Къэрал дамыгъэхэр иратыж
2019-09-07
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щаритыжащ къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм и пэщIэдзэм абы жиIащ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэ, зыгъэбагъуэ цIыху щэджащэхэм и гуапэу фIыщIэ зэрахуищIыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-09-07
Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэмрэ и хьэщIэхэмрэ. СэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ щысхэщ Мэлбахъуэ Тимборэ, Маршал Жуков Георгий, Ахъуэхъу Аслъэнбий; щытхэщ Хабаровскэ крайм и унафэщI Шитиков Алексей, Лъостэн Чэлимэт сымэ. 1955 гъэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2019-09-07
- Зэман кIыхькIэ пэплъащ адыгэхэр я къэралыгъуэм. Пэжщ, жыжьэ уIэбэмэ, ди лъэпкъым ар мызэ-мытIэу зэраIам шэч хэлъкъым. Дригушхуэ хъунущ дунейпсо тхыдэм щыяпэ мамыр зэгурыIуэныгъэр цIыхубэ цивилизацэм и гущэ Пасэрей Мысырым хьэтхэм илъэс щэ ныкъуэ пIалъэкIэ къращIылIауэ зэрыщытам. Ар ди иджырей гъащIэм зыкIи къыпыщIакъым, къызэрежьам хуэ-дэуи кIуэдыжащ. Адыгэхэр куэдрэ пэгъунэгъу дыдэ хуэхъуащ я хъуэпсапIэм. Мыбдеж дигу къыщыдгъэкIыжынщ пщышхуэ Инал Нэху лъэпкъым и къудамэ псори зы ищI зэрыпэтар. Ауэ, Тхьэм иухатэкъыми, хунэмысу дунейм ехыжащ. НэгъуэщI щапхъэхэри къыпхуэхьынущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ