Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал наградэхэр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
2019-08-31
- Къахьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ икIи илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм къыхэкIыу
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
- Муравьев Игорь Вячеслав и къуэм — «Дубинин Ю. В. и цIэр зезыхьэ, инджылызыбзэр нэхъ куууэ щрагъэдж курыт школ №3» Налшык къалэ округым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым, Налшык къалэ округым и Iэтащхьэм — Налшык къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советым и тхьэмадэм;
- цIэ лъапIэхэр яфIэщын:
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
КъБр-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Республикэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-08-31
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Республикэм и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
- А гуфIэгъуэ махуэр и дамыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр зэтегъэувэным икIи зегъэужьыным хуэгъэза тхыдэ гъуэгуанэм, лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм зэщIыгъуу къагъэщIам, блэкIа щIэблэхэм я хабзэхэр, абыхэм я щIыхьыр иджыпсту псэухэм зэрахъумэм, ахэр зэкъуэту икIи я плъапIэр зыуэ гъащIэ тэмэмым зэрыхуэкIуэм. Апхуэдэу абы къыхощ республикэм исхэр мамыру, зэгурыIуэу, зэкъуэту зэрызэдэпсэур икIи щалъхуа щIыналъэм и фIыгъуэм зэрытелажьэр, Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэмрэ щыщIэгъэбыда хабзэхэр, цIыхум и хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ псом нэхърэ зэрынэхъыщхьэр. Абы зэкъуегъэувэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нобэмрэ пщэдеймкIэ, ди дежкIэ лъапIэу щыт сыт хуэдэ адрей IуэхухэмкIэ жэуап зэрахьыр зыхэзыщIэ псори.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм