ЗэрызэхуэIэфIым зеубгъу
2019-09-24
- Адыгэхэм я махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэс 52-рэ зэрырикъумрэ гъэлъэпIэным къыщIидзащ лъэпкъ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа цIыху мини 5-м щIигъур зыхэта, парад щIыкIэу къызэрагъэпэща зекIуэмкIэ. Къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ щIыпIэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, депутатхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iутхэр, студентхэр, еджакIуэ цIыкIухэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
- Дыгулыбгъуей къуажэшхуэм и дэлъэдапIэм дыщыхуэблагъэм, гу лъыттащ автомобилхэм нэхъ хуэм зэрызащIым. Дэ къэтлъэгъуащ адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа шу гупышхуэр гъуэгубгъумкIэ зэрырикIуэри, ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм абыхэм зекIуапIэ зэрыратари. Зи бжыгъэр 100-м нэблэгъэну къытщыхъуа щIалэ гупым нэгъуэщI шухэри адэкIэ-мыдэкIэ къащыхыхьэрт. Адыгэ фащэу ящыгъхэр дыгъэм пэлыдырт плъыфэ зэмылIэужьыгъуэу — хэт и цейр къащхъуэ-хужьыфэу, адрейхэм ейр плъыжьыфэ-морафэу. Ахэр гъуэгум кърикIуэрт, я теплъэкIэ уардэрэ я щхьэхэр лъагэу Iэтауэ.
- ДызыIущIахэм сурэт зыбжанэ ятетхри, Бахъсэн дыдыхьащ. Къалэкум дынэмыс щIыкIэ, машинэхэм лъэныкъуэкIэ зэрыдадзыхыр къэтлъэгъуащ.
- Бжьыхьэпэ мазэм а и махуэр дыгъэпсым щIигъэнауэ хуабэт. Къалэ администрацэм и гупэм къит утыкумрэ ар зыхуэгъэза уэрам бгъуфIэшхуэмрэ цIыху куэд дыдэ щызэхуэсат, я нэгухэр зэлъыIухарэ зэщыгуфIыкIыжхэу.
- Уэрамым и бгъуитIымкIи щиувыкIахэм я зэхуаку къыдыхьэу, япэщIыкIэ жыжьэу, итIанэ нэхъ гъунэгъуу гъуэгукум къыщыунэхуащ цIыкIуи ини, хъулъхугъи бзылъхугъи щхьэхуэ-щхьэхуэурэ щызэгъэуIуа гупышхуэхэр. Япэ иту къакIуэхэм я пашэт адыгэхэм я лъэпкъ бэракъыр уардэу зыщхьэщыбыбыкI, Къэбэрдей драмтеатрым и актёр пажэ, республикэм щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэдрэ абы дэщIыгъухэмрэ. АдэкIэ къакIэлъыкIуащ бжьыфIагъэ нэсрэ зэпIэзэрытагърэ къэзыгъэлъагъуэ нэхъыжьыфIхэр. Ещанэ сатыру кърикIуахэр укъэзыгъэгумащIэт. Зи щыгъын щхъуэкIэплъыкIэхэр дыгъэпсым нурыбэу пэлыд сабий дыгъэл цIыкIухэм, зыкъызэщIакъуарэ егугъупэу, гъуэгукум я лъэр щыщIагъэкIырт, я гъэсакIуэ пажэхэр къащхьэщытрэ къахуэсакъыпэу.
- Бахъсэн къалэ округым хыхьэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэри зыхэта цIыхубэ парадыр Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм я япэ Iыхьэт.
- Къызэхуэсахэр нэхъ дэзыхьэхыу, зи бжьыфIагъэкIэ псоми ефIэкIыжар къыкIэлъыкIуэ теплъэгъуэрат. Адыгэ шууейхэр, зи бжыгъэкIэ 100-м щIигъур, къалэ уэрам нэхъыщхьэм уардэу къызэрырикIуар узыщыщ лъэпкъым лIыгъэрэ дахагъэу бгъэдэлъам уезыгъэгупсыст, ноби къыхуэгъэлъагъуэ дахагъэм гу лъозыгъатэти, еплъ псори — ини цIыкIуи — блэкIхэм ятхьэкъуауэ, я нэхэр тедият.
- Нэжэгужагъэр щебэкI губгъуэм
- Бахъсэн къалэм ищхъэрэкIэ щыIэ и хьэблэм, «Кушмэзыкъуей» цIэр иджыри зезыхьэм, и сэмэгурабгъумкIэ къыщылъ губгъуэшхуэм а махуэм и етIуанэ Iыхьэм щызэхаша Iуэхугъуэхэри телъыджащэт. Дэ шэч къытетхьэркъым, зи нэгу щIэкIахэм ахэр ягу фIыкIэ къызэринэнуми абдежым щагъэхъахэр лъабжьэ лъэщ зиIэ лъэпкъыу дызэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэу зэрыщытми.
- Бахъсэн къалэм хыхьэ жылагъуэхэм дэс лIакъуэхэм я унагъуэ пщIантIэхэр мы гъэми къызэрымыкIуэу екIурэ нэр зыгъэгуфIэу къызэрагъэпэщат. Ахэр хъурейуэ кърагъэувэкIати, утыкушхуэм и гъунапкъэр къэзыгъэлъагъуэт. ТIэкIу япэ зидгъэщынщи, щызэхуэсахэр я щхьэ закъуэ къудейуэ щызэхэмысыжхэу, зым икIмэ адрейм ихьэхэурэ, я гъунэгъу пщIантIэхэм хьэщIэу яхуэкIуэрт, щызэрылъагъухэр зэщыгуфIыкIыжрэ зэхуэжумартхэу.
- «Бахъсэн — си къалэу си лъахэ!» эстрадэ гъэлъэгъуапIэм щыщIидзащ махуэшхуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм. Утыкум хъуэхъу псалъэ щыжаIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Бахъсэн къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, республикэм и щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэм, нэгъуэщIхэми.
- Къалэдэсхэм я гуфIэгъуэр даIэтащ, я нэгу зрагъэужьащ республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ. Концертыр екIуэкIащ сыхьэт зырыз зи кIыхьагъ едзыгъуищу. Зэпыугъуэхэр, псом хуэмыдэжу, игъэдэхащ лъэпкъ хабзэхэм я щхьэжу къалъытэ, куэдым фIыуэ ялъэгъуа кхъуейплъыжькIэрыщIэм. Ар, узэхъуэпсэн хуэдэу, къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэмкIэ и къудамэм и журналист, зэхэшакIуэ Iэзэ Джэдгъэф Беслъэнщ.
- Сабий нэхъ цIыкIухэм я нэгу зыщрагъэужьыфын хуэдэу, утыку абрагъуэм ибгъухэмкIэ къыщрагъэувэкIа аттракционхэри гуфIэгъуэр нэхъри зыгъэдахэт, адэ-анэхэри арэзы къэзыщIт. Апхуэдэуи, зи Iэпкълъэпкъ нэхъ зэщIэува щIалэхэм я зэфIэкIыр щагъэунэхуфын хуэдэу, лъэныкъуэ зырызхэмкIэ къыщагъэунэхуат Iэпщэрыбанэ зэпеуэм хуащIа Iэмэпсымэхэри, хьэлъэ къэIэтынымкIэ зэхьэзэхуэм хухаха плIанэпэри.
- Кушмэзыкъуей жылэм и гупэм къит губгъуэм къекIуэлIахэм яхэтлъэгъуащ Къэбэрдей шууей хасэм хэт щIалэхэри. Абыхэм ящыщ зыщ зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм и Къулъкъужын къудамэм и пашэ Бабыгуей Сосрыкъуэ.
- — Къызэхуэсахэм сахоплъэри, си гур хохъуэ, си псэм зегъэпсэху. ЩIалэгъуалэм дуней гуфIэгъуэ зэрахьэ. Балигъхэри, я нэгухэр зэлъыIухащи, нэфIэгуфIэщ. Адыгэм нобэ я IутIыжыгъуэщ, я Iуэтэжыгъуэщ. Мыпхуэдэ махуэ зыIэтыгъуэ Тхьэм куэдрэ къыдит! Ди адэжьхэр «хьет» жрагъэIэу псэуащи, дэри, Алыхьым жиIэмэ, гъуэгуанэ пэжым дытету, абы дыхуокIуэжри, дызэрыубыдыжауэ, нобэ зэрытлъагъум хуэдэу дызэрыгъэлъапIэу куэдрэ дунейм дытетыну сохъуахъуэ! — и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ Бабыгуейр.
- Дэ дабгъэдохьэ кхъуей- плъыжькIэрыщIэр щекIуэкI хэщIапIэмрэ концерт гъэлъэгъуапIэмрэ я зэхуаку дэт щIыпIэм деж щыт, адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа лIитIым. КъызэрыщIэкIымкIэ, тIури Псыгуэнсу дэс Безырхэ ящыщщ. ЯпэщIыкIэ нэхъыжьым, Мухьэрбий, зыхудогъазэ:
- — Нобэрей махуэр къызэрыпщыхъумкIэ укъыддэгуэшамэ ди гуапэт.
- — Адыгэ лъэпкъым ди гуфIэгъуэщ. Адыгагъэр къыщытIэтыжын хуей махуэщ. Дыздит губгъуэри а Iуэхум хуэщIами ярейщ. «Адыгэ» жытIэмэ, а псалъэм Iэджи къызэщIеубыдэ. Апхуэдэщ цIыхугъэ, лIыгъэ, хахуагъэ, псапагъэ зыхужытIэхэр. А псори ди лъым хэту, дыкъызыхэкIар дымыгъэкIуэду, мы зэманым дызэдекIуэкIыу къыдолъытэри, щIэблэщIэу къекIуэлIахэми нобэ мыбдежым щалъагъур, щызэхахыр, щапхъэ трахыфын хуэдэу, я гум къинэну Тхьэм жиIэ! АбыкIэ дыгугъэу, дэри мы щIыпIэм дыкъэкIуащ.
- — Уи псалъэм къыхэзгурыIукIар аращи, нобэ хуэдэ махуэхэм щызэрихьэлIэхэр, адыгагъэр зищIысыр ягу къагъэкIыж къудей мыхъуу, ди лъэпкъым фIыгъуэу бгъэдэлъахэм адэкIи зэрызрагъэужьын, зэрагъэкIуэтэн Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр къызэрызэдалъыхъуэн хуейм теухуа гупсысэри ягу къригъэхьэнщ.
- Мухьэрбий и псалъэм къыпещэ абы къыбгъэдэт щIалэм.
- — Сэри Безырхэ сащыщщ, си цIэр Арсенщ. Зэхэтхат, Адыгэхэм я махуэр мыпхуэдэу Iэтауэ мы щIыпIэм, Бахъсэн, зэрыщагъэлъэпIэнури, дахэтын мурадкIэ зыкъызэщIэткъуэри, тфIэфIу дыкъэкIуащ. Къыхэзгъэщыну сызыхуейр аращи, нобэ мыбдежым адыгэр куэду щызэхуэсащ, фащэ зыщыгъхэр дахэкIейуэ, уаIуплъамэ уагъэгушхуэу, шууэ къыдэкIахэри бжыгъэшхуэу. А псом дэри дыщымыгуфIыкIыу къанэркъым. Ар сабийхэм ялъагъу, ягу ирохь, йохъуапсэ. Абыхэм, «дэри дытесарэт шы, фащи тщыгъарэт!» жаIэнурэ, ялъагъур я гум къинэжынущ. ИтIанэ, лIакъуэ зырызхэм щыщхэр, зэман къызыхудэмыгъахуэу, езыр-езыру зэрылъагъужыну хущIэмыхьэхэр, нобэ хуэдэ махуэм щызэрылъагъужащ. Абыхэм зэгъусэу Iуэху зэдащIэ, ерыскъы къызэдащтэ. Ари Iэджэ и уасэщ. Мыдрейуэ, уегупсыс зэрыхъунумкIи, нобэ хуэдэ махуэр мы щIыпIэм щыпсэу псоми я зэхуэдэ тхьэлъэIущи, лIакъуэхэм щыщхэр зы пщIантIэм икIыурэ адрейхэм я деж лъагъунлъагъу макIуэ, зэрощIэ, зэролъагъу. ДызыгъэгуфIэщ мы жылэшхуэм адыгэбзэкIэ псалъэу куэд зэрыдэсри, мыпхуэдиз цIыху мы щIыпIэм зэрыщызэхуэсари, ахэр лъэпкъ уэрэдхэм зэрыщедаIуэри, ди къафэкIэхэр зэрыщызрагъэлъагъури. Тлъагъу, щызэхэтх псори хуабжьу дызыгъэгушхуэщ, ди пщIэр къэзыIэтщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ.
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.