2019-06-04
- 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-р щымылажьэ гуфIэгъуэ
- махуэу гъэувыным и IуэхукIэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
- «Диным и лъэныкъуэкIэ хуитыныгъэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и пункт 7-м тету икIи НэщIикIыж махуэшхуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэрызыкъытхуигъэзам ипкъ иткIэ унафэ сощI:
- 2019 гъэм мэкъуауэгъум и 5-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу щыгъэувын.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
- и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
- Налшык къалэ
- 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м
- №47-УГ
Зыхыхьэхэр: Указ