Джарым Аслъэн ягъэлъапIэ
2019-11-09
- Адыгэ Республикэм и Правительствэм и Унэм щэкIуэгъуэм и 7-м щызэхэтащ щIыналъэм и япэ президенту щыта Джарым Аслъэн Алий и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъум ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.
- Кавказ Ищхъэрэм хы-хьэ щIыналъэхэм я унафэщIу щытахэм ящыщу зи Iулыджыр нэхъ лъагэхэм халъытэ нэхъыжьыфIым ехъуэхъуну зэхуэсым кърихьэлIат республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Абхъазым и Президент Хаджимбэ Рауль сымэ, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм я лIыкIуэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм къабгъэдэкI хъуэхъу гуапэкIэ Джарымым зыхуигъэзащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- «ГъащIэ гъуазэу къыхэпхауэ узытетымрэ къэпкIуа гъуэгуанэмрэ я щапхъэ дахэщ Хэкум и къуэ пэжым къызыхэкIа цIыхубэм, къыщалъхуа щIыналъэм, къэралым хьэлэлу къулыкъу яхуищIэным фIыгъуэ куэд къызэрыдэкIуэм. Ди къэралым и дежкIэ гугъуу щыта лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэм уэ пхузэфIэкIащ Адыгейм щыIэ жылагъуэ-политикэ щытыкIэ тэмэмыр, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэфIхэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ пхъумэн, апхуэдэуи щIыналъэм фIы къызыхудэкIуэну, зызыдиужьыну Iуэхухэр зэтебгъэпсыхьащ, республикэмрэ Хэкумрэ я сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным утелэжьащ.
- Аслъэн Алий и къуэ, дэ Уэ цIыху щыпкъэу, унафэщI Iущу икIи зэчий зыбгъэдэлъу укъыдолъытэ, ныбжьэгъу нэхъыжьым, ущиякIуэм хуэдэу укъытхущытщ. Ди гуапэщ уузыншэу, уи къарур мыкIуэщIу илъэс куэдкIэ упсэуну, уи чэнджэщхэмкIэ щIэблэр бущийуэ цIыхубэм уахуэлэжьэну», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэм зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIащ гуапэу зэрырагъэблэгъам папщIэ.
- ЗэIущIэм апхуэдэуи хэтащ икIи зи махуэшхуэр зыхуагъэлъапIэм ехъуэхъуащ АР-м и Къэрал Советым — Хасэм и унафэщI Нарожный Владимир, Адыгейм и Къэрал чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Кубань къэзакъыдзэм и япэ атаман Громов Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ГуфIэгъуэ зэхыхьэм и кIэухым Джарым Аслъэн къызэхуэсахэм, псалъэ гуапэ къыхужызыIахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи щIыналъэхэм, зэрыщыту къэралым заужьыным, лъэпкъхэм яку зэгурыIуэныгъэ дэлъу, зызэхащIыкIыу зэдэпсэуным псори зэдегугъуну къыхуриджащ.
- САНЭ Маринэ.