ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

«БРИКС-м, ШОС-м хэткъэралхэм я студент гъатхэ» фестивалыр Ставрополь къалэм къыщыщызэIуахым КIуэкIуэ Казбек ирихьэлIащ

2019-06-07

  • Ставрополь къалэм къыщызэIуахащ «БРИКС-м, ШОС-м хэт къэралхэм я студент гъатхэ» ещанэ дунейпсо фестивалыр. Мы щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэр ирагъэкIуэкI Шанхай зэдэлэжьэныгъэмкIэ организацэм и тхьэмадэ къулыкъу къалэныр Урысей Федерацэм щигъэзащIэ гъэм икIи абы дунейм щыщ къэрал 23-м я лIыкIуэу цIыху 20500-м щIигъу къызэщIеубыдэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Санкт-Петербург щекIуэкI дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрри хэтщ

2019-06-07

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек я пашэу Санкт-Петербург и «Экспофорум» гъэлъэгъуапIэ центрым мэкъуауэгъуэм и 6-м къыщызэIуаха дунейпсо экономикэ зэIущIэшхуэм хэтщ ди республикэм и лIыкIуэ гуп.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дэтхэнэ  зыми

2019-06-07

  • АнэдэлъхубзэкIэ къыдэкI ди газетыр адыгэ унагъуэ куэдым я дежкIэ гъуазэу, лъэпкъым щыщ цIыху хэкупсэхэм я гъуэгугъэлъагъуэу, унэтIакIуэу зэрыщытыр си дежкIэ нэрылъагъущ. Адыгэ унэцIэ зэрызетхьэм и мызакъуэу, псэкIэ адыгэу зызылъытэжхэм дащыщщ Iэпщацэхэ ди унагъуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ

2019-06-07

  • Ерыскъыпхъэ шынагъуэншэм и дунейпсо махуэщ
  • Алтай Республикэм и конституцэр къыщащта махуэщ
  • Къыргъызым и финанс, экономикэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Испанием щагъэлъапIэ Республикэм и махуэр
  • 1340 гъэм Голландием Роттердам къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ.
  • 1498 гъэм Колумб Христофор ежьащ дунейр къызэхикIухьыну, иджы ещанэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ журналистикэм  зи гуащIэ хэзылъхьа

2019-06-07

  • Нартан (Къылышбий- хьэблэ) къуажэм цIыху щэджащэ куэд къыдэкIащ. Абыхэм ящыщ зыщ илъэс 60-м щIигъуауэ журналист IэщIагъэм пэрыт Мэрем Задин Мэтан и къуэр. Пэжыр зи гъуазэ, псэ хьэлэл зиIэ, жьыми щIэми екIуу къадэгъуэгурыкIуэ а лIым республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэшхуэ дыдэ хуищIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Наидэрэ  Раксанэрэ  хъарзынэу  зыкъагъэлъагъуэ

2019-06-07

  • «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр» (WorldskillsRussia) VII Лъэпкъ чемпионатым и кIэух Iыхьэм нэсахэм я зэпеуэ мэкъуауэгъуэм и 1 — 2-хэм Къэзан щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ Промышленность псынщIэм и колледжым, Налшык дэтым, и студентхэу Iэпщацэ Наидэрэ Ныр Раксанэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Кавказым итхьэкъуа тхакIуэ

2019-06-07

  • Урыс литературэм и классик Пушкин Александр
  • къызэралъхурэилъэс 220-рэ ирокъу
  • Ди къэралым мэкъуауэгъуэм и 6-м щагъэлъапIэ Урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр къыщалъхуа махуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Пушкин Александр и усэхэр

2019-06-07

  • Услъагъут сэ фIыуэ
  • Услъагъут сэ фIыуэ, къиплъэм сэ си гущIэм,
  • Иджыри хъункIэ хъунщ уэ уилъагъун.
  • АрщхьэкIэ урепсэу уэ ар умыщIэу —
  • Сыхуейкъым сэ нэщхъей уэ узгъэхъун.
  • Услъагъут сэ фIыуэ бзэншэу, гугъапIэншэу.
  • Сыфыгъуэрт зэми, зэм сыхъужырт щым.
  • Сэр хуэдэу пхуэгумащIэрэ пхуэпэжу
  • Тхьэм жиIэ уилъагъуну нэгъуэщI зым.
  • ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ илъэс 67-рэ ирокъу Нобель саугъэтым и лауреат Памук Орхьэн

2019-06-07

  • Тыркум щыщ Экэ Умбертэ
  • «Къызэрызэджэр Плъыжьщ» романыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэсипщIым щIигъуащ, ауэ ар цIэрыIуэ зыщIа хьэлэмэтагъымрэ гупсысэу щIэлъымрэ зэманым дэкIуэдакъым, атIэ классикэ тхыгъэхэм зэрахабзэу, тхылъеджэр зыхэпсэукI лъэхъэнэм ещхь нагъыщэхэр зэпымыууэ къыхыбогъуатэ. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ иджырей тхакIуэхэм я нэхъ цIэрыIуэ, адыгэлI Нобель и саугъэтым и лауреат Памук Орхьэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къанокъуэ Руслан: «ГъащIэм  ухуешэ  уи гум илъым»

2019-06-07

  • Къанокъуэ Башир и къуэ Руслан 1946 гъэм къыщалъхуащ КъБАССР-м и Аруан щIыналъэм хиубыдэ Шытхьэлэ къуажэм. 2014 гъэ лъандэрэ хэтщ «Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм», 2017 гъэм хагъэхьащ Урысейм и Абстракционистхэм я зэгухьэныгъэм, иджыблагъэ, 2019 гъэм гъатхэпэм и 26-м, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик цIэ лъапIэр къыфIащащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

Адыгэ пшынэр зыгъэбзэрабзэ

2019-06-07

  • Налшык и Музыкэ театрым щагъэлъэпIащ КъБР-м и цIыхубэ артист, республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 25-рэ ирикъу «Макъамэ» сабий пшынауэ ансамблым и художественнэ унафэщI, пшынауэ Iэзэ, композитор Къуэдз Iэбубэчыр и ныбжьыр илъэс 75-м зэрынэсар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Зи IэщIагъэм къигъуэтыжа

2019-06-07

  • Шэджэм къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэ, уэрэдус, уэрэджыIакIуэ АфIэунэ Арсен къызыхуигъэщIа IэнатIэм гурэ псэкIэ хуолажьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

Бибрэс  хьэзырщ  къигъэзэжыну

2019-06-07

  • Алыджым и Пирей къалэм и «Олимпиакос» командэм нэгъабэ лъандэрэ щыджэгу Натхъуэ Бибрэс иджыблагъэ зыпхигъэIукIащ Мэзкуу и ЦСКА-м къигъэзэжыну зэрыхьэзырыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Кубокыр налшыкдэсхэм къахь

2019-06-07

  • Кавказ Ищхъэрэм щыIэ спорт клубхэм кудомкIэ я зэхьэзэхуэ Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ. «Iуащхьэмахуэ и кубок» зэпеуэр къызэрагъэпэ-щащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ Урысейм КудомкIэ и федерацэм и республикэ къудамэмрэ икIи хухахащ КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум. Зэхьэзэхуэр мы гъэм илъэс еплIанэ хъуауэ йокIуэкI. Абы кърохьэлIэ къэралым и щIыналъэ куэдым щыщ спорт-сменхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Багъ Даринэ Урысейпсо  спартакиадэм и финалым макIуэ

2019-06-07

  • Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ тхэквондомкIэ еджакIуэхэм я IX урысейпсо спартакиадэм и етIуанэ Iыхьэр. Абы кърихьэлIат Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIыпIэ куэдым къикIа спортсмен ныбжьыщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр