КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Урысеймрэ Ислъам дунеймрэ» гупым Москва щригъэкIуэкIа зэIущIэм
2019-06-20
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек урысей лъэныкъуэм къыбгъэдэкIхэм ящIыгъуу дыгъуасэ хэтащ къэкIуэну зэманым зэдэлэжьэным хуэгъэпса «Урысеймрэ Ислъам дунеймрэ» гупым нэгъуэщI къэралхэм — Ислъам ЗэдэлэжьэныгъэмкIэ Зэгухьэныгъэм хыхьэхэм — я Полномочнэ ЛIыкIуэхэм Москва щадригъэкIуэкIа зэхуэсым.
- ЗэIущIэм кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Урысейм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей: «Ислъам дунейм и къэралхэм дэ яхудиIэ пыщIэныгъэхэр лIэщIыгъуэ бжыгъэхэм къадобжэ икIи ноби дызэдолажьэ лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ. Дэ дызэкъуагъэувэ дунейпсо хабзэм ткIийуэ дызэрытетым, зэхуэдэныгъэмрэ захуагъэмрэ ди гъуазэу зэрыщытым, ди зэхуэдэ сэбэп зыхэлъхэр къызэрытлъытэм, апхуэдэуи лъэпкъхэм зихуэдэ щымыIэ я щэнхабзэхэм пщIэ зэрахуэтщIым, абыхэм полити-кэ, социально-экономикэ я лъэныкъуэкIэ зытетыну нэхъ къащтэхэр къыхахыжыным дызэрителъхьэм.
- Ислъам ЗэдэлэжьэныгъэмкIэ Зэгухьэныгъэм хэт къэралхэм яхуиIэ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хуэунэтIауэ Урысей къэралыгъуэм и унафэщIхэм зэфIагъэкIхэр жылагъуэм жыджэру къыдаIыгъ, псом хуэмыдэу ар щынэрылъагъущ щыпсэухэм я нэхъыбапIэм ислъам диныр щаIыгъ ди щIыналъэхэм. Ди гуапэу къыхыдогъэщ муслъымэн къэралхэм щыщ ди лэжьэгъухэри апхуэдэу къызэрытхущытыжыр.
- Апхуэдэ щытыкIэм «Урысеймрэ Ислъам дунеймрэ» гупым мыхьэнэ хэха иIэ мэхъу. А гупым къыпэщытщ жылагъуэхэм, хьэрычэт Iуэху зэдэзыщIэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм, щIэныгъэлIхэм, щIалэгъуалэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм, жыпIэнурамэ, Урысеймрэ Ислъам дунеймрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI дэтхэнэ зыми я егугъуныгъэхэр зэгъэуIуным хуэгъэза, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр гъэзэщIэныр.
- Дэ ди гуапэу къыхыдогъэщ а гупым ди къэралхэр нэхъри гъунэгъу зэхуэхъунымкIэ, ди зэныбжьэгъугъэр, дзыхь зэрызэхуэтщIыр гъэбыдэнымкIэ, ди лъэпкъхэм зызэхащIыкIынымкIэ, зэгъусэу къыдэтх Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ, абыхэм щэнхабзэ, псапащIэ, сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ IэнатIэхэри яхэту, я зэфIэкIым дызэрыхуэныкъуэр».
- Зэхуэсым апхуэдэу хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутатхэр, Урысейм и Президентым и Администрацэм щыщхэр, экспертхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ дин IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
- «Урысеймрэ Ислъам дунеймрэ» гупыр 2006 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ УФ-м и Президент Путин В. В. пщэрылъ къазэрыщищIам ипкъ иткIэ, Урысеймрэ ислъам дунейм и къэралхэмрэ зэхуэдэ хуитыныгъэхэр зиIэ зэлэжьэгъуу щытыныр зи лъабжьэ зэхущытыкIэхэр яIэ хъуным хэлIыфIыхьыныр и къалэну. Ар хуэунэтIащ экономикэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, щIалэгъуалэ политикэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми щаIэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным. ЗэгухьэныгъэщIэм и унафэщIу щытащ дипломат Примаков Евгенийрэ Тэтэрстаным и япэ Президент Шаймиев Минтимеррэ. 2014 гъэм УФ-м и Президент Путин Владимир Гупым и унафэщIу игъэуващ Тэтэрстаным и президент Минниханов Рустам.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.