«Евгений Онегин» романыр – адыгэбзэкIэ
2019-11-09
- «Акрополь» шхапIэ-нэгузегъэужьыпIэ центрым щекIуэкIащ УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, «Зауэм и бынхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI, «Эстафета памяти» проектыр зыгъэхьэзыра Щэуей Мидэ Пушкин Александр и «Евгений Онегин» романыр адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ тхылъу къызэрыдэкIам теухуа пшыхь гукъинэжыр.
- Ар къызэIуахащ Щэуей Мидэ и псалъэхэр зыщIэлъ «Гъагъэ, си Хэку!» уэрэдымкIэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу КIэхумахуэ ФатIимэрэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ, Таз ФатIимэ зи унафэщI «Шэху уэздыгъэ» творческэ студием екIуалIэ ныбжьыщIэхэр удихьэхыу адыгэбзэкIэ къеджащ усэу тха «Евгений Онегин» романым щыщ пычыгъуэхэм.
- — Щэуей Мидэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ хабзэр и лъабжьэу сабийхэр зэрыбгъэсэну Iэмалхэм ятеухуауэ курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къыщагъэсэбэпын тхылъ щхьэпэр, тхыгъэ купщIафIэхэр зэредзэкI, и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд 15 ягъэзащIэ, — къыхигъэщащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIа, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтым и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ХьэкIуащэ Мадинэ. — Филологие щIэныгъэ имыIэми, художественнэ тхыгъэхэр зэдзэкIыным хуемыджами, Мидэ и бзэр зэрыдахэм, зэрыкъулейм и фIыщIэщ а лэжьыгъэм зэрыпэлъэщыр.
- «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Бекъул Iэниуар зэхыхьэм фIыщIэ щыхуащIащ, Щэуей Мидэ илъэс 25-кIэ адыгэбзэкIэ зэридзэ- кIа «Евгений Онегин» лэжьыгъэм и хъыбарыр зэрызэхихыу, и бжыгъэ-кIэ 2000 хъууэ езым и мылъкукIэ тхылъыр къызэрыхудигъэкIам папщIэ.
- — «Евгений Онегин» романыр илъэс 40-кIэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ Тхьэгъэзит Зубер, — жиIащ радиом и къудамэм и унафэщI, журналисткэ, зэдзэкIакIуэ Мэремкъул Ларисэ. — ЗэдзэкIакIуэ щIэныгъэ бгъэдэмылъми, урыс тхакIуэшхуэм и тхыгъэм зымащIэкIи къытемыкIыу Щэуей Мидэ ар ди бзэм къызэрыригъэтIэсам, тхыгъэр зэдзэкIа мыхъуу, адыгэбзэкIэ тхауэ къызэрыпщыхъур и щыхьэтщ лэжьыгъэр ныкъусаныгъэншэу къызэрехъулIам.
- Щэуей Мидэ адыгэ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къызэрехъулIам, абы и зэфIэкIым, бзэ дахэ зэрыIурылъым теухуауэ пшыхьым къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIо Борис.
- Щэуей Мидэ фIыщIэ яхуищIащ тхылъыр къыдигъэкIынымкIэ къыдэIэпыкъуахэм, пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ къыщыпсэлъахэмрэ. Пшыхь гуапэр ягъэдэхащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэрэ КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсиятрэ.
- Мидэ и лэжьыгъэм и пэублэ псалъэм щыжиIэм щыщ фыщызгъэгъуэзэнщ:
- — Урыс литературэм и лъабжьэр зыгъэбыдауэ къалъытэ Пушкин Александр и бзэ лъэщымкIэ игъэпса романыр си анэбзэмкIэ къэпIуэтэж зэрыхъум, адыгэбзэр абы зэрыпэлъэщым гушхуэныгъэ къызитурэ зэздзэкIа тхылъщ «Евгений Онегин»-р. СэркIэ мытынш лэжьыгъэм гуащIэрэ зэману ихьар къыщIызэмыхьэлъэкIар си бзэм хузиIэ лъагъуныгъэрщ, абы хуэсщI пщIэрщ, и зэфIэкI иныр утыку къисхьэну сызэрыщIэхъуэпсырщ.
- ИпэжыпIэкIэ сыхуейщ гъащIэ кIыхьрэ гъуэгуанэ гугъурэ къызэзынэкIа адыгэбзэр нобэ дэтхэнэ адыгэ унэми щыIуну, ди хабзэ дахэр, ди фащэ гъуэзэджэр, ди IуэрыIуатэ къулейр тхъумэну, щIэблэр а псом щIэтпIыкIыну. Си лъэпкъ мащIэм и дэтхэнэ псэри хэкупсэу щытыныр си хъуэпсапIэщ.
- Дэ дынасыпыфIэщ! ЛIэщIыгъуэ минхэм къапхыкIри, ди нобэм къэсауэ зыдохьэ адыгагъэр, иджыри ди цIыхур егъэукIытэ «уадыгэкъэ уэ?» жыхуиIэ упщIэм, адыгэ цIыхубзхэм ягъэхьэзыр лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа шхыныгъуэхэр, ягъэбагъуэ адыгэш лъэпкъыфIхэр, IэпэIэсэхэм къагъэщIэрэщIэж Iэщэ-фащэм хащIыхь тхыпхъэ телъыджэхэр. Дауэдапщэхэр зэрыдах хабзэхэр адыгэ къупхъэм ирагъэзэгъэжыну елэжь-хэр къытхэкIащи, хамэжь къащIихуауэ дызытегузэвыхьа щыIами, зэрагъэпэщыжынщ. А псори фIым дыщызыгъэгугъщ. Ауэ щыIэщ ар къыдэмыхъулIэнкIэ хъуну дызыгъэшынэ. Ар ди анэдэлъхубзэм куэдым хуаIэ хъуа щытыкIэращ. Адыгэ гъащIэм адыгэбзэр хэмытми ныкъуэ мыхъуу къэзылъытэхэм лъэпкъым ирадзыфыну удыныр мыгъущыжынщ. ДринасыпыфIэу жыхуэсIа псори дизыгъэIэр, зезыгъакIуэр, лъэпкъ нэщэнэу зыгъэувыр адыгэбзэращ. Ар щымыIамэ, адыгэ лъэпкъи, абы и нагъыщэ-нэщэни щымыIэжу аращ.
- «Евгений Онегин»-р зэздзэкIыу, абыкIэ хэти и фIэщ сщIыну сыхущIэкъуащ ди анэдэлъхубзэм къулеягъэу, IэфIагъэу, гуапагъэу, Iущыгъэу щIэлъыр, зэхэтыкIэ дахэм и IункIыбзэу зэрыщытыр.
- Мы тхылъыр къэзыщтэну дэтхэнэми сыщогугъ, абыкIэ акъылэгъу къыздэхъуу, ЮНЕСКО-м кIуэдыж бзэхэм хибжа ди адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным телэжьэну, быныр абы ирипсалъэу, иригупсысэу игъэсэну», — етх Мидэ, адыгэ псоми захуигъазэу.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр БИТОКЪУ Маринэ трихащ.