ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2019

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-09-12

  • ФокIадэм и 12, махуэку
  • Япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэм зыщIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
  • 1492 гъэм Колумб Христофор Америкэр зэрыщыIэр къихутащ.
  • 1698 гъэм Урысей пащтыхьыгъуэм Таганрог къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ.
  • 1934 гъэм Латвием, Литвам, Эстонием политикэ зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщащ. Женевэ Iэ зыщытрадза а зэгурыIуэныгъэр тхыдэм хыхьащ Балтикэм и Антантэ цIэр иIэу.
  • 1953 гъэм Хрущёв Никитэ КПСС-м и ЦК-м и япэ секретару хахащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Екъуб и тыгъэ

2019-09-12

  • Илъэс куэд хъуауэ «Адыгэ псалъэм» къыдолажьэ Тырку Республикэм щыпсэу, Узун-Яйла зыщызыубгъуа адыгэ жылагъуэхэм щыпсэухэм яхъума хъыбар гъэщIэгъуэнхэр зэхуэзыхьэсыж Тэгъулан Екъуб. «Гъуазэрытхэ» и фIэщыгъэу зи гугъу тщIы тхьэмадэм и тхылъыщIэ дунейм къызэрытехьам ди гуапэу щыгъуазэ фыдощI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Мэуэтхэр

2019-09-12

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№ 94, 96, 97, 98, 100,
  • 102, 104, 105, 107, 108-хэм итщ).
  • Вындыржьычу фIыцIэ щхьэц кIэщIыр тIууэ зэгуэхауэ Къатинэ и дамащхьэм тоуэ, и нэ фIыцIэ пIащитIыр хьэщIэхэм къатриубыдауэ зэпеплъыхь, и Iупэ дыкъуакъуэхэр зэрыпапцIэр и нэщэнэщ бзылъхугъэр ябгэм я нэхъ ябгэжу Псатхьэм къызэригъэщIам. Къурш щIыIэр зэрыблагъэм къыхэкIыу, нэрыбгей лъахэр щIыIэтыIэщ, жьапщэщ, дыгъэм укъигъэхуабэркъыми, щхьэгуащэм и лъэнкIапIэм мыщафэ бацэр ешэкIащ, гъуэншэдж фIыцIэм фэ етIуанэу исщ, кIэрыщIа Iэщэр щIихъумэу и дамэ лъэныкъуэм тепхъуа щIакIуэ фIыцIэ Iувым къыщIоплъ дэщI дыжьыныфэ екIур, и Iэ ижьыр хуиту и пкъым гуэлъщ. НыбжькIэ ар Алэдамэ и анэм хуэдэнми, цIыхубзыр жанщ, зэкIужщ, и Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэщ. Абы и набдзэ псыгъуэ къурашэхэр зэхуишауэ, нэщхъкIэ къоплъ Удынэ, и пэ псыгъуэ кIыхьыр еIэтри, хьэуар къызэприхулыкIыу ину къопсалъэ:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-09-12

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, фокIадэм и 16
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Утыку» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.20 «Усэхэр зэрыт дэфтэр» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «ПщIэну ухуеймэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

 Дапщэщ  къыщыпыкIынур  фэрыщIыгъэм?

2019-09-12

  • Депутатхэм къыхалъхьэ жэрдэм куэд — аращ я къалэныр
  • Псори зыхуэгъэзар къэралым и Iуэхухэмрэ цIыхухэм я псэукIэмрэ егъэфIэкIуэныр ара хуэдэщ. Мис абыхэм ящыщ зыр: цIыхухэр хуит мыщIын лэжьапIитI зэдахьу: ар абыхэм къатохьэлъэ. Зы IэнатIэ фIэкIа пэрымытмэ, я гъащIэри узыншагъэри хъума хъунущ…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Къэралхэр зэпызыщIэ

2019-09-12

  • Дыщэм и закъуэкъым лъапIэр
  • Зэманым зызэрехъуэкI, псым и жапIэр зэрихъуэжым хуэдэу. Къэралхэр зэм зэпэгъунэгъу мэхъу, зэми зэбгъэдокIыж. Мыбы географие Iуэху гуэри хэлъкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, псори зэлъытар щхьэж и фейдэ зыхэлъырщ. ИкIэм-икIэжым, абы лъэныкъуэ ирегъэз политикэ лъэпощхьэпохэри. Зэдэлэжьэныгъэр лъэныкъуитIми къазэрыхуэщхьэпэм щыхьэт тохъуэ къэтхьыну щапхъэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Дунейпсо фIыгъуэхэм хабжэ

2019-09-12

  • Салвадор къалэр и инагъкIэ Бразилием щыещанэщ, Баия штатым и щыхьэрщ. Мыбы зэхэзэрыхьауэ щопсэу Африкэмрэ Бразилиемрэ щыщ лъэпкъхэм къатехъукIа цIыхухэр. Тодуз-ус-Сантус псыдэжыпIэ телъыджэм Iус къалэр хуабжьу цIэрыIуэщ ХVII — ХVIII лIэщIыгъуэхэм яухуа унэ, псэуалъэ дахащэхэмкIэ. Къалэм и кур ЮНЕСКО-м и Дунейпсо фIыгъуэхэм ящыщу къалъытэ.

Зыхыхьэхэр: Махуэку

2019-09-12

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» программэхэр къэзыт телекомпанием, «Къэбэрдей-Балъкъэр» радиом, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Горянка», «Советская молодёжь» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм я редакцэхэм, «Налшык» жылагъуэ телерадиокомпанием, «КБР-Инфо» хъыбарегъащIэ агентствэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэр КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист БжэныкIэ Мухьэб Мусэбий и къуэм хуогузавэ абы ипхъу Ервас (БжэныкIэ) Анисэт Мухьэб и пхъур игъуэ нэмысу зэрылIам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха