ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысейм и щIыналъэхэм нэхъри заужьын папщIэ

2019-06-20

  • Вице-премьер Мутко Виталий Москва щригъэкIуэкIащ щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэм и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

  • Псалъэмакъыр зытеухуауэ щытар лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным текIуэдэну ахъшэм и лъэныкъуэкIэ федеральнэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъурщ, апхуэдэу бюджет зэхуаку трансфертхэм ятеухуа зэгурыIуэныгъэхэр зэрызэращIылIэрщ.
  • ЗэIущIэм хэхауэ щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм и щIыналъэ зыужьыныгъэм и стратегием хиубыдэу ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планым. Къащта документым ипкъ иткIэ, къэкIуэну зэманым къриубыдэу законхэм, адрей хабзэ мардэхэм халъхьэн хуейщ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным, абыхэм щыIэ инвестицэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным, щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр нэхъыбэ къыщыхъу щIыналъэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэхэм цIыхухэр псэунымрэ лэжьэнымкIэ шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIа зэхъуэкIыныгъэхэр.
  • ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэм и комиссэ къызэрагъэпэщащ гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм, УФ-м и субъектхэм я къэрал властым и гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм УФ-м и стратегие-щIыналъэ планхэр щагъэхьэзыркIэ икIи щагъэзащIэкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зэгъэуIун мурадкIэ.