ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэтIолъхуэныкъуэхэм я  илъэс  70

2021-03-23

  • Къэхъун къуажэм щыщ НэщIэпыджэхэ Анзоррэ Мозэрэ я унагъуэм илъэс 70 ипэкIэ, мэлыжьыхьым и 21-м, зэтIолъхуэныкъуэу зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ — Анзауррэ Риммэрэ — къихъуащ. Ахэр къыдэкIуэтеиху, къыщалъхуа махуэр зэдагъэлъапIэу къекIуэкIащ, дауи. Зэдэлъхузэшыпхъур унагъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэ хъуа нэужь, зырызу ягъэлъапIэу яублащ я махуэр: Анзаур — гъатхэпэм и 21-м, Риммэ — 22-м. Апхуэдэ гурыфIыгъуэр «гъащIэ мащIэу» къахущIэкIащ абыхэм. Анзаур и ныбжьыр илъэс 46-рэ фIэкIа мыхъуу дунейм ехыжащ. А гуауэм иужькIэ, къыщалъхуа махуэр Риммэ зэи игъэлъэпIакъым, апхуэдэ гукъыдэжи иIэжакъым. Мы гъэм илъэс 70 мэхъу Риммэ, Анзаур псэужамэ, ар гуфIэгъуэшхуэу яIэтынут.

  • Дэтхэнэ цIыхури зыгуэрым къыхуегъэщI. Илъэс бжыгъэ къигъэщIаракъым нэхъыщхьэр, атIэ къигъэна лъэужьырщ. И гъащIэ мащIэм къриубыдэу Анзаур куэдым хунэсащ. Илъэс 21-м иту Нарткъалэ унэлъащIэ комбинатым и автогаражым щылэжьэн щIидзат абы. А зэманым ар икIи еджэрт — Тэрч къалэм мэкъумэш хуэIухуэщIэхэмкIэ техникумым и студентт. ИужькIэ ЖЭК-м, «Мэкъумэштехникэ» IуэхущIапIэм щылэжьащ, иужьрей илъэсхэм Нарткъалэ дэт «Водоканал»-м и унафэщIу щытащ.
  • Дэнэ щымылэжьами, зыхэт гупым пщIэ къыхуащIу, и псалъэр ялъытэу апхуэдэт. Мызэ-мытIэу щIыналъэ, къалэ администрацэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Бынищ зэрыс унагъуэм я адэти, Анзаур лажьэрт, и щхьэгъусэ Заремэ сабийхэм яхэст, унагъуэр зыхуей хуигъазэу. 1997 гъэм и щэкIуэгъуэм унагъуэм гуауэшхуэ къатепсыхащ. Псэун щIидза къудейрэ къыдэкIуэтей быным я ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкI Анзаур дунейм ехыжащ. Ар зи жагъуэ мыхъуа дэсакъым къуажэми, яхэтакъым благъэ-Iыхьлыхэми. Зэшыпхъухэми, анэми я гуауэр хьэлъэт, гъэвыгъуейт, щхьэгъусэм дежкIэ гузэвэгъуэшхуэт. Гуауэм хигъащIэми, и бгыр щIикъузэри, и сабиищыр зыхуей хуэзэу ипIащ Заремэ. Дэтхэнэми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ, гъащIэм зэрыхэпсэукIын акъылрэ гъэсэныгъэрэ ябгъэдилъхьащ, унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыжащ. ХъыджэбзитIыр — Джульеттэрэ Заретэрэ — экономист IэщIагъэм хуеджащ, унагъуэхэщ. Ахьмэд юристщ, зэзыгъэкIуж судыщIэм и къуэдзэу мэлажьэ. Анзаур и бынхэм къатепщIыкIа къуэрылъху-пхъурылъхуу 8 иIэщ. Анзаур яхэмытыжми, унагъуэр зыхуей хуигъэзэфащ щхьэгъусэ акъылыфIэм, Iэдэбым, Iущым. Нобэ Заремэ зыхэс лъэпкъым пщIэ къыхуащIрэ чэнджэщэгъу нэсу къалъытэу апхуэдэщ. ЗэIусэм псэ хелъхьэ жыхуаIэращи, абы акъылкIэ, IэкIэ зэригъэзэхуа Iуэхум утемыгузэвыхьыжми хъуну цIыхум яхэтщ. И бынхэр зыхуей зэрыхуигъэзам хуэдэу, и щхьэгъусэм къыдалъхуахэри арэзы ищIыфащ Заремэ, я анэкъилъхур зэрамыIэжымкIэ гузэрыдзэ зы махуи яригъэщIакъым, гумащIэу ябгъэдэтщ. Адэшхуэм и лъэужьыр зэрымыкIуэдам и нэщэнэщ Ахьмэд и къуэ нэхъыжьым абы и цIэр зэрыфIищыжар.
  • «Къыздалъхуа си дэлъхур къэтэджыжауэ къысщыхъуат, ди щIалэр къызбгъэдыхьэу и адэм и цIэр и къуэм фIищыжыну хуейуэ къыщызжиIам. Сэ щэхуу сигу илъми, ину схужыIатэкъым…», — игу къегъэкIыж Риммэ. И дэлъхур имыIэжми, унагъуэ дахэм я жьантIэдэс бзылъхугъэрэ и IэщIагъэкIэ пщIэшхуэ иIэу илъэс 70-м нэсащ Риммэ.
  • Ар 9-нэ классым къыщIэкIри, консерв заводым уват. Аруан район сымаджэщым «Жор Плъыжь» зэгухьэныгъэм и курс къыщызэрагъэпэщати, пщыхьэщхьэкIэрэ абы кIуэурэ, медицинэ IэнатIэм и зэхэлъыкIэм зыщигъэгъуазэрт. Ауэрэ абы хуеджэри, район сымаджэщым щылэжьэн щIидзащ. ИкIи илъэс куэдкIэ а IэнатIэм пэрытащ. Риммэ гуапэу игу къегъэкIыж и IэщIагъэм теухуауэ куэд къезыгъэщIа дохутырхэр: Хьэсанэ Лидие, Щоджэн Нинэ, Шыбзыхъуэ Любэ, Жамборэ Хуржан, Дзыгурэ Ануар сымэ.
  • И унагъуэри и лэжьапIэри къызыхуэтыншэу зэрихьэу, и цIыхугъэмрэ и бзэ IэфIагъымкIэ цIыхухэр къыдихьэхыу лэжьащ Риммэ. А псори зыхуей хуэзэу къехъулIэн папщIэ сыт щыгъуи и щIэгъэкъуэнщ и щхьэгъусэ Шокъум Жыраслъэн. Жыраслъэнрэ Риммэрэ щIалитI яIэщ. Юрэ Арбитраж судым и унафэщIым и къуэдзэщ, Мурат хьэрычэтыщIэщ.
  • Район сымаджэщым илъэс 36-кIэ щылэжьауэ унагъуэр Шэрэдж Ищхъэрэ Iэпхъуэжащ. Абы щыгъуэми IэнатIэншэ хъуакъым Риммэ. И ныбжьыр илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Аруан районым Узыншагъэр хъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщIу лэжьа Гъащтэ Татьянэ къыхуэупсат абы — Шэрэдж Ищхъэрэ дэт амбулаторэм игъэуват. Ар сыт щыгъуи фIыщIэ хуищIу игу къегъэкIыж Риммэ. ГупыщIэ зыхыхьам щылажьэ псори гуапэу къыщыпежьащ икIи тыншу яхэзэгъащ. Псом хуэмыдэу Сэхъурокъуэ ХьэкIулэ, Хужьокъуэ Тамарэ сымэ хуабжьу дэIэпыкъуэгъуфI икIи чэнджэщэгъуфI къыхуэхъуащ.
  • Илъэс 50-м щIигъукIэ медицинэ IэщIагъэм пэрытащ Шокъумыр. Езым зэрыжиIэмкIэ, и ехъулIэныгъэхэм папщIэ фIыщIэр зейр лэжьыгъэ Iуэхум теухуауэ зыри къыпэзымыубыд и щхьэгъусэрщ. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ Шокъумхэ я унагъуэм илъ зэгурыIуэм папщIэ Аруан щIыналъэ администрацэм и ЩIыхь тхылъ 2017 гъэм къратауэ зэрыщытар.
  • И гуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ Риммэ къыхуагъэфэщауэ щытащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и республикэ комитетым, Аруан щIыналъэ администрацэм, «Урысей зэкъуэт» партым и республикэ къудамэм я фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр. Илъэс кIуам абы «КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Ар къилэжьащ псэемыблэжу зэрылэжьамкIэ, игурэ и псэрэ зэIухауэ цIыхум зэрахэтымкIэ, къыхуэныкъуэм и деж нэсрэ арэзы зэрищIыфымкIэ, зэрахуэгуапэмкIэ.
  • Жьыщхьэ махуэ хъуауэ и къуэрылъху цIыкIухэм я жьантIэдэсрэ и щхьэгъусэ Жыраслъэн и щIэгъэкъуэну апхуэдэщ Риммэ. Зы закъуэщ игу хэзыгъэщIыр, къыдалъхуа и дэлъхур псэужарэ зэгъусэу илъэс 70-м ебэкъуамэ, иIэ псори насып тIуащIэу зыхищIэнут…
  • Гъуэт  Синэ.