ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэт  сабийхэр  зыгъашхэр,  сыт  ирагъэшхыр?

2019-06-20

  • Къэрал Думэм и депутат гупым къыхалъхьащ курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ шхын яхуэзышэхэм ятеухуа хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуейуэ.

  • Депутатхэми, экспертхэми, щIыналъэ унафэщIхэми жаIэ мы Iуэхум щыщIэныгъэ куэд зэрыхэлъыр. Сабийхэм ерыскъы яхуэзышэнур къыщыхахкIэ, а зэпеуэм хэти хэтыфынущ, текIуэнури уасэр нэхъ мащIэу къэзыгъэлъагъуэращ.
  •  Жэрдэмыр зейхэм жаIэ дагъуэншэу лажьэ компание нэхъ инхэм фIэкIа мы Iуэхум зыри бгъэдэбгъэхьэ мыхъуну. Къапщтэмэ, «Высшая школа экономики» НИУ-м егъэджэныгъэмкIэ и институтым и профессор Абанкинэ Иринэ къелъытэ а компаниехэм яхуэгъэбелджылын хуейуэ къабзагъэм, сабийм дежкIэ зэгъ шхыныгъуэхэм я пщалъэр Iэмал имыIэу ягъэзэщIэну.
  • Къыщыхъу щыIэщ компание иным уасэр хуэдищкIэ игъэмащIэу зэпеуэм щытекIуа нэужь, езым ищIэн хуей лэжьыгъэр фирмэ цIыкIухэм щатригуашэ. Иужьрейхэм я нэхъыбэм Iэмали, зэфIэкIи, IэщIагъэлIи яIэкъым а Iуэхум пэлъэщыфын хуэдэу.
  • НэгъуэщI зы щыщIэныгъи щыIэщ мыбы епхауэ. Куэдрэ къыщIагъэщ хъуащ къэзыщэхумрэ къезыщэнумрэ зэгурыIуэу уасэр нэхъ ину къыщагъэлъагъуэ, къыдагъахуэр зэхуагуэшыжу. Абы кърикIуэращи, сабийхэм ирагъэшхым IэфIи-фIэIуи щIэлъкъым. Нэхъ тэмэму жыпIэнумэ, фошыгъу зыхэлъ шхынхэмрэ щIакхъуэхэкIхэмрэ адрей псоми йобэкI (псалъэм папщIэ, пхъэщхьэмыщхьэм, хадэхэкIым). ГъэшхэкIыр дагъэкIэ гъэнщIа къэкIыгъэхэм къыхащIыкI, ерыскъыр зэIымыхьэн хуэдэу тэмэму зэрахьэркъым, пщафIэхэр а IэщIагъэм хуемыджа, медицинэ тхылъ зимыIэ цIыхухэщ.
  •  Зи пIалъэр икIа, ерыскъы упщIыIужа е зэIыхьа зрат сабийхэм я узыншагъэм а псори зэран зэрыхуэхъум и щыхьэтщ зэман-зэманкIэ хъыбар къэIухэр, сабий садым, школым, зыгъэпсэхупIэм щыIэ ныбжьыщIэхэр пщIы бжыгъэкIэ сымаджэщым зэрыщIэхуам теухуауэ.
  • Депутатхэм къалъытэ сабийхэм я шхыныр къызэзыгъэпэщ компаниехэм я реестр щыIэн хуейуэ. Ахэр белджылымэ, адэ-анэхэм компанием и лэжьэкIэр зыхуэдэр къагъэлъэгъуэфынущ, щIэмыарэзыр утыку Iуэху ящIыфынущ.
  • ГъэщIэгъуэн дыдэщ иджыпсту зэрыщытыр: зэгурыIуэныгъэ зращIылIа компанием и лэжьэкIэр зыми къипщытэркъым, уеблэмэ сабийхэм яшхыр махуэ къэс зылъагъу гъэсакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ абы я Iуэху халъхьэну хуиткъым. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр зи къалэныр тэмэму зымыгъэзащIэ компаниер зэрыIубгъэкIуэтыну щIыкIэр хабзэкIэ убзыхуауэ зэрыщымытырщ, а Iуэхум яужь уихьэми, кIыхьлIыхь мэхъу.
  • Ди щIэблэм я узыншагъэр зыхуэдэнур куэдкIэ зэлъытахэм я лэжьэкIэм гу щылъатакIэ, дыщыгугъынщ Iуэху пыухыкIа кърикIуэну.