ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыадыгэщ, уей!

2019-09-24

  • Мы гъэм илъэситху мэхъури, ди щIыналъэм Iэтауэ щыдогъэлъапIэ Адыгэхэм ди дунейпсо махуэр. АбыкIэ унафэ къащтауэ щытащ 2014 гъэм и шыщхьэуIум и 13-м. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, илъэс 280-рэ ипэкIэ Белград Iэ щытрадза Мамыр зэгурыIуэныгъэм и еханэ Iыхьэм къыщагъэлъэгъуауэ щытащ Къэбэрдейр щхьэхуит зэрыхъуар икIи дуней псом щекIуэкI хуитыныгъэхэм хуэдэ зэриIэр. Илъэситху ипэкIэ яубзыхуа махуэшхуэр Белград къару щызыгъуэта дэфтэрыр хэIущIыIу щащIа махуэм техуащ.

  • Зи хабзэрэ къызэгъэпэщыкIэ мардэрэ зыгъуэта махуэшхуэр щагъэлъэпIащ ди республикэми адыгэ- хэр щыпсэу щIыпIэ псоми. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэр екIуу щаIэт Дзэлыкъуэ щIыналъэм. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэр яублащ фокIадэм и 19-м. Районым хыхьэ жылэхэм дэт курыт школхэми сабий гъэсапIэхэ-ми щрагъэкIуэкIащ Адыгэхэм я махуэм теухуа дерс зэIухахэр, пшыхь гуапэхэр. КъыкIэлъыкIуэ махуэм гуфIэгъуэм щыпащащ Дзэлыкъуэкъуажэми щIыналъэм хиубыдэ жылэхэми.
  • Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан гуфIэгъуэм и саулыкъукIэ гуапэу захуигъэзащ районым щыпсэухэм. «Адыгэхэм диIэщ дызэрыпэгэн, дызэрыгушхуэн куэд, — къыхигъэщащ абы и къэпсэлъэныгъэм. — Ди лъэпкъ уардэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэ дахэхэр, ди анэдэлъхубзэр дэри яхуэтхъумэн хуейщ къэкIуэну щIэблэхэм. Зи блэкIам пщIэ хуэзыщIу къэкIуэнум фIыкIэ щыгугъ лъэпкъхэращ зызыужьыфхэр, ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфхэр. Лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралыгъуэ иным, Урысей Федерацэм, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ субъекту дыхэтщи, дяпэкIи зыузэщIыныгъэрэ зэпэщыныгъэрэ диIэу Тхьэм дигъэпсэу адыгэхэр!»
  • Бахъсэн щекIуэкIыну республикэпсо дауэдапщэм хэтыну я шууейхэр, абы щагъэлъэгъуэну щIыналъэ пщIантIэр ирагъэжьа нэужь, дзэлыкъуэдэсхэм жылэ-хэм щаIэтащ Адыгэхэм я махуэр. ДэнэкIи щызэхэпхыр адыгэ лъэпкъым хуэгъэза хъуэхъу дахэхэт, макъамэ екIухэт, плъагъури нэжэгужагърэ дэрэжэгъуэрэ зи нэгум кърих цIыхухэрат.
  •  
  • Дыгъэм уэгур игъэдахэм,
  • Дыадыгэщ, уей!
  • Ди щIыналъэр жэнэт лъахэм,
  • Дыадыгэщ, уей!
  • Дохъумэжыр ди лъэпкъ хабзэр,
  • Ди пшынэбзэр мэбзэрабзэ,
  • ПщIэ худощIыр вагъуэ-шабзэм,
  • Дыадыгэщ, уей!
  • Мы уэрэд цIэрыIуэм хэт псалъэхэр махуэшхуэм хэт дэтхэнэми и гум къиIукI хуэдэт.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.