Илъэс 60 гъуэгуанэ
2019-06-20
- Иджыблагъэ Налшык Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 60 зэрырикъур.
 
- 
                  
Тут Заур и псалъэ
Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм къыщызэрагъэпэща махуэшхуэ пшыхьыр къызэIуахащ ди республикэм и композитор щэджащэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм хуэгъэпса видеонэтын кIэщIымкIэ.
 - КъБР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат псалъэ ирата иужь, ди республикэм и гъуазджэм зегъэужьынымкIэ Композиторхэм я зэгухьэныгъэм игъэзэщIа къалэн иным, ди щIыналъэм и мызакъуэу хамэ щIыпIэхэми а IуэхущIапIэм пщIэ лъагэ къилэжьын зэрыщыхузэфIэкIар къыхигъэщащ. Творческэ ехъулIэныгъэ щымыщIэу иджыри илъэс куэдкIэ а IэнатIэм щылэжьэну ехъуэхъуащ Къардэ-ныр пшыхьыр зыхуэгъэпсахэм.
 - Утыкум кърагъэблэгъа Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист Тут Заур хуаIэта Iэгуауэ иным пэшыр зэщIищтат. Абы жиIащ КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрыунэхуар зи фIыгъэр псом япэрауэ совет властыр арауэ къызэрилъытэр.
 - 
                  
Къардэн Мурат
— Шэч хэмылъу, совет властыми ныкъусаныгъэ гуэрхэр иIащ, ауэ а лъэхъэнэращ ди къэрал иным и хэгъэгу псоми творческэ зэгухьэныгъэхэр къыщыунэхуар, — къыхигъэщащ абы.
 - А гупысысэм пищащ КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. Абы щхьэхуэу я гугъу ищIащ езым къыхуагъэфэща къулыкъум нэхъ ипэкIэ пэрыта дэтхэнэми. ХьэIупэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ я творческэ зэгухьэныгъэм къикIуа гъуэгуанэм хэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмрэ абы зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм-рэ.
 - Пшыхьыр дахэу езыгъэкIуэкIа Къардэн Юлие ягъэзащIэ макъамэ къэс ар зытхам, щатха лъэхъэнэм, зытеухуам къызэхуэсахэр кIэщIу щыгъуазэ ищIащ.
 - КъБР-м и Къэрал филармонием утыку кърихьащ Шейблер Трувор, Темыркъан Борис, Балэ Мухьэдин, Молэ Владимир, Жырыкъ Заур, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Растеряев Игорь, Къэбэрдокъуэ Мурат сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр.ЗэIущIэм уэрэд щыжаIэщ Музыкэ театрым и солистхэу Мамбэт Мадинэ, Шэрджэс Iэсият, Къул Ланэ, Гуазэ Тимур сымэ.
 - Тэрчокъуэ Дисэ.
 - Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.