ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

КIуэкIуэ К. В. хуэзащ 58-нэ армэм и унафэщI Рыжков С. Б.

2019-06-11

  • Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щыIущIащ 58-нэ армэм и унафэщI, генерал-майор Рыжков Сергей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Урысейм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и парад

2019-06-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу, абы и хьэщIэхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм фрегъэблагъэ «Урысейм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и парад» гуфIэгъуэ дауэдапщэм фыхэты-ну. Ар 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м екIуэкIынущ, Урысейм и Махуэр гъэлъэпIэным хыхьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэ

2019-06-11

  • Инджылыз пащтыхьыгъуэ зэгуэтымрэ Ирландие Ищхъэрэмрэ я лъэпкъ махуэшхуэщ — я пащтыхь гуащэр къыщалъхуа махуэр ягъэлъапIэ
  • 1826 гъэм Москва къыщызэIуахащ нэм щеIэзэ япэ сымаджэщыр.
  • 1842 гъэм дунейм къытехьащ Гоголь Николай и тхыгъэ цIэрыIуэр — «Мёртвые души» — зыфIищар.
  • 1889 гъэм США-м щыщ Перди Джонрэ Садгвар Джеймсрэ къагупсысащ зэпкърыпх-зэпкърыплъхьэж хъу шэнтыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Шууей Хасэм хэтхэр зэхуос

2019-06-11

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и къудамэм — Шууей Хасэм — и зи чэзу зэхуэс Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ а зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Къудей Аслъэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм гу зылъатапхъэ

2019-06-11

  • 2019 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къаIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щIрагъэдзу хуежьащ.
  • Ди газетым тезыдзэну хуейхэм хъыбар идогъащIэ: ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми. Мази 6-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэщ сом 696-рэ кIэпIейкIэ 30-рэ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

ЩыIэхукIэ адыгэбзэр, ди лъэпкъыр мыкIуэдыжын, зыIутым адыгэпсэ адыгэбзэр ихъумэжынщ

2019-06-11

  • ЗэгурыIуэныгъэм псори доунэ
  • Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэр накъыгъэм и 31-м Налшык къалэ щекIуэкIащ. Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхуэсатКъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м и Парламентым, министерствэхэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къикIахьэщIэхэр КъАХ-м къалэхэм-рэ щIыналъэхэмрэ щиIэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр, хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм жыджэру хэтхэр, адыгэ Iуэхум хуэмыщхьэххэр.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ

Мэкъумэш университетым и студентхэм Тыркур къапоплъэ

2019-06-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и сату-технологие факультетым и студентхэр иджыблагъэ IущIащ Тыркум щыщ Къайсэр къалэм и лIыкIуэу Налшык щыIэ Аппоев Аслъэн.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэпыщIэныгъэхэр

УсакIуэшхуэхэм я щIыхькIэ

2019-06-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ усэ къеджэнымкIэ «Сыщалъхуа щIыналъэм и макъ» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Дагъыстэным и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Гамзатов Расул къызэралъхурэ нэгъабэ илъэс 95-рэ зэрырикъуам, Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ етIанэгъэ илъэси 120-рэ зэрырикъунум я щIыхькIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

Мыщэ анэ Машкэрэ абы и шыр цIыкIу Мишкэрэ нэIуасэ къызэрысхуэхъуар

2019-06-11

  • Сэ куэд щIауэ сыщакIуэт, щIымахуи гъэмахуи симыIэу мэзхъумэу сылажьэрт. АпхуэдизкIэ а хуей мэзышхуэм сесат, си псэр дихьэхырти, зыгуэркIэ зы махуэ сымыкIуамэ, си напIэр къэбэгырт. Ауэ къызэрыгуэкI мэзтэкъым ар! Жыг зэмылIэужьыгъуэу абы къыщымыкIыр укIуэдыжт: жыгей, бжей, дей ухуей, мей, кхъужьей, къущхьэмышх жыпIэн — псори щыгъунэжт. Мэзым зэрыкIуэ гъуэгум и бгъуитIымкIэ къэзмакъ, пыжьей, къуацэ-чыцэхэр, зэрыджэ къыщыкIырт. ЩIымахуэ гъэтIы-лъыгъэ зыщIыну хуейхэр мэзым кIуэрт бжьыхьэм икIи мэзыдэу, пщIийуэ, мы цIыкIуу, кхъужь цIыкIуу, пыжьу, нэгъуэщI къинэмыщIу зыхуейм хуэдиз унэм яхьырт. Абыхэм къыщинэмыщIауэ мэз мэракIуэр, мамкъутыр, санэр, мэракIуапцIэ фIыцIэр гъунэжт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Пашэхэр ди куэдщ

2019-06-11

  • Новгород Ищхъэрэ къалэм щекIуэкIащ панкратионымкIэ Урысейм и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 250-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэми фIы дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Къэралым и чемпионатым макIуэ

2019-06-11

  • Хасавьюрт къалэм щекIуэкIащ атлетикэ хьэлъэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат. Абы дыжьын медаль къыщихьащ Сэбаншы Мартин.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр