Олимп чемпионхэм я цIэхэр яIэт
2019-09-24
- Щэбэт кIуам Налшык и ипподромым щекIуэкIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм теухуа шыгъажэ. АбыкIэ зэхуащIыжащ 2019 гъэм и шыгъажэ пIалъэри.
- МылъкукIэ шыгъажэм щIэгъэкъуэн хуэхъуащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм- рэ Прохладнэ къалэмрэ. Ахъшэ саугъэтри сом мин 400 хъурт.
- Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым и пэ къихуэу къызэхуэсахэм, шыгъажэм хэтынухэмрэ абы и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ Адыгэхэм я дунейпсо махуэмкIэ ехъуэхъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэр къызэщIэзызыубыдэ «Урысейм и ипподромхэр» ОАО-м и щIыналъэ унафэщI Щоджэн Хьэчимрэ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ ягъэлъапIэ махуэшхуэр адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм и дамыгъэу зэрыщытыр, мамырыгъэм, гуапагъэм, зэIузэпэщыгъэм зэрыхуэунэтIар, адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум псэкIэ тегузэвыхь цIыху псори абы зэрызэкъуигъэувэр.
- — Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ щыпсэуми, я адэжь лъахэу къалъытэ ди щIыналъэр. Абы къалэнышхуэ пщэрылъ къытщещI адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, и бзэр, щэнхабзэр, дуней тетыкIэр тхъумэну. Адыгэхэм, ди къэралым ис лъэпкъ псоми ящIыгъуу, хуейщ ялъагъуну, зыхащIэну Урысейр зэрылъэщыр, адэкIи зэрызиужьыр, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Саугъэт нэхъыщхьэм — Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ ягъэувам — щIэбэныну япэу утыку къихьащ илъэсиплI зи ныбжь, нэхъыжь адыгэшхэу 12. Абыхэм километритI гъуэгуанэр къы-зэпачащ икIи сом мин 60 саугъэтыр псоми трагуэшащ.
- КъыкIэлъыкIуэу гъуэгуанэм техьащ «Бжьыхьэ» саугъэтым хьэрычэтыщIэ Абазэхэ Мурат и щIыхькIэ, щIэбэныну илъэситI зи ныбжь хакIуэ шы лъэпкъ къабзэ-хэр. Псоми ятежри, текIуэныгъэр къихьащ «Малка» шы заводым и пцIэгъуэплъ Эллизиум, мастер-тренерыр Алокъуэ Аслъэнджэрийщ, къэзыгъэжар мастер-жокей Сыжажэ Русланщ.
- Илъэсищ зи ныбжь, нэхъыжь инджылыз-адыгэ шы лъэпкъхэр къыщызэдэжащ метр 1600-рэ гъуэгуанэм, велоспортымкIэ Олимп чемпион Шыхъуэ Борис и цIэкIэ ягъэува саугъэтым щIэбэну. Нэхъ лъэщу къыщIэкIар Къэнэмэт Руслан и пцIэгъуэплъ Танкармиещ. Тренерыр Токъмакъ ТIэхьирщ, шууейр Къардэн Арсенщ.
- КъыкIэлъыкIуэу «Бжьыхьэ» саугъэтым (Олимп чемпион Къардэн Мурат и цIэкIэ ягъэувам) щIэбэну метр 1600-м щызэпеуащ илъэситI зи ныбжь шы лъэпкъ къабзэ ещанэ гупыр. Япэ ищри саугъэтыр къылъысащ шу-уей Махъцы Алихъан къигъэжам, «Малка» шы заводым и пцIэгъуэплъ Сагидэ. Мастер-тренерыр Алокъуэ Аслъэнджэрийщ .
- 2019 гъэм и шыгъажэ пIалъэр зэрызэхуащIыжым и саугъэт нэхъыщхьэр (Олимп чемпион Хъущт Аслъэнбэч и цIэкIэ ягъэувар) зыIэрагъэхьэну къызэдэжащ илъэсищ зи ныбжь шы лъэпкъ къабзэхэр. Нэхъ псынщIэу метр 1800-р къызэринэкIри, ар лъысащ Шэшэным щыщ Эдельханов Шапи и Ал Спирит хакIуэм. Тренерыр Къаскъул Олегщ, къэзыгъэжар мастер-шууей Каппушев Магомедщ. Олимп чемпион Мудрэн Беслъэн и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр къихьащ «Налшык» хьэлвэ заводым и пцIэгъуэплъ Плесецк. Ар и гъэсэнщ Балъкъэр Хъусен, къэзыгъэжар япэ категорие зиIэ шууей Щоджэн Iэдэмщ.
- Дыгулыбгъу Жантинэ.