КIэрыхубжьэрыхухэм къыхуагупсысыр фщIэрэ?
2019-06-20
- Зэгуэр флъэгъуа роботым кIэрыхубжьэрыхур зэщIикъуэу? ЗанщIу Япониер фигу къэкIагъэнщ, ауэ ди къэралми, Уфа, ар къыщагъэсэбэп хъуащ. Тюмень къыщагупсысар нэхъыфIыжщ — абы кIэрыхубжьэрыхум бензин къыщыхащIыкI.
- ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: «Европэм кIэ- рыхубжьэрыхум зэрыщелэжьыр флъэгъуарэт»,-псалъэхэр зэхэтхыну ди жагъуэщ, дэ зыми ди акъыл хуэмыкIуэ нэхъей. Апхуэдэ къабзэуи дужэгъуащ кIэрыхубжьэрыхум теухуауэ махуэ къэс жаIэр, ятхыр».
- Абы къигъэгубжьами ярейуэ, псалъэм папщIэ, Ямалым щагъэуващ сыт хуэдэ кIэрыхубжьэрыхуми гъэсыныпхъэ къыхэзыщIыкI. Тюмень и индустриальнэ университетымрэ Урал федеральнэ университетымрэ я IэщIагъэлIхэр зэгъусэу елэжьащ мы Iуэхум. Иужьрейм и профессор Магарил Еленэ зэрыжиIэмкIэ, ар апхуэдэу гугъуркъым: сыт хуэдэ кIэрыхубжьэрыху лIэужьыгъуи (шэрхъыжьхэр, пластикыр) къапщтэу щIыдагъэм елэжьа нэужь къанэм (псалъэм папщIэ, гудроным) дэщIыгъуу «бгъэвэж» хъунущ, лъышэ (кислород) лъэмыIэсу. «Коксования» жыхуаIэ Iэмалращ ар. А щIыкIэм тету пхуэщIынущ бензин, дизель, хьэку гъэсыныпхъэ, битум.
- КIэрыхубжьэрыхури зыщIэпкъуэну щIыдагъэри зэбгъэзэхуэну Iэмал къозытщ щIэныгъэлIхэм къагупсысар. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, унагъуэхэм я кIэрыхубжьэрыхум къинэмыщIауэ, промышленнэ жыхуаIэми а щIыкIэм тету уелэжьыфынущ.
- Свердлов областым щыIэ Новоуральск къалэ зэхуэщIам щылажьэ щIэныгъэлIхэм кIэрыхубжьэрыху къызэщIэзыкъуэну, елэжьыну къагупсысар автобусым ещхьщ. Гъуэгу тэмэм здэщымыIэ щIыпIэхэм, щIыналъэ пхыдзахэм я кIэрыхубжьэрыхур завод гуэрым яшэныр хьэлъэ мэхъури, езы автобусыр абыхэм макIуэ, къызэхуахьэсам йолэжьри, гъэсыныпхъэу къыхэкIар а къалэ, къуажэ цIыкIухэм къахуегъэнэж.
- Зэрытлъагъущи, Iуэхур ежьа хуэдэщ, икIи щIыналъэ къэс хэкIыпIэ къыхуагъуэт кIэрыхубжьэрыхум фейдэ къыпэкIуэу зэрелэжьынум. Нэхъыщхьэращи, абы Iэмал къыдитынущ щIымрэ псымрэ дымыуцIэпIыну, ди IэкIэ (е ди хуэмыхуагъкIэ) зыдмыукIыжыну.