«Мэртэзей» жыг хадэ
2019-11-09
- Иджыблагъэ Тэрч къалэм къыщызэIуахащ «Мэртэзей» жыг хадэ зыгъэпсэхупIэр.
- А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Правительствэм и унафэщI Мусуков Алий, Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед, щIыналъэм ис нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ Хьэжу Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ХьэщIэхэр фIэхъус псалъэкIэ къригъэблэгъа нэужь, Дадэ МуIэед жиIащ 2017 гъэ лъандэрэ яухуэ зыгъэпсэхупIэр зэрызэфIагъэхьар. Дадэм къыхигъэщащ КъБР-м и унафэщIхэм я фIыщIэкIэ щIыналъэр федеральнэ программэ зыбжанэмрэ лъэпкъ проектхэмрэ зэрыхагъэхьар. Абы фIыщIэ яхуищIащ паркыр зыухуа «СК-Строй» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм. Лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэрызэфIахам папщIэ абыхэм иратащ щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр.
- Мусуков Алий Тэрч щIыналъэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ, узыншагъэ, дэрэжэгъуэ щымыщIэну, жыг хадэр цIыху кIуапIэ хъуну. Правительствэм и УнафэщIым я цIэ къриIуащ илъэс куэд ипэкIэ мы къалэм и паркым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм. Абы къыхигъэщащ мы зэманым щIыналъэм унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыужьыныгъэ зэригъуэтым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зэримыIэр.
- «СК-Строй» ухуакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Быж Суфьян зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм зыгъэпсэхупIэ хадэм ехьэлIа лэжьыгъэм и ещанэ (иужьрей) Iыхьэр гъэзэщIэным яужь ихьэри, къарууэ яIэр ирахьэлIащ: метр зэбгъузэнатIэ 280-м асфальт тралъхьащ, плиткэ екIухэр метр зэбгъузэнатIэ 580-м иралъхьащ, гъуэгубгъухэм уэздыгъэ щагъэуващ. Абы къищынэмыщIауэ, паркым жыгыщIэ цIыкIухэр хагъэтIысхьащ, итахэр яухъуэнщIащ. Псори зэхэту зыгъэпсэхупIэ паркым гектарищым нэблагъэ хухахащ.
- Къалэхэр зэIузэпэщ щIыным теухуа къэрал программэм и фIыгъэкIэ джылахъстэнейхэм хуаухуа зыгъэпсэхупIэ хадэм и фIэщыгъэр езы къалэдэсхэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэмкIэ къыхахащ.
- «Мэртэзей» жыг хадэр къызэрызэIуахым иращIэкIа гуфIэгъуэм щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр хэтащ.
- Инэрокъуэ Данэ.