ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-09-24

  • ФокIадэм и 24, гъубж
  •  Кърым Республикэм и Къэрал гербымрэ къэрал ныпымрэ я махуэщ
  •  ЧэруанакIуэм и дунейпсо махуэщ
  •  1801 гъэм КъуэкIыпIэ Куржыр Урысей империем къыхагъэхьащ.
  •  1812 гъэм Бородино деж щекIуэкIа зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ икIи щыхэкIуэдащ пщы, дзэзешэ, Суворовым и гъэсэн Багратион Пётр.
  •  1938 гъэм Гризодубовэ Валентинэ зи унафэщI кхъухьлъатэм Москва — КъуэкIыпIэ Жыжьэ гъуэгуанэр къемытIэсэхыу зэпичащ.

  •  1957 гъэм Барселонэ къалэм къыщызэIуахащ «Камп Ноу» стадионыщIэр. Иджыпсту ар Испанием и мызакъуэу, Европэми щынэхъ ин дыдэщ — абы цIыху 99.354-рэ йохуэ.
  •  1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ комиссэ.
  •  1999 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ Артур Конан Дойль и литературэ лIыхъужь цIэрыIуэ Холмс Шерлок и фэеплъ.
  •  2010 гъэм дунейм ехыжащ СССР-м и вице-президенту, къэралым «шыщхьэуIу зэхъуэкIыныгъэхэр» къыщызэзыгъэпэща ГКЧП-м и унафэщIу щыта Янаев Геннадий.
  •  Уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ къызэралъхурэ илъэси 156-рэ ирокъу.
  •  Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и Парламентым и унафэщIу, премьер-министру, Сенатым и Iэтащхьэу щыта Хьэбжокъуэ Сэхьид къызэралъхурэ илъэси 121-рэ ирокъу.
  •  Совет къэрал, политикэ лэжьакIуэ, 1984 — 1985 гъэхэм СССР-м и унафэщIу щыта Черненкэ Константин къызэралъхурэ илъэси 108-рэ ирокъу.
  •  УсакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Рубальская Ларисэ и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
  •  Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэркъуасэ Анатолэ и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
  •  Адыгэ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Семэн Руслан къызэралъхурэ илъэс 71-рэ ирокъу.
  •  Тележурналист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» зыгъэлъагъуэ телевизионнэ канал» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Къардэн Аслъэн и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 — 20, жэщым градуси 10 — 11 щыхъунущ.
  • ФокIадэм и 25, бэрэжьей
  •  1632 гъэм Якутск къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  •  1763 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ Москва къыщызэIуахащ Урысейм щыяпэ сымаджэщыр. Абы пащтыхь гуащэм и къуэ Павел и цIэр фIащауэ щытащ.
  •  1818 гъэм инджылыз дохутыр Бланделл Джеймс дунейм щыяпэу зы цIыхум и лъыр адрейм хигъэлъэдауэ щытащ.
  •  1934 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
  •  1935 гъэм СССР-м щIакхъуэ уасэр нэхъ пуд щащIащ, лы, бдзэжьей, фошыгъу кърыращэхун папщIэ яту щыта карточкэхэр къамыгъэсэбэпыж хъуащ.
  •  1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
  •  1943 гъэм Дзэ Плъыжьым Смоленск къалэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
  •  1991 гъэм ДОСААФ зэгухьэныгъэм и цIэр РОСТО жиIэу зэрахъуэкIащ.
  •  1999 гъэм Ельцин Борис Iэ тридзащ Налог полицэм и федеральнэ къулыкъущIапIэм теухуа хабзэм.
  •  Совет композитор, пианист щэджащэ, егъэджакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Шостакович Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу.
  •  АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр къызэ-   ралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
  •  Совет актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист Бондарчук Сергей къызэралъхурэ илъэс 99-рэ ирокъу.
  •  Пшынауэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
  •  Адыгэ тхакIуэ Щэмырзэ Iэмырбий къызэралъхурэ илъэс 86-рэ ирокъу.
  •  УФ-м и цIыхубэ артисткэ Федосеевэ-Шукшина Лидие и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
  •  США-м щыщ зэщхьэгъусэхэу, «Оскар» саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэу Дуглас Майклрэ Зета-Джонс Кэтринрэ къыщалъхуа махуэхэр зэтохуэ. Нобэ Майкл илъэс 75-рэ, Кэтрин илъэс 50 зэрырикъур ягъэлъапIэ абыхэм.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 19, жэщым градус 12 — 14 щыхъунущ.