыпхъэ дахэу зэхэуващ. «Си гур пщыкIащ» дыджыгъэр зрапэса псым и кластерхэр микроскопкIэ щызэпаплъыхьыжым, ахэр нэджэIуджэ дыдэу къыщIэкIащ.
- — Мы ткIуаткIуэм и зэхэлъыкIэри телъыджащэщ. Абы и «акъылым» (кластерым) дэтхэнэ зы цIыхуми зыхуей псалъэуха щыхуэтхынущ, хущIегъуэжамэ, нэгъуэщIкIи щыхузэхъуэкIынущ, — езым къихутахэмкIэ къыддогуашэ профессор Рустум Рой.
- — Гупсысэ Iей и акъылым щызыхъумэ цIыхур и Iэпкълъэпкъым хэт псыращ псом япэ зэгуауэри, Iейм телэжьэн хуэдэу зэтриухуэри. Аращ нэхъыбэрэ уи гум фIы ибгъэлъыху щIэнэхъыфIри. КъызэрыщIэкIымкIэ, гулъытэншагъэм нэхъ Iеижу псым и ухуэкIэр зэтрекъутэ. Аращ сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ зэпымыууэ едэхэщIэн, макъ щабэкIэ епсэлъэн щIыхуейри, — щыхьэт тохъуэ доктор Мосару Эмоторэ щIэныгъэлI Грубер Аллоисрэ.
- А псом уедэIуа иужькIэ, ди псы ежэххэм яIэ хъуа щытыкIэм димыгъэгузэвэн тлъэкIыркъым. Ахэр пхъэнкIий идзыпIэ зэращIыжам дызыхуишэнур сыту пIэрэ, псыр ДыкъэзыгъэщIам и компьютермэ?..
- Псоми я зэхуэдэ къалэн
- АтIэ сыт мы махуэр зыхуэгъэзар? ЩIыуэпсым ехьэлIа адрейхэми хуэдэу, ар къыщIаублар, ублэкIынкIэ Iэмал зимыIэжу, мы IэнатIэм къыщыкъуэкIа къалэн ткIийхэр зэфIэгъэкIын зэрыхуейм жылагъуэм гу лъегъэтэнырщ. Мыбдеж зыщитлъэфыхьрэ зэман дэдгъэкIмэ, дунейпсо цIыхубэр гузэвэгъуэшхуэм дыхэхуэнкIэ хъунущ. Ауэ щыхъукIи, щIыуэпсыр хъумэныр, егъэфIэкIуэныр къэрал псоми я унафэщIхэм, абыхэм щыпсэу цIыхухэм ди зэхуэдэ къалэнщ. Псым и махуэр къыщIагупсысари зытращIыхьари аращ.
- Анзор СулътIан.