ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

«Ажалгъуэгур» — адыгэбзэкIэ, «Хъан-Джэрийр» инджылызыбзэкIэ къыдэкIащ

2019-06-18

  • Псалъэжьым «Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ» жиIэ щхьэкIэ, зи щIалэгъуэхэр жыжьэрэ-гъунэгъуу зылъэщIэмыхьэ нэхъыжь ахъырзэманхэри диIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Абыхэм язщ щэнхабзэ утыкур аргуэру тхылъыщIэкIэ зыгъэбжьыфIэ МэшбащIэ Исхьэкъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Австрием и Тироль  щIыналъэм

2019-06-18

  • «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Австрием и Тироль щIыналъэм и Инсбрук зыгъэпсэхупIэм мэкъуауэгъуэм и 12 — 14-хэм щекIуэкIащ «Урысей-Тироль саммит» зыфIаща япэ зэIущIэ. Властым щыщхэр, бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм я тхьэмадэхэр, туроператорхэр, масс-медиа унэтIыныгъэм и лIыкIуэхэр зыхэта зэхуэсыр къызэзыгъэпэщар Тироль щIыналъэм ТуризмэмкIэ и советырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-06-18

  • Мэкъуауэгъуэм и 18, гъубж
  • УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэм пыщIа транспортым и лэжьыгъэр зэкIэлъызыгъакIуэ и къулыкъум и махуэщ
  • Азербайджаным щагъэлъапIэ цIыхум и хуитыныгъэхэм я махуэр
  • Молдовэм и тхыдэджхэм я махуэщ
  • 1761 гъэм Урысей империем унафэ къыщащтащ къэралым къулыкъу хуэзыщIахэм пенсэ яхуэгъэувыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Блай Борис Хьэгуцырэ и къуэр

2019-06-18

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 17-м и ныбжьыр илъэс 84-м иту дунейм ехыжащ Блай Борис Хьэгуцырэ и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ПсэзэпылъхьэпIэр я  зэхэгъэкIыпIэу

2019-06-18

  • ЗэрымыщIэкIэ бийм и лъэныкъуэкIэ къыщыхутаитIыр зэгурымыIуэжу зэпэщIэуват. Я Хэку къэзызэум и IэмыщIэ зилъхьапхъэу къигъэуват къэрабгъэм. Хахуэм шынар хущIригъэгъуэжри, псэзэпылъхьэпIэм къришыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Ди адэжьхэри зэкIэлъыкIуэрт

2019-06-18

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и къудамэ Шууей Хасэм щыщ гупышхуэ мэкъуауэгъуэм и 16-м Ингуш Республикэм хыхьэ Сунжэ къалэм щыIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

 Пасэрей  адыгэхэмрэ  алыджхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхьу  узыщрихьэлIэхэр

2019-06-18

  • Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор
  • Къэхутэныгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, япэ дыдэу цIыхур Африкэм къикIри, Кавказымрэ зэрыщыту Евразиемрэ къэкIуащ илъэс мелуан 1,7-рэ хуэдиз ипэкIэ. Кавказ Ишхъэрэм цIыхухэр щопсэу абыхэм я тхыдэм зэрыщIидзэрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, палеолитым (пасэ дыдэ мывэ лъэхъэнэм) абы щыхьэт техъуэ куэд къыщагъуэтащ. Ди щIыналъэм щыпсэухэр Тенджыз Курыхымрэ Азие ЦIыкIум я цIыхухэм экономикэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ быдэу япыщIауэ къекIуэкIащ. А зэпыщIэныгъэхэр псом хуэмыдэу нэхъ быдэ хъуащ домбеякъым и лъэхъэнэм (ди эрэр къэсыным илъэс мини 4 — мини 3,5 — рэ иIэжу). Абы и щыхьэтщ Мейкъуапэ археологие щэнхабзэр. А зэманым щIыпIэм щызэфIэувами, абы хуабжьу яжь къыщIихуащ пасэрей къуэкIыпIэ цивилизацэхэм я ехъулIэныгъэхэу къахыхьахэм. А псори шумерхэм е хурритхэм, нэхъ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Азие ЦIыкIум къикIа хьэтхэм къыхуахьауэ къыщIэкIынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дахэм и щIагъ дыщэ щIэлъщ

2019-06-18

  • «Дахэ и щIагъ дыщэ щIэлъщ», — жеIэ псалъэжьым. Абы щIэлъ гупсысэр хужыпIэну хуэфащэщ УФ-м Егъэджэныгъэм кIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэм и федеральнэ эксперт, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием хэт, КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетым и доцент, КъБКъУ-м къэрал лицензэмрэ аккредитацэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Тимур. Хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, цIыху зэпIэзэрытым бгъэдэлъщ а дыщэ лъапIэм пэпщI хъун щIэныгъи губзыгъагъи. ЩIалэ гумызагъэр зыпэрыхьэ сыт хуэдэ Iуэхури екIуу, нэгъэсауэ зэфIегъэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

«Инарыкъуейм» Сочэ зыкъыщегъэлъагъуэ

2019-06-18

  • Сочэ къалэм дэт «Фыщт» стадионым щызэхэтащ Инарыкъуей щыщ футбол командэмрэ хэгъэрейхэмрэ я зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Уличный красава-2018» гупыр 1:3-уэ къыхигъэщIащ Урысей Федерацэм и япэ дивизионым мы гъэм щытекIуэу къэралым и гуп нэхъыщхьэм хыхьа «Сочи» командэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

ЩыIэщ топипщI зыхудагъэкIхэри

2019-06-18

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэр Урысейм и махуэр щагъэлъапIа мэкъуауэгъуэм и 12-м екIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъхэр абы бжыгъэшхуэкIэ щытекIуащ икIи я тепщэныгъэр щагъэбыдащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

2019-06-18

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр КъБР-м и Лъэпкъ музейм и къудамэм — «ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейм» — и унафэщI ПащIэ Еленэ Хъалид и пхъум хуогузавэ абы и щхьэгъусэ ПащIэ ТIэмашэ Хьид и къуэр дунейм зэ­рехыжам къыхэкIыу.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я редакцэхэм я лэжьакIуэ-хэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр «ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейм» и уна­фэщI ПащIэ Еленэ Хъалид   и пхъум хуогузавэ абы и щхьэгъусэ ПащIэ ТIэмашэ Хьид и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха