Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэр хэхыным пыщIа лэжьыгъэхэр ирагъажьэ
2019-06-20
- 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м официальнэу зыхуагъэхьэзыру щIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэм я хэхыныгъэм. Законодательствэм ипкъ иткIэ Iэ Iэтыныр абы хухаха 2019 гъэм фокIадэм и 8-м екIуэкIынущ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэр зэрыщыту зыхиубыдэ республикэ хэхыпIэ округ зэгуэтым щыхахынущ депутат 70. Хэхыныгъэхэр екIуэкIынущ пропорциональнэ хабзэм тету, нэгъуэщIу жыпIэмэ, парт спискэхэм япкъ иткIэ.
- А щIыкIэм тету, хэхыныгъэ лэжьыгъэр нэхъ зыбгъэдэхуэнур хэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэрщ — политикэ партхэм, абыхэм я щIыналъэ къудамэхэм, политикэ партхэм я къинэмыщI IэнатIэхэм ящыщу хэхыныгъэм хэтыну хуитыныгъэ зиIэхэрщ.
- Нобэм ирихьэлIэу политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэу республикэм 37-рэ щатхащ. ХэхыныгъэмкIэ законодательствэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къытригъэдзащ «Политикэ партхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым тету хэхыныгъэм хэтыну хуитыны-гъэ зиIэ политикэ партхэм я спискэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, дызыхуэкIуэ хэхыныгъэхэм хэтыну хуитыныгъэ зиIэ политикэ парту 59-рэ, политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэу 35-рэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэщ.
- Хэхыныгъэм хэтыну хуит ящIа дэтхэнэ партми езым и кандидатхэм я спискэр егъэхьэзыр. Политикэ партым е абы и къудамэу республикэм щыIэм и спискэм кандидату 35-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ, ауэ 120-м щIимыгъу хегъэхьэ.
- Зэрыщыту хэхыпIэ округым къриубыдэу дэтхэнэ зы партым папщIи Iэ зыIэтахэм я бжыгъэм тещIыхьауэ мандатхэри хухахынущ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, политикэ парт пыухыкIам и лIыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым хыхьэнухэм я бжыгъэр Iэ зыIэтахэр зыхуэдизым елъытауэ щытынущ.
- Депутат мандатхэр щызэпагуэшкIэ хэтыну хуитыныгъэ зиIэнур кандидатхэм я спискэу тхахэм ящыщу хэхакIуэхэм я процентихум нэхърэ мынэхъ мащIэм Iэ щIаIэтахэрщ. Депутат мандатхэр кандидату ятхахэм иратынущ абыхэм спискэм щаIыгъ увыпIэм тещIыхьауэ.
- Къэгъэлъэгъуапхъэщ хэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэмыт цIыхухэри кандидатхэм я спискэхэм хагъэхьэну хэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хуитыны-гъэ зэраIэр. Ауэ апхуэдэ цIыхухэм ящыщу спискэм хагъэхьэ хъунур процент 50-м щIимыгъущ.
- ХэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэу хэхыныгъэм хэтыну зи мурадхэм я къалэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щатха хэхакIуэхэм я процент 0,5-м нэхърэ мынэхъ мащIэм ахэр зэрыдаIыгъымкIэ тхылъхэм Iэ щIрагъэдзыну.
- 2019 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щатха хэхакIуэхэм я бжыгъэр 534285-рэ мэхъу.
- ХэхыныгъэмкIэ законодательствэм ипкъ иткIэ хэхакIуэхэм я Iэ зыщIэлъ тхыгъэхэр зэхуамыхьэсу хэхыныгъхэм хэтыну хуитыныгъэ яIэщ политикэ парту 8-м:
- -«Урысей зэкъуэт» урысейпсо политикэ партым;
- — «Урысей Федерацэм и коммунист парт» политикэ партым;
- — «Урысейм и либерал-демократ парт» политикэ партым;
- — «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» политикэ партым;
- — «ЩхъуантIэхэр» урысей экологие партым;
- — «Урысейм и хэкупсэ» политикэ партым;
- -«ЯБЛОКО» урысей демократие парт зэгуэт» политикэ партым;
- -«Урысейм и аграрнэ парт» урысейпсо политикэ партым.
- ХэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм ящыщу кандидатхэм я спискэхэр къыхэзылъхьа дэтхэнэ зыми и къалэнщ хэхыныгъэмкIэ фондыр щызэхуихьэсын папщIэ хэхыныгъэмкIэ счёт щхьэхуэ къызэIуихыну. ХэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэхыныгъэмкIэ я фондхэр езы зэгухьэныгъэхэм ахъшэкIэ е цIыху щхьэхуэхэм, юридическэ IэнатIэхэм езыхэм я жэрдэмкIэ кърат ахъшэм я хьэкъкIэ къызэрагъэпэщу аращ. ХэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэхыныгъэм и фондым къыхэкIыу къигъэсэбэпыну ахъшэр сом мелуан 20-м щIригъэгъуну хуиткъым.
- ХэхыныгъэмкIэ законодательствэм щыубзыхуащ цIыху щхьэхуэхэмрэ юридическэ IэнатIэхэмрэ хэхыныгъэмкIэ фондым нэхъыбэ дыдэу халъхьэ хъуну ахъшэ бжыгъэри. Ар цIыху щхьэхуэхэм папщIэ сом зы мелуан, юридическэ IэнатIэхэм папщIэ сом мелуани 4 хъууэ аращ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэгъэсыгъуэм и депутатхэм я хэхыныгъэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм къыщызэрагъэпэщ: КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм, щIыналъэ хэхакIуэ комиссэу 13-м, участкэ хэхакIуэ комиссэу 355-м. Псори зэхэту абыхэм щылэжьэнухэр цIыху минищым щIегъури, ахэр программэ хэхакIэ Iуэхум хуагъэхьэзырынущ.
- Къэгъэлъэгъуапхъэщ дызыхуэкIуэ хэхыныгъэхэм япэ къихуэу хэхыныгъэмкIэ законодательствэм мыхьэнэшхуэ зиIэ, хэхыныгъэхэр зэIухауэ икIи пэжыгъэ хэлъу егъэкIуэкIыным хуэунэтIа зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ зэрыхалъхьар. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэу къэплъытэ хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэр щыхахкIэ хэхакIуэхэм нэгъуэщI щIыпIэхэм Iэ щаIэтыну хуит зэращI удостворенэхэр тын зэрыщагъэтыр. Иджы Iэ щаIэт махуэм езыр зыхиубыдэ участкэм и щIыналъэм щымыIэну дэтхэнэ хэхакIуэми хуитыныгъэ иIэщ республикэм къриубыдэу езыр здэщыIэну щIыпIэм хиубыдэ участкэм Iэ щиIэтыну. Абы папщIэ зыхуэфащэ лъэIу тхылъыр хэхакIуэ комиссэм езым и щхьэкIэ е къэрал, муниципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэгъэкIынымкIэ къалэн куэд зыгъэзащIэ центрыр къигъэсэбэпу лъэIу тхылъ итын хуейуэ аращ.
- ЗэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ кIэлъыплъакIуэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ шэсыпIэхэм зэрызаубгъуар. Иджы хэхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэу кандидатхэм я спискэхэр езыгъэтхахэм къадэкIуэу кIэлъыплъакIуэхэр участкэхэм къагъэкIуэну хуитщ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм и субъектхэм — Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэмрэ.
- КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и мурадщ щIыналъэ хэхакIуэ комиссэхэм, къэрал властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ящIыгъуу лэжьыгъэ пыухыкIахэр иригъэкIуэкIыну. Абыхэм ящыщщ хэхыныгъэм зэрызыхуагъэхьэзырымрэ ар зэрырагъэкIуэкIым-рэ телевиденэм, радиовещанэм, интернетым я зэфIэкIхэр къэгъэсэбэпауэ хэIущIыIу щIыныр, зэIущIэ, семинар щхьэхуэхэр егъэкIуэкIыныр, волонтёрхэр Iуэхум къыхэшэныр.
- ЦIыхухэм хэхыныгъэм и лъэныкъуэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр къызэгъэпэщын, хэхакIуэ комиссэхэм я лэжьыгъэр зэIухауэ егъэкIуэкIын мурадкIэ, хэхыныгъэхэм зыщыхуагъэхьэзыр икIи ахэр щрагъэкIуэкI зэманым КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм пIащIэгъуэкIэ цIыхухэр здэпсалъэ хъун телефон щыIэнущ. Абы и номерыр: (86662) 406-496.
- КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и еханэ зэхуэгъэсыгъуэм и депутатхэм я хэхыныгъэм зэрызыхуагъэхьэзырымрэ ар зэрекIуэкIымрэ теухуа информацэр зэпымыууэ иралъхьэнущ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и официальнэ сайтым (www.kabardin-balkar.izbirkom.ru).
- КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэ.