Жэщ-махуэ зимыIэ къулыкъу
2019-11-09
- КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм къэрал псом и гъусэу ягъэлъапIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэм и махуэр. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэр къызэгъэпэщынымрэ ар зэфIэувэнымрэ ди Хэкум и тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ.
- Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и тхыдэр 1718 гъэм къыщожьэ. Пащтыхь Пётр Езанэм а зэманым жылагъуэ хабзэр зыхъумэну полицэ Урысейм къыщызэригъэпэщауэ щытащ.
- 1917 гъэм къэхъуа Октябрь революцэм иужькIэ махуищ нэхъ дэмыкIыу РСФСР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и ЦIыхубэ комиссариатым (НКВД) къыдигъэкIащ «Рабочэ милицэм и IуэхукIэ» унафэр икIи полицэр рабочэ милицэ хъуащ. Ар щIэдзапIэ хуэхъуащ къэралыщIэм хабзэр щыхъумэным и лъэныкъуэкIэ щекIуэкIыну лэжьыгъэшхуэм. Езы махуэр 1962 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ, а илъэсым фокIадэм и 26-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ.
- Зи гугъу тщIы махуэм и тхыдэм мыри щIыдгъужынщ. СССР-р лъэлъэжа нэужь, абы и фIэщыгъэм зихъуэжащ — Урысей милицэм и махуэ. 2011 гъэм гъатхэпэм и 1-м «Полицэм и IуэхукIэ» законыщIэм къару игъуэтащ, икIи Урысей Федерацэм и Президентым а гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къыдигъэкIа Указ №1348-м ипкъ иткIэ щэкIуэгъуэм и 10-р — УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэу ягъэуващ.
- ФIы куэд яхужыпIэфынущ хабзэхъумэхэм. Абыхэм ди къэралым и лъэхъэнэ псоми лъэужьыфI къыханащ, лIыхъужьыгъэ нэскIэ гъэнщIауэ. Мыри къыхэдгъэщыпхъэщ: революцэм и ужькIэ гуащIэрыпсэухэм я гугъащ Граждан зауэр иухрэ псэукIэщIэ зэтраухуэмэ, щIэпхъаджагъэ псори кIуэдыжыну икIи милицэм къэралыр хуэмеижыну. АрщхьэкIэ, а псори гугъэ къудейуэ къыщIэкIащ. Абы и закъуэкъым: щIэпхъаджагъэ зэралэжь IэмалыщIэ куэд къагупсысырт, апхуэдэ хьилагъэхэр сэтей къащIын, бзаджащIэхэр яубыдын папщIэ хабзэхъумэхэм щIэныгъэ яIэн, лIыгъэ яхэлъын хуейт. Зэманым къигъэлъэгъуащ абыхэм ар зэрахузэфIэкIар.
- Урысей къэралыгъуэм и хабзэхъумэ IэнатIэм щIыхь зиIэ и хабзэхэм пащэу, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэми я къалэныр хьэлэлу ягъэзащIэ. ЩIэпхъаджагъэм пэщIэтынымкIэ, жылагъуэ хабзэр республикэм къыщызэгъэпэщынымкIэ къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIах. Куэдрэ къэхъуащ абыхэм я IэнатIэхэм пэрыту я псэр щата. Абыхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм пэрыувэ лэжьакIуэщIэхэм я дежкIэ щапхъэщ.
- Сыт щыгъуи хуэдэу, ди полицэр и махуэшхуэм IуощIэ жэуаплыныгъэ зэрахьыр, я лэжьыгъэр къазэрыщыхъур нэхъыщхьэу къэзыгъэлъагъуэр цIыхухэм къыхуащI дзыхьыр, ахэр щIэпхъаджагъэхэм щахъумэныр зэрыарар зыхащIэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, езыхэм я гуфIэгъуэ махуэми полицэм и лэжьакIуэхэр я IэнатIэхэм пэрытынущ. Абыхэм зэи ящыгъупщэ хъунукъым къапэщыт къалэнхэр. ЦIыхубэми къагуроIуэ мамыру дыпсэуным теухуауэ абыхэм къалэнышхуэ зэрагъэзащIэр. Урысейм и цIыхухэм полицэм и лэжьакIуэхэм пщIэшхуэ хуащI.
- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэм и махуэмкIэ министерствэм и гупым, абы и ветеранхэм узыншагъэ мыкIуэщI, насып, мамырыгъэ, фIыгъуэрэ зэIузэпэщыгъэрэ яIэну, Урысей Федерацэм и сэбэп зыхэлъхэр яхъумэу зыпэрыт, мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэм дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр къыщахьыну ди гуапэщи, дэри ди гум къыбгъэдэкIыу дохъуэхъу нобэ зи махуэр зыгъэлъапIэ хабзэхъумэхэм.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.