Джатокъуэ Олег и лъагапIэхэр
2021-03-23
- Лъэпкъ щIэныгъэм и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ еджагъэшхуэхэм ящыщщ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор, биологие щIэныгъэхэм я доктор Джатокъуэ Олег Уэлий и къуэр. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, адыгэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ щызыгъэIуф IэщIагъэлIыр УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Зыпэрыт IэнатIэм щызыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Джатокъуэр пщIэ хуащIу хагъэхьащ Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием. Биологиемрэ мэкъумэш IэнатIэмрэ заужьыным епха щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр зи щIыбагъ къыдэлъ адыгэ щIэныгъэлIым апхуэдэу къыхуагъэфэщащ академик цIэрыIуэ Вавилов Николай и цIэр зезыхьэ дыжьын медалыр, абы щыхьэт техъуэ тхылъри щIыгъужу. ЩIэныгъэ дунейми жылагъуэми пщIэшхуэ щызиIэ цIыху щыпкъэм мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 60 юбилейр.
- ЦIыху зэфIэкIым и фIыгъуэу, абы нэсу зыкъыщызэкъуих зэману къалъытэ илъэс 60-р. ИпэжыпIэкIи апхуэдэущ зэрыщытыр. Абы и щапхъэщ ди тхыгъэр зытеухуа Джатокъуэ Олег къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэри, ар здынэса лъагапIэхэри, гъащIэм адэкIэ хуиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмри: щIэныгъэкIи IэщIагъэкIи, унагъуэкIи жьэгугъэкIи.
- Джатокъуэ Олег Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ 1961 гъэм и гъатхэпэм и 21-м. Унагъуэ жьэгум и хъумакIуэхэу Уэлийрэ Данизэтрэ жылэм пщIэрэ нэмысрэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэу дунейм тетащ. Уэлий илъэс куэдкIэ хьэлэлу щылэжьащ Нарткъалэ дэт химкомбинатым, Данизэт унагъуэм илъ Iуэхухэмрэ сабий пIын-гъэсэнымрэ нэхъ тегъэщIауэ щытащ. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зи зэхуаку дэлъа зэщхьэгъусэхэм я бынхэу ФатIимэ, Олег, Славэ сымэ лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэрэ зэрыпсэун IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ ирагъэгъуэтащ, гъащIэм гъуэгу захуэ щытрагъэуващ. Зи дуней тетыкIэр щапхъэу щыт дэтхэнэ адэ-анэми хуэдэу, ахэр я къаруи зэфIэкIи щысхьакъым, я бынхэр лъэ быдэкIэ гъащIэм хагъэувэн папщIэ.
- Зэрыбынищым я курыт Олег къэхъуащ къэзыухъуреихь дунейр, гъащIэм и зэхэлъыкIэр зыфIэхьэлэмэт, щIэныгъэм и нэхум зи гур игъэхуабэ щIалэу. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием. Студент илъэсхэр купщIафIэу, еджэным ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэу, академием щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэру ирихьэкIащ адыгэ щIалэщIэм. 1985 гъэм Джатокъуэм еджэныр зэфIихащ, зооинженер IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтауэ. А лъэхъэнэм хабзэу къекIуэкIырати, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр ягъакIуэу щытащ зыхуеджа IэщIагъэмкIэ лэжьакIуэ нэхъ зыхуэныкъуэу къалъытэ IуэхущIапIэхэм. Олег къылъысар Горькэ областым хыхьэ Сергачевскэ районым щызэхэт «Восход» колхозыращ. А хозяйствэм Джатокъуэр зоотехник нэхъыщхьэу илъэскIэ щылэжьащ. Зыпэрыт IэнатIэм хъарзынэу хэзэгъами, и Iуэху дэкIыу лажьэми, Олег хущIэкъурт щалъхуа щIыналъэм нэхъ щIэхыIуэу къигъэзэжыну. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэр апхуэдэу щIэхъуэпсырт бгъэдэлъ Iэзагъым, зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну.
- А мурадхэр и гъуэгугъэлъагъуэу ди республикэм къигъэзэжащ Джатокъуэм. Куэд дэмыкIыу ар щIэныгъэ лэжьакIуэу ирагъэблэгъащ опытхэр щрагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш станцым Iэщ гъэхъунымкIэ и къудамэм. ИужькIэ илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ нартыху гъэкIынымкIэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым ди щIыналъэм щиIэ IуэхущIапIэм. 1990 гъэм Олег лэжьыгъэм щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием (иджы университетым) генетикэмкIэ и кафедрэм и щIэныгъэ лэжьакIуэу.
- И IэнатIэм гурэ псэкIэ бгъэдэт лэжьакIуэ гумызагъэм абы къыщикIуащ гъуэгуанэ купщIафIэ, ассистентым къыщыщIэдзауэ профессорым нэс. Дзыхь къыхуащI дэтхэнэ къалэнри къызыхуэтыншэу, щытхъу пылъу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу игъэзащIэрт Олег. IэщIагъэлI ныбжьыщIэм а илъэсхэми зэи зэпигъэуакъым и IэщIагъэм епха къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм ар щIэтIысхьащ аспирантурэм. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ икIи иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр щызэхуэхьэса щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIи и къалэмыпэм къыпыкIащ. Горький къалэм дэт къэрал мэкъумэш университетым Джатокъуэм 1994 гъэм хъарзынэу щыпхигъэкIащ и диссертацэр икIи мэкъумэш щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ар хахащ зыщылажьэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу, иужькIэ абы и доцент хъуащ. «Зоология», «Ветеринарная генетика», «Современные проблемы зоотехнии» щIэныгъэ унэтIыныгъэхэмкIэ студентхэм курсхэр ядезыгъэкIуэкI, лекцэ купщIафIэхэм къахуеджэ щIэныгъэлIым 2000 гъэм ирихьэлIэу игъэхьэзыращ доктор диссертацэр. Ар Джатокъуэ Олег ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIащ а илъэс дыдэм. А лэжьыгъэм пщIэшхуэ щиIащ щIэныгъэ дунейм. Биологие щIэныгъэхэм я доктор хъуа IэщIагъэлI Iэзэм УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ къыфIащауэ щытащ профессор цIэ лъагэри. Адыгэ щIалэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр къэралми лъэпкъ щIэныгъэми яхуэщхьэпэу къалъытащ. А псори и лъабжьэу Джатокъуэ Олег куэд дэмыкIыу РАЕН-м хагъэхьащ.
- ЕгъэджакIуэ щыпкъэр, щIэныгъэлI Iэзэр, къэхутакIуэ емызэшыр апхуэдэуи лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэщ. Абы и щыхьэту ар мэкъумэш университетым и зооинженер факультетым и декану хахауэ щытащ 2007 гъэм. Жэуаплыныгъэ зыпылъ а къалэным епха лэжьыгъэ псоми къызыхуэтыншэу пэлъэщащ Джатокъуэр. ПщIэ хуащIу, 2012 гъэм Олег етIуанэу пэрагъэувэжащ а къулыкъум икIи, дапщэщи хуэдэу, и пщэрылъхэр игъэзэщIащ, ныкъусаныгъэ хэмылъу, IэнатIэр иригъэфIакIуэу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу.
- ЩIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIыр илъэс 30-м щIигъуауэ щолажьэ университетым. Абы и щIыбагъ къыдэлъщ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, методикэ, педагогикэ мылъкушхуэ. Профессор цIэрыIуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэд. Абыхэм я бжыгъэр псори зэхэту 320-м щIегъу. Джатокъуэм и унэцIэр зыщIэлъ лэжьыгъэхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэри, щIэныгъэ-методикэ пособиехэри, студентхэр зэрырагъаджэ тхылъ хьэлэмэтхэри, нэгъуэщIхэри. Абы и къалэмыпэм къыпыкI лэжьыгъэхэм пщIэ щагъуэт щIэныгъэ дунейм. Абыхэм ящыщ куэд къытрадзэ Scopus, Web of ScIense библиографие, реферативнэ дунейпсо базэхэм хыхьэ щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм. А къыдэкIыгъуэхэм уи тхыгъэ къытрадзэн щхьэкIэ, дызэрыщыгъуазэщи, щIэныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ еплъыкIэщIэ гуэр абы хэлъын хуейщ, ар къызыхэщ рецензэ купщIафIэри щIыгъужу. Апхуэдэ пщIэ лъагэр щIэныгъэ дунейм хуэфащэ дыдэу къыщыхуащI лъэпкъ IэщIагъэлIым.
- КъищынэмыщIауэ, университетым зэрыщылажьэрэ мэкъумэш IэнатIэм IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным жыджэру яужь итщ Олег, абы и нэIэм щIэту, ар я щIэныгъэ унафэщIу ягъэхьэзыращ кандидат лэжьыгъэу 6-рэ 1 доктор диссертацэрэ. А псори, къапщтэмэ, хэлъхьэныгъэшхуэщ иджырей мэкъумэш IэнатIэм адэкIи зиужьынымкIэ.
- Зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, студентхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэнымкIэ хэкIыпIэ куэд къэзыгъэсэбэп егъэджакIуэ нэхъ лъэщхэм хабжэ. Абы къыхэкIыу Джатокъуэм сыт щыгъуи пщIэрэ нэмысрэ щиIэщ зыхэт гупым. Апхуэдэу ар куэдрэ ирагъэблагъэ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щекIуэкI щIэныгъэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Олег и Iуэху еплъыкIэхэр куэдым яфIэхьэлэмэтщ, щапхъэу, мардэу ягъэлъагъуэу.
- ЗэфIигъэкI а лэжьыгъэ купщIафIэхэм Джатокъуэм пщIэрэ щIыхьрэ къыхуахьащ. 2011 гъэм абы къыфIащащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъагэр, къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Джатокъуэ Олег и цIэр иратхащ Дунейпсо библиографие щIэнгъуазэм. Ар хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Дон къэрал мэкъумэш университетхэм доктор, кандидат лэжьыгъэхэр пхыгъэкIынымкIэ я диссертацэ советхэм. УФ-м ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм 2018 гъэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Джатокъуэ Олег КъБКъМУ-м и Диссертацэ советым и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ.
- Егъэджэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, жылагъуэ IэнатIэхэм апхуэдиз лэжьыгъэ купщIафIэ щызэфIэзых лъэпкъ щIэныгъэлIым и щIыбагъ къыдэтщ унагъуэ дахи. Олегрэ и щхьэгъусэ Женярэ (ар Борсэхэ япхъущ, и IэщIагъэкIэ егъэджакIуэщ) къащIэхъуащ, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я лъабжьэу ягъэсащ зы хъыджэбзрэ щIалитIрэ. Зэщхьэгъусэхэм абыхэм ирагъэгъуэтащ щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зыщIэхъуэпс IэщIагъэрэ. Залинэрэ Залымрэ экономистщ, Замир дзэ дохутырщ. Ахэр псори унагъуэ дахэ хъужащ. Быным, къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм ирогушхуэ, иропагэ, ягури я псэри доин Олегрэ Женярэ. ЩIэблэр къохъу, адэ-анэ щыпкъэм, гумащIэм, адэшхуэ-анэшхуэ IэфIым пщIэ хуащIу, абыхэм я ущиехэмрэ чэнджэщхэмрэ я гъуэгугъэлъагъуэу, я гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэхэр, я гупсысэ куухэр, дуней еплъыкIэ екIухэр я гъуазэу.
- Къызыхуэтыншэу игъэзащIэ лэжьыгъэхэм, тэмэму ирихьэкI къулыкъухэм щыгъуазэ ухъуа нэужь, къыбгуроIуэ Джатокъуэ Олег нобэкIэ здынэса лъагапIэхэр абы дяпэкIи хузэфIэкIыну Iуэхугъуэхэм я зы Iыхьэу зэрыщытыр. Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм зи зэфIэкIрэ акъылрэ езыхьэлIэу лъэ быдэкIэ гъащIэм хэт еджагъэшхуэм дохъуэхъу ефIакIуэу, узыншэу, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэу иджыри куэдрэ и IэнатIэм пэрытыну, и унагъуэ дахэм яхуэпсэуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.