ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2019

КIуэкIуэ  Казбек  Налшык къалэм  къедза къуажэхэр къеплъыхь

2019-09-10

  • Кэнжэ къуажэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыщипщытащ курыт еджапIэ №20-м спорт джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэ­кIуэкI, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэ­фIакIуэ комплекс зыхэт IуэхущIапIэр зэ­рыщащIыр. Ар дызыхуэкIуэ мазэм хьэзыр хъун хуейщ. ЩIыналъэм и унафэщIыр апхуэдэу еплъащ а еджапIэм и спорт залыр капитальнэу зэ­ры­зэрагъэпэ­щы­жым. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкI федеральнэ IэнатIэм и ахъшэкIэ. Унэ кIуэцIыр зыхуей хуэзэу зэрахьащ, ар зэрагъэплъ системэр, инженер коммуникацэхэр зэра­хъуэ­кIащ, уэздыгъэхэр щIэуэ фIадзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гукъыдэж лъагэ

2019-09-10

  • КъБР-м и Къэралыгъуэм (илъэс 98-рэ), Налшык къалэм (илъэси 295-рэ) я махуэхэр ди республикэм Iэтауэ зэрыща- гъэлъэпIа гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ КъБР-м и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щэнхабзэ центрхэмрэ я фестивалыр. «Лъэпкъ зэхэджэ» («Национальная палитра») зыфIаща зэхыхьэр Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и цIэкIэ щыIэ утыкум щызэхашат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уэшхыр зэран хъуфакъым

2019-09-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэс 98-рэ, Налшык къалэ здэщыс щIыпIэм деж адыгэ къуажэхэр зэрыщытIысрэ илъэс 295-рэ зэрырикъум теухуауэ ди щIыналъэм и къалащхьэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр нэгузыужьт икIи удэзыхьэхт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Iуащхьэмахуэ и Кубок» саугъэтыр Даймонд Линк къехь

2019-09-10

  • КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм хыхьэу Налшык шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и кубок» 14-нэ шыгъажэр. Дунейр жьапщэми, бжьыхьэ уэшхми къызэтригъэувыIакъым махуэшхуэ шыгъажэ екIур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Шыгъажэ

Творческэ лэжьакIуэхэр ягъэгуфIэ

2019-09-10

  • Къэбэрдей театрым и автобусыщIэ
  • Урысейм Театрым и махуэр щыгъэлъэпIэным хиубыдэу УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым федеральнэ бюджетым и ахъшэкIэ «Форд» автобусыщIэ къыхуащэхуащ. Иджы артистхэр районхэмрэ къуажэхэмрэ, сабий садхэмрэ школхэмрэ, апхуэдэу ди гъунэгъу республикэхэм нэхъыбэрэ кIуэфынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-09-10

  • ФокIадэм и 10, гъубж
  •  ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэщ
  •  Китайм щагъэлъапIэ егъэджакIуэм и махуэр
  •  1492 гъэм Урысейм и унафэщI Иван Ещанэм ИлъэсыщIэр щагъэлъапIэ пIалъэр игъэIэпхъуауэ щытащ. Абы и унафэкIэ ар гъатхэпэм и 1-м ирахри, фокIадэм и 1-м яхьауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мэуэтхэр

2019-09-10

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№ 94, 96, 97,
  • 98, 100, 102, 104, 105, 107-хэм итщ).
  • ЕтIуанэ махуэм плъыртетыр утыку ирашащ, гуащэм и кIуэдыкIамрэ цIыхухэр щигъэпщкIуамрэ кърагъэIуэтэну. ЖимыIи мыхъуу, жиIэми ар и кIуэдыжыпIэ зэрыхъунум хуэхьэзыру, и иужьрей дыгъэкъуэкIыгъуэм гу щимыхуэж нэхъей, уафэбгъум и нэр теплъызауэ утыкум итт Удынэ. Алэдамэ къыгурыIуэртэкъым щIыналъэм апхуэдиз хуэзыщIа бзылъхугъэр жэуаптыпIэм щIрашэлIари, кърагъэIуэтэну зи яужь итри. Ауэ хабзэр хабзэщ, Iуэхум и пэжыпIэр къамытIэщIауэ хасэр зэхэкIыжынутэкъыми, и нэхъ шынагъуэ дыдэм хуэхьэзыру лъэныкъуэкIэ къэуващ щIалэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тут Идаррэ абы и ныбжьэгъухэмрэ я нартыху губгъуэм къыщелащ цIыху 233-рэ

2019-09-10

  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2019 гъэм шыщхьэуIум и 15-м «Уральские авиалинии» компанием и А321 кхъухьлъатэр, Симферополь къалэм кIуэн мурадыр иIэу «Жуковский» аэропортым пщэдджыжьым жьыуэ зыкъыщызыIэтар, уэгум щызеуэ хы тхьэрыкъуэ зэрыбыным яжьэхихьауэ щытащ икIи ахэр зэран хуэхъури, аэробусыр Москва областым и Раменскэ щIыналъэм щыхащIа нартыху губгъуэм IэмалыншагъэкIэ щетIысэхащ. Кхъухьлъатэм цIыху 233-рэ исати, псори къелащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэущ псоми къызэрацIыхур

2019-09-10

  • Мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ. Ахэр а къэралым ягъэкIуэн хуей щIэхъуам дызэрыт зэманым куэд тражыIыхь. Нэхъыбэм ягъэзахуэркъым абы и лъэныкъуэкIэ совет унафэщIхэм яча лъэбакъуэр — сыт хуэдэ политикэ щыуагъэми кърикIуэхэр зи фэм дэкIыр цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. Дэ а псоми я гугъу тщIынкъым, къэдгъэлъэгъуэн къудейщ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэми абы я къалэн зэрыщагъэзэщIар. Уеблэмэ, апхуэдэ куэдрэ къэтлъыхъуэн хуей хъуакъым: «Адыгэ псалъэ» газетым и шофёр Соблыр Хьэсэнбий а щIыналъэм лIыгъэ щызезыхьахэм ящыщу къыщIэкIащ. Дэ абы къыджиIэжащ а зауэр зэрыщытар, езым игу къинэжахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

ТекIуэныгъэр аргуэру зыIэщIагъэкI

2019-09-10

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) — 1:1 (0:1). Налшык. «Спартак» стадион. ФокIадэм и 8-м. ЦIыху 250-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

2019-09-10

  • Дзю къыбгъэдэкI саугъэт
  • Черкесск къалэм щекIуэкIащ Урысей спорт студент зэгухьэныгъэмрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ я командэ къыхэхахэм боксымкIэ я зэIущIэ. Ар фэеплъ хуащIащ Кавказ щхьэдэхыпIэр зыхъумахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр