Черкасскэ пщыхэр
2021-03-23
- 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м «Вера» радиом и журналист Володихин Дмитрий «Тхыдэм и сыхьэт» зыфIища радионэтыным къригъэблэгъауэ щытащ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Урысейм и къэрал гуманитар университетым (РГГУ) и доцент Шокарев Сергей. Ахэр тепсэлъыхьащ Черкасскэхэ пщы лъэпкъымрэ абыхэм Урысей тхыдэм щаубыд увыпIэм и инагъымрэ.
- — Радиом къедаIуэхэм фIэхъус фызох. Нобэ дытепсэлъыхьынущ Урысейм нэхъ щыцIэрыIуэ пщы лIакъуэхэм яз Черкасскэхэм. Зи къежьапIэр Кавказ Ищхъэрэм епха а лъэпкъыр Урысей тхыдэм апхуэдизкIэ хэпщIащ, псом хуэмыдэу, пащтыхьыгъуэр зыIыгъа Рюриковичкхэмрэ Романовхэмрэ зэрабгъэдэтамкIи, Черкасскэхэр урыс лъэпкъ дыдэу фIэкIа къэзымылъытэхэр нэхъыбэщ. Урыс Iэрытхыжьхэми тхыдэ дэфтэрхэми куэд дыдэрэ ущрохьэлIэ абыхэм я унэцIэм. Нобэ ди мурадщ а лъэпкъым и Iуэхур къызэрекIуэкIам и гугъу тщIыну. Дэ ди псэлъэгъущ курыт лIэщIыгъуэхэм зэфIэува урыс лIакъуэхэм я блэкIам елэжь IэщIагъэлI телъыджэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, РГГУ-м хэт Тхыдэ-архив институтым и доцент Шокарев Сергей.
- — Черкасскэхэ я лъэпкъыр Урысейм къэIэпхъуэу, Мэзкуу тетыгъуэр щызыIыгъахэм ядэлэжьэн щыщIадза лъэхъэнэм къыщедгъэжьэнщ, ар зыхуэзэр XVI лIэщIыгъуэм и курщ, Иван IV и зэманым.
- — ЯпэщIыкIэ унэцIэр къызэрыхъуам дытепсэлъыхьынщ. Сыт хуэдэ щIыкIэу къалъыса ар а унагъуэ цIэрыIуэм урысей тхыдэм щыхэпщIа лъэхъэнэм? XVI — XVII лIэщIыгъуэхэм «черкасы» цIэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ зыбжанэм еджэу щытащ, уеблэмэ, «запорожскэ къэзакъ» жыхуаIэ украинхэми а цIэр щрапх къэхъурт, итIани, нэхъыбэм ар къызэрагъэсэбэпыр къэбэрдей адыгэхэмрэ «Черкасская земля» зыфIащауэ щыта Къэбэрдеймрэ ятеухуауэт.
- XVI лIэщIыгъуэм икухэм кърым хъаным къыхигъэзыхьа къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ дэIэпыкъуэгъу хуейуэ Иван IV зыкъыхуигъазэри, 1557 гъэм урысей «подданство» къищтат. Лъэныкъуэ гуэркIэ укъеплъмэ, апхуэдэфэ тет къудейуэ арат, итIани, зыгуэрхэмкIи дадэIэпыкъуауэ жыпIэ хъунущ къэбэрдей адыгэхэм. 1567 гъэм, илъэсипщI дэкIа нэужь, а щIыпIэм тэрч къалэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщри, Тэрч и Iуфэм урыс быдапIэ щаухуауэ щытащ, иужькIэ зыбжанэрэ ягъэIэпхъуащ ар. Сытми, а щIыпIэм урысыдзэм и хуэмэбжьымэ щыIауэ къыщIэкIащ абы щыгъуэми. Абдеж щегъэжьауэ зи гугъу тщIа Къэбэрдейм и тепщэ Идар е Айдар Темрыкъуэрэ (ди Iэрытхыжьхэм «Айдаров» жеIэри итщ иджыри) Мэзкуу щытепщэ унагъуэмрэ нэхъ зэкIэлъыкIуэн щIадзэ. Темрыкъуэ и къуэхэр зыбжанэрэ Урысейм къэкIуащ. 1561 гъэм къэбэрдей тепщэхэмрэ мэзкуу пащтыхьхэмрэ я лъэпкъхэр благъэ зэхуэзыщIа Iуэхур къэхъуащ. Пащтыхь Иван IV и япэ щхьэгъусэ Анастасие Роман и пхъур дунейм ехыжа нэужь, абы Темрыкъуэ ипхъу, чыристаныгъэр къыщищтэм Марие цIэр зыфIаща хъыджэбзыр къишащ.
- — А нэчыхьыр ятхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар сыту пIэрэ? Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы политикэ жэрдэмхэм нэмыщI, цIыху щхьэхуэм епха гуэрхэри хэлъын хуеящ. Шэч хэмылъу, хъыджэбзыр адрейхэм къахэзыгъэщыпэ гуэр бгъэдэлъагъэнщ. Хьэмэ къанэ щымыIэу псори политикэм пыщIат?
- — Зи гугъу тщIыхэм я псэукIэ хьэлыр уи нэгу къыщIэувэн хуэдэу, ди Iэрытххэм къыбжаIэшхуэ щыIэкъым. Ауэ Никон къыщIэна Iэрытхым къыхощ къэбэрдеипщым и пхъур Мэзкуу къыщыкIуа япэ махуэм пащтыхьыр еплъу ар игу зэрырихьар. Абы къикIыр, дауи, пщащэр зэрыдахэрт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, и теплъэр нобэ щыIэ IэмалхэмкIэ зэфIэдгъэувэжыну Iэмал диIэжкъым — и хьэдэкъупщхьэр къызэтенащ, ахэр яджащ, ауэ щхьэкъупщхьэр яхъумэфакъым.
- — И сурэт щыIэкъым, ара?
- — Сурэти щыIэкъым.
- — Теплъэ гуэри къэнакъым?
- — Дэри, плъагъурэ, ар зэрыщытауэ жыхуаIэр ди фIэщ тщIын фIэкIа, нэгъуэщI Iэмал диIэкъым. Сытми, Марием и гъусэу и благъэхэр къокIуэ. И дэлъху СулътIанкъул нэхъ пасэжу къакIуэщ, чыристаныгъэ къищтэри, Темрыкъуэ и къуэ Михаил цIэр зэрихьэн щIидзакIэт. Опричнинэм и лъэхъэнэм утыку ита, Иван IV нэхъ пэгъунэгъуу щытахэм язщ ар. Боярин ящIат, опричнинэм и дзэпщт, зы лъэныкъуэ гуэркIи урыс IуэрыIуатэм хэпщIа хъуат СулътIанкъул. «Мамстрюк-Кострюк» жаIэу пащтыхь Грознэм и щыкъу щIалэм теухуауэ щыIэщ урыс уэрэдыжь гуэр. Ауэ щыхъукIэ, Мамстрыкъуэ цIэр зезыхьэ дэлъхуи иIэт Марие. Ари СулътIанкъулрэ Мариерэ я анэкъилъхут, ауэ абы Мэзкуу куэдрэ зыщимыIэжьэу игъэзэжауэ щытащ. Арати, пащтыхьым и щыкъу щIалэр Iэчлъэчу, цIыхухэм я жагъуэ ищIу, щIыхэр къатрихыу я нэгум къыщIэна къыщIэкIынти, апхуэдэу IуэрыIуатэм хагъэхьащ. Гуузу иухащ зи гугъу тщIы Михаил Темрыкъуэ и къуэм и гъащIэр — 1571 гъэм яукIауэ щытащ.
- — Мис абы нэхъ утезгъэпсэлъыхьынут. Черкасский Михаил опричник дзэпщу щытауэ жыбоIэ уэ. Тхыдэдж гуэрхэм а опричнинэр Грознэм къызэригъэпэщыну игу къэзыгъэкIар Черкасскэхэм я унагъуэрауэ, псалъэм папщIэ, и етIуанэ щхьэгъусэрауэ жаIэ. Ар пэжынкIи хъуну?
- — ЩIэныгъэлIхэр зы зэман я фIэщу тепсэлъыхьауэ щытащ абы, Темрыкъуэ ипхъу Марие бгырысхэм я тепщэр зэрахъумэ Iэмалу дзэ щхьэхуэ гуэрым и щапхъэ къыздихьа хуэдэу ягъэхъыбару. Абы ищIыIужкIэ, пащтыхь Иван IV и боярхэм япэIэщIэ зищIыну, игъащIэм ямылъэгъуа опричнинэ жыхуаIэ плъырыдзэр къызэригъэпэщыну и щхьэгъусэ етIуанэм къигъэIуща хуэдэу, хамэ къэрал дэфтэрхэм щыхьэтхэр къагъэув.
- Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, а псори гулъытэ зыхуэмыфащэ защIэщ. Ахэр, дауэ ар зэрыжыпIэнур, урыс цIыхубэр хамэхэм, бзэмыIухэм, а Кавказым щыщыжьхэм зэращышынэм къыхэкIауэ аращ, фIэгъэнапIэ гуэрхэр къалъыхъуэу къызэрагупсысари наIуэщ. Хъыджэбзыр, дауи, Мэзкуу щIалэ дыдэу, зыми химыщIыкIыущ къызэрыкIуар. Уеблэмэ, зи къару илъыгъуэ, къэрал кIуэцI политикэ IуэхукIэ адыгэ пщащэм и чэнджэщ хуэмыныкъуэ пащтыхьым зыгуэр игу къигъэкIын хуэдизуи урысыбзэ ищIагъэнкъым Марие.
- — А лъэхъэнэм екIуэкIа политикэ Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ сызэджахэм япкъ иткIэ, Черкасский Михаил и лIэкIэм укI тезыр фIэпщ хъунрэ мыхъунрэ къызгурыIуакъым. ЩIаукIа щхьэусыгъуэу щытынкIи хъуну тIу къагъэлъагъуэ. Зыр и шыпхъу Мариерэ Иван IV насыпыфIэ зэрызэдэмыхъуарщ, адрейр — езым кърым хъаным щэхуу зыпищIауэ къызэрыщIэкIарщ. Дэтхэнэра нэхъ пэжыр? Е нэгъуэщI щхьэусыгъуэ иIэнкIи хъуну ар щIагъэкIуэдам?
- — Кърым Iуэхуращ нэхъ пэжыр. 1569 гъэм Темрыкъуэ ипхъу Марие дунейм ехыжакIэт, зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуа щIалэ закъуэ Василийр сабийуэ лIэжащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, жыжьэ нэсакъым нэчыхь Iуэхур, щIэблэ яIакъым. Михаил «ближний боярин» цIэр е къулыкъур зэрихьэу, пащтыхьым гъунэгъуу бгъэдэтхэм язу къэнат абы щыгъуэми, ауэ пэж дыдэу Грознэм и ней къыщыхуат. Юрьевхэм ящыщ, Мэзкуу щыпэрыт лIакъуэм къыхэкIа пащтыхьым и щхьэгъусэри яукIат. ИужькIэ къэтлъагъунущ абыхэм «Романов» унэцIэр къызэращтар, иджыри къытедгъэзэжынщ а Iуэхум. ИтIанэ 1571 гъэм хъан Долэт-Джэрий Урысейм теуэгъуэшхуэкIэ къебгъэрыкIуауэ щытащ. Арауэ къыщIэкIынущ Темрыкъуэ и къуэ Михаил зытекIуэдэжар, сыту жыпIэмэ, абы и адэр кърым хъаным гухьа хуэдэу хъыбар кърахьэжьат. ИужькIэ ар зэрымыпэжыр наIуэ къэхъужащ. Абы ищIыIужкIэ, Темрыкъуэ драгъэкIуэкIа зэхуэтхэныгъэхэри щыIэщ, дэнэ си къуэр здэкIуар, боярин пэрытхэм язу щытар дэнэ щыбзэхар жиIэу къыщIэупщIэу. Мэзкуу тепщэгъуэм иратхыкIыу жэуап иратыжырт, ар дзэм кIуэуэ «хъыбарыншэу зэрыкIуэдар» иту. Сытми, я Iуэху хэмылъ хуэдэу защIащ. Михаил — СулътIанкъулыр щэхуу яукIагъэнущ, хэIущIыIу ямыщIу. ЯгъэкIуэдагъэнщ, гугъущ а щхьэусыгъуэ зэрыхъа къомым пэж къахэбгъуэтэну. Хэти зэрищIэщи, пащтыхь Иван IV и ней къыпщыхуэн щхьэкIэ куэд ухуейтэкъым, и щыкъу щIалэри зытекIуэдар апхуэдэ гурыщхъуэхэм язщ.
- — Хъыбар гущIыхьэщ, сыт жыпIэн? Iэрытххэм зыри зэримытым къыхэкIкIэ, тхыдэджым зэи жэуап къызыхуимыгъуэтыфын, абы и фIыгъэкIэ тхакIуэхэр я гур утIыпщауэ зыхэусыхь Iуэхугъуэхэм я щапхъэ къыщIэкIынщ ар. ИтIани, Iуэхум и пэжыпIэр къыдгурыIуэну дыхуейт: епцIыжыныгъэ щыIа, хьэмэрэ щымыIа? И щхьэгъусэр фIыуэ зэримылъагъум къыхэкIкIэ, Грознэм и щыкъу щIалэм и щIыб хуигъэзауэ ара? Хьэмэрэ апхуэдизи Iуэхум хэмылъу, жэуапыр нэхъ къызэрыгуэкI? Псалъэм папщIэ, дзэр зэрыхуземыхьам щхьэкIэ иригъэукIауэ щытынкIи хъунукъэ? 1571 гъэм къэхъуа Iуэхур нэщхъеягъуэкIэ иухат: кърымхэр занщIэу Мэзкуу къыдыхьэри, щыхьэрыр зэтрагъэсхьауэ щытащ. Зыри къэдмыгупсысмэ нэхъыфI къыщIэкIынщ. Ар литературэ тхылъ зытххэм я пщэ къыдэднэнщи, дэ иджыпсту къэбэрдей макъамэ къедгъэуэнщ.
- Радиом къедаIуэ ди уэршэрэгъу лъапIэхэ! Урыс лIакъуэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм зэрызэпкърыува щIыкIэр зыдж, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Шокарев Сергей и гъусэу дэ къыпыдощэ Черкасскэхэ пщы лъэпкъым я Iуэху къызэрекIуэкIа хъыбарым.
- Зыкъэзумысмэ, мы зи гугъу тщIы тхыдэ Iыхьэр къуажэхьым хуэдэщ си дежкIэ. Дегъэгупсысыт! Лъэпкъым щыщ щIалэ пэрытыр дунейм йохыж. МыщIагъуэущ зэрехыжыр. Зауэ IэнатIэм IукIуэдами пащтыхь тезыркIэ яукIами гурыIуэгъуэкъым. И шыпхъум и насып Iуэхури гуузу иухащ. Ауэ щыхъукIэ, езы Черкасскэхэр абы щхьэкIэ урыс къулыкъущIэ утыкум икIакъым. Уеблэмэ, я бжыгъэм кIуэ пэтми хэхъуэрт. Ар дауэ? Черкасскэхэмрэ урыс пащтыхьыгъуэмрэ зэщызыгъэхьэн щхьэусыгъуэ щымыIауэ ара?
- — Пэжщ жыпIэр. Мес, зы къудамэ зэпычат, Михаил сабий къыщIэнатэкъым, лъэпкъри абдежым щыхэкIуэдыжыфынут. Ауэ тлъагъур сыт? Черкасскэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэу къокIуэ, лъэпкъым и адрей къудамэхэм щыщхэр Урысейм къоIэпхъуэ. А псом и щхьэусыгъуэр, дауи, политикэ фейдэт. Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я бийкIэ зэтехуэрт, тIуми кърым хъаныр къапэщIэтт. Арат я дипломат зэпыщIэныгъэхэр щIамыутIыпщри, дунейм ехыжа пащтыхь гуащэ Марие и Iыхьлыхэр кIуэ пэтми Урысейм нэхъыбэу къыщIэкIуэри.
- 1588 гъэм Марие и дэлъхум и къуэ Къанщауэ (Каншов) къакIуэщ, чыристаныгъэ къищтэри, Дмитрий цIэр зыфIищыжащ — Дмитрий Мамстрюкович хъуащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ цIыхут ар, шэч хэмылъу. Куэд дыдэ зыхузэфIэкIа, лъагэ дыдэу дэкIуея Черкасскэхэ я лъэпкъыр пащтыхьыгъуэм гъунэгъу зэрыхуэхъуар куэд дыдэкIэ зи фIыгъэ щIалэт.
- А Мамстрыкъуэ и къуэ Дмитрий щхьэхуэу дытемыпсэлъыхьу хъуну къыщIэкIынкъым. «Лъэхъэнэ зэIумыбз» («Смутное время») жыхуаIэ зэманым пщIэрэ щIыхьрэ иIэу къыхэкIа къулыкъущIэшхуэхэм язщ ар. Пожарский Дмитрий жыхуаIэ дзэпщым и етIуанэ дзэр къыщызэригъэпэщым гуэтахэм ящыщащ. Езыр сыхьэтыфIым зи насып хэлъ, зи чэзум техуа дзэзешэ цIэрыIуэт. МынаIуэу къызэраIуэтэжымкIэ, 1613 гъэм екIуэкIа «Избирательный собор» жыхуаIэ, пащтыхьу трагъэувэнум щыхэда зэхуэсышхуэм а Черкасский Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэр пащтыхьыгъуэр зылъысынкIи хъунухэм язу къыщагъэлъэгъуауэ зэрыщытар щыхьэт къэнахэм къыбгурагъаIуэ.
- — МынаIуэуи пхужыIэнукъым ахэр. Дэфтэрхэм ар къидмыджыкIыфми, тхыдэ-публицист лэжьыгъэхэм наIуэ дыдэу къыхощ абы и цIэр.
- — КIуэ, гурыIуэгъуэ дыдэу щыткъым, ар пащтыхь хъуныфэу зэрыщытам и пэжагъыр здынэсыр, ауэ къагъэлъэгъуат, пщIэшхуэ зэриIари наIуэщ.
- — Нэхъ гунэсу дытегъэпсэлъыхьыт абы. Иджыпсту 70 — 80 гъэхэм дыкъокIри, Лъэхъэнэ ЗэIумыбзым доIэпхъуэ. Черкасский Дмитрий, шэч хэмылъу, лIы бэлыхьт — дзэпщт, бояринт, Лъэхъэнэ ЗэIумыбзым лIыгъэшхуэ щызезыхьа цIыхут. Ауэ Черкасскэхэ я лъэпкъым абы щыгъуэ щIэрыщIэу урыс лъэпкъ пэрытхэм зыхагъэзэгъэжрэт, благъэщIэхэр яубыдрэт? Аракъэ ипэжыпIэкIэ къэзыгъэлъагъуэр лIакъуэр езыхэм ещхьу къалъытэ-къамылъытэри, цIэрыIуагъ, абы пщIэ, мыхьэнэ иIэу зыщIри?
- — Ардыдэрщ зэрыщытыр! Ауэ сытми зыхагъэзэгъа! Мамстрыкъуэ и къуэ Дмитрий лъэпкъым щынэхъыжьти, щхьэхуэу къыхэзгъэщауэ аращ. Ауэ абы къыгуэту иджыри и адэ къуэшым и къуэр утыкум итт. Идар Темрыкъуэ къуэш иIащ, Къамболэт и цIэу. А Къамболэт и къуэ Къэрэщей XVI лIэщIыгъуэм Мэзкуу къокIуэ, чыристан хъуа нэужь, Борис Камбулатович цIэр егъуэтри, дауэ ар зэрыжыпIэнур, фейдэшхуэ хэлъу благъэ еубыд — Юрьевэ Марфэ Никитэ и пхъур къешэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Иван IV и щхьэгъусэу щыта Анастасие и дэлъху Никитэ Роман и къуэм и пхъур.
- Ар къызэришам и фIыгъэщ Къамболэт и къуэ Борис пасэрей мэзкуу лIакъуэлIэшхэм я гупым зэрыхэхуар, благъагъкIэ пщIэшхуэ зиIэ унэцIэ куэдым пыщIа зэрыхъуар. А нэчыхьым ар лъагэу иIэтащ пхужыIэнут, ардыдэм текIуэдэжауэ щымытамэ. Романовхэр щызэбграхуа 1600 гъэм къэхъуа гузэвэгъуэм ипкъ иткIэ, а унэцIэр зезыхьэхэмрэ абыхэм я я благъэхэмрэ пащтыхьыгъуэр зыIыгъ Годунов Борис яукIыну хэта хуэдэу ягъэкъуаншэу щыдрагъэшам, Къамболэт и къуэ Бориси тезыр къытралъхьэри, хэгъэзыхьыгъэкIэ здагъэIэпхъуа щIыпIэм дунейм щехыжауэ щытащ. Абы и къуэ Иван иджыри ныбжьыщIэу щыт Романов Михаил Фёдор и къуэм (иужькIэ пащтыхь хъунум — ред.) гъусэ хуэхъури, и жьауэм щIигъэтащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, здагъэIэпхъуа щIыпIэм зэгъунэгъубзэу щызэбгъэдэтащ. Езы тIур зэдэлъхузэшыпхъум я бынт.
- — Зэдэлъхузэшыпхъу дыдэт, хьэмэрэ нэхъ зэпэжыжьэт?
- — Михаил и адэмрэ Иван и анэмрэ зэдэлъхузэшыпхъу дыдэхэт. Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм хуэдэу, Лъэхъэнэ ЗэIумыбзым Иван Борис и къуэм зауэлI Iэзагъышхуэ къызыкъуимыха щхьэкIэ, ари цIыху цIэрыIуэт, пщIэ зиIэ къулыкъущIэу къалъытэу щытащ, 1613 гъэм пащтыхьыгъуэр зылъысынкIэ хъунухэм хабжэу.
- — Дигу къэдгъэкIыжынщ 1613 гъэм къэхъуахэр. Черкасскэхэр, шэч хэмылъу, пщIэ къызэрымыкIуэ зиIэ лъэпкъ ехьэжьауэ, урыс дыдэу щыта лIакъуэхэм благъагъкIэ епхауэ зэрыщытар къыдгурыIуащ. УпщIэ къэувыр мыращ: апхуэдиз Iэмал зиIа Черкасскэхэм дауэ зыщыхрагъэлъэфа а зэпеуэм? НобэреибзэкIэ жыпIэмэ, хэхыныгъэ зэхьэзэхуэм я насып кIэныр дауэ щызыIэщIагъэкIа? Хьэмэрэ хилъафэу зыкъамылъытэжу, езыхэм я Iыхьлыхэр япэ ирагъэщауэ ара? Сыт абы и щхьэусыгъуэр?
- — Гугъущ а упщIэм жэуап ептыну. Сэ хуэгъэфэщэныгъэхэм сыхыхьэну сыхуейтэкъым. Iуэхур зыIут дыдэр жыпIэмэ, ахэр, шэч хэмылъу, пащтыхьыгъуэ зыхуэфащэ лIакъуэм щыщт, тетыгъуэр зыIэщIэлъа лъэпкъми я благъэт, пащтыхь гуащэ Марие и Iыхьлы дыдэхэт. НэгъуэщI лъэныкъуэкIи укъеплъмэ, дауэ ар зэрыжыпIэнур, а увыпIэр яубыдын папщIэ, къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ зыгуэр яхурикъуа къыщIэкIынкъым. Романовхэ, псалъэм папщIэ, XIV лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ, лъэхъэнэ зэкIэлъыпыт зыбжанэкIэ тахътэм пэгъунэгъуащ. Черкасскэхэр къыщыунэхуар XVI лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ, абы къыхэкIыу, уазэрыхущытыпхъэри гурыIуэгъуэтэкъым. НаIуэ къыпхуэмыщI, цIыху хьэлым епха гуэрхэр хэтагъэнущ Iуэхур апхуэдэу къызэрекIуэкIам. Сэ сызэреплъымкIэ, Фёдор и къуэ Михаил къыщIыхахам щхьэусыгъуэ хуэхъуар ар иджыри зэрыщIалэрт, мыхъумыщIагъэ гуэри зэрихьэну хунэсатэкъым, фIыкIи IейкIи зыкъигъэлъэгъуатэкъыми, зыкъызэрызыкъуихынури зыми ищIэртэкъым, арати, хуэгъэфэщауэ псори фIы защIэкIэ щыгугъырт. Черкасскэхэ зэрыхъун хъуауэт къызэралъытэр. Псалъэм папщIэ, Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэр цIыху гугъуу зэрыщытымкIэ хэIуат. Лыков зи унэцIэ боярин гуэрым абы къулыкъу дищIэну идэртэкъым, ари пащтыхь хъуну Михаил Фёдор и къуэм нэгъуэщI и зы благъэт, патриарх Филарет и шыпхъумкIэ малъхъэ къыхуэхъуу. Щхьэусыгъуэхэр зыбжанэ хъу къыщIэкIынт, ар зы щапхъэу аркъудейщ.
- — Иджы Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм деж къэдгъэзэжынщ. Мис, 1613 гъэр къосри, Михаил Фёдор и къуэр пащтыхь ящIыну къагъэлъагъуэ. Черкасскэхэр Романовхэ я щыкъущ, пащтыхьым и Iыхьлыщи, Михаил Фёдор и къуэм и зэманым абыхэм къулыкъушхуэхэр къаIэрохьэ. Ауэ мыбдежым мыхьэнэ зиIэр лъэпкъым и пщIэракъым, уеблэмэ, Черкасскэхэм дзыхь хуащI-хуамыщIракъым, атIэ Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм зауэлI IэщIагъэ зэрыбгъэдэлъарщ. Лъэхъэнэ ЗэIумыбзым и кIэм абы мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ къыщылъысащ — 1617 — 1618 гъэхэм Урысейм къытеуа лыхь-литва дзэхэр иригъэкIуэтын къалэныр и пщэ далъхьауэ щытащ.
- — Пэжщ, ар лыхь-литва дзэр къезышэжьа пащтыхьыкъуэ Владислав Мэзкуу къыщытеуам щыгъуэ, биидзэр Можайск деж къыщигъэувыIэн къалэн зиIэ дзэпщу къулыкъум пэрагъэуват. Ауэ уIэгъэ хьэлъэ хъущ, ерагъмыгъуейкIэ кърагъэлри, Мэзкуу къашэжауэ щытащ. Ар и щхьэусыгъуэт Владислав и дзэр щыхьэрым къыщIыдыхьэфам. Бийр къигъэувыIэну къару хуримыкъуагъэнри хэлъщ. Лъэхъэнэ ЗэIумыбзым зэкъуигъэхуа Мэзкуу къэралыгъуэм иджыри бийм пэщIигъэувэн къаруушхуэ зэригъэпэщыжыфа къыщэкIынтэкъым. ИтIани а зэманми Черкасскэм пщIэшхуи дзэпщ IэкIуэлъакIуагъи зэриIар уолъагъу. ЗэрыжаIэмкIэ, абырэ а лъэхъэнэм нэхъ дзэпщ цIэрыIуэу щыта Пожарский Дмитрийрэ зауэм и гуащIапIэм ягъэкIуат. Арати, пщIэрэ щхьэрэ иIэу къыхэкIри, лъэкI къызэримыгъэнари наIуэ хъуащ.
- — УIэгъэ хьэлъэм и зэранкIэ зауэ губгъуэм къикIын хуей зэрыхъуам щхьэкIэ къэмынэу, лыхьхэр къызэтригъэувыIэфащ, хэщIыныгъи яритащ, аракъэ? Си гугъэжымкIэ, Можайск деж мазэ бжыгъэкIэ кIыхьлIыхьу щызэзэуат дзитIыр?
- — НтIэ, абдежым щызэзауэхэри Черкасскэр уIэгъэ щащIауэ щытащ. Iуэхур зэзыгъэхъулIэф дзэзешэу зэрыщытам щыхьэт хуохъу ари.
- — Черкасский Михаил Можайск фэеплъ щыхуагъэувыну къелэжь, зэрыжыпIэмкIэ. Дэ къалэ унафэщIхэм я Iуэхум дыхэIэбэну ди мурадкъым, итIани, Черкасский Михаил Мамстрыкъуэ и къуэм теухуауэ щыIэ гукъэкIыжхэр къагъэщIэрэщIэжми хъунущ.
- — ЖыпIэпэмэ, абы и фэеплъ географ картэм къинауэ итщ армырами. ФIыуэ зихъуэжа пэтми, Мамстрыкъуэ и къуэ Дмитрий и фэеплъ зезыхьэ щIыпIэцIэ зэ IуплъэгъуэкIэ къыумыцIыхужыну щыIэщ. «Мерзляковскэ» цIэр зезыхьэ уэрам-зыкъэгъэшыпIэ иIэщ а къалэм. Зэ IуплъэгъуэкIэ, пасэрей мэзкуу фIэщыгъэхэм ещхь гуэру къыпщохъу, Мерзляков унэцIэм къытехъукIауэ. ИпэжыпIэкIэ ар «Мамстрыкъуэ и уэрамым» къыщежьэри, хуэм-хуэмурэ XVIII лIэщIыгъуэм «Мерзляков»-м хуэкIуауэ аращ. Iуэхур зыIутращ: абдеж дыдэм Черкасскэхэ Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэ бояриным и къалэщIыб лъапсэр щытащ, уеблэмэ, зы лъапсэтэкъым, лъапсэ зыбжанэ, «слобода» жыхуаIэм хуэдэу жылэ псо, и уэсятым къинащ абыхэм я хъыбар. ГъэщIэгъуэныщэщ икIи а жылэ дыдэм Талызинхэ я лъапсэр зэрыхэтар, ар иужькIэ Толстойхэ яIэрыхьэри, Гоголь Николай и гъащIэр абы щиухыгъат.
- — ЩIыпIэ цIэрыIуэ дыдэу жыпIэ хъунущ. Мэзкуу Черкасскэхэ я цIэр зезыхьэ и уэрамхэр, Китай-къалэ зыфIаща лъэныкъуэм щыIэхэри, зыгуэркIэ епха пщы Черкасскэхэ я унэцIэм?
- — Шэч хэмылъу, епхащ. Ауэ ахэр зейуэ щытар Черкасский Иван Борис и къуэрщ. Абдежым пэмыжыжьэу «Храм Святой Троицы на Полях» ухуэныгъэм и лъабжьэр итщ. Черкасский Иван Борис и къуэм и пщылIу щытахэм яз Лутови-нов Иван и фэеплъ итщ абы. Зейм и лъапсэм щыпсэурт ари, метрищэкIэ и псэупIэм нэхъ пэмыжыжьэу щIалъхьащ. XVII лIэщIыгъуэм ящIа пасэрей кхъащхьэм укIуэу уеплъ хъунущ.
- — Иджы Михаил Фёдорович и зэманым дгъэзэжыну сыхуейт. Мес, Лъэхъэнэ ЗэIумыбзым и зауэ-банэхэр зэфIэкIащ, Черкасскэхэм я зэманыгъуэщ, политикэми дзэ Iуэхухэми хэIэбэфу я лъэщыгъуэщ. Абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьын ипэкIэ сыноупщIынут: езыхэм сытут абыхэр зыкъызэралъытэжыр? ЧыристаныгъэкIэ къаIэрыхьа цIэхэр зэрахьэ щхьэкIэ, зэрысщIэжымкIэ, я лъэпкъыцIэри къагъэсэбэпырт абыхэм. Нэхъыбэу Кавказ Ищхъэрэ лъэпкъыу зыкъалъытэжрэт, хьэмэрэ урысу забжыжрэт, сытми, урысхэм яхэшыпсыхьыпат, е я Iуэхур абы иджыри нэсатэкъэ?
- — Мис а упщIэм жэуап еттыфын хуэдизу дэ ирикъун дэфтэр тIэщIэлъкъым. Ауэ Черкасский Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм и уэсятым ар зи къалэн зыгъэзащIэ чыристаныфIу зэрыщытар, тхьэлъэIупIэхэм мылъку куэд зэрахухигъэкIыр, и унэм дин хуэIуэхуэщIэ фэеплъ куэд зэрыщIэлъыр, сытми, XVII лIэщIыгъуэм православ чыристану зыкъэзылъытэжыр зэрыщытыпхъэм и дуней тетыкIэ зэриIар къыхощ. Аращи, хамэу забжыжу щытагъэнщ жысIэркъым. ТIури урыс жылэм хэпщIауэ, щэнхабзэм хащIыкIыу апхуэдэхэт.
- — ТIури жыхуэпIэр Иван Борис и къуэмрэ Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэмрэщ, дауи?
- — Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэри, нтIэ. Пэрытхэм ящыщу, къэрал кIуэцIми къэрал щIыб политикэми хэIэбэу, сыт щыгъуи пащтыхь сэрейм щекIуэкI дауэдапщэхэм хэпщIа зэпыту щытти, дауи, урыс боярин нэгъэсауэ зыкъалъытэжырт абыхэм. Хамэ къэрал щыщхэми жаIэ Черкасскэхэм фIэлIыкIышхуэ зэраIар, Урысей къэралми я пIэ щисыжут къазэрыщыхъур.
- Мыбдежым уигу къэбгъэкIыжыну игъуэщ Олеарий Адам къиIуэтэжа зы хъыбар. Абы зэрыжиIэмкIэ, Черкасский Иван Борис и къуэм и щхьэгъусэр апхуэдизкIэ бзылъхугъэ дахэти, сэрейм пэгъунэгъу адрей цIыхубзхэм ещхьу сэхусэплъ зыхилъхьэн идэртэкъым, жи, итIанэми хагъэзыхьырт. Мыбдежым, си гугъэмкIэ, къыхагъэщыну зыхуейр абы и лIыр къэбэрдей адыгэу зэрыщытаракъым, езы бзылъхугъэм къекIуэкI модэм пэщIэзыгъэувэф хьэл зэриIарщ. Абы и фIыгъэкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, дощIэ Иван Борис и къуэм щхьэгъусэ лъагъугъуафIэ зэриIар.
- — Иджы япэу пащтыхьыгъуэ зыIэщIэлъа Романовхэ япэгъунэгъуа Черкасскэхэм я деж дыкъэсащ. Я къежьэкIэр емынэт, езыхэм я хьэл-щэнкIи, щытыкIэкIи, тетыгъуэр зыIэщIэлъ Романовхэ благъагъкIэ къаубыду зэрыщытымкIи. Черкасскэхэм политикэмрэ армэмрэ щызэрахьа лIыгъэхэм я инагъым дытегъэпсэлъыхь иджы. XVII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэмрэ икухэмрэ сыт хуэдэ Iуэху дахэ абыхэм я унэцIэр къызыхэщыр?
- — Романов Михаил Фёдор и къуэм и лъэхъэнэм дыIэбэмэ, Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэр хуэм-хуэмурэ токIуэт, 1618 гъэм щегъэжьауэ и цIэр щIагъуэу къыхэщыжыркъым. Иужьрейуэ ар утыку къыщихьар 1633 гъэм урыс армэм и дзэзешэ нэхъыщхьэу щагъэувам щыгъуэщ. Абы и къалэнт Смоленск деж щыт Шеин Михаил Борис и къуэр къригъэлыну. Ауэ дзэр зэрагъэпэщын ямыух щIыкIэ, Шеиным зитауэ къыщIэкIащ.
- Иван Борис и къуэм и гугъу пщIымэ, абы 1620 гъэхэм «приказ» зыбжанэ и унафэм щIэтащ, ахэри нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу: Поместнэ приказ, Стрелецкэ приказ, Хъарзыналъэшхуэм и приказ, Хущхъуэ къызэгъэпэщыным и Iуэху зезыхуэ приказ. (Приказ жыхуаIэхэр нобэрей министерствэхэм яхуэбгъадэ хъунущ — ред.)
- Лъэныкъуэ гуэркIэ укъеплъмэ, ар Михаил Фёдор и къуэмрэ Филаретрэ премьер-министр хуэдэу ябгъэдэтауэ пхужыIэнущ, ахэри зэрыIыгъыу щытащ зы унафэщI къудамэ хуэдэу зэхэту. Арати, Иван Борис и къуэр абыхэм я нэхъ пэгъунэгъу Iыхьлыуэ зэрыщытым, унафэ щIыкIэ зэрищIэм къыхэкIкIэ, къэралыгъуэр зегъэкIуэныр и пщэ далъхьа къыщIэкIынщ. 1642 гъэм дунейм ехыжыху а IэнатIэр абы ирихьэкIащ, къытызогъазэри, а зэманым щыIа Урысейр зэрихьауэ аращ, нобэрей жыIэкIэкIэ — правительствэм и унафэщIу щытащ.
- — Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, Черкасскэхэм я мыхьэнэм и инагъыр абдежми щиухыркъым. Я нэхъ мащIэу, Речь Посполитая жыхуаIэ лыхьыдзэм илъэс 13-кIэ драгъэкIуэкIа зауэм дзэзешэу Черкасский Яков Къундет и къуэр хэта хуэдэу къызогубзыгъыж.
- — Аращ зэрыщытри. Мыбдежым а лъэпкъым гъэщIэгъуэну ядэплъагъу гуэр къыхэгъэщыпхъэщ. XVII, уеблэмэ, XVIII лIэщIыгъуэми абыхэм урысыщIым щадза къуэпсхэр зэрымыщIэкIэ зэпычыжурэ къекIуэкIащ, и щхьэусыгъуэр къыбгурымыIуэу. АпщIондэху езы Кавказ Ищхъэрэм аргуэру лъабжьэщIэ щыхасэжырти, щIэрыщIэу къахэкIахэри мыбы къакIуэрт. Адрейхэм елъытауэ тIэкIу нэхъ кIэщIми, апхуэдэурэ Урысейм къудамэщIэхэр къыщыдэжыжырт.
- ИкIэм-икIэжым, XVIII лIэщIыгъуэм Черкасскэхэ я лъэпкъ жыгыр зэфIэувэпащ. Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм бын къыщIэнакъым. Борис и къуэ Ивани къудамэ къытепщIыкIауэ дыщыгъуазэкъым. КъыкIэлъыкIуэу Черкасскэхэ къахэкIар Иван Борис и къуэм и адэ къуэшым и къуэ — Яков Къундет и къуэрщ. Чыристаныгъэ къищтэн ипэкIэ Урыскъан-мурзэ цIэр зэрихьащ абы, езыр къыщыкъуэкIар пащтыхь Михаил Фёдор и къуэм и лъэхъэнэрщ. Дзэзешэ лъэрызехьэу, боярину, дзэпщышхуэу щытащ, утыку къыщихьар урыс-лыхь зауэрщ.
- — Сыт хуэдэ зауэзэрылIхэр тхыдэм къыхэщыжрэ Черкасский Яков и цIэм епхауэ? Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, а зэманым, XVII лIэщIыгъуэм ику — и етIуанэ Iыхьэм ар Урысейм и дзэзешэ пэрыту щытащ, ари дзэшхуэ, армэ зыфIэпщын хуэдизхэм я унафэ IэщIэлъу?
- — Пэжщ. Япэу зи цIэ къиIуапхъэр 1654 — 1655 гъэхэм ар Белоруссием зэрыкIуарщ. Яков Къундет и къуэм и унафэ щIэт урысыдзэм занщIэу къалипщI хуэдиз къиубыдри, лыхь-литва дзэр икъукIэ иригъэкIуэтауэ щытащ. Зауэм и пэщIэдзэм а зекIуэм и мыхьэнэр ин дыдэт. ИужькIэ зэрытемыгъакIуэхэу зыкъомрэ зэзэуахэщ. Ригэ къахуэщтакъым, абы щыгъуэм урыс-лыхь зауэм ищIыIужкIэ, урыс-швед зауэри къэхъеят. Ауэ къызэщIэубыдауэ къапщтэмэ, Яков Къундет и къуэр дзэпщышхуэт, XVII лIэщIыгъуэм урысыдзэм и унафэр зыIэщIэлъа псоми къахэлыдыкIыу.
- — КъызыхэкIахэм пащтыхь Романов Михаил Фёдор и къуэр щыбгъэдэтам щыгъуэ яIа пщIэм хуэдиз зэригъэпэщыфат езы Черкасский Яков пащтыхь Романов Алексей Михаил и къуэм щыбгъэдэтам?
- — Хьэуэ. Ар дзэпщышхуэт, ауэ пащтыхьым и Iыхьлы гъунэгъутэкъым, къэрал IуэхузегъакIуэуи администраторуи щытакъым. Ауэ, итIани, и благъэ нэхъыжьхэм зэрагъэпэща пщIэм езым къыхуаIэ фIэлIыкIми хигъахъуэрт. Ахэр щIэблэншэу дунейм зэрехыжам и фIыгъэкIэ Дмитрий Мамстрыкъуэ и къуэм лъапсэ миным нэс щIэину къыхуагъанэри, бей дыдэ хъуат, Иван Борис и къуэми адэ-модэкIэ щIыхэр къыщыхуигъэнат. Урысейм нэхъ бейуэ ис бояринхэм язт Яков Къундет и къуэр, и щIэин абрагъуэр езым и бынхэм и чэзум къахуигъэнэжащ.
- — Абы къикIрэ Черкасскэхэмрэ Романовхэмрэ хуэм-хуэмурэ гущIыIэ зэхуэхъуауэ?
- — ГущIыIагъ фIэсщынтэкъым абы. А лъэхъэ-нэр икIауэ аркъудейт, арати, пащтыхь Алексей Михаил и къуэр нэгъуэщI цIыхухэм къаухъуреихьын щIадзащ. ЯпэщIыкIэ Морозов-бояриным, итIанэ Одоевскэ пщыхэм, гъащIэм и кум — Милославскэхэ, и кIэм — Нарышкинхэ. Ауэ а лъэхъэнэм и псалъалъэр къэбгъэсэбэпмэ, Черкасскэхэр лъабжьэжь зыхужаIэм хуэдэхэт. Къэмыланджэ лъабжьэжьт, езы бояр думэм тегъэщIапIэ хуэхъужу. Лъапсэ абрагъуэхэр, щIыналъэшхуэхэр яIэщIэлът абыхэм. Егъэлеяуэ бейхэт, жумартхэт, пщIэшхуэ зиIэ цIыхушхуэхэт.
- — НэгъуэщIу жыпIэмэ, Михаил Фёдор и къуэм и зэманым зэрыщытам хуэдэу, Урысей къэралыгъуэр зезыхьэхэм япэ иту щымытыжми, Черкасскэхэр итIанэми пщы лъэпкъ пэрыту къэнэжахэт?
- — Ардыдэрщ. Пётр I и лъэхъэнэр къэсыхукIи апхуэдэу щытащ. ИтIанэ иджыри зы Черкасскэхэ я къудамэ, ар иужьрейуэ, къэунэхури, иужькIэ лъэпкъым и пщIэм ехуэхын щIидзащ.
- — ЯIа пщIэм и ныбжьыр токIуэт?
- — Аращ, яIа пщIэм и ныбжьым ужьыхын щIидзащ. Ар Аннэ Иоанн и пхъум и лъэхъэнэрщ зыхуэзэр. Ауэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу дытепсэлъыхьмэ, нэхъыфI къыщIэкIынщ. Яков Къундет и къуэм къуэ иIэжт — Михаил Яков и къуэр. Ар зэрыцIэрыIуэр Сыбыр щIыналъэм тепщэ зэрыхуэхъуамкIэщ. Сыбырыр къызэзыгъэпэща къулыкъущIэшхуэу зэрылэжьам нэмыщIыж, ар къыпхуэмыщэхун цIыху пэжу зэрыщытамкIэ цIэрыIуэ хъуат — Iулъхьэ Iихыртэкъым, къэралми едыгъуэртэкъым.
- — Тобольск щыпсэурт. Арати, ар цIэрыIуэ зыщIар Иванов Алексейщ, «Тобол» романым и етIуанэ Iыхьэм щытопсэлъыхь абы. ЦIэрыIуэ зэрищIа щIыкIэри гъэщIэгъуэнт. Черкасскэм Iулъхьэ щIыIимыхар езым ипэ Тобольск щы-Iа тепщэ Гагариныр Iулъхьэм текIуэдэжати аращ, жеIэри етх.
- — ТхакIуэм сэ сриакъылэгъукъым абыкIэ. ГъащIэм щыдалъэгъуар нэхъ пэжщ, сэ сызэрегупсысымкIэ. Ар уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэн худизкIэ цIыху бейт. Арати, Iулъхьэм ещхьу Урысейм щымахуэкъэс апхуэдэ Iуэху мыхьэнэншэкIэ и псэр, и напэр иуфIеину хуэмеиххэу арат. Иджы Михаил Яков и къуэм деж дынос — Черкасский Алексей Михаил и къуэ, ари цIыху гъэщIэгъуэнт.
- — Радиом едаIуэ цIыху лъапIэхэ! «Тхыдэм и сыхьэт» нэтыныр зэредгъэкIуэкIыр фигу къызогъэкIыж. Ди псалъэмакъыр адэкIэ Черкесский Алексей Михаил и къуэм теухуащ.
- — Черкасский Алексей Михаил и къуэ. Ар 1680 гъэм къалъхуащ. Зи ещанэ лъэхъэнэр щыхьэрым щезыхьэкI мэзкуудэст ар а зэманым. XVIII лIэщIыгъуэм и пэм и адэм и гъусэу Тобольск щыIат, Пётр I и тетыгъуэм къигъэзэжат. 1730 гъэм Алексей Михаил и къуэр, езыр хуей-хуэмейм емылъытауэ, япэ дыдэу урыс пащтыхьыгъуэм къыщыхъуа Iуэхум — тепщэм и унафэр ягъэмэщIэн мурадкIэ кърахьэжьа къэхъукъащIэхэм яхэзэрыхьат. Иджыпсту апхуэдэу куууэ тхыдэм дыхыхьэнкъым, ауэ абы и мыхьэнэрат — 1730 гъэм конституцэ хуэдэ хабзэкIэ пащтыхьым и унафэр ягъэмэщIэн жэр-дэм къыхалъхьауэ щытащ. Ар зи IэдакъэщIэ-кIыр урыс тхыдэджышхуэ Татищев Василийти, езым и проектыр пхигъэкIын папщIэ, Черкасскэм къыхуаIэ фIэлIыкIыр зыдигъэIэпыкъуащ. Зыри къикIакъым и гупыжхэм. Аннэ Иоанн ипхъури, езым ипэ итахэм ещхьыркъабзэу, псори зи IэмыщIэ илъ пащтыхь гуащэ хъуащ.
- ИтIани Алексей Михаил и къуэм зыри кърамыщIа къудейкъым, псалъэм папщIэ, езы Татищевым елъытауэ. Уеблэмэ, ищхьэкIэ драгъэкIуэтеящ, унафэм нэхъ пэгъунэгъуу. Сенатору, чэнджэщэгъу лъагэу зэрыщытам нэмыщIыж, кабинет-министр къулыкъури къыхуагъэфэщауэ щытащ. Остерман, Бирон, Волынский сымэ щылэжьа а правительствэм апхуэдизыпщIэ зиIэ цIыхуу зэрыхэтам хуэдэу, ипэм деж ар зи псалъэ къыхэмыщыщэ къулыкъущIэу щытащ. ЗэрыцIыху Iувым щхьэкIэ нэщIыбагъ-кIэ «шубакъкIэ» къеджэхэрт. И лъэхъэнэгъухэм зэрыжаIэжымкIэ, и цIэр къызэрырилъэфэкIыр нэхъыбэт, къэрал Iуэху зэрызэрихьэм нэхърэ. Пэжыр жыпIэмэ, тынштэкъым урыс пщы-уэркъым дежкIэ Бирон хуэдэм зыхуигъэлъэхъшэныр, итIани, и пщIэри, и къулыкъури, нэхъыщхьэращи, и мылъку абрагъуэри ихъумащ. ЯгъэкIуэдакъым, хилъэфакъым, псори ипхъу закъуэ Варварэ Алексей и пхъум къыхуигъэнащ. Ар щхьэгъусэ хуэхъуат пщIэшхуэ зиIэ нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIа щIалэм — граф Шереметев Пётр Борис и къуэм, зи адэр Пётр I и зэманым фельдмаршалу щытам. Лъагъуныгъэм тещIыхьа нэчыхьт ар, уеблэмэ, зэман кIыхькIэ ныбжьыщIэхэр зэрагъэшэн ямыдэу зралъэфыхьащ…
- — Сытыт щIамыдэр?
- — Шереметевхэ нэхъ лъэщ ямыщIын папщIэ. Зэрыхъуари ардыдэращ — Шереметев Пётр Борис и къуэм Черкасскэхэм я щIы мылъку абрагъуэр Iэрыхьащ.
- — Дигу къэдгъэкIыжыну сыхуейт Шереметевхэ Захарьин-Юрьев-Романовхэ я Iыхьлы дыдэу зэрыщытыр, пэрыт лъэпкъым и къуэпсыр зыгуэркIэ зэпычмэ, пащтыхьыгъуэр езыхэм зэралъысыр утыку кърахьэну хуиту. 1613 гъэм ахэри тетыгъуэр зыхуагъэфэщэн-кIи хъунухэм хабжэу щытащ.
- — Пэжщ, ахэри тахътэм пэгъунэгъут, бгъэдэтыпэу пхужыIэнут. ИпэжыпIэкIэ XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Шереметевхэм зэрызаузэщIам аращ и щхьэусыгъуэр. Ар хуозэ граф Николай Пётр и къуэм и зэманым, иужькIэ абы и къуэрылъху Дмитрий Сергей и къуэм и жыджэрыгъуэри абы кърикIуащ. А лъэхъэнэ-хэм Шереметевхэ Черкасскэхэм щIэину къыхуагъэна лъапсэ абрагъуэхэр яIэщIэлъащ, псом хуэмыдэу гулъытэ хуэфащэщ нэхъапэм Черкасскэ пщыхэм зэрахьа Останкино лъапсэ цIэрыIуэр. «Большой Черкасский переулок» уэрамымрэ Никольскэмрэ я зэпылъыпIэм деж щыта унэри Шереметевхэ яIэрыхьэри, Богоявленскэ уэрамым нэс хыхьэ щIышхуэр зэрыщыту а лъэпкъым ей хъуащ.
- — Мэзкуу нэмыщI, нэгъуэщI щIыпIи щIы щаIэтэкъэ абыхэм?
- — Шэч хэмылъу. Лъэпкъ цIэрыIуэ дыдэт, егъэлеяуэ щIышхуэ яIэщIэлъу.
- — Иджы Черкасскэхэ я лъэпкъым и Iуэхур зыIутым девгъэплъ. Пащтыхь Алексей Михаил и къуэм деж къыщыщIэдзауэ Аннэ Иоанновнэ пащтыхь гуащэм деж пщIондэ абыхэм я пщIэр ехуэхакъым. Япэ дыдэ имытыжми, япэ сатырым зэрыхэтщ. ИтIани, уэ жыпIащ Аннэ Иоанновнэ и сенаторыр дунейм ехыжа нэужь, абы щIэблэ къызэрыщIэмынар. Аращи, адэкIэ кърикIуэр Черкасскэхэм я лъэпкъ Шереметевхэ хэпщIа хъуаращ, япэм яIа пщIэри Черкасскэхэ яIэжакъым. ИтIани, лъэпкъым и къудамэ нэхъыщIэхэр щыIэтэкъэ?
- — ЩыIэт. Аргуэру мыбдежым лъэпкъ къудамэхэр зэрыщызэблэкIыр долъагъу. 1742 гъэм, Черкасский Алексей Михаил и къуэр щылIам щыгъуэ, иджыри зы къудамэ къэнат. Абы, дауи, апхуэдэпщIэ иIэтэкъым, ауэ а лъэпкъым щIэдзапIэ хуэхъуа нэрыбгэм и гугъу дымыщIу хъунукъым. Ари Темрыкъуэ и лъэпкъ къуда- мэм хохьэ, Иналыпщым къытехъукIахэм. Ар пщы, боярин Черкасский Михаил Алыджыкъуэ и къуэрщ — Пётр I и лъэхъэнэм пэрыту щыта пщышхуэ, 1698 гъэм и жьакIэр имыупсыну пащтыхьым хуит ищIаищым яз.
- Абы ипэжкIэ илъэситIкIэ, 1696 гъэм ар Азов зекIуэм и унафэщI ящIын мурад яIащ, япэ урыс фельдмаршал ящIын я гугъэу. Жьыгъэм и закъуэщ Михаил Алыджыкъуэ и къуэм а зекIуэр иришэжьэну Iэмал къезымытар. Дэри абы теухуауэ щыхьэт узыншэ диIэщ.
- «Утро стрелецкой казни» сурэт цIэрыIуэр ди нэгу къыщIэдгъэхьэмэ, дэ дощIэ абы и ижьырабгъумкIэ Пётр шым тесу зэритыр, зауэлIхэм губжьауэ къахэплъэу, Преображенскэ полкым и офицерхэри итщ абдежым. Япэ сатырым боярин гуэр жьакIэшхуэ тету щыболъагъу, пыIэ кIыхь щхьэрыгърэ пасэрей фащэ щыгъыу. Мис ар, сурэтыщIми и нэгу зэрыщIэтамкIэ, Черкасский Михаил Алыджыкъуэ и къуэрщ. Пащтыхьым дзыхь егъэлея къыхуищIырт, апхуэдэ дыдэу, гъэщIэгъуэнкъэ, цIыхубэм дежи пщIэ щиIэт абы. Зыгуэр яхэлът Черкасскэхэм, мэзкуудэсхэм фIыуэ къаригъэлъагъуу. 1682 гъэм стрелец-зауэлIхэм зыкъаIэту бояринхэр фIагъэжын щыщIадзам, а зи гугъу тщIы Черкасскэм, Матвеев Артамон къригъэлын и гугъэу, абы зытриIубат. АрщхьэкIэ зауэлI зыкъэзыIэтахэм Черкасскэр Iуалъэфри, абы зы- ри ирамыщIэу Матвеевыр яукIауэ щытащ. ИужькIэ епцIыжакIуэ хъуа Талицкий Гришкэ Пётр I пащтыхьыр иукIыну зыщигъэхьэзырым щыгъуэ, жиIэрт: «ИIэ, пащтыхь нэпцIыр дывгъэукIи, Михаил Алыджыкъуэ и къуэр цIыхуфIщи, пащтыхьу хэдвгъэх».
- — ЦIыхуфIагъымрэ хьэлэлагъымрэ къыщIэкIынщ а псом и щхьэусыгъуэр. Пэж дыдэу, Черкасскэхэ XVII лIэщIыгъуэм чыристаныгъэ нэгъэса къагъэлъагъуэу псэуащ. Дэфтэр куэд дыдэ си нэгу щIэкIащ Мэзкуу къыщыдэкIауэ. Абыхэм ярытт пщы Черкасскэм тхьэелъэIупIэхэм яритыну тхылъ лъапIэхэр куэду къызэрищэхур. А лъэныкъуэмкIэ абырэ Пожарский Дмитрийрэ зэпеуэрт, тIуми члисэ-хэм ахъшэшхуэ иратырт. Я лIыгъэри хэлъа къыщIэкIынщ Iуэхум. Черкасскэхэм дзэзешэ куэд къахэкIащ, зауэ губгъуэми зыщысхьыж ямыIэу щыхахуэхэт. Сыт пщIэн, апхуэдэпщIэми и зэманыр йокI. Пэжу къызгурыIуэмэ, XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэми XIX- лIэщIыгъуэми абыхэм министр яхэтыжакъым, кIуэ, иджыри генералхэр, офицер нэхъыщхьэхэр къахохуэ.
- — Аращ зэрыщытыр. Черкасскэхэм япэм ещхьуи къулыкъу лъагэхэр яIыгът. Иджыри и гугъу тщIыпхъэщ XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм пэрыту щыта Черкасский Владимир Александр и къуэм, ар Михаил Алыджыкъуэ и къуэм и къуэпсым щыщыпст. Ар хиубыдащ Александр II и зэманым, щIы IуэхухэмкIэ къулыкъущIэу щытащ, иужькIэ уэсмэныдзэм къыIэщIаха Болгарием и унафэщI ящIат. Абы тету 1878 гъэм дунейм ехыжащ ар. Зы зэманкIэ Мэзкуу и тепщэуи щытащ.
- — А Черкасскэ лъэпкъыжьым и къудамэ гуэри ди зэманым къэсакъэ? Гур хэзыгъэщI хабзэ мыхъумыщIэ зэтеувауэ, лIакъуэ гуэрым и нэхъыжьхэр щхьэщаупщIыкIа нэужь, абыхэм къащIэува нэхъыщIэхэм езыхэм нэхъ яхуэфащэ хуэдэу щыт политикэ-дзэ къулыкъу ягъуэт. Дызэрыт зэманым щыIэжу пIэрэ а лъэпкъыжь цIэрыIуэм пасэ зэманым иIа пщIэр зыхъумэ къудамэщIэ гуэр?
- — Алыджыкъуэ и къуэ Михаил и къуэпс XVIII, XIX лIэщIыгъуэхэм къежьам нобэми зеубгъу. 1918 гъэм контр-адмирал Черкасский Михаил Борис и къуэр гуузу кIуэда нэужькIи, абы и къуэ Борис Михаил и къуэм къытепщIыкIыжауэ лъэпкъым зеужь. И адэр дунейм ехыжри мазэ зыбжанэ фIэкIа дэмыкIауэ дунейм къытехьауэ щытащ ар. Совет зэманми мыбы щыIа Черкасскэхэр къелауэ, зи гугъу сщIа Борис Ми- хаил и къуэм къытепщIыкIыжа къудамэр Мэзкуу щопсэу.
- — Ди нэтыныр и кIэм нэблэгъащ. ЖытIа псом дыщIызгъужыну сызыхуейр Черкасскэхэ я лъэпкъыр фIыкIэ дигу идгъэлъыну, абы фIыщIэ яхуэтщIыну зэрыхуэфащэрщ. Абыхэм я напэр къабзэу Урысейм гугъу зыхурагъэхьащ, IэнатIэ хьэлъэ Iэджэм бийм щапэщIэтащ, зауэ куэдми хэтащ, цIыхубэм фIыуэ къалъагъу къулыкъущIэ-хэуи щытащ. Си щхьэкIэ купщIэшхуэ зыщIэлъ мы уэршэрым папщIэ нобэ ди гъуса Шокарев Сергей фIыщIэ хузощI, узыншэу фыщыт!
- Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.