ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2019

Ахъуэхъу  Таймураз  хагъэхьащ  УФ-м  и Президентым  егъэщIылIауэ  лажьэ  Советым

2019-09-05

  • Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз хагъэхьащ щIыпIэ самоуправленэм зегъэужьыным пыщIа къалэнхэр и пщэ дэлъу Урысей Федерацэм и Президентым и деж щылажьэ Советым. Абы теухуа Указым УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ 2019 гъэм шыщхьэуIум и 19-м.
  • Ди гуапэщ Ахъуэхъу Таймураз кърагъэза дзыхьыр игъэпэжу, цIыхубэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр къехъулIэу лэжьэну.

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-09-05

  • ФокIадэм и 5, махуэку
  • Псапэ щIэным и дунейпсо махуэщ
  • Индием щагъэлъапIэ егъэджакIуэм и махуэр
  • 1666 гъэм Лондон щагъэункIыфIащ махуищкIэ зыпэмылъэща мафIэсыр. Абы цIыху 16 хэкIуэдат, къалэм и ухуэныгъэхэм я Iыхьэ щанэр — унэ минипщIым нэсыр — хисхьат.
  • 1698 гъэм Пётр Езанэм жьакIэ зытетхэм къуэды ятын зэрыхуейм теухуа унафэ къыдигъэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэужь  дахэ  къэзыгъэна   Тыркуин  Анатолэ

2019-09-05

  • Политик лъэщу, къулыкъущIэ пэжу, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щаIэу лажьэ IэщIагъэлI цIэрыIуэу адыгэр зэрыгушхуэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ зи фэеплъ нэху дунейм къытезына, ноби зи цIэр фIыкIэ ираIуэ Тыркуин Анатолэ. Мэздэгу щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа щIалэр балигъыпIэ щиувэм еджакIуэ здиунэтIар Налшыкщ. И хэкужь къихьэжу щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, абы игъэзэжакъым, нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуакъым, атIэ и щIэныгъэ-ри зэфIэкIри и адэжь лъахэм къыхуигъэсэбэпу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-09-05

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, фокIадэм и 9
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.20 «Усэхэр зэрыт тетрадь» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Дахагъэр и пщалъэу». Музыкант Къардэн Тимур (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Лъэпкъым уэ уримыIамэ, мыхъунт апхуэдэу и псэр къулей!

2019-09-05

  • Композитор гуащIафIэ
  • Урысей Федерацэми Адыгэ Республикэми я цIыхубэ артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгейм и Къэрал саугъэтым и лауреат,   УФ-м и Композиторхэм я союзым хэта, композитор цIэрыIуэ Тхьэбысым Умар къызэралъхурэ шыщхьэуIум и 16-м илъэси 100 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зихуэдэ щымыIэ  школхэр

2019-09-05

  • Сабийхэм еджэн щIадзэжащ, ауэ ахэр здэкIуэ школхэр хуабжьу зэщхьэщокI зыщыщ къэралхэр зэрызэмыщхьым хуэдэу. Мы тхыгъэм дэ куэдрэ къыщыдгъэсэбэпын хуей хъунущ «дыдэ» псалъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Къалэ  зэтIолъхуэныкъуэхэр

2019-09-05

  • ЮНЕСКО-м и Дунейпсо ЩIэинхэм яхэтщ Австрием и Гальштат къалэр. Ауэ мы сурэтым щыфлъа-гъур абы и зэтIолъхуэныкъуэ къалэрщ, Гуандун Китай провинцэм щаухуарщ. Ар зэфIэгъэувэным псори зэхэту доллар мелуан 940-рэ трагъэкIуэдащ. И гъуэгухэри, члисэри, тхыпхъэщIыпхъэхэри хэту пхъэм къыхащIыкIа унэхэри Гальштат дыдэм ещхьыркъабзэщ. Ар ящIащ китай мелуанырыбжэм и ахъшэкIэ.
  • Австрием а цIэ дыдэр щызезыхьэ  и къалэм щыпсэухэр ирогушхуэ Китайм абы ещхьыркъабзэ жылагъуэ зэрыщаухуам. Иджы а къалэ зэтIолъхуэныкъуэхэм я цIыхухэр зэкIэлъокIуэ.

Зыхыхьэхэр: Махуэку