ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2021

Адыгэтхыбзэм и махуэм  тыдоухуэ

2021-03-13

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  •  «Адыгэ псалъэ» (КъБР), «Адыгэ макъ» (АР), «Черкес хэку» (КъШР), «Жьынэпс» (Тырку) газетхэм я номер зэхэтхэм я зи чэзу 128-нэ къыдэкIыгъуэр теухуащ лъэпкъым ди зэхуэдэ махуэшхуэм — Адыгэ тхыбзэм и махуэм. Ди анэдэлъхубзэр къыщагъэсэбэп щIыналъэ, хэку псоми гъатхэпэм и 14-м щызэдагъэлъэпIэнущ ар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нэхъ щIэщыгъуэ мэхъу

2021-03-13

  • Иджы илъэс ещанэ хъуауэ Дунейпсо адыгэ диктант щатх адыгэ зэрыс щIыналъэхэмрэ къэралхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Иджыри илъэс куэдкIэ къыдэкIыну

2021-03-13

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор
  • нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
  • ПщIэ зыхуэтщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и исполкомым и цIэкIи         си щхьэми къыбгъэдэкIыу Уэри редакцэм щылажьэхэми дынывохъуэхъу ди лъэпкъ газетыр цIэщIэ иIэу — «Адыгэ псалъэ» фIэщыгъэм щIэту — къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 30 зэрырикъуамкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Сытхэр  уи  пщэдей,  си  адыгэбзэ, Жэнэтбзу  щхьэхуит  зыгъэбзэрабзэ?

2021-03-13

  • Пэублэ псалъэ
  • Угъурлыуэ къытхущIэкIа гъатхэпэ
  • ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 170-м нэсащ адыгэхэм тхыбзэ диIэу зэрыхъурэ. Абы и щIэдзапIэу къалъытэ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыщыдигъэкIа зэманыр, угъурлыуэ къытхущIэкIа махуэр: 1853 гъэм и гъатхэпэм и 14-р. Ар и тегъэщIапIэу, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм — 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ яубзыхуа махуэшхуэр абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м зэдыдогъэлъапIэ адыгэ псоми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгей

2021-03-13

  • Ныдэлъфыбзэм   иухъумакIу
  • ЕджапIэм апэрэ лъэбэкъоу чIэтыдзагъэм къыщегъэжьагъэу шIэныгъэ гъогоу тызытехьагъэр кIэлэегъаджэм къыддегощы. Ар сыдигъуи IэпыIэгъу къытфэхъу, ятIонэрэ ным фэдэу къытшъхьащыт. ТызэрэзекIощтыр тэзыгъэлъэгъоу, тишэн-хэбзэ дахэхэр тэзыгъашIэу, тызыпIурэр кIэлэегъаджэр ары.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъШР

2021-03-13

  • Бзэр тхуэхъумэмэ,
  • лъэпкъри псэунущ
  • Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъхуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами и къалэнщ езым и хабзэр, и щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. ДиIэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и лъапсэр адыгагъэращ. Iэдэбыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псори къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2021-03-13

  • Хэхэсхэр  дызыщыгуфIыкI   Iэмал  гъуэзэджэ
  • Хэкурысхэми хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэми Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэу хагъэунэхукI гъатхэпэм и 14-р. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а махуэм ирихьэлIэу щыгъуазэ фыхуэсщIыну сыхуейщ КАФФЕД-м АнэдэлъхубзэмкIэ и къудамэм 2020, 2021 илъэсхэм къриубыдэу зэфIэдгъэкIа Iуэхугъуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Си лэжьыгъэ — си гъащIэ

2021-03-13

  • Гуапэщ зи IэщIагъэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ зылъагъу егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм уарихьэлIэныр. Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт, Амирокъуэ Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназием адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэ Тамбий Анжелэ апхуэдэхэм ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Орэд мэкъэмэ дахэу стхьакIумэ ит»

2021-03-13

  • Илъэс 30-м ехъугъ Тхьаркъохъо Сусанэ шIу ылъэгъурэ кIэлэегъэджэ сэнэхьатым, ныдэлъфыбзэм, кIэлэеджакIохэм зафэлажьэрэр. Ащ Гъобэкъое гурыт еджапIэм адыгабзэмкIэ щырегъаджэх. Тыгъуасэ фэд ежь еджапIэр къыухи, ищыIэныгъэ зыфэе сэнэхьатым зырипхыгъэр ыкIи а лъэбэкъум зы мафи рыкIэгъожьыгъэп.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2021-03-13

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс