ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Адыгэхэм я махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-09-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Адыгэхэм я махуэмкIэ си гуапэу сыны­вохъуэхъу!
  • Мы махуэшхуэр адыгэ лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и дамыгъэщ икIи абы къыхощ мамырыгъэм, гуапагъэм, лэжьыгъэм ар сытым дежи зэры­хуэ­унэтIар. Мы махуэм зэкъуегъэувэ адыгэ лъэпкъым, абы и къэкIуэнум псэкIэ тегу­зэвыхь цIыху псори. Адыгэхэр дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми, езыхэм я хэкуу адэжьхэм я щIыналъэр къалъытэ. Абы къыхэкIыу адыгэ лъэпкъыр, абы и бзэр, щэнхабзэр, дуней тетыкIэр хъумэныр жэ­уаплы­ныгъэшхуэ зыпылъ къалэнщ. Ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм ­ящIыгъуу адыгэхэр хущIокъу Урысейр лъэщу зэрыщытынум икIи Хэкум ис лъэпкъ псори къызэтенэнымкIэ ар шэсыпIэу зэрыувыр къагуроIуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Мамырыгъэ, узыншагъэ, насып фиIэну!

2019-09-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэ, ди хьэщIэхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэр Адыгэхэм я махуэмкIэ къывохъуэхъу!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДАХ-м куэд зэфIегъэкI

2019-09-20

  • ФокIадэм и 19-м Налшык щекIуэкIащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэс. Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ хэтхэм нэмыщI, абы кърихьэлIат хьэщIэ лъапIэ куэд: ДАХ-м и тхьэмадэхэм я Советым и унафэщI, тхакIуэ цIэры- Iуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал щIыб политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, министрхэу Къумыкъу Iэуес, Къумахуэ Мухьэдин, КIурашын Андзор сымэ, ДАХ-м хэт Хасэхэм я лIыкIуэхэр, хьэщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ

2019-09-20

Урысей Къэралыгъуэм и мыхъурышхуэр, Къэбэрдеймрэ Черкасскэ пщыхэмрэ я гербхэри хэту. 1698 гъэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

И къару емыблэжу  Iуэхум пэрыта

2019-09-20

  • Сэхъу Владимир Къасболэт и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и иджырей тхыдэм къыхэщ цIыху нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Урысейми КъБР-ми я къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ зэчиифIэу зыкъигъэлъэгъуащ абы икIи ди республикэм и экономикэ зыужьыныгъэм, мамырыгъэр хъумэным, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Чемпионыр кърагъэблэгъэж

2019-09-20

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ Урысейм дзюдомкIэ и чемпионатым дыщэ медалыр къыщызыхьа, ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физическэ щэнхабзэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым (ИППиФСО) и магистр Бабыгуей Олег. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Алэкъей Марьянэ и IэдакъэщIэкIхэм гулъытэ ягъуэт

2019-09-20

  • Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и 11-нэ классым щеджэ Алэкъей Марьянэ Дементьев Андрей и цIэр зезыхьэ «ТекIуэныгъэм дыхуоусэ» дунейпсо зэпеуэм и лауреат хъуащ. Абы къыщыхэжаныкIахэр фокIадэм и 7-м щагъэлъэпIащ ТекIуэныгъэм и музейуэ, Москва дэтым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Мы махуэхэм

2019-09-20

  • ФокIадэм и 20, мэрем
  •  Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ
  •  Белоруссием и таможенникым и махуэщ
  •  Осетие Ипщэм щагъэлъапIэ я къэралыгъуэр щагъэува махуэшхуэр. 1990 гъэм фокIадэм и 20-м ар Куржым къызэрыгуэкIым, Осетие Ипщэм и лъэпкъ суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-09-20

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, фокIадэм и 23
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Псалъэр ейщ щэнхабзэм» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.25 «Ди щIэинхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Адыгэ еджагъэшхуэхэм я пщIэ лъагэр

2019-09-20

  • УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ щIэуэ иубзыхужащ УФ-м ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм къепхауэ лажьэ Аттестацэ комиссэ нэхъыщхьэм (ВАК) хэтхэр. ИпэкIэ зэи къэмыхъуауэ, ВАК-м и Эксперт советхэм мы гъэм япэ дыдэу хагъэхьащ адыгэ щIэныгъэлIхэр. Апхуэдэхэщ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэу, щIэныгъэхэм я докторхэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ къудамэм и унафэщI БищIо Борис, къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ къудамэм и пашэ ТIымыжь Хьэмыщэ, пасэрей тхыдэмрэ археологиемкIэ къудамэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Барэсбий сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэныгъэ

Эндирей щыщ СулътIан-Мут щэджащэр

2019-09-20

  • ПщIэ зыхуэфащэ цIыхушхуэр лъэпкъитIым я быну щыщытым деж абы иращIэкI щIыхьри тIукIэ мэбагъуэ. Апхуэдэ щапхъэхэм язщ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну ди мурад дагъыстэн пщышхуэ, къумыкъу шэмхъал Чопан и къуэ, Эндирей щыщ СулътIан-Мэхьмуд. «СулътIан-Мут» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна а щIалэм и анэр къэбэрдей адыгэт, Анзорхэ япхъут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Таврида» зэхыхьэм и зэпеуэм щытекIуащ

2019-09-20

  • ФокIадэм и 16-м Кърымым къыщапщытэжащ «Таврида» творческэ зэхыхьэм хиубыдэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэм кърикIуахэр. Абы щытекIуа цIыхуихым яхэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIа Куэцэ Вадим. ЩIалэм конкурсым къыщыхилъхьащ иджырей къэфэкIэхэмкIэ школым и проект икIи ар къызэгъэпэщыным тригъэкIуэдэн папщIэ сом мин 200 къихьэхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-09-20

  • Псалъэжьхэр
  • ЯмыгъэIу зэхахыркъым
  •  Шхырыджэгу ныбалъэ, гъаблэ хъумэ — щхьэпIыж.
  •  ШыщIэ къамылъхуам уанэ трелъхьэ.
  •  Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ.
  •  Закъуэныгъэ нэхърэ — Iэл къыбдис.
  •  Зэдэшхэ IэфIщи, зэдэфI унэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис