ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказым ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ  я  епщIанэ фестивалыр къыщызэIуахым КIуэкIуэ Казбек  хэтащ

2019-09-24

  • Грознэ къалэм щекIуэкIащ Кавка- зым ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я епщIанэ фестивалыр къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Абы ирагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм ящыщщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, федеральнэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, округым хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.

  • Спорт-щэнхабзэ зэхуэсышхуэм кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъазэри, КIуэкIуэ Казбек абыхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэхэр къахьыну. «Кавказым ис лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я юбилей фестивалыр нэгузыужьышхуэщ. Лъэпкъхэм я зэкъуэшыгъэм, зэкъуэтыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ нэс дагъэлъагъу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ щхьэхуэхэм къикIа спортсменхэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэм. Абыхэм ди республикэм и лIыкIуэхэри яхэтщ», — жиIащ КIуэкIуэм.
  • Къалэм и ут нэхъыщхьэм къыщызэIуахащ лъэпкъ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэ. Фестивалым и хьэщIэхэм папщIэ концертышхуэ ятащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гуп нэхъыфIхэм.
  • Зэхьэзэхуэхэр спортым и лIэужьыгъуэу 12-кIэ ирагъэкIуэкI. Абыхэм ящыщщ ми-ни-футболыр, шабзэкIэ нэщанэ еуэныр, Iэпщэрыбанэр, атлетикэ псынщIэр, кIапсэкIэ зэпекъуныр, бгырыпхкIэ зэбэныныр, нэгъуэщIхэри.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.