|
Сентябрь, 2019
2019-09-24
- Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавка- зым ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я епщIанэ фестивалыр къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Абы ирагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, федеральнэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, округым хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-09-24
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья- нэ дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу щыIэ Геккиев Заур, республикэм и прокурор Хабаров Николай, депутатхэр, КъБР-м и Правительствэм и лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым
2019-09-24
- ФокIадэм и 19-м Налшык щызэхэтащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэс. Лъэпкъ Iуэхур егъэфIэкIуэным, зэманым къигъэув лъэпощхьэпохэм пэщIэтыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм тепсэлъхьыну, хэкIыпIэхэр къалъыхъуэну абы щызэхуэсат дунейм пщIэ лъагэ щызиIэ ди нэхъыжьыфIхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэр, министрхэр, Хасащхьэ, ГъэзэщIакIуэ гупхэм хэтхэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, ДАХ-м и зэIущIэм кърагъэблэгъат хьэщIэ лъапIэ-хэр. Абыхэм ящыщт: ДАХ-м и Тхьэмадэхэм я Советым и унафэщI, адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ, УФ-м и Президентым и департаментым къэрал кIуэцI политикэмкIэ и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадим, Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондым и лIыкIуэ Карслиевэ Викторие сымэ, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху
2019-09-24
- Адыгэхэм я махуэм хуагъэхьэзыра пшыхь нэхъыщхьэр фокIадэм и 19-м Музыкэ театрым щекIуэкIащ. ПэIущIэ пэшым хьэщIэхэр къыщрагъэблагъэрт нэхъ цIыкIу дыдэхэр зыхэт къэфакIуэ ансамблхэмрэ пшынауэ цIэрыIуэ Къуэдз Iэбубэчыр и гъэсэн щIалэхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДАХ
2019-09-24
- Адыгэхэм я махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэс 52-рэ зэрырикъумрэ гъэлъэпIэным къыщIидзащ лъэпкъ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа цIыху мини 5-м щIигъур зыхэта, парад щIыкIэу къызэрагъэпэща зекIуэмкIэ. Къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, депутатхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iутхэр, студентхэр, еджакIуэ цIыкIухэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-09-24
- Мы гъэм илъэс еханэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Абы теухуауэ ди республикэм и щIыналъэ псоми зэIущIэ дахэхэр щекIуэкIащ. Аруан къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Зыхьэ Оксанэ къызэригъэпэщащ къуажэ псор зыхэта гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ. Ини цIыкIуи, нэхъыжьыIуи, курыт ныбжьым ити щызэхуэсащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Адыгэм ифI щигъэлъапIэ, и цIыху цIэрыIуэхэр щиIэт, и хабзэ дахэхэр утыку къыщрихьэ, и беягъыр нэрылъагъу щищI, и блэкIамрэ и нобэмрэ щызэригъапщэ махуэм Аруан жылагъуэм и къэкIуэнур зыдэплъагъу и щIэблэри утыку къришащ, лъэпкъым и псэ анэдэлъхубзэр ягъэбзэрэбзащ, нэхъыжьи нэхъыщIи дахэу зэхэтащ, ерыскъы IэфIхэр зытелъ Iэнэ бей къагъэуващ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДАХ
2019-09-24
- ФокIадэм и 24, гъубж
- Кърым Республикэм и Къэрал гербымрэ къэрал ныпымрэ я махуэщ
- ЧэруанакIуэм и дунейпсо махуэщ
- 1801 гъэм КъуэкIыпIэ Куржыр Урысей империем къыхагъэхьащ.
- 1812 гъэм Бородино деж щекIуэкIа зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ икIи щыхэкIуэдащ пщы, дзэзешэ, Суворовым и гъэсэн Багратион Пётр.
- 1938 гъэм Гризодубовэ Валентинэ зи унафэщI кхъухьлъатэм Москва — КъуэкIыпIэ Жыжьэ гъуэгуанэр къемытIэсэхыу зэпичащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-09-24
- Тхьэгъэзит Зубер и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу
- КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей (Дей) къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм. 1960 гъэм къыщыщIэдзауэ 1965 гъэ пщIондэ Тхьэгъэзитыр «Советская молодёжь» газетым щылэжьащ. 1965 — 1971 гъэхэм ар «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактору, итIанэ редактор нэхъыщхьэу щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс тIощIым Зубер ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарщ, 1991 — 1994 гъэхэм абы и тхьэмадэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
2019-09-24
- Щэбэт кIуам Налшык и ипподромым щекIуэкIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм теухуа шыгъажэ. АбыкIэ зэхуащIыжащ 2019 гъэм и шыгъажэ пIалъэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ
2019-09-24
- Мы гъэм илъэситху мэхъури, ди щIыналъэм Iэтауэ щыдогъэлъапIэ Адыгэхэм ди дунейпсо махуэр. АбыкIэ унафэ къащтауэ щытащ 2014 гъэм и шыщхьэуIум и 13-м. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, илъэс 280-рэ ипэкIэ Белград Iэ щытрадза Мамыр зэгурыIуэныгъэм и еханэ Iыхьэм къыщагъэлъэгъуауэ щытащ Къэбэрдейр щхьэхуит зэрыхъуар икIи дуней псом щекIуэкI хуитыныгъэхэм хуэдэ зэриIэр. Илъэситху ипэкIэ яубзыхуа махуэшхуэр Белград къару щызыгъуэта дэфтэрыр хэIущIыIу щащIа махуэм техуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-09-24
-
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Къаскъул Аулият ФуIэд и пхъум узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэ-лу зэрылажьэм къыхэкIыу «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъа- пIэр къызэрыфIащамкIэ дохъуэхъу.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэ.
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
2019-09-24
- «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ) — 3:0 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. ФокIадэм и 21-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.
- Судьяхэр: Стрельцов (Дон Iус Ростов), Шрамко, Къуэшыкъуэ (тIури Белореченск щыщщ).
- «Спартак-Налшык»: Щоджэн, КIэдыкIуей, Клышэ, Сындыку (Запалацкий, 85), Ольмезов, Хьэшыр (Талабкэ, 85), Дэхъу, Iэпщацэ (Салахетдинов, 77), Шаваев, Машэжь (Ашу, 71), Бацэ (Лъэпщ, 89).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
|