Шереметьевхэ, Шереметевхэ, Щэрмэтхэ
2019-11-09
- Тхьэм псори ехъумэ
- Шереметьевхэ я лъэпкъ къыхуеджэныгъэ
- Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ я тхыдэм щызекIуэ фIэщыгъэхэм гушхуэныгъэ лей къыпхэзылъхьэ цIэ зыбжанэ ущрохьэлIэ. Абыхэм я щапхъэщ «Шереметьев» унэцIэр. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэр зэрызэдэлажьэм и щапхъэщ хамэ щIыпIэ къыщежьэу урысыбзэм хэпщIа хъуа а унэцIэр. Урыс лъэпкъыр и тхыдэ гъуэгуанэшхуэм кърикIуэху, ар зэуа къудейкъым, атIэ щэнкъэщэхун Iуэхухэми хэтащ, апщIондэху тырку лъэпкъхэм — печенегхэм, половцхэм, тэтэрхэм, чувашхэм, башкирхэм, къэзахъхэм къахэкIахэм унагъуэ даухуэурэ къекIуэкIащ. Аращ къызыхэкIар фIэщыгъэщIэхэр, нэхъ иужьыIуэкIэ унэцIэщIэхэр къэунэхуныр.
- «Шереметьев» унэцIэм къежьапIэ хуэхъуа лъабжьэм улъыхъуэмэ, ущылъыхъуапхъэр губгъуэ абрагъуэ мэхъу, зы псалъэм адрейр IуигъэкIуэту къыпфIэщIу. Ауэ «пэжыр мыращ» жыпIэу зы закъуи зэрыпхуэмыукъуэдийм дэтхэнэ хуэгъэфэщэныгъэми и хьэтыр лъагъун хуейуэ къегъэув. УнэцIэм лъабжьэ хуэхъуар «Шеремет» е «Шереметь» цIэрщ. Нэхъыбэу ар зыхуахьыр чувашыбзэкIэ къикI «тхьэмыщкIэ, ибэ, фаджэладжэ, факъырэ» мыхьэнэхэрщ. Езы псалъэр персыбзэм къыхэкIауэ хуагъэфащэ: «seremet» жиIэмэ, «укIытэ» мыхьэнэ иIэщ. Абы къытехъукIыжауэ тыркубзэхэм хэтщ: «ягъэукIыта», «зи напэр траха», «шыIэныгъэ зыхэлъ», «укIытэх», «Iей», «зэраншу» мыхьэнэ зиIэ псалъэхэр.
- Языныкъуэ хуэгъэфэщэныгъэхэм япкъ иткIэ «Шереметь» цIэр нэтемыгъа-хуэ псалъэхэм ящыщын- кIи хъунущ. АпхуэдэцIэхэр сабийхэм фIащырт ер кърамыгъэуалIэу щхьэщахын папщIэ. А цIэр зезыхьэр бейуэ, насыпыфIэу, игурэ и щхьэрэ зэтелъу дунейм тетыну щыгугъхэрт.
- НэгъуэщI зы еплъыкIэм ипкъ иткIэ, «seremet» псалъэм и мыхьэнэр «псынщIэу зекIуэ, гуащIэ» жыхуиIэхэращ. А цIэр фIащынкIи хъунут шы зехуэным къыхуигъэщIа цIыхум, сытми, шыхъуэцIэу къыщIэкIынри зыхуэIуа щыIэкъым. «Шереметев» унэцIэм и нэхъыжьым, псалъэм папщIэ, и цIэ-унэцIэу щытащ «Алексей Кобыла».
- «Шереметь» цIэ лейр фIащынкIи хъунут цIыху мыщIым, укIытэхым, апхуэдэ дыдэу гуауэ куэд зышэча тхьэмыщкIэм.
- «Шеремет» псалъэр «сармат» псалъэми ещхьщ. Абы лъабжьэ хуэхъункIи хъунущ «щIыпIэ захуэ, джафэ» мыхьэнэр. Тафэм «шермат» хужаIэу щытащ. А псалъэрауэ хуагъэфащэ «сармат» лъэпкъыцIэр къызытехъукIари.
- «Шереметев» унэцIэр къыщежьа дыдэ зэманри щIыпIэри ящIэркъым. Япэ дыдэ абы ущрихьэлIэр XVI лIэщIыгъуэм епха дэфтэрхэрщ: Мотякин и къуэ Шеремет (1551 гъ.), Хлуднев Шеремет Григорий и къуэ (XVI лIэщIыгъуэм ику), Шеремет-Беззубцев-Кошкин Андрей, боярин (1578 гъ.)
- Шереметевхэрэ Романовхэрэ къызытехъукIар зылIщ — ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Кобылэ Андрейщ. Кобылэ и къуэм и къуэрылъхуу щытащ «Шеремет» цIэ лейр зезыхьа Беззубцев Андрей Константин и къуэр. Шеремет Андрейщ къызытехъукIар Шереметевхэ. Шеремет Андрей и къуэ нэхъыжь Иванщ япэ дыдэу «Шереметев» унэцIэмкIэ ятхар. Ар 1521 гъэм кърым тэтэрхэм драгъэкIуэкIа зауэм хэкIуэдауэ щытащ.
- 1706 гъэ пщIондэ Шереметевхэ уэркъыу, урысыбзэкIэ «боярин» жыхуаIэм хуэдэу щытащ. 1706 гъэм урыс дзэзешэу, къэрал лIыкIуэу, фельдмаршалу, Пётр Езанэм и блыгущIэту щыта Шереметев Борис Пётр и къуэр «граф» ящIащ. Абы къытепщIыкIащ Шереметевхэ я граф лIакъуэр. Аращ япэ дыдэу Шереметевхэ ящыщу гъуазджэм дихьэхар, псалъэм папщIэ, театрым, макъамэ зыщIэлъ теплъэгъуэхэм мылъку тезыгъэкIуэдэн щIэзыдзар. Нобэ Мэзкуу и Iэгъуэблагъэм ит щIапIэхэу Останкинэ, Кусковэ, Склифосовскэм и цIэр зезыхьэ институтыр здэщыIэ «Староприимный дом» жыхуаIэу щытам, Бытырбыху дэт «Фонтанный дом» жыхуаIэхэм щеплъкIэ, цIыхухэм я гум фIыщIэ илъу ягу къагъэкIыж ахэр псори а цIыху телъыджэм и гуащIэ къызэрикIар. Борис Пётр и къуэми, абы и щхьэгъусэ Нарышкинэ Аннэ Пётр ипхъуми, Шереметевхэ ящыщ адрейхэми я теплъэхэр урыс сурэтыщI цIэрыIуэ Аргунов Иван и лэжьыгъэхэм щыболъагъу.
- Адыгэхэм ящыщу япэу «Щэрмэт» цIэр е «Шереметьев» унэцIэр къэзыщтар мыращ жыпIэу нобэ пхужыIэну къыщIэкIынкъым. ИтIани Къэбэрдейм и тхыдэм а унэцIэр гъэщIэгъуэну къыхощ.
- 1805 гъэм Къэбэрдейм и пристав генерал-майор Дельпоццо Иван Мысост Рослъэмбэч и нэIэ щIэту Псыжь деж къэIэпхъуэжахэм я гугъу щищIым, уэркъ лIакъуэм щыщ «Шереметев» унэцIэр зезыхьэ унагъуипщIым я цIэ къреIуэ. Ахэр «Жантемырхэ я къуажэкIэ» зэджэ щIыпIэм пэгъунэгъуу тIысауэ щытащ. Нобэрей адыгэ Щэрмэтхэр абыхэм къатепщIыкIауэ къалъытэ.
- 1793 гъэм дунеяплъэ Паллас Пётр адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я IэпхъуэкIэр къигъэлъагъуэу картэ зэхигъэувауэ щытащ. Абы къыхощ Гум цIыкIу и псыхъуэмрэ абы къыхэлъадэ Березовкэ, Ольховкэ псыежэххэмрэ, иджыпстурей Кисловодск (Нартсанэ) пэгъунэгъуу. XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм абдежым абазэ-тапантэ жыхуаIэ лъэпкъым щыщ унагъуэхэр Жантемырхэ я унафэм щIэту щыпсэуащ. 1825 гъэм а Жантемырхэ ящIхэращ Кисловодск станицэр зытращIыхьауэ щытар. Абазэхэри адыгэхэри я пIэ къинэжащ. Гум цIыкIурэ Аликоновкэ псыежэхымрэ щызэхэлъэдэж щIыпIэм Къуэн Алий и къуажэ щаухуауэ щытащ.
- 1865 гъэм бгырыс къуажэхэр зэхагъэхьэж хуэдэурэ, иджы Красный Восток (а зэманым — «Кумско-Лоовский аул») цIэр зезыхьэм ягъэIэпхъуэну щыхагъэзыхьым, Жантемырейм щыщ унагъуэ щхьэхуэхэм Iэпхъуэн ядатэкъыми, ахэр хуит ящIауэ щытащ Къэбэрдейм, Балъкъыпсым и Iуфэм Iэпхъуэну. А зэман дыдэм Кисловодск пэгъунэгъуу щыса Абыкъухьэблэм дэс абазэ унагъуэ зыбжанэ Къэбэрдейм, Къулъкъужын Ищхъэрэмрэ Ипщэмрэ Iэпхъуауэ щытащ. Жантемыр къуажэхэм иIэпхъукIахэм Малкэ, Къармэхьэблэ, Сэрмакъ къуажэхэр яухуащ. Iэпхъуахэм, шэч хэмылъу, Щэрмэтхи яхэтащ. Абы щыхьэт тохъуэ а унэцIэр зезыхьэхэр а зи гугъу тщIа къуажэхэм зэрыщыпсэур. Дзэлыкъуэ районым и администрацэм и лэжьакIуэ Щэрмэт Руслан щыгъуазэ дызэрищIамкIэ, Малкэ Щэрмэтхэ ящыщу унагъуи 8, Къармэхьэблэ — 3, Совхознэм — 2, Дзэлыкъуэкъуажэ — 1 дэсщ. Щэрмэтхэ я унагъуитI дэсщ Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэми. Абыхэ къахэкIащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ.
- Щэрмэтхэ Балъкъ зэрыIутIысхьам теухуа нэгъуэщI зы тхыди щыIэщ. Ахэр псори Красный Восток къуажэм щыщу къалъытэ. Щэрмэт Мусэбий жиIэ хъыбарым ипкъ иткIэ, Щэрмэтхэ язым пщы гуэррэ абы иврэ иукIат. Абы къыхэкIыу, и къуэшыр щыхьэту къэувын хуейт, и Iыхьлыр игъэкъуаншэу, ар хабзэм къезэгъыртэкъым. Ар къамыгъэхъун папщIэ, зэкъуэшхэр жэщым Малкэ Iэпхъуащ, абы икIыжри, Къармэхьэблэ дэтIысхьахэщ.
- Нобэрей Щэрмэтхэ пщIэрэ щIыхьрэ пылъу зэрахьэ я унэцIэр. Я бжыгъэр здынэсым теухуауэ шэч къызытумыхьэн щыхьэт щыIэкъым, Мэзкуу нэмыщI. Иджыпсту Мэзкуу «Шереметев» унэцIэр зэрахьэу унагъуитI щопсэу; «Шереметьев» жаIэу затхыжу унагъуэ 70 щопсэу, «Шеремет» унэцIэр зэрахьэу — унагъуэ 16.
- Интернетым къыдит Iэмалхэм, псалъэм папщIэ, «вКонтакте» жыхуаIэ зэпыщIапIэм зыщыхуэдгъазэм, гуп щхьэхуэ щыIэу къыщIэкIащ «Шереметьевхэ — пщIэ зыхуэфащэм зэрихьэ унэцIэ лъапIэ» («Шереметьевы — достойная фамилия для достойного»). КъызэрыщIэкIымкIэ, ар зезыхьэхэр цIыху 400-м щхьэдох, щыпсэу щIыпIэхэм зэры-Урысейуэ къызэщIиубыдэу: Мэзкуу, Абакан, Новгород Ищхъэрэ, Санкт-Петербург, Киров, Тулэ, Новосибирск, Хабаровск, Красноярск, Омск, Волгоград, Петрозаводск, Пятигорск, Североморск, Ивановэ, Вологдэ, Раменскэ, Налшык, н. УнэцIэм иджыри ущыхуозэ Алматы, Минск, Астана, Донецк, Одессэ къалэхэм. «Одноклассники» жыхуаIэ зэпыщIапIэми цIыху 200-м нэс зыхэт гуп щылажьэу къыщIэкIащ: «Дэ ды-Шереметьевхэщ» и фIэщыгъэу.
- Куэд щIакъым Шереметьевхэ Бытырбыху зэрыщызэхуэзэрэ. ПщIэ зиIэ лъэпкъым щыщхэр къикIащ США-м, Мароккэм, урысей къалэхэм. ЗэIущIэм «Фонтанный дом» жыхуаIэ, 1918 гъэ пщIондэ Шереметьевхэ ейуэ щыта сэрейр зэраухуэрэ илъэс 300 зэрырикъур и щхьэусыгъуэт. Иджыпсту ар къызэрагъэпэщыж, лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэфIэкIащ. Сан-Францискэ къикIа Шереметьев Георгийрэ Мароккэм къикIа Шереметьевэ Прасковьерэ фIы дыдэу урысыбзэкIэ псалъэхэрт, я лъэпкъым и тхыдэр езыхэми ящIэу, къыкIэлъыкIуэ щIэблэми лъагъэIэсу.
- 1917 гъэм къэхъуа революцэм и ужькIэ Шереметьев псори Урысейм икIакъым. Мэзкуу щопсэу граф Шереметьев Сергей и къуэрылъху-пхъурылъху бынхэу Евдокиерэ Голицын Андрейрэ.
- Шереметьевхэ зэи я лъэпкъ къыхуеджэныгъэр зыщагъэгъупщэркъым: «Тхьэм псори ехъумэ».
- КIУЭКIУЭ Лейлэ,
- КъБКъУ-м ономастикэмрэ социально-политикэ
- къэхутэныгъэхэмкIэ и лабораторэм и унафэщI.