Хасащхьэм и унафэхэр
2019-09-24
- ФокIадэм и 19-м Налшык щызэхэтащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэс. Лъэпкъ Iуэхур егъэфIэкIуэным, зэманым къигъэув лъэпощхьэпохэм пэщIэтыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм тепсэлъхьыну, хэкIыпIэхэр къалъыхъуэну абы щызэхуэсат дунейм пщIэ лъагэ щызиIэ ди нэхъыжьыфIхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и лIыкIуэхэр, министрхэр, Хасащхьэ, ГъэзэщIакIуэ гупхэм хэтхэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, ДАХ-м и зэIущIэм кърагъэблэгъат хьэщIэ лъапIэ-хэр. Абыхэм ящыщт: ДАХ-м и Тхьэмадэхэм я Советым и унафэщI, адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ, УФ-м и Президентым и департаментым къэрал кIуэцI политикэмкIэ и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадим, Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондым и лIыкIуэ Карслиевэ Викторие сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Израилым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм (Кфар-Камэ) и лэжьыгъэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъа абы и тхьэмадэ, ДАХ-м и Советым хэт Нэпсо Закарие къызэрыхигъэщамкIэ, а къэралыгъуэм щыIэ адыгэхэм я Iуэхур лъэныкъуэ куэдкIэ къызэгъэпэщащ. А щIыпIэм ди лъэпкъыр фIыуэ къыщацIыхум и мызакъуэу, ди тхыдэм, хабзэм, псэукIэм щыщыгъуазэщ, Кавказым и щIыуэпс дахэр ящIэ. Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм ящыщу Израилым щыIэхэм хуэдэу зи щхьэ, зи бзэ, зи хабзэ зыхъумэжыфа зэрыщымыIэр куэд дыдэм къыхагъэщ. Я деж щекIуэкI адыгэ фестивалхэмрэ, зэхыхьэ дахэхэмрэ я гугъу ищIа иужькIэ, Закарие хъыбар гуапэ къызэхуэсахэм яжриIащ — мы гъэм щыщIэдзауэ курыт еджапIэхэм «Адыгэ тхыдэ» дерс щхьэхуэ сабийхэм яджыну хагъэхьащ.
- КъБР-м, КъШР-м, АР-м я хасэ тхьэмадэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Аслъэн Алий, ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан сымэ кIэщIу тепсэлъыхьащ щхьэж зи лIыкIуэ республикэр Израилым зэрыдэлажьэм, лъэпкъ Iуэху зэрызэдащIэм.
- — Израилым щыIэ хасэр къэрал властым и органхэм, хьэрычэтыщIэхэм уадэлэжьэн зэрыхуейм и щапхъэ нэсщ. Ещанэ классым щегъэжьауэ абыхэм я щIэблэм анэдэлъхубзэр джын щIадзэ. Илъэс къэс Израилым къыщызэрагъэпэщ фестивалым дунейм адыгэу тетым я лIыкIуэхэр ирагъэблагъэ. Кфар-Камэ адыгэ къуажэр Израилым и жылэ нэхъ къабзэхэм, екIухэм ящыщ зыщ. Абы щыпсэухэм я Iуэху щIэкIэм уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэралым ит хасэхэм я мызакъуэу хамэ щIыпIэ щыIэхэми дадэлажьэу, Iуэху зэдэтщIэу зэтедухуапхъэщ. НэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэм ди къэралыр къедгъэцIыхуныр ди къалэн нэхъыщхьэщ. Адыгэ IуэхущIапIэ псоми я къалэнщ — адыгэбзэр, щэнхабзэр, хабзэр хъумэныр, егъэфIэкIуэныр. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж а Iуэхугъуэхэр щIэблэм къагурыдгъэIуэныр, ар абыхэм я деж пэжу нэтхьэсыныр ди фарзщ,- жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм.
- Хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу езым и фIэфIыныгъэкIэ хэкужьым къэIэпхъуэжыну тезыухуахэм адыгэ диаспорэм зэрызыщIигъэкъуэфыну къэрал дэIэпыкъуныгъэм и IуэхукIэ ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан къыщыпсалъэм жиIащ иджыблагъэ а программэм Сирием щыщ адыгэхэри зэрыхагъэхьар узыщыгуфIыкIыну зэрыщытыр. УФ-м и Президент Путин Владимир абы папщIэ къызэрымыкIуэ фIыщIэшхуэ зэрыхуащIри дыщIигъужащ.
- КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и лIыкIуэ Блий Албэч хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ехьэлIауэ мы гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм къащта программэм ипкъ иткIэ адэжь хэкум къэкIуэжыну хуейхэм ящыщу япэу арэзыныгъэ зратынур КъБР-р лэжьыгъэкIэ нэхъ зыхуэныкъуэ IэщIагъэ зиIэ ди лъэпкъэгъухэр арауэ зэрыщытыр щигъэIуащ абы. ЗэIущIэм хэтхэм акъыл зэхэдзэ ящIа иужькIэ унафэ ящIащ а Iуэхур нэхъ псынщIэу икIи тыншу зэфIэха хъун папщIэ ведомствэхэм зэдай гуп къызэрагъэпэщыну.
- Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр 2019 — 2020 гъэхэм Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэгъэтIысхьэным ехьэлIауэ щытащ къыкIэлъыкIуэ Iуэхугъуэр. Бырсекъуэ Орфан зэрыжиIамкIэ, мы илъэсым хэкум щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтыну хуей щIалэгъуалэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Псори зэхэту республикищми цIыху 43-рэщ япэ курсым къыщIэтIысхьар.
- — Мы гъэм Сирием щыщу Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм цIыху 1500-рэ щIагъэтIысхьащ. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым абыхэм адыгэ ныбжьыщIэ куэду зэрахэтым, — жиIащ Сэхъурокъуэм.
- Курыт еджапIэм щыщIэсым щегъэжьауэ адыгэ щIалэгъуалэр дунейпсо политикэм хашэ. ДАХ-м и тхьэмадэм зэрыжиIамкIэ, Урысейм нэгъуэщI къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и министерствэм абыкIэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ. Урысейм и чрезвычайнэ лIыкIуэ, УФ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Ерошкин Валерий и нэIэ щIэту Налшык дэт еплIанэ курыт еджапIэм дипломатическэ классхэр къыщызэрагъэпэщ. Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэр къыхуриджащ я щIэблэр цIыкIу щIыкIэ лъэпкъ Iуэхухэм къыхашэурэ драгъэхьэхыну.
- — Адыгэхэм я махуэр лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, хабзэр, псэукIэр, дуней тетыкIэр нэIурыту щыдгъэлъагъуэ махуэу щытын хуейщ, — пищащ адэкIэ Сэхъурокъуэм, лъэпкъ махуэшхуэм щытепсэлъхьым. — Адыгэм и гъэхьэщIэкIэм пэхъун щыIэу къыщIэкIынкъым, ар «дипломатиекIэ» дуней псор зэджэращ. Зи къуэпсхэр жыжьэ къыщежьэ а хабзэ дахэм щIалэгъуалэр щIэтпIыкIын хуейщ. КIуэ пэтми ДАХ-м и лэжьыгъэм щIалэгъуалэ нэхъыбэ къыхыдошэ, нэхъыщхьэращи, щIэблэр Iуэху дахэхэм дехьэх. Абы и мыхьэнэр ди дежкIэ къыпхуэмылъытэнщ. Апхуэдэуи дэ диIэщ Тхьэмадэхэм я Совет. Тхьэмадэ Iумахуэхэм я псалъэ, гупсысэ, Iуэху еплъыкIэ хэмыту зы Iуэхуи зэфIэкIыркъым.
- УФ-м и Президентым и департамен-тым къэрал кIуэцI политикэмкIэ и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадим къыщыпсалъэм жиIащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм ящыщу нэхъыбэм адэжь хэкум къагъэзэжыну зэращыгугъыр.
- — Урысей къэралыгъуэм зыщихъумэжыфынур абы ис лъэпкъхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ ядэIэпыкъумэщ. КъухьэпIэ къэралыгъуэхэм хуэдэу ди лъэпкъхэр зэхэдгъэшыпсыхьыж хъунукъым. ЛIэщIыгъуэ Iэджэ хъуауэ Урысейм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэу, зэрыщIэу, зэныбжьэгъугъэ яку дэлъу къокIуэкI, дяпэкIи дызыхущIэкъунур аращ, — жиIащ Мартыновым.
- КъыкIэлъыкIуэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ бзэщIэныгъэлIхэу КIуэкIуэ Жэмалдин къызэралъхурэ илъэс 90, Мэрэтыкъуэ Къасым илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу иращIэкIыну Дунейпсо Адыгэ зэхуэсым зэрызыхуагъэхьэзырым, Къурей щIыналъэм хыхьэ Инал-хьэжыхьэб- лэ дэт курыт еджапIэр адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэраджын тхылъкIэ къызэгъэпэщыным епхауэ къащтауэ щыта унафэр зэрагъэзэщIам, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хуэгъэпса тхылъыр къыдагъэкIыну зэрагъэхьэзырым, нэгъуэщIхэми.
- ЗэIущIэм и кIэухым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ лъапIэмкIэ ягъэпэжащ, адыгэ Iуэхум илъэс куэд лъандэрэ хуэлажьэ цIыху зыбжанэ.
- Хасащхьэм и лэжьыгъэм кърихьэлIахэр я гуапэ дыдэу ехъуэхъуащ КъБР-м и дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэща МэшбащIэ Исхьэкърэ ЩIыхь орденыр зрата Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ.
- ДАХ-м и зэIущIэм и лэжьыгъэр иуха иужькIэ, абы кърихьэлIахэр ирагъэблэгъащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм папщIэ къызэрагъэпэща нэгузыужь пшыхьым.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.