ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и ГИБДД-м машинэ 58-рэ къратащ

2019-11-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и ГИБДД къудамэм дыгъуасэ иратащ машинэ 58-рэ. Техникэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэгъэпэща Scoda Octavia машинэщIэхэм я фIыгъэкIэ нэхъ мащIэ хъуну хуагъэфащэ гъуэгум зэрытет хабзэхэр къызэпызыудхэм я бжыгъэр.

 

  • Налшык къалэм, Абхъазым и утыкум, щекIуэкIа дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир,  управленэм и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

  • — Сынывохъуэхъу ГИБДД-м и маши­нэхэм къазэрыхэхъуамкIэ, — захуигъэзащ КIуэкIуэм къекIуэлIахэм. — Си фIэщ мэхъу абыхэм фи лэжьыгъэр къызэрыф­щагъэпсын­щIэнур, хабзэр къызэпызыудхэр жэуапым ешэлIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъуфI зэрыфхуэхъунур, гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэм я бжыгъэм зэрыфхухэгъэщIынур. Фигу къэзгъэ­кIыжынщи, Урысей Федерацэм и Президентым и унафэкIэ къыхалъхьа «Гъуэгум шынагъуэншэу тетын» программэм ипкъ иткIэ къащэхуауэ аращ мы машинэхэр. Мы Iуэху дахэр къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу къэхъуащи, нэщэнэфIу къысщохъу, фи лэжьыгъэр узыншэу ефхьэ­кIынуи си гуапэщ.
  • Мамхэгъ Назир къыщыпсэлъам къыхигъэщащ гъуэгум зэрытет хабзэхэр къы­зэ­пы­зыудхэм я бжыгъэр мы гъэм процент 18,5-кIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар.
  • Машинэ 58-р тIурытI-щырыщу трагуэшащ КъБР-м и районхэм, 33-р къалащхьэм къы­дэ­нэнущ.
  • Фырэ Анфисэ.