Пасэрей адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхьу узыщрихьэлIэхэр
2019-06-20
- Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №71-м итщ).
- Сабий къалъхуагъащIэр и гъусэу Сэтэней бгыхэм кIуащ, абы гъуаплъэм къыхэщIыкIа гущэ щищIри, сабийр щипIащ икIи къэзылъхуа и анэм къарукIэ ефIэкI хъуху игъэшхащ. Щауей пелуан хъуа иужькIэ Сэтэней ныбжьыщIэр и анэм деж ишэжащ.
- Щауей и гъусэу Сэтэней къызэрыкIуэжыр щилъагъум, иныжьыпхъур къапежьащ, и къуэр ишхыну и мураду. Щауей и анэр иубыдри абы и къарур фIэкIуэдыху иудыныщIащ. Иныжьы-пхъум къыгурыIуащ и къуэр зэримышхыжыфынур.
-
Сэтэней, Щауей и адэм иритыжри, езыр ежьэжащ.
- Хъыбарым и нэгъуэщI къудамэм зэрыжиIэмкIэ, сабийм и бынжэр пызыупщIа фызыжьыр Нэрыбгей и губжьым щышынэри, ар пхъэбгъу зэIулIам илъу псым хидзащ. Ар нарт цIыхубзым къигъуэтри ипIащ. Пэжу, апхуэдэ хъыбар лIэужьыгъуэм лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэлIэ.
- Зевс и гугъу щытщIкIэ, дэ къэтлъытэн хуейщ ар хьэтхэм я деж икIыу пасэрей алыджхэм я деж зэрыкIуар. Хьэтхэм Касиу тхьэр яIащ, алыдж- хэм я деж ар Зевс щыхъуащ. Зэрытлъагъущи, абы ехьэлIа хъыбархэри япэщIыкIэ къыщежьар хьэтхэм я дежщ. МафIэм и тхьэ алыдж гъукIэ Гефест ебгъапщэ хъунущ мафIэмрэ гъукIэ IэщIагъэмрэ я тхьэ адыгэ Лъэпщ: тIуми мафIэр къагъэIурыщIэ, тIуми зэхуэдэ ныкъуэдыкъуагъэ яIэщ. Гомер и «Илиада»-м дыкъыщоджэ:
- «Тхьэ уахътыншэхэр жеину
- зэбгырыкIащ —
- Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ.
- Ахэр кIуащ зи лъакъуитIри
- къызыдэмыбз Гефест
- Унэ дахэхэр икIи абрагъуэхэр
- щахуищIа щIыпIэхэм».
- «Лъэпщ и гъущI лъакъуэхэр» нарт хъыбарым итри абы ещхьщ.
- ИпэкIэ къэтхьа сатырхэм къагъэлъагъуэ Гефести Лъэпщи я лъакъуэхэр къадэмыбзэу зэрыщытар. Абы къыдэкIуэуи тIуми я кIыщхэр цIыху-хэм япэжыжьэ бгъуэнщIагъым щIэтт.
- Алыджхэм я Прометейрэ адыгэхэм я Нэсрэн ЖьакIэрэ зэщхьыркъабзэщ. Прометей (алыджыбзэкIэ а псалъэм къэкIуэнур зылъагъу, тхьэгурымагъуэ жиIэу аращ) Кавказ бгым кIэраIулIат тхьэхэм мафIэ къафIидыгъуу цIыхухэм къазэрыхуихьам къыхэкIыу. Мыбдеж къыщыхэдгъэщхьэхукIынщ, Зевс и унафэкIэ, ар тхьэ икIи гъукIэ Гефест Кавказ къуршхэм я щыгум зэрыриIулIар. Махуэ къэс Прометей и деж къэлъатэрт бгъэ абрагъуэри абы и тхьэмщIыгъур пхишхыкIырт. Жэщым Прометей и уIэгъэхэр кIыжырт, арщхьэкIэ етIуанэ махуэм псоми къыщIидзэжырт. ИкIэм-икIэжым Геракл гъуэгуанэ жыжьэ зэпичщ, Кавказым кIуэри, Прометей хуит къищIыжащ. «Батэрэз бгыщхьэм кIэраIулIа Нэсрэн жьакIэ хуит къызэрищIыжар» нарт хъыбарыр теухуащ тхьэпэлъытэ Пэкъуэ нартхэр мафIэншэу къызэригъэнам. Апхуэдэу щыхъум, ахэр Нэсрэн ЖьакIэ елъэIуащ ящIэнумкIэ чэнджэщ къаритыну. Жэуапу яритыжащ: «Сэ ар Пэкъуэ нэджэIуджэ къытесхыжынщ». Ауэ Пэкъуэ Нэсрэн ЖьакIэ быдэу Iуащхьэмахуэ трипхащ. Лъы зыфIэфI бгъэ иIэти, ар махуэ къэс къигъэлъатэурэ нартхэм я тхьэма-дэм игури и тхьэмщIыгъури гущIэгъуншэу иуIэрт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нартхэм ар ягу техуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, абы къыхэкIыу Батэрэз Нэсрэн ЖьакIэ хуит къищIыжащ. Нарт хахуэм бгъэ лъыифри Пэкъуэ и щхьэхъумэ Ажалри иукIащ. Ар щилъагъум Пэкъуэ щIыпIэр ибгынащ, Батэрэзи Нэсрэн ЖьакIэ къишэжащ.
-
Мыбдеж дэ щыдолъагъу Прометейрэ Нэсрэн ЖьакIэрэ гугъу езыгъэхьа бгъэ лъыифхэр Гераклрэ Батэрэзрэ зэраукIар. А хъыбаритIри зэщхьыркъабзэщ. Абыхэм хэт лIыхъужьхэри я IуэхущIафэхэмкIэ зэпэгъунэгъущ. Прометеи Нэсрэн ЖьакIи Кавказыбгхэм кIэраIулIауэ щытащ. Зи гугъу тщIахэм дигу къагъэкIыж Фракием и пащтыхь Финей гугъу езыгъэхьу щыта бгъэжьыр зэраукIа хъыбарыр. «Аргонавтхэр Финей и деж щыIэщ» таурыхъым къыщыгъэлъэгъуащ Аполлон Финей тезыр зэрытрилъ-хьар. Иужьрейм Зевс и щэхухэр цIыхухэм яжриIэрт, Аполлон къэхъуну-къэщIэнум зэрыщыгъуазэр къигъэсэбэпурэ. Аполлон Финей нэф ищIащ, тхьэхэм абы ираутIыпщащ бгъэ теплъэ зиIэ нэджэIуджэхэр. Финей и унэм къэлъатэурэ абыхэм ерыскъы псори яшхырт икIи узымыгъэбауэ мэ Iей абы къыщIанэрт. Тхьэхэм Финей жраIащ Борей и къуитI дамэ зытетхэр, Зетрэ Каландрэ, яхэту аргонавтхэр езым и деж къэкIуа иужь тезырыр зэрыщхьэщахыжынур. А тIум бгъэхэр ирахужьащ яукIын мурадкIэ, арщхьэкIэ тхьэхэм я лIыкIуэ Иридэ къызэтригъэувыIащ, а къуалэхэр Финей и унэм афIэкIа зэрымылъэтэжынур яжриIэри. ФIыщIэ папщIэу Финей аргонавтхэм яжриIащ Колхидэм дыщэм къыхэщIыкIа мэлыфэр къызэрыщагъуэтынур. Мы хъыбарри, Прометейрэ Нэсрэн ЖьакIэрэ ятеухуа Iуэтэжхэри зыгуэрхэмкIэ зэщхьщ. Псом япэу къыхэдгъэщынщ Финей теухуа таурыхъыр фракийхэм къазэрыбгъэдэкIар. Абы щыгъуэми еджагъэшхуэ зыбжанэми къыхагъэбелджылыкI адыгэхэмрэ фракийхэмрэ лъыкIэ зэрызэгъунэгъур. Аращи, фракийхэм я таурыхъымрэ нарт хъыбарымрэ зэщхь щIыхэлъым и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ.
- Иджыри зы зэгъэпщэныгъэ къэтхьынщ — Полифем иныжь нэ лъэныкъуэм теухуа алыдж таурыхъымрэ «Бэдынокъуэ иныжь нэ закъуэм зэрытекIуар» нарт хъыбарымрэ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ нарт Хьэгъур, езым и къуэшхэр и гъусэу, Иныжь нэ закъуэм и гъэр зэрыхъуар. Иужьрейр бгы лъапэм щIэт мэзым и гъунэгъуу щыпсэурт. Иныжьым Хьэгъур и къуэш псори ишхащ, ауэ езым Иныжьым и нэ закъуэр ирищIри, джэдэхъу абрагъуэм и ныбафэ щIагъым щIэту, бгъуэнщIагъым къыщIэкIыжыфащ. ИужькIэ Хьэгъур Бэдынокъуэ хуиIуэтэжащ и Iэ лъэныкъуэр зэрыфIэкIуэ-да щIыкIэр. Хьэгъур къызэригъэпцIар Иныжьым къыгурыIуа иужь, ар абы къыкIэлъыгуоуащ, къызэрытекIуам папщIэ и Iэлъыныр тыгъэ къыхуищIыну къигъэгугъэу. Iэлъыныр апхуэдизкIэ инти, ар и Iэм зэрырилъхьэу зууэ хуежьащ. Иныжьыр къыкIэлъыпхъэращ икIи Хьэгъур Iэлъыныр зыфIэлъ и Iэр пиупщIыжын хуей хъуащ, зыкъригъэлын папщIэ. Хьэгъур едэIуа иужькIэ, Бэдынокъуэ тхьэ иIуащ абы илъ ищIэжыну. ИкIи, Иныжьым и щхьэр пиупщIри, и псалъэр игъэпэжащ.
- Иныжь нэ закъуэм теухуа алыдж таурыхъым дэ къыджеIэ Трое къыщикIыжым Одиссейрэ абы и гупым-рэ Полифем иныжьым гъэру иубыдауэ. Абы ахэр бгъуэнщIагъым щIиубыдэри, чэзу-чэзууэрэ ишхыу щIидзащ. Одиссей хьилэшым хузэфIэкIащ и ныбжьэгъухэри къригъэлын, езыри иныжьым къыIэщIэкIын. Полифем шагъыр иригъэфа иужь Одиссей къеупщIащ: «Уи цIэр къызжепIэмэ, тыгъэ пхуэсщIынщ». Одиссей жиIащ цIэимыIуэкIэ къеджэу. Иныжьым къигъэгугъащ: «Сэ уэ иужьрейуэ усшхынщ. Аращ сэ си тыгъэри». ИкIи дыхьэшхащ. Поли-фем шагъырым игъэжея иужькIэ гупым абы и нэ закъуэр иращIащ. Одиссейрэ и ныбжьэгъухэмрэ бгъуэнщIагъым къыщIэкIыжащ мэл абрагъуэхэм я щIагъым щIэту.
- Мыбдеж дэ зэщхь куэд хыдолъагъуэ иныжь нэ закъуэм теухуа алыдж таурыхъымрэ Емынэжь теухуа нарт хъыбарымрэ. АрщхьэкIэ хъыбаритI- ми занщIэу къыщымыгъэлъэгъуа нэгъуэщI гуэрхэми гу лъывэдгъэтэну дыхуейт. Япэрауэ, иныжьхэр щыпсэу щIыпIэм и гугъу щищIкIэ, Гомер и «Одиссея» поэмэм дыщрохьэлIэ:
- «ЩыIэщ абы IэнэщIу икIи
- зэщIэкIауэ хытIыгу цIыкIу;
- Ар здэщыIэр тенджызым хэт
- щIыпIэ фIыцIэрщ,
- Иныжьхэр зыIус Iуфэм
- пэмыжыжьэу икIи пэмыблагъэу
- МэзкIэ щIэуфащ; мэз бжэнхэр
- щыкуэдыкIейуэ
- ЩохъуакIуэ, ахэр зэи цIыху
- хуэзакъым,
- Iэуэлъауи зэхахакъым, зэи
- зыри ещэкIуакъым…»
- Адыгэ нарт хъыбарми зи гугъу ищIри аращ: «Дэ зэхэтхащ а щIыпIэм Къуэ ФIыцIэкIэ зэреджэр. Абы мэз бжэн щыкуэдт, езы щIыпIэр шынагъуэми».
- Зэрытлъагъущи, хъыбаритIми иныжьхэр щыпсэу щIыпIэхэр мэзылъэщ, мэз бжэнхэр щыкуэдщ, абы-хэм зыри щыщакIуэркъым. ЕтIуанэрауэ, алыдж таурыхъым Одиссейрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ Иныжьым и бгъуэнщIагъыр, мэлхэм я щIагъхэм зыщIагъапщкIуэу, ябгынамэ, Хьэгъур теухуа нарт хъыбарым къыщыгъэлъэгъуащ джэдэхъу абрагъуэм и щIагъым щIэту ар Иныжьым зэрыIэщIэкIар. Пэжщ, алыдж хъыбарым Одиссей зызыкIэщIигъэпщкIуа тIым Полифем йохъурджауэ, иужьу бгъуэнщIагъыр зэрибгынам къыхэкIыу.
- Дэтхэнэ хъушэми япэ иту кIуэ джэдэхъу пашэхэр мэлыхъуэхэм зэраIыгъыр къэплъытэмэ, Полифем иIэн хуеяр тIыкъым, атIэ джэдэхъущ. Алыджхэр мыбдеж щыщыуагъэнущ. Ар щыхьэт тохъуэ мы хъыбарыр адыгэхэм я деж къыщыщащтэм алыджхэм джэдэхъур тIыкIэ зэрызэрахъуэкIам. АрщхьэкIэ ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIыр мэл хъушэм япэ иту джэдэхъум къикIухьущ.
- Алыдж лIыхъужь Танталрэ нарт Сосрыкъуэрэ я хьэлхэр зэрызэщхьым щыхьэт техъуэ куэди дрохьэлIэ. Апхуэдэ дыдэу, Сосрыкъуи алыдж Ахиллеси я кIуэдыкIар зэтохуэ. Щапхъэ къэтхьынщ: Олимпым къыщехыж- кIэ Тантал тхьэхэм я ерыскъы амврозиемрэ нектаррэ къыздищтэрт икIи ахэр и ныбжьэгъухэм яхуигуэшырт. Апхуэдэу яхуиIуатэрт тхьэхэм я щэхухэри. Абы къыхэкIыу Зевс тезыр къытрилъхьащ икIи Аид пащтыхьыгъуэм къыщигъэхутащ. Абы теухуауэ «Одиссея» поэмэм жеIэ:
- «ИужькIэ слъэгъуащ сэ укIыкIейуэ
- ягъалIэ Тантал:
- Гуэн хужьым ар псым щыхэтт и
- пщэм къэсу икIи
- Псы хуабжьу хуэлIэми,
- ефэфыртэкъым.
- Ефэн мурадкIэ и пщэр
- зэрыришэхыу,
- Псыр щIэпхъуэрт, къэнэжыр
- ЩIагъ фIыцIэрт, ауэ ари
- нэджэIуджэм ирифырт.
- ИщхьэкIэ дэплъеймэ, жыгхэм
- пхъэщхьэмыщхьэ куэд япытт:
- МыIэрыси, кхъужьи, дыщэпскIэ ла
- нэгъуэщIхэри —
- Псори зэщIэгъагъэрт.
- Шхын щхьэкIэ лIэм и Iэхэр
- пхъэщхьэмыщхьэхэм
- зэрахуишийуэ,
- Жыгхэм я къудамэ псори пшэ
- фIыцIэхэм ягъэпщыкIурт».
- Нарт хъыбарми къызэрыхэщымкIэ, тхьэхэм Сосрыкъуэ санэ ирагъэфащ, лIыгъэ зэрыхэлъым къыхэкIыу. Псатхьэ Сосрыкъуэ санэ фалъэ къритащ. А фадэр апхуэдизкIэ игу ирихьати, Сосрыкъуэ щIэлъэIуащ аргуэру ирагъэфэну. АрщхьэкIэ тхьэхэм лIыхъужьхэр фадэ зэрырагъафэр зэ закъуэт. ИтIани, Лъэпщ хузэфIэкIащ Сосрыкъуэ етIуанэ фалъэри къраты-ну тхьэхэр къигъэдэIуэн. Ар къипхъуатэри, Сосрыкъуэ Iуащхьэмахуэ къридзыхащ: «Фэ фызэфэ фадэри цIыху цIыкIухэм я фадэ ирехъу!» — жиIэри. Сэтэней ядэIэпыкъуурэ нартхэм зрагъэсащ а фадэр ящIыфу.
- ХъыбаритIми зэрыхэтлъагъуэщи, Тантали Сосрыкъуи тхьэхэр къагъапцIэри, я щэхухэм цIыхухэр щыгъуазэ ящIащ. Ахиллесрэ Сосрыкъуэрэ я гугъу пщIыми, зэщхь куэд щыдолъагъу. Апхуэдэхэщ дунейм къызэрытехьа щIыкIэхэри, я тIасхъапIэхэри, зэрахьа лIыхъужьыгъэри, зэрыкIуэда щIыкIэри. Псалъэм папщIэ, къалъхуа иужькIэ тIуми я Iэпкълъэпкъхэр япсыхьащ, арщхьэкIэ тIасхъапIэхэр къэнащ, ахэращ тIури зэрыкIуэдыкIари.
- Къапщтэмэ, Ахиллес и лъэдакъэр Парис и шабзэшэм пхиудащ, Сосрыкъуэ и куитIыр бгыхэм кърадзыха жаншэрхъым пиупщIащ.
- Къыхэгъэщын хуейщ Сосрыкъуэ и хьэлыр адрей алыдж лIыхъужьхэми ебгъапщэ зэрыхъунур. Сосрыкъуэ ещхьщ алыджхэм я тхьэ Дионис. Япэрейм хуэдэу, Дионис жызумей къегъуэт икIи цIыхухэр жызум ягъэкIыу, шагъыр щIахуу ирагъасэ.
- Алыджхэм я тхьэ Адонис Сосры-къуэ къытохуэ, тIури дунейм къызэрытехьа щIыкIэмкIэ. Адонис пхъэ кугъуэм, нарт лIыхъужьыр мывэ кIуэцIым кърахащ. Прометей хуэдэу, Сосрыкъуи цIыхухэм мафIэ къахуехь.
- Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я хъыбар куэдым дащрохьэлIэ цIыхухэм чэнджэщ Iущхэр езыт нэхъыжьыфIхэм. Алыджхэм я деж а къалэныр куэдрэ щегъэзащIэ Нестор, адыгэхэм Тхьэмадэ Iущ яIэщ. Иужьрейм иджыри къэс мыхьэнэшхуэ зиIэ увыпIэ щиIыгъщ адыгэхэм я жылагъуэ, унагъуэ гъащIэми.
- Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я хабзэхэм зэбгъапщэ хъун куэд хэлъщ. Ахэр хыболъагъуэ Гомер и «Илиада», «Одиссея» поэмэхэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, Трое зауэм и зэманым Нестор адыгэ джэгуакIуэм и къалэныр игъэзэщIащ. «Илиада» поэмэм абы зауэлIхэм мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ защыхуегъазэ:
- «Данай лIыхъужь гъуэзэджэхэ,
- Арес и блыгущIэтхэ!
- Бийм фезауэ, зэкIэ къуентхъ
- къэвмыпхъуатэ,
- ЗауэлIхэм яужь зыкъивмынэ,
- Къуентхъ нэхъыбэ унэм къэфхьын
- мурадкIэ».
- Апхуэдэ псалъэхэмкIэ адыгэ джэгуакIуэхэми зыхуагъазэу щытащ зауэм Iухьэхэм. Ахэр хахуэхэм яхуэусэрт, гу махэхэм, шынэкъэрабгъэхэм ятехъущIыхьырт.
- Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэми зэщхь мымащIэхэр яхыдолъагъуэ. Пасэрей адыгэ хабзэмкIэ, зауэлI къаукIарэ абы и хьэдэр бий- хэм яIыгъ щIыпIэм къыщынамэ, адыгэхэм абы и хьэдэр къащтэжын е къащэхужын хуей хъурт. Я ныбжьэгъум и хьэдэр зыIэрагъэхьэжын папщIэ, бийхэм ебгъэрыкIуэурэ гупышхуэ щыхэкIуадэ щыIэт. Ар къемыхъулIамэ, къащэхужырт.
- «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джон XIX лIэщIыгъуэм Урыс-Кавказ зауэм щитхыгъащ: «Я хэкуэгъухэм ящыщ зауэ губгъуэм къинамэ, куэдыр ар къыщаукIа щIыпIэм макIуэ абы и хьэдэр къащтэжыну. А зэхэуэм нэгъуэщI цIыхухэр зэрыхэкIуадэри къафIэIуэхукъым». Шэрджэсхэм я гъащIэмрэ хабзэм- рэ хуабжьу кIэлъыплъа Монпере Фредерики итхыгъащ адыгэхэм «зауэм хэкIуэдахэм я хьэдэхэр къызэращэхужыр». Мыбдеж дигу къыщыдгъэкIыж хъунущ Гектор и хьэдэр къызэращэхужа щIыкIэм теухуауэ Гомер итхари. «Илиада»-м дыкъыщоджэ езым и къуэр къищэхужын папщIэ налкъут куэд къэзыхьа Приам лIыжьыр Ахилл фIэгуэныхь зэрыхъуар икIи ар пщIэншэу зэрыритыжар.
- Пасэрей адыгэхэр шынэкъэрабгъэхэм ятеплъэ хъуртэкъым, уеблэ- мэ апхуэдэхэм къэрабгъэджанэрэ къэрабгъэпыIэрэ щатIагъэрт.
- Пасэрей алыджхэми абы ещхь хабзэ яIащ. Плутарх къыхигъэщхьэхукIащ лIыхъужьхэм я мызакъуэу, къэрабгъэхэми Спартэм уэрэд щыхуаусу зэрыщытар. Ауэ а уэрэдхэр зэщхьэщыкIырт. ЗэуапIэ губгъуэр къагъанэу щIэпхъуэжахэм нэмыплъ иратырт, Лермонтов Михаил и «КIуэрыкIуэсэж» поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу.
- Мыбдеж пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ куэдкIэ щызэтохуэ. щапхъэ зытIущ къэтхьынщ: «Спартэм щыщ гуэрым и анэм хуиIуэтэжащ езым и къуэшым и псэр лIыхъужьым хуэдэу зэритар. Абы бзылъхугъэм пидзыжар мыращ: «Уэ уукIытэркъэ, апхуэдэу уи псэр зэрумытам щхьэкIэ?!»
- Спартэм щыщ нэгъуэщI цIыхубзым и къуитхури зауэм игъэкIуат. Къалэгъунэм Iуту ар пэплъэрт, зауэр зэриухам теухуа хъыбарыр къищIэным. Гъунэгъуу блэкI цIыхухъум къыжри-Iащ абы и къуэхэр псори зэрыхэкIуэдар. «Аракъым уэ сыныщIоупщIар, — кIиящ цIыхубзыр. — Я Хэкум и Iуэхур зыхуэкIуарщ». Спартэр зэрытекIуар къыщыжриIэм, бзылъхугъэр гуфIащ: «Апхуэдэу щыщыткIэ, сэ сыщогуфIыкI си къуэхэр зэрыхэкIуэдам».
- Апхуэдэ щытыкIэхэм къихутэрт адыгэ цIыхубзхэри. Урыс-Кавказ зауэм и зэманым зы бзылъхугъэм и къуищри зэхэуэхэм хигъэхьащ. Мыгувэу къыхуаIуэхуащ тIум лIыгъэ яхэлъу я псэр зэратар, ещанэр зэрыпсэур. А хъыбар гуауэр хуэзыхьам еупщIащ анэр: «Абы езым и къуэшхэм ялъ ищIэжа?» Мыдрейм жэуап иритащ, бийр къарукIэ къызэребэкIым къыхэкIыу, апхуэдэ Iэмал ещанэм зэримыIар. «Апхуэдэу щыщыткIэ, сэ сиIар къуитIщ», — пиупщIащ и псалъэр цIыхубзым. НэгъуэщI адыгэ бзылъхугъэм и къуэ закъуэр зауэм щигъакIуэм, щIалэм и Iэблэм щэкI плъыжь ирищIащ: «ЗэгъащIэ, си къуэ, уэ мы щэкI плъыжьыр уи Iэблэм ищIауэ утекIуауэ къэбгъэзэжын е хьэдэу укъахьыжын хуейщ».
- Шэрджэсхэм я бийуэ Урыс-Кавказ зауэм хэта декабрист Лорер адыгэ-хэм къадекIуэкI апхуэдэ пасэрей хабзэм теухуауэ игу къигъэкIыжахэр гъэщIэгъуэнщ. Зи гугъу ищIыр Раевскэмрэ зэхэуэм хэкIуэда шэрджэсхэм я хьэдэхэр иратыжыну лъаIуэу абы къыхуэкIуа адыгэпщымрэ яку дэлъа псалъэмакъырщ. «Сэ зэи сщыгъупщэжынукъым абыхэм яку дэлъа псалъэмакъыр», — итхыжащ Лорер. — «Сыт фэ ди пащтыхьышхуэм и жыIэм фыщыщIэмыувэр? — еупщIащ Раевскэр пщым. — Сыт лъыр щIэвгъажэр пщIэншэу? СощIэ фи деж, бгыхэм, инджылыз Бёлл зэрызыщигъэпщкIур. Абы фыкъегъапцIэ, инджылызыр къыбдэIэпыкъуну жиIэурэ. Арщхьэ-кIэ, фи фIэщ фщIы фэ зыри къызэрывдэмыIэпыкъунур, абы и пIэкIэ езыр фыпхи къыдэфт, абы пэкIуэуи ди пащтыхь къулей дыдэм налкъут куэд къывитынущ». Тэрмэшыр къигъэсэбэпри, пщым Раевскэм мыпхуэдэ жэуап иритащ: «Сэ сфIэтелъыджэщ генералым и псалъэхэр. Фи пащтыхьыр апхуэдизу къулеймэ, сыт дэ ди къулейсызыгъэм къыщIехъуапсэр, ди бгы лъапэ къулейсызхэм ху щыхэтсэну Iэмал къыщIыдимытыр? Апхуэдэу щыщыткIэ, фи пащтыхьыр егъэлеяуэ нэпсейуэ къыщIэкIынущ. Инджылыз Бёлл и гугъу пщIымэ, дэ ар фэ фэттыфынукъым, ди ныбжьэгъущи, ди хьэщIэщи, икIи фIы куэд къытхуещIэри. Фэ фхуэдэ дыдэу дэри къытхэтщ къэпщэху хъуну напэншэхэр, арщхьэкIэ, дэ, пщыхэр, лIакъуэлIэшхэр, сыт щыгъуи дыхьэрэмыгъэншэщ икIи фэ фиIэкъым а гъуэгум дытезышыфыну дыщи, дыжьыни, налкъути».
- Сэ гу лъыстащ Раевскэр зэрыукIытам икIи зэтекIутауэ зэтелъ хьэдэхэр пщым иратыжыну псынщIэу унафэ зэрищIам. Апхуэдэу бгырысхэм къащтар фочышэхэмкIэ яукIахэм я хьэдэхэрщ: мыжурэр къэгъэсэбэпыныр абыхэм хьэрэмыгъэу къалъытэрт.
- — Языныкъуэ хьэдэхэм я Iэблэхэм хъыдан плъыжьхэр зэрилъым сэ гу лъыстащ. КъызжаIащ зауэм щагъакIуэкIэ, цIыхубзхэм цIыхухъухэм я Iэщхьэхэм ар зэрыралъхьэр: е утекIуэн е улIэн — аращ абы къикIыр. Пасэрей алыджми щыжаIэу щытакъэ: «Е мэIухур пIыгъыу укъэкIуэжын е абы утелъу укъахьыжын. Ещхъыркъабзэщ…».
- Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я зэуэкIэм нэгъуэщIхэри щызэтехуэу щытащ. Псалъэм папщIэ, бийм щезауэм лIыгъэ иIэу зыкъэзыгъэлъэ-гъуа урыс офицер хэкIуэдамэ, шэрджэсхэм зауэлI гуп ягъакIуэрт абы и хьэдэщIэлъхьэм хэтыну. Хэбгъэзыхьмэ, апхуэдэ цIыхум хуэщыгъуэу махуищкIэ зауэр ягъэувыIэрт.
- Апхуэдэ дыдэ хабзэ яIащ пасэрей алыджхэми. Гомер и деж дыкъыщоджэ: «Махуэ дапщэ уэ Гектор щIэращIэр щIэплъхьэным тебгъэкIуэдэнур? АпщIондэхукIэ сынозэуэнкъым, ахейхэри сутIыпщынкъым».
- Адыгэхэм мыпхуэдэ хабзэ яIащ: махуэм зэзэуа лъэныкъуэхэр пщыхьэщхьэкIэрэ хьэщIэу зэхуэкIуэрт, дэтхэнэри кърагъэблагъэрт, адыгэ хьэщIагъэ ирахыу. АрщхьэкIэ нэху зэрыщу, лъэныкъуэхэр зэпэщIэувэжырт.
- Iэщэхэм я гугъу пщIымэ, ахэри щызэтехуэрт алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я деж. Зи гугъу тщIыр хьэджэсэрт. Къамэхэм, сэшхуэхэм, джатэхэм къадэкIуэу, ахэр адыгэхэми алыджхэми сыт щыгъуи зэрахьэрт.
- Щыгъынхэм я гугъу пщIымэ, спартэхэм щыщхэри адыгэхэри зауэм Iухьэрт щэкI плъыжьым къыхэщIы- кIа джанэхэр ящыгъыу.
- Мыбдеж къыщытхь хъунущ ажалыр къыхэзыха тылейхэм (дзэгъащтэхэм) я щапхъэр. Абыхэм езыхэм яфIэфIу бийм зрагъэукIырт. КъапэщIэувар нэхъ къарууфIэу икIи куэдагъкIэ къебэкIыу щытмэ, адыгэдзэм къыхэкIырт лIэным хуэхьэзыр зауэлI ныбжьыщIэхэр. Апхуэдэхэм зэрызауэ фащэхэр зыщахырти, щэкI плъыжьым къыхэщIыкIа щыгъын зыщатIагъэрт. Дзэм япэ иувэрти, тылейхэр бийм ебгъэрыкIуэрт, псэууэ къызэтенэнымкIэ зы гугъапIэ гуэри ямыIэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, тылейм езым и лъахэм папщIэ и гъащIэр итырт. Уеблэмэ, къыщыхъу щыIащ апхуэдэ лIыгъэм и сэбэпкIэ шэрджэсхэр текIуэу езы дзэгъащтэхэри псэууэ къыщызэтена. Бийм ебгъэрыкIуэн ипэкIэ апхуэдэ цIыхухэм гъыбзэ жаIэрт. Абыхэм хужаIэрт: «Дыгъужь къугъыр къраш». Нэхъыжьхэм яфIэфIтэкъым шэрджэсхэм фащэ плъыжь зэрызыщатIагъэр. абы къыхэкIыу, и псэр итыну зэримурадыр жызыIэр и шыпхъум е нэгъуэщI и Iыхьлым и деж яшэрт. и шыпхъум тылейм адыгэ фащэ хуидырт. Тылейм е дзэгъащтэм зэрызихъумэжыну гуэри къыздищтэ хъунутэкъым. Апхуэдэ цей щитIэгъа нэужь, тылейм тхьэрыIуэ итырт. Дигу къэдгъэкIыжынщи, а тхьэрыIуэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм итхыжащ Тыркум щыпсэуа Нэмытокъуэ Айтэч, иджырей лъэхъэнэм 1960 гъэм къригъэзэгъащ Дыгъужь ФуIэд. франджыбзэм кърихри, адыгэбзэкIэ а псалъэхэр ди деж къигъэсащ Хьэжу Фахърий.
- Мис ахэр:
- «Джатэжьым хуэдэурэ сыпыджэу-рэ, шэжьым хуэдэу сылъатэурэ, бийм и курыкупсэм сыкъыхэхутэнщ. ЩIы сызытетыр къэскIэнкIэ хъунущ, арщхьэкIэ сэ сыкъэскIэнукъым. Уафэр шынэу уфэрэнкIынкIэ хъунущ, ауэ сэ сызыгъэшынэн къару щыIэкъым. Телъыджэ къэхъуу, уафэр щIым къылъэIэсынкIэ хъунущ. АрщхьэкIэ сэ сыкъизыгъэкIуэтын е сыщIезыгъэгъуэжын къару щыIэкъым». «Джатэжь хуэдэу пызгъэщу, шэжь хуэдэу сылъатэу сахэлъэтэнщ бийхэм. ЩIыуэ сызытетыр шынэнкIэ хъунущ, ауэ сэ сышынэнкъым. Уафэр шынэу зэтеуплIэнщIэнкIи хъунущ, ауэ сэ сызыгъэшынэн щыIэкъым. Мыхъунур къэхъуу уафэмрэ щIылъэмрэ зэлъэIэсыжынкIи хъунущ, ауэ сэ къызэзыгъэгъэзэн щыIэкъым».
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).