ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Нартхэм  я  кхъэм»  и  щэхухэр

2019-06-20

  • Зеикъуэ пэмыжыжьэу къыщагъуэта кхъэлъахэр Москва къикIа щIэныгъэлIхэм илъэсищ хъуауэ ядж. Къэрал тхыдэ музейм и археологие къудамэм и лэжьакIуэ гуп, Кадиевэ Аннэ зи пашэм, куууэ щIыр иратIыхат икIи, зыр адрейм и лъабжьэм щIэлъу, хьэдэ зыбжанэ къыщагъуэтат.

  • И лъабжьэ дыдэ щIэлъым илъэс 2800-рэ и ныбжьщ, ищхьэм телъым илъэс 2300-м ноблагъэ. Зеикъуэдэсхэм мы кхъэм щхьэкIэ «Нартхэм я кхъэ» жаIэ. Абы къыдэкIуэуи къыхагъэщ мы щIы- пIэм илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ зыри зэрыщыщIамылъхьар. Къагъуэта хьэдэхэм ящыщу тIум я щхьэпхэтIыгур кIыхьу хэшащ. Абы и закъуэкъым укъэзыгъэуIэбжьыр! Яхэтщ цIыхубз хьэдэ, и кхъэлэгъунэм нысащIэ хьэпшыпхэр, домбеякъ Iэлъынхэр, тхьэгъухэр, Iэпщэхъухэр куэду щIэлъу. Iэ емыIусауэ, илъэс 2800-рэ ипэкIэ зэрагъэтIылъам хуэдэу  щылъщ нобэми. А псори «нысащIэм» кIэрылъу щIалъхьагъэнущ. ГъэщIэгъуэнращи, хьэпшыпхэм ящыщ зыбжанэ шабзэпэм къыхащIыкIыжауэ къахутащ.
  • Абы зэпэзэнэу иджыри зы хьэдэ щIэлъщ. Ар щыщIалъхьэм илъабжьэIуэкIэ щIэлъ «нысащIэм» и лъакъуэм жьэхэуэу сэкъат игъуэтауэ къыщIэкIынущ — къупщхьэр къэчащ. Ауэ, псом нэхърэ нэхъ телъыджэжыр  гущэм зэрилъу щIалъхьа сабий хьэдэращ! Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, гущэм илъ Iэмэпсымэхэр… ЗэрытщIэщи, пасэрей  зэманым адыгэхэм сабийхэм цIыбэ далъхьэу щытащ. Кадиевэ Аннэ жеIэ, гущэм цIыбэ илъу къагъуэтауэ. Ар щыхьэт тохъуэ илъэс минищ ипэкIэ мы щIыпIэхэм щыпсэуа лъэпкъхэмрэ адыгэхэмрэ зэпхауэ, уеблэмэ зы лъэпкъыу щытауэ жыпIэу хуэбгъэфэщэным, я хьэдэ хуэIухуэщIэр, Iэмэпсымэхэу зэрахьар зэрызэщхьым тепщIыхьмэ.
  • Зеикъуэ и Iэгъуэблагъэм иджыри хьэдэ зыбжанэ къыщагъуэтащ. Абыхэм ящыщ зыр илъэс 16 зи ныбжьын пщащэм ейщ. Хъыджэбзым и щхьэпхэтIыгур кIыхьщ, и дзэхэр зэрыщыту Iутщ, илъэс 2300-2400 и ныбжьщ. Апхуэдэ щхьэпхэтIыгу кIыхь зиIэ хьэдэ зыбжанэ Гундэлэн и ижьырабгъукIэ къыщагъуэтауэ щытащ илъэс зытIущ ипэкIэ. ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ абыхэм я щхьэр кIыхьу хэшауэ зэрыщытар. Абы щэху хэлъкъым — а зэман жыжьэм хабзэу щыIащ сабий цIынэм и щхьэр быдэу якъузрэ, щхьэпхэтIыгур кIыхь ящIыу. КъызэралъытэмкIэ, абы цIыхур нэхъ губзыгъэ ищIырт, лъэпкъ уардэ, лъэпкъ цIэрыIуэ къызэрыхэкIам и нэщэнэт. Псалъэм и хьэтыркIэ, Мысырми щыIащ апхуэдэ хабзэ — я пщэр кIыхь ящIын папщIэ, илъэс къэс зы пщэхъу лейуэ иралъхьэрт, я щхьэр якъузурэ хашырт. А хабзэ гъэщIэгъуэныр КъухьэпIэ ЕвропэмкIэ къикIыу, Кавказым къэсауэ къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
  •  
  • Фырэ  Анфисэ.