ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Июнь, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Урысейм и Махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-06-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Урысейм и МахуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • А Махуэшхуэр ди къэралым лIэщIыгъуэ куэдкIэ икIуа гъуэгуанэм, лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхуэм я гъащIэр зэгуэхыпIэ имыIэу зэрыщытым я дамыгъэщ икIи абы патриотизмэм, хэкум и цIыхуу щытыным хуэдэ фIыгъуэшхуэхэр, Хэкум и нобэмрэ и къэкIуэнумкIэ жэуап зэрытхьыр къыхощ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

2019-06-12

Урысей Къэралыгъуэм и мыхъурышхуэр, Къэбэрдеймрэ Черкасскэпщыхэмрэ я гербхэри хэту. 1698 гъэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ар  псоми  дыдейщ

2019-06-12

  • Сыт хуэдэ гуфIэгъуэми щIэдзапIэ иIэщ. Урысейм и махуэм тхыдэшхуэ иIэкъым — ар гъэлъэпIэн зэрыщIадзэрэ куэд щIакъым. 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я япэ съездым къыщащтащ РСФСР-м и Къэрал суверенитетым и декларацэр. 1992 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м ар ди къэралым щагъэуващ «Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и декларацэр къыщащта махуэу». А илъэс дыдэм фокIадэм и 25-м зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ «Лэжьыгъэм теухуа законхэм я кодексым». Ауэрэ, 1998 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м цIыхухэм телевиденэкIэ защыхуигъазэм УФ-м и Президент Ельцин Борис къыхилъхьащ дяпэ-кIэ а гуфIэгъуэр «Урысейм и Махуэу» яIэтыну. А цIэр къэрал унафэ хъуащ 2002 гъэм Лэжьыгъэ кодексыщIэ къащта иужь.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэр Урысейм и МахуэмкIэ цIыхухэм йохъуэхъу

2019-06-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
  • Урысейм и МахуэмкIэ дынывохъуэхъу!
  • Мы махуэр ди адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я лIыгъэр дигу къэдгъэкIыжын, ди Хэкум и нобэмрэ абы и къэкIуэнумрэ дегупсысын, къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм я пащхьэ щытхь жэуапыр къыдгурыIуэн, къэкIуэну зэманыр нэхъыфIыж, нэхъ дахэж хъун папщIэ зэфIэдгъэкIахэмрэ длэжьын хуейуэ къытпэщытхэмрэ зэпэтлъытэн папщIэ щхьэусыгъуэ хъарзынэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Жэрдэм къыхэзылъхьар

2019-06-12

  • КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым гуфIэгъуэ зэIущIэ иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ КIурашын Заремэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ар теухуауэ щытащ Урысей хьэрычэтыщIэ IэнатIэм и тхыдэмкIэ екIуэкIа къэралпсо олимпиадэм щытекIуахэр гъэпэжэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

«Узыншэу ущыт, КъуэкIий»

2019-06-12

  • Тхыгъэм псалъащхьэ хуэтщIа псалъэухар и фIэщыгъэу «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм лэжьыгъэщIэ дунейм къыщытехьащ. Адыгэбзэр хэмыту бзэ пщыкIуплIкIэ зэрадзэкIа, урыс тхакIуэ Сергиенкэ Константин и тхылъ цIэрыIуэу «До свидания, Овраг» жыхуиIэр адыгэ тхылъеджэхэм я пащхьэ кърилъхьащ Къуэжэм Эдуард.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

НэхъыфIхэр ягъэбелджылы

2019-06-12

  • Хабзэ хъуауэ, ди республикэм илъэс къэс щокIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм къыхэжаныкI IэщIагъэлIхэр белджылы къэщIыным ехьэлIа еплъыныгъэ-зэпеуэ. Мы гъэми а лэжьыгъэм ди щIыналъэм щыпащэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-06-12

  • Мэкъуауэгъуэм и 12, бэрэжьей
  • Сабийхэр ягъэлажьэу мыдэным и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1990 гъэм РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я I съездым къыщащтащ Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым и Декларацэр. 1994 гъэм УФ-м и Президент Ельцин Борис унафэ къыдигъэкIащ а махуэм къэрал мыхьэнэ етыным теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыми емыщхь хъэтI зиIэ Балэ Мухьэдин

2019-06-12

  • И гъащIэр макъамэм хуэгъэпсат
  • Балэ Мухьэдин Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ макъамэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыщ, макъамэу, уэрэду, оперэу, симфониеу 300-м щIигъу итхащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

2019-06-12

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс