ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

Урысейм и щIыналъэхэм нэхъри заужьын папщIэ

2019-06-20

  • Вице-премьер Мутко Виталий Москва щригъэкIуэкIащ щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэм и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхухэр унэ кхъахэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыкъыщIагъакъуэ

2019-06-20

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Москва щыхуэзащ къэрал корпорацэм-ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэм щрагъэкIуэкI реформэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ фондым и правленэм и унафэщI Цицин Констатин.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэр хэхыным пыщIа лэжьыгъэхэр ирагъажьэ

2019-06-20

  • 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м официальнэу зыхуагъэхьэзыру щIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэм я хэхыныгъэм. Законодательствэм ипкъ иткIэ Iэ Iэтыныр абы хухаха 2019 гъэм фокIадэм и 8-м екIуэкIынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэхыныгъэ

2019-06-20

  • Политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэхэр икIи «Политикэ партхэм я IуэхукIэ» 2001 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м къащта Федеральнэ закон №95-ФЗ-м ипкъ иткIэ нобэм ирихьэлIэу хэхыныгъэм хэтыну хуитыныгъэ зиIэхэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэхыныгъэ

Ныбжь дахэ Тхьэм зыхуигъэфэщахэр

2019-06-20

  • Къулъкъужын Ипщэ къуажэм щыпсэу Дыгулыбгъу Исуф Дул и къуэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 90 ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-06-20

  • Мэкъуауэгъуэм и 20, махуэку
  •  Зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ зыхъуэжын хуей хъуахэм я дунейпсо махуэщ
  •  Зоопаркхэм щаIыгъ пылхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
  •  Узбекистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1990 гъэм къащтащ я къэрал суверенитетым теухуа декларацэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КIуэкIуэ Казбек  хэтащ «Урысеймрэ  Ислъам дунеймрэ» гупым Москва щригъэкIуэкIа  зэIущIэм

2019-06-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек урысей лъэныкъуэм къыбгъэдэкIхэм ящIыгъуу дыгъуасэ хэтащ къэкIуэну зэманым зэдэлэжьэным хуэгъэпса «Урысеймрэ Ислъам дунеймрэ» гупым нэгъуэщI къэралхэм — Ислъам ЗэдэлэжьэныгъэмкIэ Зэгухьэныгъэм хыхьэхэм — я Полномочнэ ЛIыкIуэхэм Москва щадригъэкIуэкIа зэхуэсым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Адыгэ  псалъэр»  къезыгъэхьхэм  захудогъазэ

2019-06-20

  • 2019 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къаIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIэдзыныр еух мэкъуауэгъуэм и 27-м.
  • Ди газетым тезыдзэну хуейхэм хъыбар идогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми. Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэщ сом 657-рэ кIэпIейкIэ 66-рэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Илъэс  60  гъуэгуанэ

2019-06-20

  • Иджыблагъэ Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм    я зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 60 зэрырикъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

«Нартхэм  я  кхъэм»  и  щэхухэр

2019-06-20

  • Зеикъуэ пэмыжыжьэу къыщагъуэта кхъэлъахэр Москва къикIа щIэныгъэлIхэм илъэсищ хъуауэ ядж. Къэрал тхыдэ музейм и археологие къудамэм и лэжьакIуэ гуп, Кадиевэ Аннэ зи пашэм, куууэ щIыр иратIыхат икIи, зыр адрейм и лъабжьэм щIэлъу, хьэдэ зыбжанэ къыщагъуэтат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

   Пасэрей адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхьу узыщрихьэлIэхэр

2019-06-20

  • Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №71-м итщ).
  • Сабий къалъхуагъащIэр и гъусэу Сэтэней бгыхэм кIуащ, абы гъуаплъэм къыхэщIыкIа гущэ щищIри, сабийр щипIащ икIи къэзылъхуа и анэм къарукIэ ефIэкI хъуху игъэшхащ. Щауей пелуан хъуа иужькIэ Сэтэней ныбжьыщIэр и анэм деж ишэжащ.
  • Щауей и гъусэу Сэтэней къызэрыкIуэжыр щилъагъум, иныжьыпхъур къапежьащ, и къуэр ишхыну и мураду. Щауей и анэр иубыдри абы и къарур фIэкIуэдыху иудыныщIащ. Иныжьы-пхъум къыгурыIуащ и къуэр зэримышхыжыфынур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Алыджымрэ Урысеймрэ  бзэмрэ литературэмкIэ я илъэсыр Салоники къыщызэIуахащ

2019-06-20

  • УФ-м и Президентым нэгъуэщI къэралхэм щэнхабзэ Iуэхухэр ядэщIэнымкIэ и лIыкIуэ Швыдкой Михаилрэ Алыджым и лIыкIуэу Урысейм щыIа Клис Илиасрэ Iэ щIадзащ зэрызэдэлэжьэнум. Ауэ мы Iуэхур нэхъ япэIуэкIэ къежьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Я псэукIэр нэхъ зэIузэпэщ хъун папщIэ

2019-06-20

  • Иужьрей тхьэмахуэхэм хъыбарыфI зыбжанэ къытIэрыхьащ ди къэралым нэхъыжьхэм щагъуэтыну гулъытэм теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр

Хэт  сабийхэр  зыгъашхэр,  сыт  ирагъэшхыр?

2019-06-20

  • Къэрал Думэм и депутат гупым къыхалъхьащ курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ шхын яхуэзышэхэм ятеухуа хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуейуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

КIэрыхубжьэрыхухэм къыхуагупсысыр фщIэрэ?

2019-06-20

  • Зэгуэр флъэгъуа роботым кIэрыхубжьэрыхур зэщIикъуэу? ЗанщIу Япониер фигу къэкIагъэнщ, ауэ ди къэралми, Уфа, ар къыщагъэсэбэп хъуащ. Тюмень къыщагупсысар нэхъыфIыжщ — абы кIэрыхубжьэрыхум бензин къыщыхащIыкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

« Раньше