|
Март, 2021
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. республикэм щыпсэухэм ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР
2021-03-06
- ПщIэ зыхуэсщI си лъахэгъухэ!
-
-
- 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-р балъкъэр лъэпкъми Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми я дежкIэ уващ нэщхъеягъуэ махуэу. Илъэс 77-кIэ узэIэбэкIыжмэ, акъылым къыпхуимыгъэтIасэ щIэпхъаджагъэ, захуагъэм зыкIи пхуемыхьэлIэ Iуэху шынагъуэ ялэжьащ — балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ хэкум ирашащ. Мы махуэхэм дэ куууэ зыхыдощIэ абы къыдэкIуа гуауэр, кIэлъызэрахьа хабзэншагъэм и зэранкIэ хэкIуэдахэм дахуощыгъуэ, адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну хуит щыхъуа махуэр къэмысу зи Iыхьлыхэр дунейм ехыжахэм дахуогузавэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым иригъэкIуэкIа зэIущIэм
2021-03-06
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэм. Видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.
-
-
- ЗэIущIэм нэхъыщхьэу зыщытепсэлъыхьар ухуэныгъэ IэнатIэм щIыналъэ проектхэр щыгъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ 2020 гъэм щатащ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мин 499,8-рэ, я мурадам нэхърэ проценти 5,4-кIэ нэхъыбэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Псалъэмакъ щхьэпэ
2021-03-06
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
-
- НэхъыжьыфIыр гуапэу иригъэблагъэри, республикэм и УнафэщIым щыгъуазэ зищIащ ХьэфIыцIэр зи тхьэмадэ IэнатIэхэм я Iуэху зыIутым. ЩIыналъэм зиужьыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ КъБР-м и унафэщIхэм зэфIах Iуэхухэм цIыхубэр щыгъэгъуэзэнымкIэ къалэнышхуэ я пщэ къыдохуэ газетхэм. А лэжьыгъэм зэрехъулIэм, IэнатIэр зыIууэ гугъуехьхэм гупсэхуу тепсэлъыхьащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2021-03-06
Илъэс 13-м и бэлыхьхэр зыгъэвахэм ящыщщ мы сурэтым щыфлагъу балъкъэр тхакIуэхэр: Макитов Сэфар, Шахмурзаев Сэхьид, Отаров Керим, Отаров Сэхьид, Залиханов Жанакъаит сымэ. 1970 гъэ
Зыхыхьэхэр: Хэха
Акъсырэ МуIэед ягу къагъэкIыж
2021-03-06
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, СурэтыщIхэм я урысей академием, СурэтыщIхэм я дуней- псо федерацэм щIыхь зиIэу хэта Акъсырэ МуIэед и лэжьыгъэхэр. Выставкэр къызэрагъэпэщащ художникыр къызэралъхурэ илъэс 90 мазаем и 23-м зэрырикъуам и щIыхькIэ.
-
-
- Зэрагъэпэщыжу къызэIуахыжа музейм и пэшхэр нэхъ хуит, екIу икIи нэху хъуами ярейуэ, абы щагъэлъагъуэ сурэтхэм гухэхъуэгъуэ къуатырт.
- IуэхущIапIэм и унафэщI Рехмен Еленэ фIыщIэ яхуищIащ Акъсырэ МуIэед и къуэ Михаилрэ и нысэ Викториерэ, выставкэр къызэрагъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэхъуам папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сабийхэращ IуэхущIапIэм щынэхъыщхьэр
2021-03-06
- ЩIэблэм яхэтлъхьэ гъэсэныгъэр зыкъомкIэ елъытащ хэхауэ я гупсысэрэ зэфIэкIрэ зэрызрагъэужь Iэмалхэм. Сабий садымрэ пэщIэдзэ еджапIэмрэ нэмыщI, цIыкIухэм папщIэ щыIэщ гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым щыхуагъасэ, щыхурагъаджэ IуэхущIапIэхэр. Сабийр дэзыхьэх унэтIыныгъэм абыхэм зыщрагъэужь.
-
-
- Налшык къалэ дэт апхуэдэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ «Сабий, ныбжьыщIэ творчествэм зыщрагъэужь центрыр». Абы и унафэщIщ Хъурсин Аскэр. Центрым щыIэщ сабий, ныбжьыщIэ гуп 59-рэ. Абыхэм яIэщ художественнэ, техникэ, физическэ щэнхабзэ-спорт, щIэныгъэ, гуманитар унэтIыныгъэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Медаль зэмылIэужьыгъуитI
2021-03-06
- Омск къалэм дэт «Академия велоспорта» Олимп резервым и спорт школым щекIуэкIащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Крикухэ Юрий и фэеплъ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Я ныбжьыр илъэс 18-м нэблагъэу къэралым и щIыналъэ 55-м къикIауэ абы хэтащ спортсмен 450-рэ.
-
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм зэпеуэм медалитI къыщахьащ. Зи хьэлъагъыр килограмм 48-м нэблагъэхэм я зэхьэзэхуэм фIы дыдэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа Тэркъан Къазбэч кIэух зэIущIэм щыхигъэщIащ Мэзкуу и цIэкIэ банэ Исаев Тимур икIи дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
- Килограмм 45-м нэблагъэхэм я деж финал ныкъуэ зэIущIэм иужькIэ чемпион хъуа мэзкуудэс Юсупов Хьэмид къыхигъэщIа Локьяев Руслан финал мащIэм щытекIуащ Рязань областым къикIа Тишкин Владимир икIи домбеякъ медалыр къылъысащ.
- Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ КIыщ Мурат, Тумэ Джамболэт, Балаев Алим, Локьяев Юрий сымэ.
- ЖЫЛАСЭ Замир.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Илъэс пщыкIущ гущIэгъуншэхэр
2021-03-06
-
-
-
1944 ГЪЭМ и гъатхэпэм и 8-р балъкъэр лъэпкъым и махуэ мыгъуэщ. Абы щыгъуэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и унафэкIэ балъкъэрхэр залымыгъэкIэ хэкум ирашри, Къыргъызым, Къэзахъстаным ягъэIэпхъуауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэху гуауэр зэфIэгъэкIыным къыхашат генералитху, къэрал шынагъуэншагъэм и комиссаритI, цIыху мин 21-рэ зыхэт НКВД — НКГБ-м и гупышхуэ. Ар зраутIыпщар ягъэIэпхъуэ цIыху мин 38-рт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы сэлэт е зы офицер цIыхубзитIым е сабиитIым хуэзэт. А сэлэтхэм я нэхъыбэр хэтат къэрэшейхэр, къалмыкъхэр, шэшэнхэр, ингушхэр щыдашми. Балъкъэрхэр я хэкум игъэкIын Iуэхур и пщэ далъхьат генерал-майор Пияшев И., абы и къуэдзэт генерал-майор Сладкевич М., щIыпIэ наркомхэу Бзиавэ К., Филатов С. сымэ, а псоми я щхьэ къытетыжыр СССР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и нарком Берие Лаврентийт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мурадинрэ Шэхьидэтрэ
2021-03-06
- Кино къагъэлъэгъуа нэужь, къуажэ клубым къыщIэкIыжахэм Шэхьидэт яхэту щилъагъум, Мурадин абы бгъэдыхьэри, «Унэзгъэсыжынщ, хъунумэ», — жриIащ. «ФIыщIэ пхузощI ар уигу къызэрыкIам щхьэкIэ», — къыпыгуфIыкIащ хъыджэбзыр. Шэхьидэтхэ я унэр нэхъ къуажапщэт.
-
- ФIыуэ зэрылъагъухэм зэжраIэн ягъуэтынтэкъэ?! Iэджэм топсэлъыхь, мыпхуэдэуи зэраухылIэ: «ЦIыхубзхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу къуажэ Советым докIуэри, ди нэчыхьыр идогъэтх».
- АдэкIэ Iуэхухэр къызэрекIуэкIар Мурадин мыпхуэдэу къеIуэтэж: «Зэхуэдгъэува пIалъэр къыщысым, сыпIейтейуэ, ди къэкIуэнум сегупсысу жэщым сыздыхэлъым, хьэ банэ, цIыхубз, сабий гъы макъхэр, автомашинэ зэщIэвыуэ-хэр зэхызохри, уэрамым сыдохьэ. Солъагъу унагъуэ гуэрхэм я хьэпшыпхэр автомашинэхэм зэрыралъхьэр, сэлэт зыбжани, фочхэр яIыгъыу, гъунэгъуу зэрыщытыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Отаров Керим и усэхэр
2021-03-06
- А жэщым
-
- Бжэм ину къытеуIуэм жэщым,
- Къэлыдауэ жаIэу мафIэсыр,
- Анэр занщIэу мажэ гущэм,
- ТегужьеикIауэ быным и псэм.
- Арат а жэщми. Сэлэтхэр икIауэ хъийм,
- Яхэлъэдат мамыру жейм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Анэмэт
2021-03-06
- (ГъэкIэщIауэ)
-
- Нэху щыху къуажэхьэм я къугъ макъыр зэпыуакъым. Зым щигъэтым, адрейм къыхидзэу къраш къугъ кIыхьыр мы дунейм теттэкъым фIым зэрыхуэпхьын, апхуэдизкIэ гур игъэхыщIэрти. Ауэ гъатхэ пасэт, дунейм и къызэщIэущкъулэгъуэти, цIыхуцIэ зиIэр фIыт зыщыгугъыр. ИгъащIэми нэхъыжьхэми хьэ къугъ кIыхьыр фIыкъым, хьэдагъэщ, жаIэ. Ар зыщIэ Хьэлимэти а нэщэнэр и щхьэм имыкIыу щыджэрэзырт, адэ жыжьэу и гущIэм щыпIэжьажьэу къеныкъуэкъурт, жейми иригъэзэгъыртэкъым: «Ярэби, хэту пIэрэ зи гуауэ ди нэгу щIэбгъэкIынур? Мес, Джырандыкъуэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, зыкъигъэзащ, къызэфIэтIысхьакIэщ, унэми къикI хъужащ. СэIихьэти дигъэгухэжыркъым, абыи и бзэр мащIэмащIэурэ къеутIыпщыж. Думэсарэ илъэгъуа нэщIэбжьэр Алыхьым бгъэдилъхьащ, нэхъ Iэсэжащ, и щхьэ къызэриIэт щымыIэми, цIыхум къахохьэ…»
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Гъуджэ пэлъытэ
2021-03-06
- Пасэрейм жиIащ: «Унэм зыщыгъаси, хасэм кIуэ». Нартхэм я хасэ лъандэрэ адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ а псалъэжьыр. Мыри жиIащ пасэрейм: «Гупсыси, псалъэ. Зыплъыхьи, тIыс». Хасэм яхыхьэ нарт щауэр зэрагъэIущ псалъэщ ар.
- ЗекIуэ ежьэ нартым жраIэ: «ПащIэгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым». Гъуэгу утехьэу Iэщэ къыщипхакIэ, уи щхьэр щыхэплъхьи къэхъунщ жыхуиIэщ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Адэм и лъы уасэ
2021-03-06
- И ныбжь щынэсым:
- — Си адэм илъ сщIэжынщ, — жери Батрэз нартхэ зауэ яхилъхьащ.
- Зауэ щахилъхьэм, нартхэ къэгузэващ.
- — Зауэ къытхыумылъхьэ, ди ужь икI, уи адэм и лъыуасэ уэттынщ, — къыжраIащ нартхэм.
- — Си адэм и лъыуасэр вжесIэнщ, — жиIащ Батрэз, ХьэрэмэIуащхьэ кIуэри. — Фэнд из аргъуеилъ къысхуэфхьмэ, си адэм и лъыуасэ хъунщ.
- Фэнд из аргъуеилъ ягъуэтакъым нартхэм.
- — Дгъуэтыркъым, Батрэз, — къыжраIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу
2021-03-06
Мэзкуу дэт къэрал медицинэ институтыр 1956 гъэм къэзыухахэр илъэс 25-рэ дэкIауэ зэхуэзащ. КъБАССР-м и Курортхэм я унафэщI КIыщокъуэ Хьэтау (сэмэгумкIэ етIуанэщ) къыбгъэдэтщ Москва Вишневскэм и цIэр зезыхьэ институтым и директор, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Фёдоров Владимир (сэмэгумкIэ ещанэщ). Москва. 1981 гъэ, мазаем и 27
Зыхыхьэхэр: Хэха
Троллейбусхэр Санкт-Петербург къыщожьэ
2021-03-06
- 1902 гъэм Урысейм япэу зекIуэн щыщIадзащ троллейбусхэм. А лъэхъэнэм «электроавтомобиль»-кIэ зэджэу щыта машинэхэр щагъэунэхуар Санкт-Петербургщ. Троллейбусым килограмм 820-рэ и хьэлъагът. Абы папщIэ электроIэмэпсымэхэр къызэрыщIагъэкIыр барон Шуленбург и проектымкIэт. Токыр зэрызекIуэ системэр зытращIыкIар франджы къэхутакIуэ Ломбар-Жерен къигупсыса конструкцэрщ.
- Ток кIапсэкIэ къызэрыгуэкI гъуэгум къыщызыжыхь машинэр Урысейм занщIэу псоми щызэрагъэкIуэфакъым, илъэс 30 дэкIа нэужьщ ар Москва «къыщыдэувар».
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|