ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

2019-06-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
  • и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В.
  • Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
  • Фэ фи IэщIагъэр гущIэгъумрэ гуапагъэмрэ нэхъ яхуэгъэзахэм ящыщщ. Абы жэуаплыныгъэшхуэ пылъщ икIи дэтхэнэми щIэныгъэ куу, егугъуныгъэ хэлъыну, къарууэ иIэр Iуэхум ирихьэлIэну, нэхъыщхьэ дыдэращи — гущIэгъурэ щабагъэрэ бгъэдэлъыну къыхуегъэув. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а къалэныр щIыхь пылъу ягъэзащIэ республикэм и медицинэм и лэжьакIуэхэм я нэхъыбапIэм. Хьэлэлу IэнатIэм фызэрыпэрытым, фи лэжьыгъэ мытыншым фи гур зэретам, гулъытэрэ гущIэгъурэ фызэриIэм папщIэ фIыщIэ фхузощI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

МэшбащIэ Исхьэкъ и щIыхькIэ

2019-06-15

  • Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыгъуасэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ дэтхэнэ зы адыгэри дызэрыгушхуэ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхьужь цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Зэкъуэтыныгъэм къыхуезыджэ

2019-06-15

  • Урысейм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъуауэгъуэм и 12-м Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Республикэ унафэщIхэмрэ щэнхабзэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм  я лIыкIуэхэмрэ, налшыкдэсхэмрэ  хьэщIэхэмрэ, ныбжьыщIэхэр  щызэхуэсат Къэбэрдейр Уры-сейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и щIыхькIэ щыIэ утыкум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-06-15

  • Мэкъуауэгъуэм и 15, щэбэт
  • Жьыбгъэм и дунейпсо махуэщ
  • Зи ныбжь хэкIуэтахэм лей къатемыгъэхьэным и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм щагъэлъапIэ щIыуэпсым хуэсакъ ныбжьыщIэхэм (юннатхэм) я зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэща махуэр
  • Армением и къэрал ныпым и махуэщ
  • Азербайджаным щагъэлъапIэ лъэпкъыр хъумэным и махуэр
  • 1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) Москва нэсащ. Абы щIыгъуащ и дэлъху Думэныкъуэ, и шыпхъу Алътыншаш, абы и щхьэгъусэ Бекбулат, а тIум я къуэ Саин-Булат сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ПлIэнейрэ  дунейпсо чемпионхэр

2019-06-15

  • Ди лъахэгъухэу Беслъэней Нурмухьэмэдрэ Мырзэкъан Азэмэтрэ еплIанэу дунейпсо чемпион щыхъуащ IэпщэрызауэмкIэ иджыблагъэ Санкт-Петербург щекIуэкIа зэхьэзэхуэ иным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-06-15

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, мэкъуауэгъуэм и 17
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Фэеплъ». Гундэлэн къуажэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэтахэм ятеухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.20 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дыщэ Вагъуэхэр». Совет Союзым и ЛIыхъужь Кузнецов Василий (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Хэкурысхэмрэ  хэхэсхэмрэ  яхуэгъэза  джэпсалъэ

2019-06-15

  • Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
  • Анэдэлъхубзэр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным, ди бынхэм яIурылъыным, къэкIуэну щIэблэм яхуэхъумэным, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым йогупсыс лъэпкъыр щыIэнымкIэ бзэм иIэ мыхьэнэр къызыгурыIуэ дэтхэнэ адыгэри, ар дэнэ щыпсэуми. Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэр Кавказ зауэжьым дуней псом дыщри- къухьащ. Бзэр хъумэным пыщIа гугъуехьхэм я нэхъыбэр абы къыхэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

Къэбэрдей  Адыгэ  Хасэм  и  ЩIыхь  дамыгъэр

2019-06-15

  1. КъАХ-м и ЩIыхь дамыгъэр хуагъэфащэ адыгэ Iуэхум зегъэужьыным, щэнхабзэр хъумэным, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэным хуэлажьэхэм.
  2. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и бгъэхэIу дамыгъэр сэмэгурабгъумкIэ халъхьэ.
  3. ЩIыхь дамыгъэр зыхуагъэфащэхэр къагъэлъагъуэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм, жылагъуэ IуэхущIапIэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм, къалэ, щIыналъэ (район) къудамэхэм я унафэщIхэм.
  4. Дамыгъэр зратынум теухуа тхыгъэ кIэщI ягъэхьэзыр. Абы къыхэщын хуейщ зыпэрыт IэнатIэр, адыгэ щэнхабзэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр.
  5. ЩIыхь дамыгъэр зыхуагъэфэщахэр ирагъэблагъэри, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм е абы и унафэкIэ пщэрылъ зыщащIа къуэдзэм тыгъэр иретыж.
  6. ЩIыхь дамыгъэр тIэу зы цIыхум иратыркъым.
  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и
  • X зэхуэсышхуэм къыщащтащ.
  • Налшык къалэ,
  • 2019 гъэм накъыгъэм и 31-м.

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

Дэцырхъуей Мусэрбий:  Си адэм и  хъыбар нобэми солъыхъуэ

2019-06-15

  • «Новэ-Хьэмидей къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху», «Лэжьыгъэм и ветеран», «Зауэм и бынхэр» медалхэр зыхуагъэфэща Дэцырхъуей Мусэрбий и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ. Нэхъыжьым дыIущIащ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ тедгъэпсэлъыхьынуи, абы къыджиIам ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

ТекIуахэр  ягъэпажэ

2019-06-15

  • Илъэс 20 ипэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым къыхилъхьауэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм 2019 гъэм кърикIуахэр наIуэ щащI гуфIэгъуэ зэхыхьэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Май щIыналъэм хыхьэ Александровскэ станицэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм. Фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэр гъэлъэпIэныр, адрей илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми Iэтауэ, дахэу екIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-06-15

  • ЦIыкIухэм  факъыхуеджэ
  • Мыщэ – бжьахъуэ
  • Зи щхьэр къызыхуэмыIэту къыдыхьэж къуэр зылъэгъуа анэр жыг лъэдакъэжьым хуэмурэ тетIысхьащ. «Аргуэру…», — къиIущэщащ абы. И къуэри къыщIыхьэжри, зэрыкъуаншэр ищIэжырти, къызэбэкъуа бжэщхьэIум къыфIэкIакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис