Лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэ хуэзыщIа
2019-09-24
- Тхьэгъэзит Зубер и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу
- КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер Мухьэмэд и къуэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей (Дей) къуажэм къыщалъхуащ. Школыр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Къэбэрдей къэрал пединститутым и тхыдэ-филологие факультетым адыгэбзэмрэ урысыбзэмкIэ и къудамэм. 1960 гъэм къыщыщIэдзауэ 1965 гъэ пщIондэ Тхьэгъэзитыр «Советская молодёжь» газетым щылэжьащ. 1965 — 1971 гъэхэм ар «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактору, итIанэ редактор нэхъыщхьэу щытащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэс тIощIым Зубер ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм жэуап зыхь и секретарщ, 1991 — 1994 гъэхэм абы и тхьэмадэщ.
- Тхьэгъэзитым тхэн щыщIидзар 1949 гъэрщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ, поэмэ куэд. Зубер и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIауэ я анэдэлъхубзэхэмкIэ йоджэ украинхэр, латышхэр, куржыхэр, ингушхэр, шэшэнхэр, абхъазхэр, балъкъэрхэр, азербайджанхэр, болгархэр, мэжэрхэр, хьэрыпхэр.
- Езы Тхьэгъэзитым адыгэбзэкIэ ди пащхьэ кърилъхьащ Руставели Шота и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» тхыгъэр, Мечиев Кязим и усэхэр, Пушкин Александр и усэхэмрэ поэмэхэмрэ щыщхэр, нэгъуэщI куэди.
- Къалэн нэхъыщхьэ
- «Зи усыгъэм дунейпсо мыхьэнэ иIэ», «Гумызагъэ» «ЦIыхубэм я гум къыщыуш», «Пэжым хуэпэж», «Мамырыгъэм къыхуезыджэ», нэгъуэщI цIэ куэди фIащащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер и ныбжьэгъу тхакIуэхэм. Акъыл куукIэ гъэнщIа и IэдакъэщIэкIхэм къытрагъэзэжурэ щIэзыплъыкIыж и щIэджыкIакIуэхэм я гум къыщигъэуш гупсысэм и куэдагъымрэ абыхэм ядз къуэпсым и инагъымрэ уи нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ.
- Тхьэгъэзитыр ящыщщ лъэпкъ литературэм гушхуауэ къыхэбэкъуа тхакIуэ зырызхэм, и япэ лъэбакъуэхэм щегъэжьауэ и къэухь къихьынум зыми шэч къытрихьакъым, ауэ и творчествэр апхуэдизу гъэщIэгъуэну зэтепщIыкIыну щымыгугъахэм абы и гъуэгуанэ дахэр я жэуапщ.
- ЦIыхугъэ лъагэм и лIыкIуэ тхакIуэхэм ящыщщ Тхьэгъэзитыр. Усэным хуэIэижь щIалэм и зэфIэкIым, гъащIэм къыщехъулIэхэм, и нэгу щыщIэкIхэм зрагъэхъуэжкъым, зэпIэзэрыту къэкIуэнум хуоплъэ армыхъумэ. Абы и гуащIэр хэкум, лъэпкъым, цIыхугъэм, пэжыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм, лъагъуныгъэм хуэгъэпсащ. ТхакIуэм и гу пцIанагъыр щынэIурытщ и IэдакъэщIэкI куэдым.
- Зубер и ныбжьу е нэхъыщIэу абы и лъэхъэнэгъухэм яхэткъым абы и тхыгъэ купщIафIэхэр зыхэзымыщIа, и жьауэм къыщIэмыхъукIа. Арагъэнщ, дауи, адыгэ усакIуэ нэсым и къалэн нэхъыщхьэри.
- Лъэпкъыр гъуэгу захуэ зэрытетым и нэщэнэщ анэдэлъхубзэкIэ усэ тхакIуэхэр къызэрыщIэхъуэм, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм зэрыщIэджыкIым. Адыгэбзэм иIэ пщIэр нобэкIэ нэхъ лъахъшэ хъуауэ къэзылъытэ щыIэми, ,адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми ецIыху лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэ хуэзыщIа Тхьэгъэзит Зубер.
- Къэбэрдей усыгъэм Тхьэгъэзитым и IэдакъэщIэкIхэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдым и щыхьэтщ усакIуэ цIэрыIуэхэри критик лъэщхэри абы и творчествэм куэдрэ фIыкIэ зэрыпэджэжар. ТхакIуэм и творчествэм нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ фыхуэтщIын мурадкIэ абыхэм ящыщ зыбжанэ ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
- Гумызагъэ
- Тхьэгъэзит Зубер хуэпэжщ гумызагъагъэм и пшыналъэм. Зубер жану зыхещIэ гъащIэр зэрыIэфIри, пэжыр зэрылъэщри, дунейр зэрыдахэри, цIыху гумащIагъэр зэрыкIэухыншэри. Абы къыдэкIуэу усакIуэм къыгуроIуэ гъащIэр махуэшхуэ зэфэзэщу зэремыкIуэкIыр, гуфIэгъуэр зыгъэункIыфI къару бзаджэхэр зэрыщыIэр, а къарухэм теплъэгъуэ мину зэрызыкъагъэлъагъуэр. Уеблэмэ Зубер и тхыгъэ псори зы тхылъ абрагъуэу зэщIэзыIулIар фIымрэ бзаджэмрэ яку дэлъ гужьгъэжьхэм я хэпщэкIэрщ. Гухэщтыншэ еплъыкIэмрэ гупсысэ жейбащхъуэмрэ щIэжеикI усэхэм пасэу къабгъэдэкIащ Зубер, гъащIэ мытыншым и нобэрей дауэдапщэхэм дуней псор зэрагъэзджызджыр макъамэ нэхъыщхьэу епсыхь усакIуэм. А макъамэр жэщи махуэ имыIэжу тхьэкIумэ жанкIэ къиубыдурэ абы псэ хьэлэлкIэ пэджэж цIыхурщ усакIуэм нэкурэ напIэу иIэр. Сэ хызолъагъуэ абы ди зэманым щыпашэ цIыху пэрытым и хьэл нэхъыщхьэр, гъащIэмрэ дунеймрэ цIыхугъэ къабзэкIэ гъэщIэрэщIауэ хъумэнри егъэфIэкIуэнри.
- Дэнэ щIыпIи гъакIуэ, дунейм и фащэ дэтхэнэри къегъащтэ, и гупсысэр блэкIам и Iуэхухэмрэ хуэгъэзауи щIы, псалъэкIэ къэIуэтэгъуей гурыщIэ IэфIхэр бзылъхугъэм зэрыхуигъафIэри къэлъытэ – сытым дежи усакIуэм и гъэфIэн цIыхур псэрэ акъылкIэ зэкIуэлIэжыр иджырей лъэхъэнэ зэрызехьэм и тегъэщIапIэ фIыгъуэхэр кIэпсIупс зыщI къару бзаджэхэр хэгъэщIэнырщ. А мурадыр цIыху хьэлэлхэм дэнэ щIыпIи щызэдаIыгъщ, ар IуэхукIэ хэпщэныр я нэрыгъщ, икIи жьэгу пащхьэ хъуэпсапIэу къэмынэжу, дуней псом и къару узыншэхэр а мурадым къызэрызэщIиIэтар бгъуфIэрэ куууэ къызэрихутэфырщ Зубер ди зэманым и усакIуэшхуэхэм пэбжыпхъэ зыщIар. УсакIуэм псэкIэ игъафIэ фIыгъуэхэр цIыхубэ хьэлэлым дежкIэ джэрпэджэжу щыIурщ тхэным насып къыщишэр. Зубер хуэпэжщ а хъуэпсапIэр къехъулIэным, тхэн IэщIагъэм и гъуэгуанэ бжыгъэншэхэм щыщу нэхъ тэмэм дыдэр къызэрыхихам ар и щыхьэтщ.
- ХузэфIэкIым и мурадыр ебэкIыущ дэтхэнэми тхэн къызэрыщIидзэр. УсакIуэ щIалэхэр дэзыхьэх макъамэ хьэзырхэр мащIэу щытакъым Зубер тхэн щыщIидза лъэхъэнэми, тынштэкъым гъащIэм и гъуэгуанэ нэхъыщхьэр къэбубыдыныр, зэман екIуэкIым и тегъэщIапIэ тэмэмхэр къыхэхы- ныр.
- Тхьэгъэзитым щIэх къыгуроIуэ гупсысэ хьэхур зырыбзэ махэр:
- Къызумытыт, гъащIэ, зыри
- Сэ си гуащIэ зыхэмылъ,
- НэгъуэщI Iэм игъэхьэзыру
- КъысIэщIалъхьэм IэфI щIэмылъ!
- Тхьэгъэзит Зубер хэкур зэрызыхищIэр иджырей цIыхум и еплъыкIэщ, абы дежкIэ хэку зэхэгъэж щыIэкъым, ауэ къыгуроIуэ дэтхэнэ цIыхуми зы хэку фIэкI зэримыIэр. Дэнэ щIыпIэ щыIэми, хэт и бжэщхьэIу ебакъуэми, Зубер игъафIэ цIыхур мы псалъэхэр зыхужиIахэм щыщщ:
- ЩокIуэкI си лъахэм хьэгъуэлIыгъуэ,
- ГуфIэгъуэм гуауэкIэ зехъуэж,
- Си хэку лIыхъужьхэ, сытым щыгъуи
- Ди Iуащхьэмахуэ фогъэпэж.
- ЩIым, хэкум, дунейм и джэрпэджэж сакъыу епI абы и гур, уафэгъуагъуэм и тхьэгъушри дунейм и щэху макъыншэри абы дежкIэ лъапIэщ, псыIэрышэм и дзапэ уэрэдри къуршыпс къиуам и губжь ябгэри зэхуэдэу къебыдыф. ЩIымрэ абы епха нэщэнэхэмрэ Зубер и усэхэм дапщэщи хуейуэ угъурлыуэ щотэдж, ауэ абы къикIыркъым къуаншагъэ лъэпкъ щымыIэжу, гъащIэр нур защIэу зэхэухуэнауэ: къудамэ къутар щIэгъэкъуэн щыхуей къохъу, жыг щиупщIыкIыпхъи щыIэщ. ЕплъыкIэ зэмызэгъхэр зэрызэунтIэIум иджырей гупсысэ пхъашэхэмкIэ епсыхь Зубер и усэхэр, ар хьэл нэхъыщхьэ хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ усакIуэм и лэжьыгъэ псом. Усэмрэ цIыхупсэмрэ зыр зым игъэнэхуу зэхьэлIа мэхъу, хамэм и гуауэр зыхимыщIэм, и гуапэр димыIыгъым, цIыхум и псэр гъужащи — гъащIэ хуэфащэкъым.
- Апхуэдэ щIыкIэкIэ зы чысэм илъу къыщIокI цIыхум и къабзагъэмрэ псалъэм и дахагъэмрэ, фIейр зыгъэдахэ усэ щыIэн хуейкъым, — а гупсысэр усакIуэм и шэсыпIэщ, и еплъыкIэщ, и гъэфIэнщ. Псэрэ псэрэ зэрызэрыщIэ Iэмалхэр бжыгъэншэу къегъуэт усакIуэм, абы и тхыгъэхэм къызэщIаубыдэ лIэщIыгъуэр зыхуэза гупсысэшхуэхэр, дунейм и нэгу щIэкIахэр. А псом я къэIуэтакIуэ мэхъу дунейм и фащэ Iэрыхуэхэр, абыхэм бзэ зэхуагъуэт зэпэжыжьэ пэтми, сыту жыпIэмэ Дон и бынхэм я псэр Кавказ къуршхэм щIатмэ, езы бгырысхэм лъы щагъажэ Дон Iуфэ. Усэныр IэщIагъэу къыхэзыха цIыхум куэдрэ егъэгупсысэ Зубер. Мыр Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIхэм щыщкъым: зэи щыIагъэнкъым и IэщIагъэм емыгупсыс цIыху, абы и мыхьэнэр къыгурыIуэну щIэмыкъуа. Дауи, усэныр адрей IэщIагъэхэм зыгуэркIэ ещхьщ, къапщтэмэ, абы и щэхухэр усакIуэм къищIэну дапщэщи щIохъуэпс, ауэ щыIауэ пIэрэ Iэмэпсымэм и къэгъэсэбэпыкIэр зымыщIэ пхъащIэ е гъукIэ? Апхуэдэщ усакIуэри, абыкIэ зэфIэмыкI пэтми: мыбы зэи гъэпсэхугъуэ иIэкъым, гупсысэм зэщIаIыгъэ, махуэ блэкIам къызэдихьари пщэдейм и жылапхъэхэри усэм хэлъын хуейщ, щIыгулъри щыбэтэн хуейщ, вагъуэ ижари къыхолъатэ, фызабэ нэпсри къыхожабзэ, къалъхуам и макъри къыщоIу. А псом нэмыщIыжкIэ усакIуэм зэхигъэкIын хуейщ: «ЩымыIэ мылIэ — ар щхьэ мыкIуэдрэ?» Ар мыкIуэдын щхьэкIэ щIылъэр уэрэд щыщIэ хъунукъым, усакIуэми «…КъыфIощI — нэху щыхукIэ и гур мыусэмэ, пщэдджыжьым дыгъэр къыщIэмыкIын». Псом ищIыIужкIи усакIуэр яхуз шэчымрэ гурыщхъуэмрэ: «Си пащхьэ къилъ тхылъымпIэ къабзэм сыщысщ сышынэу сеIэбын».
- Хэти щыгъуазэщ усакIуэ нэгъэса дэтхэнэми адрейхэм къащхьэщызыгъэкI еплъыкIэрэ бгъэдыхьэкIэрэ зэриIэм. ЩыIэщ зи усэхэм дунейр «фIыцIэрэ» «хужьу» гуэшауэ къыщызыгъэлъагъуэ. Апхуэдэхэм дежкIэ Iуэхур еух фIымрэ Iемрэ я цIэр къриIуэ къудейкIэ, ахэр зыгуэркIэ зэпымыщIа хуэдэ, я гъуэгуи зэтемыхьэу, щхьэж и лъагъуэ тетыжу. Дунейр IупщIщ, гурыIуэгъуэщ, уи щхьэр щIызэфIэбудыжын щхьэусыгъуэ щыIэкъым. Зэм ухуэзэнщ Iэрыгъэтэджу нэщхъей усэм, зэми усэр уи дзыхь ебгъэз мыхъуну нэщхъыфIэщ, а щытыкIитIри усакIуэ «захуэм» жып зырызым илъу кърехьэкI, «къызэрекIу» елъытакIэ чэзууэ къызэкъуихыурэ.
- Зубер абыхэм ящыщкъым, ар дунейм зэрыбгъэдыхьэр зы еплъыкIэ закъуэкъым: и усэхэм я нэхъыбитIым щогупсыс гъащIэр налъэ зэхуэмыдэу зэрызэхэухуэнам. Лирикэм и хабзэ нэхъыщхьэм екIуу а усэхэм нэгум къыщIагъэувэ дунеймрэ цIыху гъащIэмрэ щекIуэкI къэхъукъащIэхэр Iэджэу зэрызэпыщIар, я увыпIэкIи зэхъуэжэныр зэрамыхамэр. Ар къэзышэр усэхэм гупсысэ хэгъэзыхьар къазэребэкIыр арагъэнщ, пкъы яхуэхъуа образым емыпцIыжу. Языныкъуэхэм деж Зубер икъукIэ хуэIэзэу къегъэлъагъуэ усэм тэмэму укъеджэн щхьэкIэ образ хэлъхэр нэгъэсауэ къыупщытэфын зэрыхуейр. Абы щыгъуэми нэхъыщхьэр нэм къиубыд образ пкъыгъуэхэркъым, атIэ гумрэ псэмрэ зыгъэуш, абыхэм зыхащIэ къэIуэтэкIэрщ. Нэщхъеягъуэм и ныбжь зытелъ усэ и мащIэкъым Зубер, сыту жыпIэмэ цIыху зыщIэгупсысын Iуэхугъуэ мыщхьэпэ дунейм зэримымащIэр усакIуэм къыгуроIуэ. Гум и нэщхъеягъымрэ и нэщхъыфIагъымрэ дапщэщи зыгуэркIэ зэпэлъытащ, щызэхъуажи къохъу, зы тхыгъэм къыщизагъэри мащIэкъым. ФIы-бзаджэ, гуапэ-гуауэ, хьэлэл-хьэрэм, къабзэ-фIей, дахэ-Iей, пэж-пцIы, къ. щыкуэд дунейм ахэр дапщэщи щызэпэщIоувэ. Апхуэдэр я щхьэр течауэ IэпэкIэ димыгъэлъагъуми, усакIуэр йогупсыс абы я хэкIыпIэм, я жылапхъэм, я къэхъукIэмрэ зекIуэкIамрэ, фIым и пIэ бзаджэр иувэн щIэхъум и щхьэусыгъуэхэм, фIыр ищхьэ къэхъун папщIэ гугъуехь куэдым зэрыIууам, абыхэм «зэрафIэкIыфым». Бзаджэр къигъэлъагъуэмэ, абыкIэ и мурадыр фIыр нэхъри игъэдэхэнырщ дэтхэнэ зы тхакIуэ хьэлэлми.
- Абыхэм Зубер ягуохьэ.
- Тхьэгъэзитым и лирикэм икIыхьагъкIэ пхрыкIыу къэлъытапхъэ а хьэлым къешэ усэ ухуэкIэм и зы фащэ нэхъыщхьэ — контраст жыхуаIэр, зэмыщхь зэгуэгъу щIыныр. Усэ куэд дыхуозэ ухуэкIэ тIуащIэ, щащIэ яIэу:
- гурыщIэ зэмыщхьхэр зэгъусэу къызэраIуэтэным тещIыхьауэ. Абы къешэ темэм и зыужьыкIэ гъэщIэгъуэн — еплъыкIэ елъытауэ зегъэхъуэжыныр.
- Зы темэм теухуа усэ зыбжанэ кумылэкIэ зэпха мэхъу, зы лъабжьэм техъукI Iэрамэу заубгъу, гупу (циклу) зэгуохьэ. Ар Iэмал хуохъу цIыхупсэм, гупсысэгъуэм я зыужьыкIэр усакIуэм лъэныкъуэ куэдкIэ къихутэным («Вагъуэиж», «Къру», «Хейхэмрэ мысэхэмрэ») усэхэр зы темэкIэ зэпхащ икIи Зубер дежкIэ нэхъ хабзэщ абы и ухуэкIэр. Макъамэ нэхъыщхьэм и щIэдзапIэ хуэдэу мэIу «зехъуэж дунейм, зехъуэж цIыхупсэм» сатырыр. А псалъэхэр зэрыпэжым зыми шэч къытрихьэркъым, еджэри мэгугъэ гурыфIыгъуэ гуэр абыхэм къызэдашэну. АрщхьэкIэ дунейм цIыхупсэми захъуэж пэтми, усакIуэр зыщIэхъуэпсым ахэр зэрынэмысам къишэр нэпс къызыпыж гуфIэкIэщ:
- Дантес кIэрахъуэ кърихыжкъым —
- Зыхуейр и бзэгумкIэ еукI.
- Аркъудейщ бзаджэм «зэрызихъуэжар». УхуэкIэ и лъэныкъуэкIэ а сатыритIырщ япэ усэм теувыIэпIэ хуэхъур, ауэ усакIуэм абыкIэ игу загъэркъым: гупсысэр «къеуIуа» къудейщ, ар «джэдыкIампIэм» къипщын хуейщ. ИкIи етIуанэ усэм щотэмэм зэзэгъынкIэ Iэмал зимыIэ гупсысэщIэр. IуэрыIуатэм екIуалIэ теплъэгъуэкIэ къыщIедзэ усэм:
- Пшэ фIыцIэм, зэхиукIауэ
- и нэщхъыр,
- Дыгъэ гуфIэжым и
- щIыб щхьэ къыдэт?
- «Пшэ фIыцIэм» адыгэ гъыбзэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ щагъэзащIэ IэнатIэр къэплъытэмэ, гуапэм и нагъыщэкъым, икIи сатыритIым гъунэ ирилъа гупсысэр къыкIэлъыкIуэхэм нагъэс:
- …Иджыри щIыр дантесхэм
- къаущыхьыр.
- Мэлъыхъуэ Пушкин.
- Ауэ ямыгъуэт.
- Литературэм цIыхур сыт хуэдизкIэ имыущийми, ущииным къикIыр хущхъуэгъуэ хьэзырхэр абы игуэшу аракъым, атIэ дунейм и щэхухэм гу лъаригъатэурэ цIыхухэм я псэр фIыгъуэм хуиузэдынырщ. Щэхухэр сэтей къэхъуамэ, текIуэгъуафIэ мэхъу, а щэхухэр дапщэщи куууэ гъэпщкIуащ, ахэр кIэ имыIэжу къыщIигъэщурэ екIуэкIынырщ зыужьыныгъэм и хабзэ нэхъыщхьэр.
- ЩIым и «джэрпэджэжу», гуауэми гуапэми жану щIэдэIун хуэдэу «епI» Тхьэгъэзит Зубер и усэхэм хэтэджыкI цIыхур. Мыбы дунейр фIэгъэщIэгъуэнщ сыт щыгъуи, зытет щIым дыркъуэ гуэр къылъысыным тешыныхьу хуэгумащIэщ, бзаджэ илъагъум, игу зэридзэ къудейкъым, атIэ фIыр тригъэкIуэн щхьэкIэ къимыкIуэтыну хьэзырщ:
- Жыг къудамэ гуэщIыкIамэ,
- Пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкIэну
- СфIэщIым, къызогъэкI
- и кIэныр —
- ХузощI абы щIэгъэкъуэн;
- Ар хьэпIацIэм зэщIибламэ,
- Жыг псом и шынагъуэ хъуамэ,
- СыпэIэщIэу гу щабагъым,
- И псэр джыдэкIэ согъэн.
- Зубер и геройм къыгуроIуэ гъащIэм бгъэбжьыфIэнрэ бгъэкъуэншэнрэ зэрикуэдыр, абы гущIэгъу зыхуэфащи нэлат къэзылэжьи зэрыгъунэжыр. Уеблэмэ хущIокъу и геройр зыщыпсэу щIыналъэр цIыху гъащIэ мытыншым и гъуджэрыпсалъэ ищIыну, дунеймрэ цIыхумрэ яку дэт «блыныр» усэ къарукIэ игъэткIуну.
- Зубер и усэхэм щотэдж щIыр цIыхум и гум ещхьу: абы псэ пытщ, гумащIэщ, емрэ фIымрэ къыгуроIуэ, жагъуэмрэ гуапэмрэ зэхегъэкIыф, быныр фIыгъуэм, насыпым, цIыхугъэм хуеузэд. Усэхэм я цIэ къудеймкIэ гу лъыптэнущ усакIуэр щIым зэрыхуэнэхъуейм: «Лъахэ уэрэд», «ЩIымрэ уафэмрэ», «ЩIым и джэрпэджэж», «ЩIыр цIыхум ещхьу зэм къысфIощI», «ЩIым игу ныкъуэщ», «ЩIыншэ», «ЩIым и абгъуэ», «ЩIыр мэлажьэ», «ЩIым и напэ», «Сыт щIыр щIэхъейр?» Мы усэхэм, гъэгъа Iэрамэм хуэдэу, ягъэдахэ щIылъэмрэ цIыхумрэ лъапсэкIэ зэзыпха гупсысэр.
- ЦIыхугумрэ усэхэр къызэзыгъэпэщ нэщэнэхэмрэ зыкIи зэщхьэщыкIыркъым — псори дуней гъащIэм, цIыху псэукIэм я уэчылу, бзаджэмрэ фIымрэ я шыбзэ кхъузанэу мэтэдж. Шыпсэ нэщэнэхэм я хабзэкIэ къызэгъэпэща образхэр къарууфIэу щолъашэ Зубер и усэхэм, ауэ усакIуэр сыт щыгъуи гущIэгъулыщ, гу щабэщ. Гупсысэр Тхьэгъэзитым деж зэи щыфащэншэкъым, абы и образхэр дапщэщи пкъымызагъэщ, къаIэтыр куууэ гъэпщкIуа Iуэхугъуэхэрщ, цIыху гъащIэм, нэмысым, насыпым, гуащIэм, лIэныгъэм, щIалагъэм, лъагъуныгъэм пыщIа макъамэхэрщ. Дыгъэ, вагъуэ, къурш, мэз, псы, зэман, уафэ, щIылъэ — а псоми къызэрагъэпэщ Зубер и усэхэм я Iэпкълъэпкъри я ухуэкIэри, ахэр дамэ папщIэ яхуэхъуурэ, гупсысэ къызэщIэзыубыдэхэм хуаунэтI…
- Зубер нэхъ зыхуэсакъыр цIыхум къару фIыцIэхэр къытемыгъуэлъхьэнырщ, ажал дамэм и ныбжьыр гъащIэм къытримыдзэнырщ: абы зэи щыгъупщэркъым гуауэмрэ гуапэмрэ гъащIэм зэрыщызэгъусэр. Мис цIыхумрэ жыгеймрэ я псалъэмакъ:
- — ЗыхызогъэпскIыхьыр гъащIэм
- и дыгъэпсым,
- ГуфIэгъуэр тхьэмпэ щхъуантIэм
- я нэгу къощ.
- — Сабий къалъхуам и макъ
- си деж къоIусыр.
- Сэ нобэ гущэ
- къысхахын къысфIощI.
- — УеупцIэн плъэмыкIыу
- бжьыхьэм и уэшхыпсым, —
- ГуIэгъуэр тхьэмапэ гъуэжьхэм
- я нэгу къощ.
- — Жьапщэм си деж
- хьэдагъэ макъ къехьэсыр:
- Сэ нобэ сын
- къысхащIыкIын къысфIощI.
- Зубер и гупсысэхэм драматическэ хьэл яхэлъщ, гъащIэм щызэпэщIэувэ къарухэм яжь щызопщэ. Лирикэм и псэр езы усакIуэрщ, абы и «къулеягъырщ», и гупсысэмрэ гурыщIэмрэ я инагъырщ. А псори усэ хъун папщIэ усакIуэр абыхэм лъэныкъуэкIэ яхущыт хуэдэу, ахэр езым «имеиж» хуэдэу зыфIигъэщIыфын хуейщ, объект ищIурэ. Мис, псалъэм папщIэ, Зубер и сабиигъуэм зэрыхуеплъкIыжыр:
- ФIыр ем хигъащIэм — сэ
- сыгуфIэрт,
- Ер фIым текIуамэ — си
- гур хэщIт…
- Щытащ си гъащIэр
- насыпыфIэу.
- Сэ таурыхъхэр хъуху си фIэщ.
- Зубер фIыуэ къыгуроIуэ нобэрей ди гуманизмэр «дзагуэу», мыхьэмышх имыIэу щытыныр къызэремызэгъыр: цIыху гуапагъэр гъэбыдэныр дапщэщи хуэмыдэжу иджыпсту епхащ цIыхугъэ нэсыр хэутэн ящIыну зыкъэзыIэт къару фIыцIэ псори щысхьырабгъуншэу ебгъэрыкIуэн къалэным. Усэн IэщIагъэм Зубер хуегъэув ди зэман хъыжьэм и пащхьэ къит къалэнышхуэхэмрэ мурад абрагъуэхэмрэ. Тхьэгъэзитым егъэдахэ иджырей усакIуэхэм я щапхъэу къилъытэ гуэр. Апхуэдэ щапхъэм цIыху псори хуишэу усэ пшынэбзэр ягуми ялъми щигъэушэну хьэзырщ Зубер «УсакIуэм и мурад нэхъыщхьэ» тхыгъэмкIэ. УсакIуэм и къалэнщ «псэншэм псэ хилъхьэну», усакIуэм и нэкIэ дунейм еплъ дэтхэнэми илъагъур нобэм и закъуэкъым, атIэ пщэдейри абы къеубыдыф; щIымахуэ жыгым щыIуплъэкIэ, ар зэщIэгъэгъауэ и нэгу къыщIоувэ; усакIуэм и гур уиIэмэ, гугъэм уэгум нэс уиIэтынущ; «УсакIуэ тхьэкIумэр къыхэпхынщ — вагъуэм я щхъыщхъ макъыр зэхэпхынщ», усакIуэбзэр уэ пIурылъмэ, лъахэм и мывэ бзэншэхэри къопсэлъэнущ… КIэщIу жыпIэмэ, дуней зытетым и дахагъэ псори «Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым» къызэIуахыу ягъэбэгъуэн, цIыхупсэр ягъэбэтэн щхьэкIэ дахагъэм итхьэкъуу щытын хуейщ. Ауэ а мурад лъагэ псомкIи арэзы хъууэ усакIуэр тIысыжыркъым, и Iэр зэтедзауэ. Ар щIохъуэпс ди зэманым гъэтIылъыпIэншэу къыпэщыт Iуэхугъуэ иныр гъэзэщIэным дамэгъу хуэхъуну:
- Къэзмыгъуэту хъунукъым
- зэгуэр
- Шэ къигъэувыIэфу псалъэ гуэр.
- Тхыдэ мытыншкIэ псыхьауэ цIыхубэм къыдэгъуэгурыкIуэ дерс лъапIэ мыкIуэдыжыр ди лъэхъэнэ лъагэм и бзийхэм зыгуэркIэ дэмыщIэращIэу къанэркъым. Апхуэдэ дерс мыкIуэдыжхэр дунейм къыщIытенэри щIэблэ къэс зыгуэркIэ къызэрыпэджэжыр арагъэнщ, къапщтэмэ, гъащIэмрэ гуащIэмрэ ауэ сытми пщIэншэу зы чысэм иригъэзагъэркъым цIыхубэм. Дыщэ кIанэм хуэдэу, мыужьыхыж а гупсысэр мыпхуэдэу «къегъэджэгу» Зубер, и ныбжьэгъу гуэрым хуэгъэзауэ:
- Зыр малIэ-псэууэ,
- Псэущ зыр-лIами:
- Ар щхьэж и гуащIэ
- къызэрихьщ…
- СфIэфIт щIым деха иужькIи
- Лъахэм
- ЖедгъэIэфыну:
- «ГъащIэ кIыхьщ».
- ЦIыхупсэм щыуагъэншэу лъагъуэ хуэзыгъуэт апхуэдэ псалъэ куухэр я шэрыуагъкIэ афоризмэм пэджэжхэу хьэзырщ цIыху гъащIэм и кумылэр сэтей къащIыну. Иджыпсту псэм дыхьэжыркъым гъащIэ щхьэфэм и нэщэнэхэр пыхьи пыкIи щымыIэу кърибжэкI къудейкIэ увыIэж тхыгъэхэр. Апхуэдэхэм я къалэныр щагъэзащIэу щыта пIалъэр икIащ — литературэм и нэр гъащIэ жыхуэтIэм темыплъызэу абы и лъабжьэм куууэ пхыплъыфу, ар къызэзыгъэпэщ къарухэр къитIэщIыфу, ахэр дахагъэм и фащэкIэ къиIуэтэфу щытынырщ ди зэманым и къалэн нэхъыщхьэу къэувыр. Литературэм и утыкум я шхуэIу пхауэ къизэрыгуэ графоманхэм а къалэныр ягъэзэщIэнкIэ уащыгугъыныр, делагъэ къудейм къыщымынэу, тхьэмыщкIагъэшхуэщ.
- Графоманхэр дапщэщи дэнэ щIыпIи щыхъушэщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди дежи апхуэдэхэр щымащIэ дыдэу пхужыIэнукъым. Лъэпкъ литературэм абы къыхухокI къулейсызыгъэ ин, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ цIыхупсэр ягъэгъущIэу дахагъэм пагъэIэщIэн фIэкIа апхуэдэ тхыгъэхэм уазэрыщыгугъын щыIэкъым. ЕкIуу узэда гупсысэхэмкIэ иджырей дунейм и зэхэлъыкIэр егъэфIэкIуэным хуэлажьэурэ, тхыдэм къыхонэж, щIэблэ къэхъухэм гъусэ пэжу къахуонэ. Апхуэдэ мурадым тегъэпсащ Зубер и усэ нэхъыфIхэр, ардыдэмкIи нэхъыжьхэм къызэрагъэпэща щапхъэфIхэм ягуохьэри зи гугъу тщIа тхыгъэ мыфэмыцхэм япоув, «фыздэкIуэр дэнэ, фыкъэзыгъэщIам и гуэн лъапэ фыщIретIэж», — жраIэ хуэдэ.
- Зубер и усэхэр пкъыфIэщ, жьы щIэтщ, жыхуаIэм хуэдэщ, абыхэм я нэхъыбапIэм къаIэтыр цIыхухэр зэщIэзыIэтэ гупсысэщ, ирахьэжьа Iуэхур тегушхуауэ и кIэм нагъэс, щIагъэхуабжьэ, ди зэманым дэжыджэру заужь. Нобэм и лъынтхуэхэр япкърылъ пэтми, ахэр зэпкъралъхьэурэ щIохъуэпс гупсысэ гуащIафIэкIэ зэрызапсыхьыным, къэкIуэнум хуопабгъэ, цIыху гъащIэ нэгъэсам и нэщэнэ лъапIэхэр нэхъри гъэбыдэным хьэлэлу хуолажьэ.
- АнэдэлъхубзэкIэ тхылъ еджэ псоми куэд щIауэ Зубер яцIыху ди поэзиер цIыхугъэ гуащIэкIэ зыузэда нэхъыжьхэм хуэфащэ макъкIэ япэджэжу. Ауэ сытми япэджэж къудейкъым: лIыпIэ иува дэтхэнэ усакIуэми хэдэу, къыщIиIукIащ, и дамыгъэ, и лъэужь псоми къытренэ, и бзийкIэ къегъэнэху, уеблэмэ усакIуэ щIалэхэм абы и тхэкIэм и Iэмал щхьэхуэхэм хуэмыхамэ яхэтщ.
- ГупсысафIэ инкIэ тхыгъэр ухыныр нэрыгъ хуэхъуащ Зубер, апхуэдэ гупсысэр къэгъэщIыным хуолажьэ усэм и Iэпкълъэпкъ псори… Гъэрэ щIырэ зэхокI, хуабэмрэ щIыIэмрэ зэрытемыгъэкIуэнкIэ уагъэшынэу зэрыхогъащIэ, арщхьэкIэ зи ух къэсар йокIуэт, дунейр къызэщIоушэ, уэрэд тхьэгъушыр къызэщIащIэ бгыми псыми:
- ЗэщIолыдэ,
- ЗэщIопщIыпщIэ
- ГъащIэ жьыбгъэр зыщIихуа
- Губгъуэ щхъуантIэр…
- ЩIым игъащIэм
- Хуэдэщ шэ къытемыхуа.
- «Гугъэ гуэр уэ къыпхуэна?» — жеIэри къыгуилъэф щIыкIэу щIалэр йоупщI, зэманым иуплIэнщIа пэтми, къуэм и къуэжыр гу цIыкIукIэ къезышэкIыф фызыжьым. Мыдрейр Iэнкун къэхъуауэ «гугъэр зыфIэкIуэда плъэгъуа?» — жеIэри жэуап кърет:
- Сыт щыгъуи итщ ар цIыхум ипэм.
- Тхьэгъэзитым и усэхэр пкъыфIэ дахэ зыщI нэщэнэщ гупсысэшхуэ нэрымылъагъухэр пкъы нэрылъагъу гуэрым зэрыпхипщэр. Ар е лъахэм и дамыгъэ гуэрщ, е дунейм и пкъыгъуэ щхьэхуэщ, е зэ еплъыгъуэкIэ зэмызэгъыу къыпфIэщI гупсысэхэмрэ пкъыгъуэхэмрэ зэгурыгъэIуэнырщ. Къапщтэмэ, псым ещIылIа образкIэ ерыщщ Зубер, икIи а образым хэлъэгъуэн хуейщ гупсысэ гъэщIэгъуэн.
- Усэри усакIуэри зыхэхъукIыр, дауи, дуней зытетырщ, щыпсэу жылагъуэрщ, зэман зыхалъхуарщ, и лъэхъэнэгъухэм къахуэтэдж Iуэхухэмрэ гупсысэхэмрэщ. Ауэ а псори къыщрабжэкIыу зэгъэкIуауэ дапхъэм тралъхьэжын къудейм фIэкI тхыгъэр хуамылъхуамэ, литературэ щыIэнтэкъым. Ар Тхьэгъэзитым фIыуэ ещIэ.
- Литературэм езым и дуней къегъэщIыж, ар дуней зыхэхъукIым епха пэтми, абы дахагъэм и хабзэхэмкIэ къыщхьэщыкIыу… ЩыIэщ дей жыги, щыIэщ бжэндэхъуи — ар хэти елъагъу, ауэ усакIуэрщ зыхузэфIэкIыр дейм гу къилъэт пкърилъхьэныр, ар щыпцIанэм деж Iэгу фIыцIэкIэ абгъуэ нэщI иIыгъыу къилъагъуныр, жыгымрэ бжэндэхъумрэ псэкIэ зэрызэхуэпIащIэр уи фIэщ ищIыныр, а тIум къапэплъэ уэрэдыр иджыпсту тхьэгъуш бзагуэ пэтми, пIалъэр къэсу жыгымрэ бзумрэ зэхуэзэжа нэужь:
- Жьыбгъэ макъамэ
- тхьэмпэм щIэлъу
- Уэрэд езыми пхуиусынщ, —
- жызыIэфынур.
- Зубер фIэфIщ тхыгъэм тегъэщIапIэ пэж хуэхъу псалъэ нагъыщэхэр къыхихын, апхуэдэ нагъыщэхэм жану якIэщIэплъыхьурэ заригъэужьын, дунейм и налъэ бзэншэхэр къигъэпсэлъэн. Ар хуэIэзэщ образ щхьэхуэр «зэIипщIыкIыу» гупсысэ зэхуэмыдэ къегъэIуэтэным, е образ зыбжанэр зэгъусэ-зэпэщIэтми и гупсысэшхуэ гуэрым хуэгъэлэжьэныр. Уэблэмэ, а хьэлыр Тхьэгъэзитым и тхыгъэ нэхъ инхэми щыпхокI.
- Зубер къыбгъэдэкIыр езым и тхыгъэхэм я закъуэкъым, абы хъушэу икIи Iэзэу зэредзэкI лъэпкъыбэ литературэм и налкъутхэр, ауэ зэдзэкIын лэжьыгъэм зэрыщыхахуэр усакIуэм нэхъ IупщIу къыщигъэлъэгъуащ Шота Руставели и поэмэ уахътыншэр «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» жыхуиIэр анэдэлъхубзэкIэ къызэригъэпсэлъам. А лэжьыгъэм ди усакIуэм тригъэкIуэдащ илъэсипщIым я гуащIэ.
- Тхьэгъэзитым и тхылъхэм яхуэфащэщ ткIийуэ икIи зыубгъуауэ щхьэхуэу къэпщытэныр, сыту жыпIэмэ абыхэм япкърылъ дерс нэхъыфIхэр къызэрытфIэщIымкIэ, ди лирикэр япэкIэ кIуэтэным сэбэп хуэхъунущ.
- Сокъур Мусэрбий.
- 1984 гъэ
- Дахагъэр елъагъу
- Тхьэгъэзит Зубер тхэн зэрыщIидзэрэ илъэс хыщIым нэблэгъащ. 40 — 50 гъэхэм я зэпылъыпIэм ирихьэлIэу курыт еджапIэм щIэс щIалэщIэм и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газетхэм, «Къэбэрдей» альманахым къытехуэу щIедзэ. Зубер и япэ тхылъыр — «Бгым сыдокI» зыфIищар — 1960 гъэм дунейм къытохьэ. Абы мыгувэу къыкIэлъокIуэ «Тэрч макъамэхэр», «Джэрпэджэж», «ЩIымрэ уафэмрэ», «Гугъэ», «Къеблагъэ», «Гуапагъэ», «Усыгъэхэр» тхылъхэр, нэгъуэщIхэри. А зэманым къриубыдэу Тхьэгъэзит Зубер ди къэралым щыцIэрыIуэ усакIуэ хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм щызекIуэ литературэ саугъэт лъапIэхэри къыхуагъэфэщащ. А пщIэ лъагэр Тхьэгъэзит Зубер къилэжьащ и гуащIэдэкI хьэлэлкIэ. Поэзием къежьапIэ хуэхъу хабзэр дахагъэрщ. ЩIэи гъуни иIэжкъым цIыхур къэзыухъуреихь дунейм дахагъэу хэлъым. Къэнэжыр зыщ: ар къэлъагъун хуейуэ аращ. Зи псэр Iиблис езымыщэжа дэтхэнэми хузэфIэкIынущ а дахагъэр къилъагъуну, абыи гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ къритынущ. Ауэ, къилъагъу къудей мыхъуу, а дахагъэр гурэ псэкIэ зыхищIэу, езым илъагъумрэ зыхищIэмкIэ нэгъуэщIым дэгуэшэфыр усакIуэщ: Дыгъэм, иджыри къыщIэмыкIыу,
- КъуэкIыпIэр плъыжьу къриIат,
- Сыздеплъым, си гур къигуфIыкIыу,
- Дахагъэм си псэр къиуIат.
- «Зыкъэтплъыхьынщи — хэку дахагъэр шабзэшэу ди гум пхыкIынщ», — щыжеIэ Зубер нэгъуэщI и зы усэм. Удэзыхьэхыу гурыхьщ Тхьэгъэзитым ди нэгу къыщIигъэхьэ дунейр. Абы дыгъэр щабэу къыщопс, псыхэр Iэдэбу щокIуэсэх, жьыбгъэми гуапэу IэплIэ къыщыпхуещI. Пэжщ, дыгъэр пшэм щыщIилъафи, псыхэр къэукъубийуэ хъийм щикIи къохъу, ауэ псори зэрызыгъэубыдыж, псори зэзышэлIэжу зэгурызыгъаIуэ къаруи щыIэщ абы… Ар — щабагъэщ, гуапагъэщ, лъагъуныгъэщ. Гуапагъэр ару сфIощIыр мы щIыр зэтезыIыгъэр. Зубер IупщIу зэхех щихуитI зэбгъэдэтым гухэлъ зэрызэхуаIуатэр, тхьэмпэ цIыкIуитIыр зэрызэпсалъэр… Дауи, ар хэт и дежкIи сыт щыгъуи нэрылъагъукъым. Хэбгъэзыхьмэ, ар пцIышыпсэу къэзылъытэхэри гъунэжщ. Ауэ, тщIэ-дымыщIэми, гуапагъэрэ лъагъуныгъэкIэ быдэу псыхьауэ щымытамэ, мыпхуэдиз мыхъумыщIагъэ щалэжь щIыр «факъырэ кхъуейуэ» зэгуэщэщу зэрыхэкIуэдэжрэ куэд щIати… УсакIуэ Тхьэгъэзит Зубер ар псэкIэ зыхещIэ. Абы псалъэ хэщыпыхьакIэ захуегъазэ къэзылъхуа хэкум, зэфэ псым, зытет щIым, зыпIа къэралым. ПхуэсщI лъагъуныгъэр бжьэ гуащIэщ,
- Нэхъ гуащIэ хэт еIуба!
- Уихуам, уислъхьэнти си IэплIэм,
- ПхуэсщIынт семышу ба.
- ЦIыху пэжхэм си гур хуэпэжу
- Уэращи сэ сызыпIар,
- Си гум уихункъым щIы фIыцIэу
- Быдзышэ хужь сыщефар!
- «ЩIы фIыцIэу быдзышэ хужь сыщефа» — си фIэщ хъункъым мыбы зэ къеджауэ зыщыгъупщэжын щыIэну! Мы сатырийм фIэкIа имытхатэми, усакIуэ щыпкъэ хужыпIэ хъунти Зубер. КIэщIу икIи екIуу абы къиIуэтэфащ куэдым я гум къыщыпIэжьэжьами, я Iупэм къэсыпами, иджыри къэс зыми къыжьэдэмыкIа. Усэм, усакIуэм, поэзием, искусствэм, абы и лэжьакIуэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд иIэщ Тхьэгъэзитым. ЖыпIэ хъунущ мыр Зубер тхэн зэрыщIидзэ лъандэрэ дэзыхьэх темэшхуэхэм ящыщ зыуэ. Щитха зэманрэ я къэIуэтэкIэ-къэгъэлъэгъуэкIэ IэмалхэмкIэ зэтемыхуэми, а тхыгъэ псори зыкIэ зэщхьщ: усакIуэм къызэрилъытэмкIэ, искусствэм и пщэм дызытет дунейм къыщыдохуэ нэгъуэщI зыгуэрым хуэмыгъэзэщIэн къалэн лъагэ — абы кхъахэри щIалэ гуащIэмащIэри бланэ къещIыжыф, цIыхухэр гъунэгъуу зэрешалIэ, цIыхупсэхэр нэхъ нэху зэхуещI, псори зыгъэгулэз Iейми цIыхумрэ цIыхугъэмрэ къыщыжу — ткIийуэ пэщIоувэф, и пкъыр зэрылантIэми аукъудей къимыгъэувыIэу… УсакIуэ IэщIагъэм куэд щIауэ егъэгупсысэ Зубер. Сыт ар жэщыбгми щIэмыжейр? «Хэт елъэIуар?» «Сыт ар зыхуейр?» Фызабэ нэпсми щхьэ гугъу иригъэхьрэ? Вагъуэми вагъуэижми щхьэ нэсрэ? Залымыгъэм йоныкъуэкъу: «захуагъэр дыгъэу цIыху псом ягу ипсэу» щыхъуну зэманым щIохъуэпс ар. ИкIи, «къигъэувыIауэ усэм фочышэ Абы игъащIэм имылъэгъуами», «КъыфIощI нэху щыхукIэ и гур мыусэм, Пщэдджыжьым дыгъэр къыщIэмыкIын!» Художественнэ псалъэм и къарур инщ. Ауэ щыхъукIэ, сыт ягъэ кIын ди лъэхъэнэм и пащхьэ къит Iуэхугъуэ нэхъ пIащэ дыдэр абы, а псалъэм, и пщэ далъхьамэ? Къэзмыгъуэту хъунукъым зэгуэр Шэ къигъэувыIэну псалъэ гуэр. Мы зы жыIэгъуэри пхурикъунщ къалэн мытыншхэм Зубер зэрызарипщытыр кърибгъэлъэгъуэну. Тхьэгъэзит Зубер ди щIалэгъуалэм нэхъыфIу яцIыху икIи ялъагъу усакIуэхэм ящыщщ. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: литературэм къызэрыхыхьэ лъандэрэ Зубер тоусыхь щIалэгъуалэм, лъагъуныгъэм, насыпым. Зи насып къэкIуэгъуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я гум щыщIэр, я гухэлъ куухэр гъуэзэджэу къыщыIуэта усэхэр и куэдщ абы. Зубер и лирикэр нэхущ, гуапэщ, псэм йохуэбылIэ, и лирическэ лIыхъужьыр щыпсэу дунейми удимыхьэхыу къанэркъым. Арагъэнущ ди макъамэтххэми Тхьэгъэзитым и усэхэм щIэх-щIэхыурэ зыщIыхуагъазэр. Тхьэгъэзитыр сабийхэми IэкIуэлъакIуэу яхуотхэ. Абы къыдигъэкIа тхылъхэм яхэтщ еджакIуэ ныбжьыщIэ дыдэхэм яхуэгъэзауэ зыщыплI. Литературэм зэрызрагъэужь Iэмалу зыбжанэ щIауэ къогъуэгурыкIуэ зы бзэкIэ щыIэ тхыгъэ купщIафIэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкIынри. Зубер мы Iуэхуми хуэIэижьу зыкъигъэлъэгъуащ. Абы адыгэбзэкIэ екIуу зэридзэкIащ Пушкиным, Лермонтовым, Некрасовым, Блок, Шевченкэ сымэ, нэгъуэщI классикхэми я тхыгъэ зыбжанэ. Зубер адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъащ балъкъэр усакIуэ гупышхуэ, Кулиев Къайсыни абыхэм яхэтыжу. Ауэ нэхъ лэжьыгъэшхуэу Тхьэгъэзитыр зыпэщIэтар грузин усакIуэ Шота Руставели и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» поэмэ уахътыншэрщ. Поэмэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыным Зубер тригъэкIуэдащ илъэсипщI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр ди лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхыхьэрэ куэд щIащ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр хрестоматиехэм ихуащ, курыт еджапIэхэми университетми щадж, критическэ, къэхутэныгъэ, дипломнэ лэжьыгъэхэр траухуэ. Зубер ящыщщ адыгэ поэзиер зыгъэбжьыфIэ ди усакIуэ нэхъ пажэхэм. Куэд щIащ абы и творчествэр адыгэ литературэм и тхыдэм едзыгъуэ екIуу зэрыхэувэрэ.
- КЪЭЖЭР Хьэмид.
- 2009 гъэ
- Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр зэхэзыщIыкIахэм хужаIахэр
- Ди щIэблэм яхэту поэзием и бгы лъагэм Тхьэгъэзитри докI, езым и лъагъуэ тетыжу. Литературэр фIыуэ зылъагъухэр, абы къыщыхъухэм кIэлъыплъхэр Зубер фIыкIэ щогугъ. КъызэрытфIэщIымкIэ, «Бгым сыдокI» цIэр зыфIища и япэ тхылъым ахэр къигъэпцIакъым. Я гъэпсыкIэкIэ а тхылъым ит псори зэхуэмыдэ пэтми, тхылъым еджэхэм абы къыщагъуэтынщ узыгъэгупсысэн псалъэ хъуэрхэри, пащIэм щIэзыгъэгуфIыкIын гушыIи, щхьэхуещэхэр ауан зыщIи, бзитIщхьитIхэм нэлат езыхи.
- ТЕУНЭ Хьэчим. 1960 гъэ
- * * *
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ усакIуэ, талант зыбгъэдэлъ Тхьэгъэзит Зубер и IэдакъэщIэкIхэр я темэкIэ зэмылIэужьыгъуэщ. Абы етх къыщалъхуа и лъахэм, Лениным, и хэкуэгъу къыдэпсэухэм, природэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа усэхэр. Зубер хузэфIокI бгырысхэм я къафэ «Ислъэмейм» и дахагъ узытхьэкъур и усэхэм щыдигъэлъагъун, и адэшхуэм, ныбжькIэ Пушкиным и ныбжьым, усэ езыр къызыхуеджэм, усакIуэр иджыри псэууэ зи гугъэм, и гугъу хьэлэмэту къытхуищIын…. Абы и усэхэм щопсэу цIыхубэм и Iущыгъэ псор, дахагъэуи фIагъуи и лъэпкъэгъухэм ябгъэдэлъыр.
- ТИХОНОВ Николай.1963 гъэ
- * * *
- Тхьэгъэзитым и усыгъэхэм сыт щыгъуи щIэщыгъуагъ гуэр хэмылъу къанэркъым. Аращ ар адрейхэм емыщхь нэхъыбэу зыщIыр. Дэ мащIэфащIэ ттхакъым ди хъыджэбз дахэхэм, гъатхэм и щIэрэщIэгъуэу ахэр зэдгъапщэм теухуауэ. Ауэ Тхьэгъэзит Зубер абыхэм нэгъуэщIынэкIэ еплъащ, хъыджэбзымрэ гъатхэмрэ зэуIуу ди нэгу къыщIигъэуващ, гуфIэгъуэ, гухэхъуэгъуэ къыдиту. Апхуэдабзэу уигъэгуфIэу ар тотхыхь тенджызми, къуршми, щIымахуэ жэщми, жьыбгъэми, зэманми. Абы и усыгъэхэм дэ щыдолъагъу талант щIэщыгъуэ.
- КУЛИЕВ Къайсын.1973 гъэ
- * * *
- Тхьэгъэзит Зубер фIагъ хэлъхэм щыщ зыщ абы ди усыгъэм и фIыпIэр жыджэру зэрызыхилъхьэр. Абы фIыуэ къыгуроIуэ бгыщхьэм утету уплъэмэ, нэхъыбэ зэрыплъагъур. Ауэ ар лъэныкъуэкIэ къыщыту къыхэплъэ къудейкъым, атIэ лэжьыгъэм и курыкупсэм езыр хэтщ.
- ЩОДЖЭНЦIЫКIУ Iэдэм.1962 гъэ
- * * *
- Тхьэгъэзитыр творчествэм и гъуэгу зытеувам тэмэму ирокIуэ. Ар япэ къыIэрыхьэ псалъэр рифмэ зэрищIыным пылъ мыхъуу, хэгупсысыхьауэ мэлажьэ. Абы лIыгъэ хэлъу къызэренэкIыф псори дызэсэжа, дыужэгъуа, бадзэм хуэдэу ди хъуреягъкIэ щыву усэ-нэмыщIыс мыхьэнэншэхэм зыдригъэхьэхыныр.
- КИРЕЕВ Михаил. 1962 гъэ
- * * *
- Зубер и усэхэр Iэсэщ, щабэщ, гум йохуэбылIэ, лирикэ дахэкIэ гъэнщIащ. Ар сытым темытхыхьами, уи нэкIэ плъагъум хуэдэу уи нэгум къыщIегъэувэ. Усэхэм ящыщ дэтхэнэми уегъэпIейтей. И поэзие псор зэрыщыту къапщтэмэ, езым и щхьэ ехьэлIа защIэ хуэдэуи щытщ, ауэ цIыху псоми я гурыщIэри къыщыгъэлъэгъуащ. УсакIуэ гъэщIэгъуэнщ Зубер. Ар Iуэхушхуэхэм, кIуэд зимыIэхэм къызэрыгуэкIыу тотхыхь. Ар щынэрылъагъущ усакIуэм и усэ куэдым. Аращ къарууфIэ зыщIри.
- СОЗАЕВ Ахъмэт.
- * * *
- Сэ сщIэрт къэбэрдей усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер илъэс куэд щIауэ зэрелэжьыр Шота Руставели и поэмэ «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлIыр» зэдзэкIыным… Иджы, мис, къыдэкIащ, Налшык къикIри къысIэрыхьащ а тхылъыр… Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я дежкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ.
- ЛОХВИЦКИЙ Михаил.1982 гъэ
- * * *
- Тхьэгъэзит Зубер адыгэ поэзием къыхыхьащ зыми емыщхь макъ иIэу икIи и тхыгъэхэмкIэ псоми яжриIащ езым и усэбзэ, и дуней еплъыкIэ, и художественнэ гупсысэкIэ зэриIэр. Тхьэгъэзитым и поэзием куэд къызэщIеубыдэ, куэдым я щхьэфэ йоIэбэ, куэдыр игу пцIанэмкIэ сэтей къещI, ахэр гукъинэж пщохъу. Апхуэдэу гъащIэм бгъэдыхьэф усакIуэхэр гъуэтыгъуафIэкъым, ауэ Тхьэгъэзит Зубер Тхьэм къигъэщIащ УсакIуэу.
- ХЬЭХЪУПАЩIЭ Хьэжбэчыр.1994 гъэ